ДИ ГЪАЩІЭР
Дин къабзэр сыт лъапІэу щІэплъытэр?
Иезекииль Алыхьым и Унэшхуэр зэрилъэгъуам гъэрыпІэм щыІэ иудейхэр игъэгушхуащ, абы Иеговэ дин къабзэр зэрызэтригъэувэжынымкІэ гугъэ быдэ къаритти. Мы иужьрей махуэхэм «Иеговэ и унэр зытет бгыр», е дин пэжыр, «нэгъуэщІ бгыщхьэхэм нэхъ лъагэу» игъэуващ. Абы лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэр йокІуалІэ икІи дэри абыхэм дахэтщ (Иса 2:2). Иеговэ зэрытцІыхум икІи абы дызэрыхуэлажьэм пщІэшхуэ зэрыпылъым уегупсысыну ухущІэкъурэ?
ДИН ПЭЖЫМ СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР КЪЫТХУИХЬРЭ?
Алыхьым и Псалъэр фІыуэ къызэрыдгурыІуэм и фІыгъэкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр дощІэ; ди гъащІэр нэхъыфІ зыщІ чэнджэщхэр икІи къэкІуэным теухуауэ гугъэ быдэ диІэщ (Иса 48:17, 18; 65:13; Рм 15:4)
Алыхьым дыдэлэжьэну икІи гуфІэгъуэшхуэ къытхуэзыхь лэжьыгъэм дыхэтыну Іэмал диІэщ (Апост 20:35; 1Кр 3:9)
Гугъуехь дыщиІэхэм деж къару къыдэзыт «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» диІэщ (Фп 4:6, 7)
Напэ къабзэ диІэщ (2Тм 1:3)
Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ (Пс 25:14)
Дин къабзэр лъапІэу къызэрыслъытэр дауэ къызэрызгъэлъэгъуэфынур?