ФокІадэм и 11—17
Иезекииль 46—48
139-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ щІэрыщІэу иухуэжа щІыналъэм израил лъэпкъым сыт хуэдэ гъащІэ къыпэщылъу щытар?» (дакъ. 10)
Иез 47:1, 7—12. ЩІыналъэ ухуэжам гъавэ бэв къытекІынущ (w99-U 1/3 10, абз. 11, 12)
Иез 47:13, 14. Дэтхэнэ зы унагъуэми щІы Іыхьэ щІэину къратынущ (w99-U 1/3 10, абз. 10)
Иез 48:9, 10. ЩІыр Іыхьэ-ІыхьэкІэ унагъуэ къэс хуагуэшын ипэ израил цІыхухэм зы щІы Іыхьэ хэха Иеговэ тыгъэу иратынущ
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Иез 47:1, 8; 48:30, 32—34. Дэнэ дэ щытщІэр гъэрыпІэм щыІа иудейхэр Иезекииль Алыхьым и Унэшхуэм теухуауэ илъэгъуа псори пэж дыдэу къэхъуну зэрыпэмыплъар? (w99-U 1/3 11, абз. 14)
Иез 47:6. Сыт Иезекииль «цІыху лъэпкъым и къуэу» щІеджэр? (it-U «Сын человеческий», абз. 1—3)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Иез 48:13—22
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): фадэкІэ егъэлеиным зэран къихьым теухуауэ цІыхум епсэлъэн щІэдзэ. ЕтІуанэу къытебгъэзэжыну гурыІуэ.
ЕтІуанэу къытегъэзэжын (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): фадэкІэ ебгъэлей зэрымыхъуным теухуауэ псалъэмакъым пыщэ.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): «ГъащІэ къытпэщылъыр» жыхуиІэ темэр абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу зэпкърых.
ДИ ГЪАЩІЭР
Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр (дакъ. 8). Е «Ежегодникым» ит щапхъэ гуэрхэр къодэІуэнухэм я гъусэу зэпкърыпх хъунущ (yb17-U 64—65).
Ди организацэм иІэ ехъулІэныгъэхэр (дакъ. 7). «Чего достигла наша организация» видеороликыр гъэлъагъуэ (фокІадэ).
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): kr-U пс. 17, абз. 19, 20, «Ди организацэм и школхэр», «Пащтыхьыгъуэр зэрыщыІэр сыт уи фІэщ зыщІыр?» рамкэхэр
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
49-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ