АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 2 КОРИНФ 7—10
«Тхьэм и цІыху лъапІэхэм... ядэІэпыкъуныр»
8:1—4; 9:7
Алыхьым и лэжьакІуэхэм ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм ІуэхугъуитІ хохьэ. Япэ Іуэхугъуэр — «Тхьэм... цІыхухэр... зредгъэкІуж Іуэхуращ», е нэгъуэщІу жыпІэмэ, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур икІи цІыхухэр зэредгъаджэращ; етІуанэ Іуэхур «Тхьэм и цІыху лъапІэхэм [ди къуэш, ди шыпхъухэм]... дазэрыдэІэпыкъуращ» (2Кр 5:18—20; 8:4). Абы къыхэкІкІэ гузэвэгъуэ пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъур — ар Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хохьэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм дыщыхэтым деж дэ:
ди къуэш, ди шыпхъухэм зыхуэныкъуэр ядот (2Кр 9:12, япэ Іыхьэр)
ди къуэшхэм дадоІэпыкъу Иеговэ зэрыхуэлажьэ щІыкІэр зэтраублэжыну, хъыбарыфІ гъэІунри абы хэту. АбыкІэ абыхэм Иеговэ фІыщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъэгъуэфынущ (2Кр 9:12, етІуанэ Іыхьэр)
Иеговэ щІыхь къыхудохь (2Кр 9:13). Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъур псоми ялъагъу, Иеговэ и Щыхьэтхэр фІыуэ зымылъагъухэри абыхэм яхэту.