АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | НАУМ 1 — АВВАКУМ 3
Иеговэ и махуэшхуэр уигу илъу и лэжьыгъэм жыджэру хэт
Куэдым я фІэщ хъутэкъым бабилэн цІыхухэм Иудэ пащтыхьыгъуэр зэтракъутэфыну. А зэманым а пащтыхьыгъуэр Мысырым и лъабжьэм щІэтт, абы щхьэкІэ иудейхэм я гугъэт халдей цІыхухэм абыхэм зыри кърамыщІэфыну. Абы нэмыщІ абыхэм я гугъэт Ерусалимымрэ абы дэт Алыхьым и Унэшхуэмрэ зэтракъутэну Иеговэ хуит имыщІыну. Ауэ а псалъэхэр къыщыхъун хуей махуэр къэблагъэт, икІи Аввакум Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру хэту а махуэм пэплъэн хуейт.
Сыт сэ си фІэщ зыщІыр мы дунейм и кІэухыр къызэрысыпар?
Сыт сэ къыздэІэпыкъуныр сыщыпсэу зэманыр си гум илъу Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру сыхэтыну?