ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и махуэшхуэр уигу илъу и лэжьыгъэм жыджэру хэт, уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм дежи
Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр сытым щыгъуи къыхохьэ, псом хуэмыдэу иужьрей махуэхэм (1Кр 7:31). ЗэхъуэкІыныгъэхэм дыпэплъами дыпэмыплъами, Иеговэ дызэрыхуэлажьэ щІыкІэм зэран хуэхъункІэ шынагъуэ щыІэщ. Сыт дэ къыддэІэпыкъуныр, Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру дыхэтыну, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхыхьэм дежи? «Переезд — испытание духовности» жыхуиІэ видеороликым еплъи, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:
Ди зы къуэшым унагъуэм и нэхъыжьым сыт хуэдэ чэнджэщ ирита?
Дапхуэдэу унагъуэм Маттэ 7:25 итыр къызэригъэсэбэпар?
Дапхуэдэу унагъуэм щыщхэм зэрыІэпхъуэжыным зэрызыхуагъэхьэзырар икІи ар абыхэм дауэ къазэрыдэІэпыкъуар?
Сыт унагъуэм къыдэІэпыкъуар зэхуэсыщІэмрэ здэІэпхъуэжа щІыпІэмрэ есэну?
Куэд мыщІэу сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр сиІа?
Мы видеороликым хэт гупсысэхэр дауэ сэ къызэрыздэІэпыкъунур?