АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕЗЕКИИЛЬ 42—45
Иеговэ дин къабзэр зэтригъэувэжащ!
Иезекииль Унэшхуэр зэрилъэгъуам гъэрыпІэм щыІэ Иеговэ хуэпэж иудейхэр къигъэгугъэт Алыхьым и лъэпкъыр къабзэу зэрыхуэлэжьэныр зэрызэтригъэувэжынымкІэ. ИкІи абы Алыхьым и лъэпкъым игу къигъэкІыжт Иеговэ хуэлэжьэну хуейхэм къахуигъэув хабзэхэм зэрытетын хуейр.
Дин пашэхэм Алыхьым и лъэпкъыр Иеговэ и хабзэхэм тету псэуну ягъэсэнущ.
ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым «къабзэмрэ мыкъабзэмрэ» зэрызэщхьэщыкІыр къызэрыдгуригъаІуэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ гуэрхэр къэхь (kr-U 110—117).
Иеговэ и лъэпкъыр абы къыхихахэм дэІэпыкъунущ.
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм уэ сыткІэ сэбэп уахуэхъуфыну?