АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПСАЛМЫ 34—37
«Иеговэ щыгугъ икІи фІы щІэ»
«Пэжым темытхэм уемыфыгъуэ» (ДЩІ)
МыхъумыщІагъэ зыщІэхэм ехъулІэныгъэ яІэу къыпщыхъуми, Иеговэ ухуэлэжьэным ар зэран хуомыгъэхъу. Духовнэ хъугъуэфІыгъуэхэмрэ мурадхэмрэ уи гур теухуэ
«Иеговэ щыгугъ икІи фІы щІэ» (ДЩІ)
Быдэу уи фІэщ щІы шэч къыщытепхьэм икІи ущыгузавэм деж Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуныр. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ пэжу укъэнэну
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр жыджэру гъэІу
«Иеговэ гурыфІыгъуэ хэгъуатэ» (ДЩІ)
Зэман къыхэх Библием уеджэн икІи абы куууэ уегупсысын щхьэкІэ. ИкІи ущеджэм деж Алыхьыр нэхъыфІу къэпцІыхуну мурад зигъэІэ
«Иеговэ и ІэмыщІэ уи гъуэгур илъхьэ» (ДЩІ)
Шэч къытомыхьэ Иеговэ уи гугъуехьхэм упэлъэщыну къару къыузэритыным
Гугъу ущрагъэхьым, укъыщрахуэкІым е пцІы къыщыптралъхьэм деж Иеговэ и лэжьакІуэм хуэфащэ щытыкІэ зигъэІэ
«Иеговэ и пащхьэ зыри щыжомыІэ икІи уигу псомкІи абы пэплъэ» (ДЩІ)
ГуфІэгъуэ пфІэзыгъэкІуэдын икІи Иеговэрэ уэрэ уи зэхущытыкІэм зэран хуэхъун Іуэхухэр умыщІэ
«Іэдэбхэм щІыр щІэину къахуэнэнущ» (ДЩІ)
Хабзэншагъэ узыхуэзэхэр Иеговэ щыІуихыжыну зэманым Іэсагърэ Іэдэбагърэ пхэлъу ежьэ
Уи къуэш, уи шыпхъухэм ядэІэпыкъу икІи зигу иудахэр Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дунеищІэр гъунэгъу зэрыхъуамкІэ гъэгушхуэ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІыгъуэ куэд къытхуихьынущ