АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАРК 5, 6
Хьисэ лъэкІыныгъэ иІэщ дэ фІыуэ тлъагъухэр къигъэтэджыжыну
5:38—42
Дэ фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм тІэщІихауэ дыщыгъуэмэ, абы къигъэлъагъуэкъым лІахэр къызэрытэджыжынур ди фІэщ мыхъуу (ЩІэдз 23:2).
Пасэрей зэманым лІахэм къахэтэджыкІыжа цІыхухэм я хъыбархэм деджэу, дыщегупсысым деж къэкІуэну зэманым лІахэр къызэрытэджыжыным теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дощІ.
ЛІахэр къыщытэджыжкІэ хэт ухуэзэжыну ухуейт?
А цІыхум узэрыхуэзэжынур дауэ уи нэгу къыщІэбгъэхьэрэ?