44 СТАТЬЯР
Фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІы, дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ
«Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ уелъагъу» (ПРИТ. 17:17).
90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ ныбжьэгъу пэжхэм дахуэныкъуэнущ. (2-нэ абзацым феплъ.)d
1, 2. 1 Петр 4:7, 8 зэритымкІэ, гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?
МЫ ДУНЕЙМ и кІэр нэхъ гъунэгъу хъуху, дэ гугъуехь хьэлъэхэм дыпэщІэхуэну къыщІэкІынущ (2 Тим. 3:1). Псалъэм папщІэ, Африкэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ зы къэрал гуэрым унафэщІ трагъэувэну хэхыныгъэ екІуэкІа иужь, цІыхухэр зэгурымыІуэу зауэ къэхъеящ. Илъэс ныкъуэм щІигъукІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр хуиту зыщІыпІи кІуэфтэкъым, зауэ щекІуэкІ щІыпІэм зэрыщыпсэум щхьэкІэ. Ахэр зихуа гугъуехьым пэлъэщыну сыт-тІэ къадэІэпыкъуар? Языныкъуэхэр зауэ здэщымыІэ щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм я деж щыпсэуну кърагъэблэгъащ. Ди зы къуэшым жиІэжащ: «Сэ хуабжьу сыгуфІэт ныбжьэгъухэр сызэригъусэм щхьэкІэ! Дэ зым зыр дгъэгушхуэфт».
2 «Гузэвэгъуэшхуэм» щыгъуэ дзыхь зыхуэпщІ хъун, фІыуэ дыкъэзылъагъу ныбжьэгъухэм дахуэныкъуэнущ (Апок. 7:14). Абы къыхэкІкІэ иджыпсту ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыну и зэманщ. (Къеджэ 1 Петр 4:7, 8.) Иеремие и щапхъэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. Абы и ныбжьэгъухэр къыдэІэпыкъуащ Ерусалим зэтракъутэн ипэ къелынуb. Абы и щапхъэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ.
ИЕРЕМИЕ И ЩАПХЪЭР
3. 1) Иеремие цІыхухэм пэІэщІэ захуищІыну икІи абыхэм яхэмыхьэу хъуну сытыт хуэзыгъэушыфынур? 2) Иеремие Варух сытыт жриІэжыр икІи абыхэм я зэхущытыкІэм ар дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъуар?
3 Иеремие нэхъ мащІэ дыдэу илъэс 40-кІэ цІыху мыхъумыщІэхэм къаухъуреихьу псэуащ, псалъэм папщІэ и гъунэгъухэм икІи и къалэ Анафоф щыщ и Іыхьлыхэм (Иер. 11:21; 12:6). Ауэ Иеремие цІыхухэм хыхьэну хуэмейуэ, абыхэм пэІэщІэ захуищІу щытакъым. Ар и гурыщІэхэмкІэ дэгуэшащ и псалъэхэр зытхыжа, къыхуэпэж Варух, къапщтэу щытмэ, ар дэри къыддэгуэшащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зыгъэгузавэу щытахэм дэ нобэ Библием дыщоджэ (Иер. 8:21; 9:1; 20:14—18; 45:1). Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ Иеремие и гъащІэм къыщыхъуа псор Варух итхыжыхукІэ а тІум я зэхуакум дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыхъуар икІи зыр зым пщІэ зэхуащІу зэрыхъуар! (Иер. 20:1, 2; 26:7—11).
4. Иеговэ Иеремие сыт хуэдэ къалэн иритар икІи а къалэным Иеремиерэ Варухрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр дауэ нэхъ быдэ зэрищІар?
4 Иеремие лІыгъэ хэлъу илъэс куэдкІэ Ерусалимым къыщыщІынур израил лъэпкъым жриІащ (Иер. 25:3). Иеговэ хуейт и лъэпкъыр и гуэныхьым хущІегъуэжыну, абы къыхэкІкІэ Иеремие елъэІуащ абы и псалъэхэр свитокым иритхэну (Иер. 36:1—4). Иеремиерэ Варухрэ а къалэныр мазэ бжыгъэкІэ ягъэзэщІауэ къыщІэкІынщ икІи абы щыгъуэ ахэр куэдрэ зэпсэлъащ, зыр зым и фІэщхъуныгъэри игъэбыдащ.
5. Варух Иеремие и ныбжьэгъуфІу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
5 Свитокыр хьэзыр хъуа иужь, Иеремие Варух дзыхь хуищІащ абы итым лъэпкъым къыхуеджэну (Иер. 36:5, 6). Варух лІыгъэ хэлъу шынагъэ зыпылъ а къалэныр игъэзэщІащ. Иеремие, дауикІ, ирипагэу къыщІэкІынт Варух Алыхьым и унэшхуэм и пщІантІэм дыхьэу, псоми я пащхьэм Иеговэ и псалъэм къызэрыщеджам (Иер. 36:8—10). Иудэм и пщыхэм Варух ищІар зэхаха иужь, абы унафэ хуащІащ а свитокым итым макъкІэ абыхэми къахуеджэну (Иер. 36:14, 15). Пщыхэм мурад ящІащ свитокым итыр пащтыхь Иоаким жраІэжыну, ауэ абы ипэ Варух жраІащ: «ФыкІуи, Иеремиерэ уэрэ зывгъэпщкІу, фыздэщыІэр зыми ямыщІэн щхьэкІэ» (Иер. 36:16—19). ИкІи ар чэнджэщыфІт!
6. Иеремиерэ Варухрэ дапхуэдэу зэрызащІар Иоаким къащыпэщІэувам щыгъуэ?
6 Иеремие итха псалъэхэр пащтыхь Иоаким щызэхихам щыгъуэ апхуэдизкІэ къэгубжьати, а свитокыр игъэсащ икІи Иеремиерэ Варухрэ къаубыдыну унафэ ищІащ. Ауэ Иеремие абы щхьэкІэ шынакъым. Абы нэгъуэщІ свиток къищтэщ, Варух иритри, Иеговэ къыжриІар иджыри зэ иригъэтхыжащ. «Иудэм и пащтыхь Иоаким мафІэкІэ игъэса тхылъым ита псалъэхэр псори» Варух итхыжащ (Иер. 36:26—28, 32).
7. Иеремиерэ Варухрэ зэрызэдэлэжьар дапхуэдэу сэбэп къазэрыхуэхъуар?
7 Гугъуехьым зэгъусэу пхырыкІ цІыхухэр и нэхъыбэм нэхъ гъунэгъу зэхуохъу. Пащтыхь бзаджэ Иоаким игъэса свитокым итар Иеремиерэ Варухрэ щатхыжым, ахэр, дауикІ, нэхъыфІу зэрыцІыхуащ, я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэри нэхъ быдэ хъуащ. Иеговэ хуэпэжу щыта а цІыхуитІым я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
ФИ НЫБЖЬЭГЪУХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ ИКІИ ФИ ГУРЫЩІЭХЭР ХУЭФІУАТЭ
8. НыбжьэгъуфІ зэдгъэгъуэтыну сыт зэран къытхуэхъуфынур икІи сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр?
8 Дэ ди гурыщІэхэр нэгъуэщІхэм хуэтІуэтэну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ, япэм зыгуэрым ди жагъуэ зэрищІам щхьэкІэ (Прит. 18:19, 24, Гъэсэпэтхыдэхэр). Е дэ къытщыхъункІэ хъунущ зэмани къаруи димыІэу зыгуэр ныбжьэгъу къэтщІын щхьэкІэ. Ауэ дэ ди Іэр етхьэхын хуейкъым. ГъэунэхуапІэхэм щыгъуэ ди къуэшхэр къыддэІэпыкъуну дыхуеймэ, дэ иджыпсту зедгъэсэн хуейщ абыхэм дзыхь яхуэтщІу икІи ди гурыщІэхэр яхуэтІуатэу. А лъэбакъуэм мыхьэнэшхуэ иІэщ ныбжьэгъуфІ зэбгъэгъуэтыну ухуеймэ (1 Пет. 1:22).
9. 1) Хьисэ и ныбжьэгъухэм дзыхь яхуищІу зэрыщытар сытым къыхэщрэ? 2) Фи гупсысэхэмкІэ икІи фи гурыщІэхэмкІэ нэгъуэщІхэм фазэрыдэгуашэр дапхуэдэу къызэрывдэІэпыкъунур ныбжьэгъуфІ къэвгъуэтыну? Щапхъэ къэфхь.
9 Хьисэ и ныбжьэгъухэм дзыхь хуищІт икІи псори абыхэм яжриІэт (Ин. 15:15). Абы щапхъэ тетхыу, ди гуауэри гуфІэгъуэри икІи дызыгъэгузавэри нэгъуэщІхэм яжетІэ хъунущ. Фыкъэзыухъуреихь къуэш, шыпхъухэм жаІэм фІыуэ федаІуи, фэ гу лъыфтэнущ куэдкІэ фызэрызэщхьыр: фи гупсысэхэр, гурыщІэхэр икІи мурадхэр зэрызэтехуэр. Илъэс 29 хъу ди шыпхъу Синди́ и щапхъэм деплъынщ. Абы и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэ Мари́-Луи́зэ илъэс 67 мэхъу, ар пионеру мэлажьэ. Синдирэ Мари-Луизэрэ махуэку пщэдджыжь къэс зэгъусэу хъыбарыфІыр ягъэІуну макІуэ икІи ахэр темэ куэдым топсэлъыхь. Синди жеІэ: «Сэ сфІэфІщ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ куухэм си ныбжьэгъухэм я гъусэу сытепсэлъыхьыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу ахэр нэхъыфІу къызоцІыху икІи зыхызощІыкІ». Ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу дзыхь зыхуэтщІу ди гурыщІэхэр зыр зым щыхуэтІуатэм деж. Синди хуэдэу, нэгъуэщІхэм гуапэу фепсалъэмэ икІи фи гурыщІэхэр хуэфІуатэмэ, абыхэм нэхъ гъунэгъу фахуэхъунущ (Прит. 27:9, Гъэс.).
ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ФЫХЭТ
Зэныбжьэгъу пэжхэр Иеговэ и лэжьыгъэм зэгъусэу хэтщ. (10-нэ абзацым феплъ.)
10. Притчи 27:17 зэритымкІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр дауэ сэбэп къызэрытхуэхъунур?
10 Иеремиерэ Варухрэ хуэдэу, ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр къыддоІэпыкъу абыхэм хьэл-щэн дахэхэр зэрагъэлъагъуэр тлъэгъуну. Дэ абыхэм я щапхъэм куэдым дыхуегъасэ икІи езыхэми нэхъ гъунэгъу дахуохъу. (Къеджэ Притчи 27:17, Гъэс.) ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ фи гъусэ къуэшым е шыпхъум лІыгъэ хэлъу и фІэщхъуныгъэм теухуауэ щыжиІэм деж е и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэрэ абы и мурадымрэ теухуауэ нэгъуэщІхэм щадэгуашэм деж сыт фэ зыхэфщІэр? Фэ а къуэшыр е шыпхъур нэхъ лъапІэу флъытэу къыщІэкІынщ.
11, 12. Къуэшым е шыпхъум и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтым ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрищІыр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.
11 Ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтым гъунэгъу дызэрызэхуищІыр къэзыгъэлъагъуэ щапхъитІ зэпкърытхынщ. Илъэс 23 хъу Адли́нэ и ныбжьэгъу Канди́сэ елъэІуащ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм и гъусэу кІуэну. «Дэ жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну дыхуейт, гуфІэгъуэ нэхъыбэ диІэн щхьэкІэ,— жеІэ Адлинэ.— Дэ тІури гушхуэныгъэ дыхуэныкъуэт». Апхуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным ахэр зэгъусэу зэрыхэтам сыт къахуихьар? Адлинэ пещэ: «Дэ пщыхьэщхьэ къэс дигу къэдгъэкІыжт хъыбарыфІыр щыдгъэІум цІыху дызыхуэзахэм дазэрепсэлъар, абы дызэригъэгушхуар, гурыщІэ диІахэр икІи Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуар. Дэ тІуми дигу ирихьт апхуэдэ гупсысэ куухэм дытепсэлъыхьыну икІи апхуэдэу зэрытщІэм и фІыгъэкІэ нэхъыфІу дызэрыцІыхут».
12 Францием щыщ щхьэгъусэ зимыІэ Ла́илэрэ Мариа́ннэрэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Ахэр Центральноафриканскэ Республикэм и къалащхьэ Банги́ хъыбарыфІыр щагъэІуну тхьэмахуитхукІэ кІуат. Лаилэ игу къегъэкІыж: «Абы дыщыкІуам щыгъуэ дэ гугъуехь куэдым дыпэщІэхуащ, ауэ ди гурыщІэхэмкІэ дызэрыздэгуашэу щытамрэ лъагъуныгъэмрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуащІащ. Марианнэ щІыпІэ дыздэкІуам зэрызригъасэр, абы щыпсэу цІыхухэм лъагъуныгъэ хэлъу зэрыхущытыр икІи хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру зэрыхэтыр щыслъагъум, абы нэхъыбэжу пщІэ хуэсщІу сыхъуащ». Апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу нэгъуэщІ къэрал укІуэн хуейкъым. Къуэшым е шыпхъум и гъусэу фыщыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр вгъэІуху, фэ Іэмал фиІэщ ар нэхъыфІу къэфцІыхуну икІи фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІыну.
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФІЫ ЯХЭЛЪЫМ ГУ ЛЪЫФТЭ ИКІИ ЯХУЭВГЪЭГЪУ
13. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэлажьэкІэ иныкъуэм деж сытым гу лъыттэрэ?
13 Иныкъуэм деж ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэлажьэкІэ абыхэм фІы яхэлъым нэмыщІ зэлэжьын хуей хьэл-щэнхэми гу лъыдотэ. Апхуэдэм деж сыт тщІэн хуейр? Иеремие и щапхъэм дгъэзэжынщ. Сытыт абы къыдэІэпыкъур нэгъуэщІхэм фІы яхэлъыр илъагъуу, я щыуагъэхэм гу лъимытэну?
14. Иеремие Иеговэ теухуауэ сыт къищІар икІи абы сытым хуигъэуша?
14 Иеремие езым и цІэр зезыхьэ тхылъыр итхащ, абы нэмыщІ «Первая книга царей», «Вторая книга царей» жыхуиІэ тхылъхэр итхауэ къыщІэкІынщ. А тхылъхэр щитхым, абы фІыуэ къыгурыІуащ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм Иеговэ гущІэгъу зэрахуищІыр. Псалъэм папщІэ, Иеремие къищІащ зи Іуэху Іейхэм хущІегъуэжа пащтыхь Ахав Иеговэ зэрыхущытар: абы и унагъуэр зэраукІыр Алыхьым иригъэлъэгъуакъым (1 Цар. 21:27—29). Абы нэмыщІ Иеремие ищІэт пащтыхь Манассие Ахав нэхърэ нэхъ Іейуэ Иеговэ и жагъуэ зэрищІар. Ауэ, абы емылъытауэ, Манассие и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжам щхьэкІэ Иеговэ къыхуигъэгъуащ (2 Цар. 21:16, 17; 2 Лет. 33:10—13). А Іуэхугъуэхэм Иеремие хуагъэушауэ къыщІэкІынщ Иеговэ шыІэныгъэрэ гущІэгъурэ зэригъэлъагъуэм щапхъэ трихыу, а хьэл-щэнхэр и ныбжьэгъухэм хуэгъэзауэ игъэлъэгъуэну (Пс. 103:8, 9).
15. Иеговэ и шыІэныгъэм щапхъэ трихыу Иеремие Варух дапхуэдэу зэрыхущытар?
15 Иеговэ кърита къалэныр Варух и гъащІэм псом япэ иримыгъэщыжу щыхъуам щыгъуэ, Иеремие абы зэрыдэІэпыкъуам деплъынщ. Иеремие Варух щхьэкІэ и гур зэщыуакъым. Ар и ныбжьэгъум дэІэпыкъуащ — Иеговэ къыбгъэдэкІ чэнджэщыр гуапэу, ауэ зэрыщытым хуэдэу жриІащ (Иер. 45:1—5). А щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
Зэныбжьэгъу пэжхэр зыр зым хуагъэгъу. (16-нэ абзацым феплъ.)
16. Притчи 17:9 зэритымкІэ, ныбжьэгъугъэр тхъумэну сыт къыддэІэпыкъунур?
16 ГурыІуэгъуэщ ди къуэш, ди шыпхъухэм гуэныхь зэрахэлъым къыхэкІкІэ щыуагъэ зэращІэнур. Аращи, зыгуэр ныбжьэгъу тщІамэ, къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ а ныбжьэгъугъэр тхъумэжын щхьэкІэ. Ди ныбжьэгъум щыуагъэ гуэр ищІамэ, ар зэрыщыуар гуапэу, ауэ зэрыщытым хуэдэу жетІэн хуейщ, Алыхьым и Псалъэр къэдгъэсэбэпу (Пс. 141:5). ИкІи ди ныбжьэгъум ди жагъуэ ищІамэ, хуэдгъэгъун хуейщ. Абы хуэдгъэгъуамэ, афІэкІа а упщІэр къэтІэтынукъым. (Къеджэ Притчи 17:9, Гъэс.) Мы дыщыпсэу зэман гугъум ди къуэш, ди шыпхъухэм фІы яхэлъхэр тлъагъуу, хьэл-щэн Іейхэм гу лъыдмытэу дыщытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ! Апхуэдэу тщІэмэ, ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи дэ абы сэбэп къытхуихьынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гузэвэгъуэшхуэр къэсмэ, дэ ныбжьэгъу пэжхэм хуабжьу дахуэныкъуэнущ.
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ПЭЖ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
17. Иеремие ныбжьэгъу пэжу зэрыщытар сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ?
17 Бегъымбар Иеремие сыт щыгъуи ныбжьэгъу пэжу щытащ, гугъуехь щыпэщІэхуэхэм дежи. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Пащтыхьым хуэлажьэу щыта Авдемелех Иеремие къригъэлауэ щытащ, ятІэ куэд зэрыт псы хъумапІэм къыщрихыжам щыгъуэ. Авдемелех пщыхэм Іей гуэр къращІэжынкІэ шынэт. Иеремие ар къыщищІам щыгъуэ зыри имыщІэу щысакъым и ныбжьэгъур зыпэщІэхуа гугъуехьыр езым зэхигъэкІыжыну и гугъэу. А зэманым езы Иеремие лъэхъуэщым исами, абы Іэмал къигъуэтащ Авдемелех гупсэхугъуэ къезытыжын Иеговэ и псалъэхэр жриІэну (Иер. 38:7—13; 39:15—18).
Зэныбжьэгъу пэжхэр гугъуехь щаІэм деж зэдоІэпыкъу. (18-нэ абзацым феплъ.)
18. Притчи 17:17 зэритымкІэ, ди къуэшыр е ди шыпхъур гугъуехь пэщІэхуа иужь сыт тщІэн хуейр?
18 Нобэ ди къуэш, ди шыпхъухэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Куэдым гузэвэгъуэшхуэмрэ зауэмрэ гуауэ къахуихьащ. Апхуэдэ къыщыхъум деж языныкъуэхэм Іэмал яІэщ къуэш, шыпхъухэр я деж щІагъэтІысхьэну. НэгъуэщІхэр ахъшэкІэ дэІэпыкъуэгъу хъуфынущ. Ауэ дэ псори Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэфынущ, гугъуехь зиІэхэм ар дэІэпыкъун щхьэкІэ. Иныкъуэхэм деж зи гур иудам жепІэнур къыпхуэгъуэткъым е хуэпщІэнур пщІэкъым. Ауэ дэтхэнэ зыри зыгуэркІэ дэІэпыкъуэгъу дыхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, ди къуэшым е ди шыпхъум зэман хухэтхыфынущ. ГущІэгъу хэлъу абыхэм жаІэм дедэІуэфынущ. Е дэ езым гушхуэныгъэ къыдэзыт Библием ит дигу ирихь едзыгъуэхэм дакъыхуеджэ хъунущ (Ис. 50:4). Псом нэхъапэр — ахэр щыхуэныкъуэ зэманым даригъусэныращ. (Къеджэ Притчи 17:17c.)
19. Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэлъын щхьэкІэ сыт иджыпсту къару етхьэлІэн щІыхуейр?
19 Аращи, иджыпсту къару едвгъэхьэлІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр зэдгъэцІыхун щхьэкІэ икІи ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэлъын щхьэкІэ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Ди бийхэм пцІыр къагъэсэбэпу ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдалъхьэну иужь итынущ. ДызэпэщІагъэувэжыну ахэр хэтынущ. Ауэ абыхэм ар къехъулІэнукъым. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ дымылъагъужу абыхэм яхуэщІынукъым. Бийхэм сыт ямыщІами ди зэкъуэтыныгъэр яхуэкъутэнукъым. Мы дунейм икІэр къэсыхукъым ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ зэрыдэлъынур, атІэ игъащІэ псокІэ дызэныбжьэгъунущ!
32-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ бгъэдэувэ!
a Мы дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъу мэхъури, дэ псоми ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Иеремие и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ иджыпсту ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъын щхьэкІэ къару зэретхьэлІэр гугъуехь дыщиІэм деж дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми.
b Иеремия тхылъым Іуэхугъуэхэр къызэрыхъуам хуэдэу зэкІэлъыкІуэу иткъым.
c Притчи 17:17: «Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ уелъагъу, ар гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшщ».
d СУРЭТХЭР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ сыт къэхъункІэ хъунуми. Ди къуэш, ди шыпхъу зыбжанэм пкІэунэм зыщагъэпщкІу. А зэман гугъум ахэр зэрызэгъусэм и фІыгъэкІэ зы щхьэкІи гузавэкъым. КъыкІэлъыкІуэ сурэтхэм мы къуэш, шыпхъу дыдэхэм гузэвэгъуэшхуэр къэхъун ипэ я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъын щхьэкІэ къару ирахьэлІэ.