АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 8, 9
«Си ужь къиувэ». Сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр?
Вагъэмбэкъур захуэ хъун щхьэкІэ вакІуэр теплъэкъукІ икІи зэплъэкІ хъунукъым. Абы ещхьу Иеговэ и лэжьакІуэхэм мы дунейм къыщагъэнахэр ягу къагъэкІыжу а гъащІэм хуеплъэкІыж хъунукъым (Фп 3:13).
Гугъуехь гуэрхэр щыдиІэм деж «блэкІа зэманыфІхэр», псалъэм папщІэ, пэжыр иджыри къыщыдмыщІэм къэхъуа гуэрхэр дигу къэдгъэкІыжу щІэддзэнкІэ хъунущ. ИкІи и нэхъыбэм фІыр уигу къонэжри, Іейр пщогъупщэж. Журт лъэпкъыр Мысырым къыщикІам щыгъуэ къащыщІар ар дыдэращ (Чс 11:5, 6). Апхуэдэ гупсысэкІэм дыхуигъэушынкІэ хъунущ япэм дызытета гъуэгум дытеувэжыну. Абы нэхърэ Иеговэ иджыпсту къыпхуищІэмрэ, къэкІуэну зэманым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къыпхуихьыну гуфІэгъуэмрэ уи акъылыр тебухуэм нэхъыфІщ! (2Кр 4:16—18).