ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр илъэсищэ ирокъу. БлэкІар дигу илъу, ипэкІэ докІуэ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэм щІэту псэуну хуейхэм а Пащтыхьыгъуэм икІи абы иІэ ехъулІэныгъэхэм теухуауэ щІэныгъэ нэхъыбэ зэрагъэгъуэтын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? А щІэныгъэхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэрытепщэмкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІынущ икІи гукъыдэж къыдатынущ а Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну (Пс 45:1; 49:3). «100 лет Царству Бога. Идем вперед, не забывая о прошлом» видеом еплъи, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:
«Фотодрама творения» жыхуиІэм еплъахэр сытым хуигъэуша?
ХъыбарыфІыр гъэІунымкІэ радиор сыткІэ сэбэп хъуа?
А зэманым хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр иджыри къагъэсэбэпа икІи сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ абы иІар?
ХъыбарыфІыр зыгъэІухэм я лэжьыгъэр нэхъыфІу ягъэзэщІэн щхьэкІэ, ахэр дауэ ягъасэу щІадза?
Школа Галаадым щеджэхэм сыт хуэдэ щІэныгъэ бгъэдалъхьэрэт?
Иеговэ и лъэпкъыр егъэджэнымкІэ конгрессхэм сыт хуэдэ мыхьэнэт яІэр?
Сыт уи фІэщ зыщІыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэрытепщэр?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зэрыдубыдар дауэ къызэрыдгъэлъагъуэр?