Иеговэ и Щыхьэтхэм Библием тегъэщІа брошюрэ цІыхухъум ират (Грузие)
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
ЯПЭУ ЕПСЭЛЪЭН
УпщІэр: Сыт щыгъуи цІыхухэр хуейуэ щытащ нэгъуэщІхэм ягу ирихьын щхьэкІэ теплъэ дахэ яІэну. Дауэ уеплърэ, Алыхьым игу дрихьын хуейуэ пІэрэ икІи абы игу дрихьыфыну пІэрэ?
Едзыгъуэр: Мх 6:8
Зэрыпыпщэ хъуныр: Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэр фІы пщІэнымрэ захуагъэм утетынымрэщ. ИужькІэ сыкъакІуэмэ уэзгъэлъэгъунщ Алыхьым дауэ ныбжьэгъу дыхуэхъуфынуми.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
ЕТІУАНЭУ ТЕГЪЭЗЭЖЫН
КъызэрыщІэбдзэ хъуныр: Япэм щыгъуэ дытепсэлъыхьауэ щытащ зыри Іей зэрыхэмылъым цІыхухэм ягу дрихьыну дыхущІэкъуным, ауэ, зэрыжытІащи, мыхьэнэ зиІэр Алыхьым игу дрихьыныращ. Дауэ уеплърэ, сыт дызыхуейр Алыхьым ныбжьэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ?
Едзыгъуэр: Евр 11:6
Зэрыпыпщэ хъуныр: Зыгуэр зэрыщыІэр ди фІэщ мыхъумэ, дэ абы гъунэгъу дыхуэхъуфынукъым. Алыхьым худиІэ фІэщхъуныгъэр хэдгъахъуэмэ, дэ абы дзыхь нэхъыбэу худощІ икІи ди зэхущІытыкІэр нэхъ быдэ мэхъу. ИкІи а ныбжьэгъугъэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьынущ пщІэ зыхуащІ цІыху гуэрым и ныбжьэгъугъэм нэхърэ. Мы статьяхэр абы щыхьэт тохъуэ. [«Чувствуете ли вы, что Бог близок к вам?» е «Делаете ли вы то, о чем просит Бог?» жыхуиІэ статьяхэм языр ет.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.