«ЩІым и къэуатыр къыдитынущ, Алыхьым, ди Алыхьым, и нэфІыр къытщыхуэнущ» (ПСАЛОМ 67:6)
Алыхьыр хуейщ и нэфІ уэ къыпщыхуэну икІи гъащІэ мыухыж къыуитыну
Алыхьым бегъымбар Ибрэхьим къигъэгугъат абы къыщІэхъуэну щІэблэмкІэ «щІым щыпсэу лъэпкъ псоми и нэфІ ящыхуэну» (ЩІэдзапІэ 22:18, ДЩІ). Хэт хъуну а щІэблэр?
Илъэс 2 000 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ Алыхьым Ибрэхьим и щІэблэу щыт Хьисэ къару иритат телъыджэ Іуэхухэр ищІэну. А телъыджэ Іуэхухэр щыхьэт техъуэт Алыхьым Ибрэхьим ирита псалъэр ХьисэкІэ гъэзэщІа зэрыхъунум (Галатие 3:14).
Хьисэ ищІа телъыджэхэм цІыхухэм къыгурагъэІуащ Алыхьым ар къызэрыхихар, цІыхубэ псом и нэфІ щыхуэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ абыхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым тхуигъэхьэзыра фІыгъуэхэр. А телъыджэ Іуэхухэм Хьисэ хэлъа хьэл-щэн дахэхэр къызэрытхузэІуахым гу лъытэ.
Гущабагъ. Хьисэ сымаджэхэр игъэхъужт.
Зэгуэр уэшын уз зэфыкІ цІыхухъур Хьисэ елъэІуащ ар игъэхъужыну. Хьисэ абы теІэбэри, жиІащ: «Сыхуейщ, узыншэ хъуж!» Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкІри, лІыр узыншэ хъужащ (Марк 1:40—42).
Хьэлэлагъ. Хьисэ мэжалІэхэр игъашхэт.
Хьисэ хуейтэкъым цІыхухэр мэжэлІэну. ТІэу нэхъ мыхъуми Хьисэ мин бжыгъэ хъу цІыхухэр щІакхъуэ мащІэрэ бдзэжей тІэкІурэ фІэкІа имыІэу игъэшхащ (Маттэ 14:17—21; 15:32—38). Ерыскъыр апхуэдизкІэ куэд хъуати, псоми загъэнщІри иджыри къыдэхуэжащ.
ГущІэгъу. Хьисэ лІахэр къигъэтэджыжт.
Зэгуэр фызабэм и къуэ закъуэр щылІам Хьисэ ар къигъэтэджыжат. Хьисэ фызабэм гущІэгъу хуищІащ, сыту жыпІэмэ абы къыгурыІуэт а цІыхубзыр дэІэпыкъуэгъуншэ дыдэу къызэрынэнур (Лука 7:12—15).