Пионерхэм цоциль бзэмкІэ штат Чьяпасым (Мексикэ) хъыбарыфІыр щагъэІу
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ЧТО ПРОИСХОДИТ В ДУХОВНОМ МИРЕ?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Дауэ уеплърэ, уафэм зыгуэр щыпсэууэ пІэрэ?
Едзыгъуэр: Иуан 6:38
Публикациер: Мы брошюрэм уэ къыщыпщІэнущ Алыхьымрэ Хьисэ бегъымбаррэ уафэм теухуауэ къытхузэІуахахэр.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Мы псалъэхэр къызэрыхъур нобэ тлъагъуу жыпІэ хъуну?
Едзыгъуэхэр: 2Тм 3:1—5
Пэжыр: Мы псалъэхэр нобэ къыщыхъукІэ, гъащІэ дахэ къытпэщылъу Алыхьым жиІа псалъэхэр къызэрыхъуныр ди фІэщ тщІы хъунущ.
«БИБЛИЕР ЩІЭДЖЫН ХУЕЙР СЫТ?» (Видео)
ЗэрыщІэбдзэ хъуныр: Нобэ дэ видеоролик кІэщІ догъэлъагъуэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщыдгъуэтыным теухуауэ. [Видеороликым егъэплъ. ЦІыхур къызэродаІуэм елъытауэ, планым ит «ГъащІэ къытпэщылъыр» жыхуиІэ темэр зэпкърых е буклет къыхуэгъанэ.]
Публикациер (планыр зэпкърыпхмэ): Мы планым Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ къэкІуэну зэманым теухуа гупсысэ зыбжанэ итщ. Мыбы къихь Тхыгъэ ЛъапІэм ит едзыгъуэхэм укъеджэмэ, уэ къэпщІэнущ дауэ Алыхьым мы дунейр нэхъыфІ зэрищІыжынур.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.