Ди къуэш, ди шыпхъухэм Щызэхуэс Унэм и пщІантІэр зыщІакъуэ (Швейцарие)
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ВСАДНИКИ АПОКАЛИПСИСА. ЧТО ОНИ ПРЕДВЕЩАЮТ?»
КъызэрыщІэбдзэ хъуныр: Куэдым зэхахащ Апокалипсис псалъэр. Иныкъуэхэм ар дунейм и кІэухыу ябжри абы щошынэ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм жеІэ дэ абы дыщышынэн хуэмейуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гъащІэ нэхъыфІ къытпэщылъщ.
Едзыгъуэр: Апок 21:4
Публикациер: Мы брошюрэр а зэманыр къызэрысар къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэхэм топсэлъыхь.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: КъэкІуэну зэманым къытпэщылъыр къытхуэщІэну пІэрэ?
Едзыгъуэр: Иса 46:10
Пэжыр: Алыхьым и ПсалъэмкІэ къытпэщылъыр къытхузэІуех.
«ВАША СЕМЬЯ МОЖЕТ БЫТЬ СЧАСТЛИВОЙ» (hf-U)
КъызэрыщІэбдзэ хъуныр: Унагъуэм теухуауэ видео кІэщІ уезгъэплъыну сыхуейт. [«Ваша семья может быть счастливой» брошюрэм и видеороликым егъэплъ.]
Публикациер: Видеороликым зи гугъу ищІа брошюрэм уеджэну ухуеймэ, сэ ар къыпІэрызгъэхьэфынущ. Ар пщІэншэщ.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.