ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июль н. 32
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июль н. 32

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Зэщхьэгъусэу щымыт цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ жэщым зы унэм щхьэусыгъуэшхуэ ямыІэу я закъуэу къэнамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІын хуей гуэныхьу щыт ар?

НтІэ, зэхагъэкІын хуейщ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ жэщым я закъуэу къызэрынар щхьэусыгъуэ хуохъу абыхэм зинэ ящІауэ убжыну. Абы къыхэкІкІэ я закъуэу къэнэну щхьэусыгъуэшхуэ щымыІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм комитет ящІынущ (1 Кор. 6:18).

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ Іуэхугъуэ къэс Іуэхум пыщІа псори фІыуэ зэхагъэкІын хуейщ, комитет ящІынрэ ямыщІынрэ къагурыІуэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърахынущ: цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэпсалъэрэ? Ахэр зэрызэхущытым теухуауэ япэм чэнджэщ иратауэ щыта? Зэгъусэу жэщ сыт къыщІэнэн хуей хъуар? Жэщ къэнэну ахэр зэгурыІуат? Я закъуэу жэщ къэмынэну абыхэм нэгъуэщІ хэкІыпІэ яІа? Е абыхэм емылъыта Іуэхугъуэ къызэрыхъуам щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмал ямыІауэ ара? (Эккл. 9:11). Дэнэ ахэр щыжеяр? Пэжщ, ІуэхугъуитІ зэхуэдэу щыІэкъыми, зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэгъуэщІ упщІэхэри зэпкърахын хуеинкІэ хъунущ, унафэ ящІын ипэ.

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм а Іуэхум теухуауэ псори къащІа иужь зэхагъэкІынущ комитет ящІынрэ ямыщІынрэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын