ДИ ГЪАЩІЭР
Щхьэщэхужым лІахэр къызэрытэджыжынумкІэ гугъэ къыдет
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр — щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ къэкІуэну зэманым диІэну фІыгъуэхэм дыщегупсыс хъуну зэманыфІщ. А фІыгъуэхэм ящыщ зыщ лІахэр къызэрытэджыжыныр. Иеговэ мурад иІамкІэ цІыхухэр лІэн хуейтэкъым. Аращ лІэныгъэм апхуэдиз гуауэ къыщІытхуихьыр (1Кр 15:26). Хьисэ и гум щІыхьат Лазар зэрылІам и гъэсэнхэм къахуихьа гуауэр щилъэгъуам (Ин 11:33—35). Хьисэ и Адэм и хьэл-щэнхэр нэгъэсауэ къызэригъэлъагъуэм щхьэкІэ, фІыуэ тлъагъухэм я лІэныгъэм къытхуихь гуауэр Иегови зэрызэхищІэм дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ (Ин 14:7). Иеговэ хуабжьу поплъэ и лэжьакІуэхэр къыщигъэтэджыжыну зэманым, дэри а зэманыр къытхуэгъэскъым (Иов 14:14, 15).
Иеговэ Іуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъыми, лІахэр зы хабзэ гуэрым тету къигъэтэджыжынущ (1Кр 14:33, 40). ФІыуэ тлъагъухэр афІэкІа тфІэкІуэдынукъым. ЛІахэр къэтэджыжа нэужь къедгъэблэгъэжынущ. ФІыуэ плъагъур уигу къыщыкІым деж, лІахэр къызэрытэджыжыным уегупсысрэ? (2Кр 4:17, 18). Щхьэщэхужым щхьэкІэ икІи лІахэр къызэрытэджыжыным теухуа пэжыр ТхыгъэмкІэ къызэрытхузэІуихам щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэпщІрэ? (Кл 3:15).
Уи ныбжьэгъухэмрэ уи Іыхьлыхэмрэ щыщу хэтыт псом хуэмыдэу ухуэзэжыну узыхуейр?
Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм щыщу хэтыт нэхъ зэбгъэцІыхуну узыхуейр?