АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИОВ 11—15
Іэиуб лІахэр къызэрытэджыжынур быдэу и фІэщ хъут
Іэиуб жиІащ Алыхьым къызэригъэтэджыжыфыныр и фІэщ зэрыхъур
Іэиуб Алыхьым къызэригъэтэджыжыфыныр и фІэщ зэрыхъур къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ щапхъэу жыг къихьащ. Ар маслинэу кыщІэкІынт
Маслинэ жыгыр паупщІами, щІым къыхэна и лъабжьэ быдэхэм къудамэ къыдожыж. Лъабжьэхэр щІым хэтыху, жыг паупщІам къудамэщІэхэр къыдэжыжыфынущ
Куэд щІауэ псы зымыгъуэта жыг дакъэм уэшхыпсыр хуиту щІэлъэда иужь къудамэщІэхэр къыдэжыжыфынущ. Абы «жыгыщІэм хуэдэу къудамэ къыдэжынущ»