ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Февраль н. 2—7
  • Алыхьым пэжу фыкъыхуэнэ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым пэжу фыкъыхуэнэ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ НЭГЪЭСАУЭ ХУЭПЭЖУ ЩЫТЫНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
  • АЛЫХЬЫМ НЭГЪЭСАУЭ ХУЭПЭЖУ ДЫЩЫТЫНЫМ СЫТ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР
  • АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • Іэиуб гъэунэхуапІэхэм щихуам Алыхьым хуэпэжу къэнащ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2016
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Февраль н. 2—7

6 СТАТЬЯР

Алыхьым пэжу фыкъыхуэнэ!

«СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (ИОВ 27:5).

34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Абзацым къыщыхьа Іуэхугъуэхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр ихуа иужь, дауэ Алыхьым хуэпэжу къызэрынар?

ІУЭХУГЪУИЩ фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. 1) Ди шыпхъу ныбжьыщІэр школым щоджэ. Абы и егъэджакІуэм классым жреІэ куэд мыщІэу къэсыну махуэшхуэр зэгъусэу зэрагъэлъэпІэнур. Шыпхъум къыгуроІуэ а махуэшхуэр Алыхьым игу зэрыримыхьыр, абы щхьэкІэ пщІэ хэлъу къагурегъаІуэ а Іуэхум зэрыхэмытынур. 2) УкІытэхыу щыт ди къуэш ныбжьыщІэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр егъэІу. Абы ещІэ къыкІэлъыкІуэ унэм Иеговэ и Щыхьэтхэм щыдыхьэшх и классэгъу зэрыщыпсэур. Абы щхьэкІэ къимыгъанэу, ар а унэм Іуохьэри бжэм тоуІуэ. 3) Къуэшым и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ куэду лэжьэн хуейщ. Зэгуэрым ар зыгъэлажьэр къолъэІу хьэрэмыгъэ ищІэну е хабзэм ебэкъуэну. Къуэшым и лэжьыгъэр зэрыфІэкІуэдынкІэ хъунур къыгурыІуэми, зыгъэлажьэм жреІэ апхуэдэу зэримыщІэнур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьыр хуейщ и лэжьакІуэхэр цІыху пэжу щытыну, къэралым и хабзэми пщІэ хуащІыну (Рим 13:1—4; Евр. 13:18).

2. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну икІи сыт щхьэкІэ?

2 Зи гугъу тщІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ хьэл-щэн ягъэлъэгъуар? Абыхэм лІыгъэ зэрахэлъым икІи хьэрэмыгъэ ягу зэримылъым фэ гу лъыфтауэ къыщІэкІынщ. Ауэ абыхэм ягъэлъэгъуа зы хьэл-щэным, псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щытыныращ. Іуэхугъуищми ахэр Иеговэ пэжу къыхуэнащ икІи абы и хабзэхэм ебэкъуакъым. Абыхэм апхуэдэу щІащІар напэ къабзэкІэ Алыхьым бгъэдэтыну хуейти аращ. ИкІи шэч хэмылъу Иеговэ абыхэм иропагэ. Дэри дыхуейщ апхуэдэу уафэм щыІэ ди Адэр ди дуней тетыкІэм ирипагэну. Абы къыхэкІкІэ упщІищ зэпкърытхынщ: Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щытыным сыт къикІыр? Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Мы дыщыпсэу зэман гугъум Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт къару къыдэзытынур?

АЛЫХЬЫМ НЭГЪЭСАУЭ ХУЭПЭЖУ ЩЫТЫНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?

3. 1) Алыхьым и лэжьакІуэхэм дауэ зэрагъэлъагъуэр абы нэгъэсауэ хуэпэжу зэрыщытыр? 2) Сыт хуэдэ щапхъэхэм къыдгурагъаІуэрэ ныкъусан зыхэмылъ жиІэм къикІыр?

3 Алыхьым и лэжьакІуэхэм дауэ зэрагъэлъагъуэр абы нэгъэсауэ хуэпэжу зэрыщытыр? Я гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ зэралъагъумкІэ икІи и мурадыр ягъэзащІэу жиІэм зэрытетымкІэ. Библием ит «нэгъэсауэ хуэпэжу щытын» журтыбзэ псалъэм ныкъусан зыхэмылъ жиІэуи къокІ. Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэм къурмэну къахьын хуей псэущхьэхэм ныкъусан хэмылъу, дагъуэ ямыІэу щытын хуейтb (Лев. 22:21, 22). Хабзэм идэтэкъым Алыхьым псэущхьэ сымаджэ е лъакъуэ, тхьэкІумэ, нэ зимыІэ псэущхьэ къыхуэпхьыну. Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэт ар узыншэу, дагъуэ лъэпкъ имыІэу щытыным (Мал. 1:6—9). ИкІи ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэи къэтщэхунукъым пхъэщхьэмыщхьэ фа, напэ зыдэмытыж тхылъ е зыгуэр зыхуэчэм Іэмэпсымэ. Дэ, дауикІ, зыри зимылажьэщ къэтщэхуну дызыхуейр. Апхуэдэ дыдэу Иеговэ абы дызэрыхуэлажьэм хущытщ. Ар хуейкъым абы худиІэ лъагъуныгъэмрэ дызэрыхуэпэжымрэ ныкъусан хэлъыну.

4. 1) Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр нэгъэсауэ Иеговэ хуэпэжу щытыфыну? КъыдгурывгъаІуэ. 2) Псалом 103:12—14 зэритымкІэ, дэ ттеухуауэ сыт Иеговэ къыгурыІуэр?

4 НтІэ, нэгъэсауэ Иеговэ хуэпэжу дыщытын щхьэкІэ цІыху дагъуэншэу дыщытын хуейуэ ара? Хьэуэ, хуейкъым. Дэ къыдгуроІуэ щыуагъэхэр зэрытщІэр, ныкъусан куэди дызэриІэр. Апхуэдэу дегупсысын щІыхуэмейр къэзыгъэлъагъуэ щхьэусыгъуитІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, Иеговэ ди щыуагъэхэр къилъыхъуэу, абыхэм фІэкІ зыми гу лъимытэу щыткъым. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Уэ, Иаг, ди гуэныхьхэр убжу щытамэ, Иеговэ, хэтыт уэ умыгъэкъуаншэу къэнэнур?» (Пс. 130:3). Абы гуэныхь зэрытхэлъыр ещІэри, лъагъуныгъэшхуэ хэлъу къытхуегъэгъу (Пс. 86:5). ЕтІуанэрауэ, дэ тхузэфІэкІынри тхузэфІэмыкІынри Иеговэ ещІэ, абы къыхэкІкІэ тхуэмыщІэн къытхуигъэувкъым. (Къеджэ Псалом 103:12—14c.) НтІэ, сыт къикІыр Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щытыным?

5. Нэгъэсауэ Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, сыт ар фІыуэ тлъагъун щІыхуейр?

5 Нэгъэсауэ Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, ар фІыуэ тлъагъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ ар дигу псомкІэ фІыуэ тлъагъун хуейщ икІи сыт и лъэныкъуэкІи хуэпэжу дыщытын хуейщ. ГъэунэхуапІэ дыщихуэм дежи апхуэдэ лъагъуныгъэ дгъэлъагъуэу щытмэ, Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжу елъытэ (1 Лет. 28:9; Мт. 22:37). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я деж дгъэзэжынщ. Ди шыпхъу ныбжьыщІэр и классэгъухэм я гъусэу зигъэпсэхуну хуэмейуэ ара? Ди къуэш ныбжьыщІэм къызэрыщыдыхьэшхыр ифІэфІу ара? ИкІи унагъуэ зиІэ ди къуэшым лэжьыгъэр зэрыфІэкІуэдынкІэ хъунум иримыгузавэу ара? ДауикІ, аракъым. Абыхэм ящІэ Иеговэ хабзэ пэжхэр зэриІэр икІи ахэр хуейщ уафэм щыІэ я Адэр ягъэгуфІэну. Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм ахэр хуегъэуш унафэ ящІын ипэ абы и еплъыкІэр къащІэну. АбыкІэ абыхэм ягъэлъагъуэ Иеговэ зэрыхуэпэжыр.

АЛЫХЬЫМ НЭГЪЭСАУЭ ХУЭПЭЖУ ДЫЩЫТЫНЫМ СЫТ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР

6. 1) Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытын щІыхуейр сыт? 2) Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым хуэпэжу къэнэну щІахузэфІэмыкІар сыт?

6 Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытын щІыхуейр сыт? Абы ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жыІэмыдаІуэ зы мелыІыч Алыхьым пэщІэуващ икІи ар дэтхэнэ зыми къытпэщІэувауэ жыпІэ хъунущ. Іэдэн жыг хадэм ар ШейтІан, нэгъуэщІу жыпІэмэ «ныкъуэкъуэгъу» щыхъуащ. Иеговэ тепщэ мыхьэнэншэу, щхьэхуещэу икІи пцІыупс хуэдэу зэрыжиІамкІэ абы Алыхьым и цІэр игъэулъиящ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Іэдэмрэ Хьэуарэ ШейтІаным и лъэныкъуэр яубыдри Алыхьым пэщІэуващ (ЩІэдз. 3:1—6). Іэдэн жыг хадэм щыпсэуам щыгъуэ абыхэм Іэмал куэд яІащ Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу ящІыну. Ауэ ШейтІаныр Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, абыхэм Иеговэ ягу псомкІэ фІыуэ ямылъагъуу къыщІэкІащ. ИужькІэ Іэиуб и зэманым иджыри зы упщІэ ШейтІаным къиІэтащ: Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ, зыгуэр абы хуэпэжу къэнэну пІэрэ? НэгъуэщІу жыпІэмэ, цІыхухэм яхузэфІэкІыну нэгъэсауэ Алыхьым хуэпэжу къэнэну?

7. Иов 1:8—11 зэритымкІэ, Іэиуб и пэжагъым теухуауэ Иеговэ сыт жиІар икІи сыт ШейтІаным жиІар?

7 Іэиуб щыпсэуар израил лъэпкъыр Мысырым щыщыІа зэманыращ. А зэманым Іэиуб хуэдэу Алыхьым хуэпэж зыри щыІэтэкъым. Дэр хуэдэуи Іэиуб гуэныхь зыхэлъ цІыхут икІи щыуэт. Абы емылъытауэ, Иеговэ Іэиуб фІыуэ илъагъут ар нэгъэсауэ зэрыхуэпэжым щхьэкІэ. Іэиуб и зэманым щыгъуэ упщІэ къиІэтын ипи ШейтІаным Иеговэ ауан ищІу къыщІэкІынт, цІыхухэр къыхуэмыпэжыну жиІэу. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ШейтІаным Іэиуб гу лъригъэтащ. А цІыхум и псэукІэм ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІигъэщт. ШейтІаным Иеговэ жриІащ Іэиуб игъэунэхуну хуит ищІыну. Иеговэ и ныбжьэгъу Іэиуб дзыхь хуищІти, ШейтІаным ар игъэунэхуну хуит ищІащ. (Къеджэ Иов 1:8—11d.)

8. ШейтІаным сыт хуэдэ Іэмалхэр къигъэсэбэпа Іэиуб Иеговэ иригъэпцІыжын щхьэкІэ?

8 ШейтІаныр икъукІэ гущІэгъуншэщ, ар цІыхуукІщ. Абы Іэиуб и мылъкур трихащ, и унэІутхэр иукІащ, и цІэри игъэулъиящ. Іэиуб и унагъуэми гуауэшхуэ лъысащ: абы фІыщэу илъагъу и бынипщІыр ШейтІаным иукІащ. Езы Іэиуби узыфэ Іей къригъэуэлІащ: и щхьэм щыщІэдзауэ и лъакъуэм нэс и щІыфэр шын защІэ хъуащ. Абы и щхьэгъусэм гуауэшхуэ къызэрылъысам къыхэкІкІэ жиІэр къыгурымыІуэжу и лІым жриІащ: «Алыхьым ебги лІэ!» Езы Іэиуби лІэну хуейт, ауэ ар Иеговэ нэгъэсауэ хуэпэжу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум ШейтІаным Іэиуб и ныбжьэгъухэр къигъэсэбэпыну мурад ищІащ. Ахэр къакІуэри абы и гъусэу махуэ бжыгъэкІэ щысащ, ауэ абыхэм Іэиуб и гур фІы хуащІакъым. АтІэ Іэиуб и гурыщІэхэм емыгупсысу ныбжьэгъуищыр абы ешхыдэу икІи гущІэгъу лъэпкъ яхэмылъу ягъэкъуаншэу щІадзащ. Абыхэм жаІэт Іэиуб и гугъуехьу хъуар Алыхьым къыбгъэдэкІыу икІи абы пэжагъ зэрихъумэм Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэ лъэпкъ имыІэу. Абы нэмыщІ ныбжьэгъуищым Іэиуб гуэныхьщІакІуэу икІи къыщыщІауэ хъуар къилэжьауэ жаІащ (Иов 1:13—22; 2:7—11; 15:4, 5; 22:3—6; 25:4—6).

9. Гугъуехьхэм пэщІэхуами, сыт Іэиуб имыщІар?

9 А гугъуехьхэр Іэиуб дапхуэдэу къызэрыщыхъуар? Іэиуб гуэныхь зыхэлъ цІыхути и ныбжьэгъу нэпцІхэм губжьауэ епсэлъащ икІи зэмыгупсыса псалъэхэр жиІащ. Абы Алыхьым и пэжагъыр къыхигъэщыным и пІэкІэ, езыр пэжу зэрыщытыр къагуригъэІуэну хущІэкъут (Иов 6:3; 13:4, 5; 32:2; 34:5). Ауэ и Іуэхур дапхуэдэу гугъуу щымытами, Іэиуб и щІыбагъыр Иеговэ хуигъэзакъым. И ныбжьэгъу нэпцІхэм жаІэ пцІыр абы и фІэщ хъуакъым икІи мыпхуэдэу яжриІащ: «Фэ фызахуэу сэ зэи къэслъытэнукъым! СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (Иов 27:5). Мы псалъэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ. Сыт къэмыхъуами Іэиуб Алыхьым пэжу къыхуэнащ — дэри ар тхузэфІэкІынущ.

10. Іэиуб и зэманым ШейтІаным къиІэта упщІэр дэри сыткІэ къытлъэІэсрэ?

10 Іэиуб и зэманым ШейтІаным къиІэта упщІэр дэри сыткІэ къытлъэІэсрэ? ШейтІаным жеІэ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ фІыуэ дымылъагъуу, пэжу дыхуэлажьэ хуэдэу фэ зытедгъауэу икІи гугъуехь гуэр дыпэщІэхуэмэ, абы хуэлэжьэн щыдгъэтыну (Иов 2:4, 5; Апок. 12:10). ШейтІаным апхуэдэу дызэригъэкъуаншэр ди гум, дауикІ, щІохьэ. Ауэ фегупсысыт: Алыхьым дэ апхуэдизкІэ дзыхь къытхуещІри, Іэмал гъэщІэгъуэн къытхузэІуех. Иеговэ ШейтІаныр хуит ещІ дэ пэжу дыкъэнэнрэ дыкъэмынэнрэ игъэунэхуну. Дэ пэжу дыкъызэрынэным икІи ШейтІаныр пцІыупсу зэрыщытыр къызэрыщІэдгъэщыным Иеговэ шэч къытрихьэкъым. ИкІи езыр къыддэІэпыкъуну дыкъегъэгугъэ (Евр. 13:6). Дуней псор къэзыгъэщІа Алыхьым дэ дзыхь къытхуещІ. Сыту пщІэшхуэ ар! КъывгурыІуэрэ Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыкъэнэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Апхуэдэу дэ ШейтІаным жиІар пцІыуэ зэрыщытыр къыщІэдгъэщынущ, уафэм щыІэ ди Адэм и цІэр дгъэлъэпІэнущ икІи абы и тепщэныгъэр дэтІыгъынущ. Сыт-тІэ дэ тщІэн хуейр Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ?

АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

11. Іэиуб и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну?

11 «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм» ШейтІаныр нэхъ губжьауэ къытпэщІоувэ (2 Тим. 3:1). Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт къару къыдэзытынур? АбыкІи Іэиуб и щапхъэр дэ къыддэІэпыкъунущ. ГъэунэхуапІэхэм ихуэн ипи, Алыхьым зэрыхуэпэжыр абы мызэ-мытІэу игъэлъэгъуащ. Абы и щапхъэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсищ къыхэтхынщ, ахэр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну.

Иов рассказывает своим детям о чудесах творения Иеговы

Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? (12-нэ абзацым феплъ.)f

12. 1) Иов 26:7, 8, 14 зэритымкІэ, Іэиуб Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэну икІи абы пщІэ хуищІыну сытыт къыдэІэпыкъур? 2) Сыт дэ къыддэІэпыкъунур Іэиуб хуэдэу Иеговэ дыхущытыну?

12 Іэиуб Алыхь фІэлІыкІ зэриІэр къыдэІэпыкъут Иеговэ нэхъыфІу илъагъуну. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм егупсысыну Іэиуб зэман хухихт (Иов 26:7, 8, 14). Ар щІылъэм, уафэм, пшэхэм икІи уафэ гъуагъуэм щегупсысым деж, Алыхьым нэхъ фІэлІыкІ хуиІэ хъут. Ауэ абы къыгурыІуэт Алыхьым къигъэщІахэм теухуауэ щІэныгъэ иІэр мащІэ дыдэу зэрыщытыр. Абы нэмыщІ Иеговэ и псалъэхэм зэрегупсысри къыдэІэпыкъут Алыхь фІэлІыкІ иІэну. Іэиуб жиІауэ щытащ: «Абы жиІа псалъэхэр сэ сохъумэ» (Иов 23:12). Іэиуб Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэт икІи абы пщІэшхуэ хуищІт. Абы и Адэр фІыуэ илъагъут, ар игъэгуфІэнуи хуейт. А псор абы къыдэІэпыкъут Иеговэ хуэпэжу къэнэну. Дэри Іэиуб щапхъэ тетхын хуейщ. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ Іэиуб и зэманым цІыхухэм ящІэу щытам елъытауэ дэ нэхъыбэ дощІэ. Абы нэмыщІ дэ Алыхьым къыбгъэдэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр диІэщ, абы и фІыгъэкІэ Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуфынущ. Дэ къатщІэу хъуар къыддоІэпыкъу Алыхь фІэлІыкІ диІэну икІи абы пщІэ хуэтщІыну. Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэм икІи абы пщІэ зэрыхуэтщІым дыхуегъэуш Иеговэ фІыуэ тлъагъуну, жиІэм дедэІуэну, абы нэмыщІ хуэпэжу дыкъэнэну (Иов 28:28).

Брат уходит, когда его сотрудники начинают смотреть порнографию

Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ порнографием демыплъмэ. (13-нэ абзацым феплъ.)g

13, 14. 1) Иов 31:1 зэритымкІэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэм теухуауэ Іэиуб Алыхьым жиІэм едаІуэрэт? 2) Дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур?

13 Алыхьым жиІэм зэредаІуэр Іэиуб къыдэІэпыкъут пэжу къэнэну. Іэиуб къыгурыІуэт: Алыхьым жиІэм уемыдаІуэу абы нэгъэсауэ пэжу укъыхуэнэфынукъым. Дэ Иеговэ жиІэр дгъэзэщІэху абы пэжу дыкъыхуэнэну нэхъ теубыдагъэ диІэу мэхъу. Іэиуб хущІэкъут сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ жиІэм щІэтыну. Псалъэм папщІэ, абы мурад ищІат нэгъуэщІ цІыхубзхэм гулъытэ къемызэгъ хуимыщІыну. (Къеджэ Иов 31:1e.) Іэиуб щхьэгъусэ иІэти, абы къыгурыІуэт и щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми лъагъуныгъэ хуищІ зэрымыхъунур. Нобэ ШейтІаным и дунейм мыхъумыщІагъэм дригъэхъуэпсэну хэтщ — зинэ тщІэну дыхуэзыгъэушын куэд щыІэщ. Іэиуб хуэдэу дэри ди щхьэгъусэу щымыт цІыхум гулъытэ къемызэгъ хуэтщІ хъунукъым. Дэ порнографиемрэ мыхъумыщІагъэ зэрыт сурэтхэмрэ зыпыІуддзын хуейщ. Абыхэм нобэ дэнкІи ущрихьэлІэфынущ (Мт. 5:28). А Іуэхум теухуауэ махуэ къэс шыІэныгъэ зыхэдгъэлъмэ, Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыкъэнэну нэхъ тынш хъунущ.

Брат не поддается на уговоры купить большой и дорогой телевизор

Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ мылъкум еплъыкІэ тэмэм худиІэмэ. (14-нэ абзацым феплъ.)h

14 Іэиуб Иеговэ жиІэм зэредаІуэр мылъкум зэрыхущытми къыхэщт. Абы къыгурыІуэт мылъкум щыгугъыныр щыуагъэшхуэу зэрыщытыр икІи абы щхьэкІэ тезыр къызэрылъысынур (Иов 31:24, 25, 28). Ди зэманым цІыхухэм хьэпшыпымрэ ахъшэмрэ мыхьэнэшхуэ ират. Библием ит принципхэм дытету ахъшэмрэ мылъкумрэ еплъыкІэ тэмэм худиІэмэ, Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыкъэнэнущ (Прит. 30:8, 9, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мт. 6:19—21).

Брат молится и размышляет о рае

Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ гугъэ диІэр тщІэжмэ (15-нэ абзацым феплъ.)i

15. 1) Іэиуб сытыт шэч къызытримыхьэр икІи дауэ ар къызэрыдэІэпыкъуар Алыхьым хуэпэжу къэнэну? 2) Сыт дэри апхуэдэ фІэщхъуныгъэ диІэн щІыхуейр?

15 Алыхьым тыгъэ къритынум теухуауэ гугъэ иІэр Іэиуб къыдэІэпыкъуащ абы хуэпэжу къэнэну. Іэиуб шэч къытрихьэтэкъым пэжагъ зэрихъумэм Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэ зэриІэм (Иов 31:6). Гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуам емылъытауэ, иужькІэ Алыхьым тыгъэ къызэрыритыжынум абы шэч къытрихьэтэкъым. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр абы къыдэІэпыкъут Алыхьым хуэпэжу къэнэну. Іэиуб хуэпэжу зэрыщытым Иеговэ апхуэдизкІэ игъэгуфІэти, абы фІыгъуэ куэд хуищІэжащ, ар гуэныхь зыхэлъ цІыхуу зэрыщытым щхьэкІэ къэмынэу (Иов 42:12—17; Екъуб 5:11). КъэкІуэну зэманми Іэиуб тыгъэ нэхъыбэжу къылъысынущ. Фэри быдэу фи фІэщ хъурэ Иеговэ хуэпэжу фызэрыщытым щхьэкІэ абы фІыгъуэхэр къызэрыфхуищІэжынур? Ди Алыхьым зихъуэжкъым (Мал. 3:6). Алыхьым хуэпэжу дызэрыщытыр абы лъапІэу зэрилъытэр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, къэкІуэну гъащІэ дахэм теухуауэ гугъэ диІэр зэи тфІэкІуэдынукъым (1 Фес. 5:8, 9).

16. Сыт хуэдэ мурад быдэ тщІын хуей?

16 Мурад быдэ фщІы сыт щыгъуи Алыхьым хуэпэжу фыкъэнэну! Иныкъуэхэм деж фэ къыфщыхъункІэ хъунущ абы фэ нэмыщІ нэгъуэщІ зыри хущІэмыкъуу. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: фэ зэи фи закъуэнукъым. Фэ Иеговэ пэжу хуэлажьэ мелуан бжыгъэ хъу къуэш, шыпхъухэм фаригъусэнущ. Абы нэмыщІ япэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэми щыщ фыхъунущ, ахэр Алыхьым хуэпэжу къэнащ я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІами (Евр. 11:36—38; 12:1). Аращи, ди гум идгъэлъынщ Іэиуб жиІа псалъэхэр: «Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» Алыхьым хуэпэжу дызэрыщытымкІэ ар дывгъэгъэлъапІэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щытыным сыт къикІыр?

  • Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

  • Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт къару къыдэзытынур?

124-НЭ УЭРЭДЫР Преданы Богу всегда

a Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу щытыным сыт къикІыр? Сыт Иеговэ ар лъапІэу щІилъытэр? Сыт дэтхэнэ зыри Алыхьым нэгъэсауэ хуэпэжу дыщытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Мы упщІэхэм Библием ирит жэуапыр мы статьям къыщыдгъуэтынущ. Абы нэмыщІ дэ нэхъыфІу къэтщІэнущ Алыхьым хуэпэжу махуэ къэс дыщытын щхьэкІэ къару къыдэзытынур сытми. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ фІыгъуэ куэд къыдитыжынущ.

b Псэущхьэхэм щхьэкІэ къагъэсэбэп «дагъуэ зимыІэ» журтыбзэ псалъэр епхащ цІыхухэм щхьэкІэ къагъэсэбэп «ныкъусан зыхэмылъ», «хуэпэжу щыт» псалъэхэм.

c Псалом 103:12—14: «КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу, Иеговэ ди гуэныхьхэр тпэжыжьэ ищІащ. Адэм и къуэхэм гущІэгъу зэрахуищІым хуэдэу, Иеговэ фІэлІыкІхэм гущІэгъу яхуещІ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы фІыуэ ещІэ дызэрызэхэлъыр, ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар».

d Иов 1:8—11: «Абы щыгъуэ Иеговэ ШейтІаным жриІащ: „Си лэжьакІуэ Іэиуб гу лъыптауэ пІэрэ? Абы хуэдэ цІыху дунейм теткъым. Ар къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ цІыху пэжщ, Алыхьым щошынэ икІи Іейм зыщедзей“. ШейтІаным Иеговэ жэуап иритыжащ: „Іэиуб Алыхьым пщІэншэу хуэпэжу ара? Уэракъэ ар сыт и лъэныкъуэкІи къэзыхъумэр, и унэри иІэу хъуари? И Іэм къилэжьым берычэт хэплъхьащ, и хъушэхэр щІылъэм тез хъуащ. Ауэ, кхъыІэ, уи Іэр шии иІэ псом уи Іэр лъэгъэІэсыт, къомыбгыну пІэрэ уэ ар?“».

e Иов 31:1: «Сэ си нитІым зэгурыІуэныгъэ есщІылІащ. Хъыджэбз гуэрым хъуэпсэнэгуу дауэт сызэреплъынур?».

f СУРЭТЫР. Іэиуб и бынхэм Иеговэ къигъэщІахэм теухуауэ жреІэ.

g СУРЭТЫР. Ди къуэшыр ІуокІ къыдэлажьэхэр порнографием еплъын щыщІадзэм деж.

h СУРЭТЫР. Къуэшым телевизорышхуэ къищэхун идэкъым, апхуэдэ телевизорым къуэшыр хуэныкъуэкъым икІи къыхуэщэхунукъым.

i СУРЭТЫР. Къуэшым зэман хухех Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэу, жэнэтым егупсысын щхьэкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын