АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПСАЛМЫ 45—51
Зигу иудахэр Иеговэ ІэщІыб ищІкъым
Даут 51-нэ Псаломыр итхащ, Вирсавие и гъусэу ищІа гуэныхьыр бегъымбар Нафан къыщІигъэща иужь. Даут и напэр ису щІидзэри, гуэныхь къызэрихьар Іэдэбу жиІэжащ (2См 12:1—14).
Даут гуэныхь ищІами, ар духовнэ лъэныкъуэкІэ узыншэ хъужыфынут
Даут гупсэхугъуэ игъуэтакъым, хущІегъуэжу, гуэныхь къызэрихьар жиІэжыху
Абы Алыхьыр арэзыуэ къызэрыхущымытыжым апхуэдизкІэ ирищхьэжагъуэти, зи къупщхьэхэр къута цІыхум зыхуигъадэт
Ар Іейуэ хуейт и гуэныхьыр Алыхьым къыхуигъэгъуну икІи духовнэ узыншагъэрэ гуфІэгъуэрэ зригъэгъуэтыжыну
Ар Иеговэ Іэдэбагъ хэлъу елъэІут жыІэдаІуэу щытын щхьэкІэ гукъыдэж къритыну
Абы быдэу и фІэщ хъут и гуэныхьыр Иеговэ къызэрыхуигъэгъуныр