АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 16, 17
Гуэныхьхэр щапшыныж махуэр уэ сыткІэ уэхьэлІа?
Гуэныхьхэр щапшыныж махуэм фимиамыр къызэрагъэсэбэпу щытам сытым дыхуигъасэрэ?
Библием Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я тхьэлъэІур фимиамым ирегъэщхь (Пс 141:2). Дин пашэм Иеговэ и пащхьэм деж пщІэшхуэ хэлъу фимиамыр зэрыщигъэсу щытам хуэдэу Иеговэ пщІэ хэлъу, фІэлІыкІ худиІэу лъэІукІэ зыхудогъазэ.
Дин пашэшхуэм псэущхьэр къурмэну къихьын ипэ фимиамыр игъэсын хуейт. Апхуэдэу Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Иеговэ къищтэн щхьэкІэ щІылъэм щыпсэухукІэ Алыхьым хуэпэжу икІи абы жиІэм едаІуэу щытын хуейт.
Сыт сэ сщІэн хуейр Иеговэ хуэсщІ тыгъэхэр къищтэн щхьэкІэ?