АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕЗЕКИИЛЬ 46—48
Иеговэ щІэрыщІэу иухуэжа щІыналъэм израил лъэпкъым сыт хуэдэ гъащІэ къыпэщылъу щытар?
Иезекииль Иеговэ и Унэшхуэм теухуауэ илъэгъуам гъэрыпІэм щыІа иудейхэр игъэгушхуащ икІи щІыналъэ иухуэжыным теухуауэ Иеговэ ипэкІэ жиІа псалъэ къэхъун хуейхэр зэрыпэжыр наІуэ хъуащ. Дин къабзэр Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я гъащІэм псом япэ ирагъэувэн хуейт.
ЩІыналъэ ухуэжыным теухуауэ Иезекииль илъэгъуам цІыхухэм гугъэ къаритт ахэр зэгурыІуэу зэрылэжьэнумкІэ икІи я гъащІэр мамыру, тыншу зэрыщытынумкІэ.
ЩІыналъэ ухуэжам гъавэ бэв къытекІынущ
Дэтхэнэ зы унагъуэми щІы Іыхьэ иІэнущ
ЩІыр Іыхьэ-ІыхьэкІэ унагъуэ къэс хуагуэшын ипэ израил цІыхухэм зы щІы Іыхьэ хэха Иеговэ тыгъэу иратащ.
Иеговэ сыхуэлэжьэныр си гъащІэм япэ зэритыр сэ дауэ зэрызгъэлъэгъуэфынур? (w06-U 15/4 27—28, абз. 13, 14).