АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПРИТЧИ 1—6
«Уигу псомкІэ Иеговэ щыгугъ»
Иеговэ ди дзыхь едгъэзыну хуэфащэщ. Абы и цІэм къикІыр къызэрыдгурыІуэм ди фІэщхъуныгъэр хегъахъуэ, жиІа псалъэхэр псори зэригъэзэщІэжыфынумкІэ. Абы нэмыщІ тхьэлъэІур къыддоІэпыкъу Иеговэ дыщыгугъыну. Притчи 3-нэ псалъащхьэм дэ къыдегъащІэ, Иеговэ дыщыгугъуу щытмэ, абы и нэфІ къытщыхуэу ди гъуэгухэр занщІэ зэрищІынур.
Іущу зызыбжыжым...
Иеговэ и еплъыкІэр къимыщІауэ, унафэ ещІ
езым и щхьэм е мы дунейм и Іущагъым щогугъ
Иеговэ щыгугъым...
абы нэхъ гъунэгъу зыхуищІыну хэтщ, Библием еджэу, абы егупсысу икІи тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэу
унафэ ищІын ипэ, Библием ит принципхэр къигъэсэбэпурэ, Алыхьым и еплъыкІэр къещІэ
ЯПЭЩІЫКІЭ: Пэжу къэслъытэ унафэ сощІ |
ЯПЭЩІЫКІЭ: Иеговэ солъэІу икІи Библиер содж абы и еплъыкІэр къэсщІэн щхьэкІэ |
ИТІАНЭ: Ар къызэхъулІэну Иеговэ солъэІу |
ИТІАНЭ: Библием ит принципхэм техуэ унафэ сощІ |