ЦІыхум и ныбжьым, и диным икІи ар къызыхэкІа лъэпкъым емылъытауэ удэІэпыкъуну ухьэзыр?
ЦІыхухэм ядэІэпыкъум фІыгъуэ игъуэтыжынущ
ЗыщІэсын унэрэ яшхын ерыскъырэ зымыгъуэт цІыху куэд мы дунейм щыІэщ. Языныкъуэхэм къащІэну хуейт къапэщылъ гъащІэм теухуауэ. Адрейхэм дащыдэІэпыкъум деж, Алыхьым абы Іэмал имыІэу гу лъетэ икІи абы щхьэкІэ фІыгъуэ къыдитыжыну хьэзырщ.
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР
«ТхьэмыщкІэм гущІэгъу хуэзыщІым Иеговэ щІыхуэ иритым хуэдэщ, икІи Абы фІыгъуэ къыхуищІэжынущ» (ПРИТЧИ 19:17).
ДАУЭ ЦІЫХУХЭМ УАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?
ХъунщІакІуэхэм яІэщІэхуа цІыхухъу гуэрым теухуауэ Хьисэ ущие хъыбар жиІэжауэ щытащ. Абыхэм ар яхъунщІат, яубэрэжьат икІи лІэну гъуэгум къагъэнат (Лука 10:29—37). А гъуэгум ирикІуэ лІы гуэрым абы гущІэгъу хуищІри, дэІэпыкъуну мурад ищІащ, яхъунщІар хамэ лъэпкъым зэрыщыщым емылъытауэ.
Яубэрэжьа лІым ІуэхукІи ахъшэкІи а цІыхуфІыр зэрыдэІэпыкъуам нэмыщІ, абы и гурыщІэхэми егупсысащ.
А хъыбарым сыт хуэдэ дерс дэ къыхэтхыр? КъызэрыдгурыІуащи, дэ тхузэфІэкІ къэдгъэнэн хуейкъым адрейхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ (Притчи 3:27). Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, куэд мыщІэу Алыхьым тхьэмыщкІагъэмрэ гугъуехьхэмрэ кІэ иритынущ. Ауэ дапщэщ икІи дауэ? КъыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ фІыуэ укъэзылъагъу Алыхьым уэ пхуигъэхьэзыра гъащІэм теухуауэ.