Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхубзыр Чили Библием щрагъаджэ
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ЗАБОЛЕВАНИЯ. КАК СНИЗИТЬ РИСК» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дэтхэнэ зы цІыхури хуейщ узыншагъэ быдэ иІэу псэуну. Уэ дауэ уеплърэ, дымысымэджэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъуныр?
Едзыгъуэр: Пр 22:3
Публикациер: Мы брошюрэм итщ узыфэ куэдым зыщытхъумэн щхьэкІэ тщІэ хъунухэр.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, цІыхухэр зыхуэзэ гугъуехьхэр Алыхьым къыбгъэдэкІрэ?
Едзыгъуэр: Иов 34:10
Пэжыр: ЦІыхухэр зыхуэзэ гугъуехьхэмкІэ Алыхьыр къуаншэкъым. АтІэ цІыхухэр гузэвэгъуэ щІыпэщІэхуэм и щхьэусыгъуэу щытыфынущ ШейтІаныр, нэгъуэщІ цІыхухэм я щыуагъэхэр е ахэр имызэману езыхэм емылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэм зэрыпэщІэхуэр. Дэ гугъу дыщехьым деж, Алыхьыр къыддэІэпыкъуну хуейщ, абы фІыуэ делъагъури.
«БИБЛИЕР ЩІЭДЖЫН ХУЕЙР СЫТ?» (Видео)
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, мы дунейр Алыхьым и ІэмыщІэ илъ? [Жэуапым едаІуэ.] Библием абы теухуауэ итыр уэ гъэщІэгъуэн пщыхъунущ. Зы видеоролик кІэщІ уезгъэплъыну сыхуейт. [Видеороликым егъэплъ.]
Публикациер: Мы планым апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщыІэм и щхьэусыгъуэ зыбжанэ итщ. Ахэр Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІащ. Мыбы къихь Библием щыщ пычыгъуэхэм укъеджэу щытмэ, уэ нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщыІэр сытми. [Темэм хуэкІуэ планыр къыхуэгъанэ.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.