ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июль н. 9—14
  • Фи нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭ ПЭЖЫМ И ТЫГЪЭР ФІОКІУЭД
  • МУСЭ АЛЫХЬЫМ ЗЭРЫПЭЩІЭУВАР
  • ГУГЪУЕХЬЫМ ЛЪАБЖЬЭ ХУЭХЪУАР
  • ФИ НЭХЭР ИЕГОВЭ ХУЭГЪЭЗАУЭ ЩЫТЫНУ АДРЕЙХЭР ЗЭРАН ЗЫХУЭВМЫГЪЭХЪУ
  • МафІэ зыщІэна чыцэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июль н. 9—14

Фи нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щыт?

«Уэ, уафэм щыпсэу, уи деж сыныдоплъей» (ПС. 123:1).

УЭРЭДХЭР: 143, 124

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытыным къикІыр сыт?

  • Алыхьым израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм Мусэ сыт щІримыгъэхьар?

  • Мусэ къыщыщІам сытым дыхуигъасэрэ?

1, 2. Ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытыным къикІыр сыт?

ДЭ НОБЭ «зэман гугъум» дыщопсэу. Иеговэ мы дуней Іейр игъэкІуэду щІылъэм мамырыгъэр щиухуэжын зэманым ипэ гъащІэр нэхъ гугъуж хъунущ (2 Тим. 3:1). Аращи, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуейщ: «Сэ дэІэпыкъуэгъу е чэнджэщ сыхуэныкъуэмэ, дэнэ ар къыщыслъыхъуэр? Си нэр Иеговэ хуэгъэзауэ пІэрэ?»

2 Ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытыным къикІыр сыт? Гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ зыхуэдгъазэрэ? ЛІэщІыгъуэ куэд ипэ Псаломыр зытхам къыдгуригъэІуащ апхуэдэу тщІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. (Къеджэ Псалом 123:1—4a.) Абы жиІащ унэІутыр и зиусхьэным зэреплъым хуэдэу дэри Иеговэ дызэреплъыр. Сыт абы къикІыр? УнэІутыр и зиусхьэным щІеплъыр ар зэригъашхэм икІи къызэрихъумэм и закъуэкъым. АтІэ и зиусхьэныр зыхуейр къыгурыІуэу ар занщІэу ищІэн щхьэкІи абы йоплъ. Абы ещхьу дэри Алыхьым и Псалъэр махуэ къэс куууэ зэрыдджыным иужь дитщ, Иеговэ къызэрытщыгугъыр къыдгурыІуэу дгъэзэщІэн папщІэ. Апхуэдэу тщІэмэ, шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум (Еф. 5:17).

3. Сыт зэран къытхуэхъунур Иеговэ ди нэхэр хуэгъэзауэ щытыну?

3 Иеговэ ди нэхэр хуэгъэзауэ щытын зэрыхуейр тщІэжми, иныкъуэм деж нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм дэ ар тщагъэгъупщэжынкІэ хъунущ. Аращ Хьисэ и ныбжьэгъу Марфэ къыщыщІауэ щытар. Лука 10:40—42 щыжыІащ: «Марфэ ахэр гъэхьэщІэным хуабжьу егугъуащ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, гъэхьэщІэным Марфэ дихьэхат. Хьисэ и гъусэ пэтми, Алыхьым хуэпэж цІыхубзым апхуэдэ къыщыщІащ. Дэри апхуэдэ къытщымыщІыфыну дегупсыс хъунукъым. Сыт зэран къытхуэхъунур Иеговэ ди нэхэр хуэгъэзауэ щытыну? Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІхэм я ІуэхущІафэхэр. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ апхуэдэ дауэ къытщыщІынкІэ хъунуми икІи Иеговэ ди нэхэр тедмыгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭ ПЭЖЫМ И ТЫГЪЭР ФІОКІУЭД

4. Алыхьым израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм Мусэ ихьэну хуит зэримыщІар сыт щІэдгъэщІэгъуэнкІэ хъунур?

4 Шэч хэлъкъым Мусэ Иеговэ зыхуейр къищІэн щхьэкІэ и нэр абы хуэгъэзауэ зэрыщытам. Абы «цІыхухэм ямылъагъу Тхьэр... [илъэгъуам] хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ». (Къеджэ Еврейхэм 11:24—27). Библием щыжыІащ: «Мусэ хуэдэ бегъымбар Израилым зэи хэтакъым. Ар Иеговэ фІыуэ ицІыхут» (Втор. 34:10). Иеговэ Мусэ и ныбжьэгъуу щытами, израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм ар ихьэну хуит ищІакъым (Чис. 20:12). Сыт щхьэкІэ?

5—7. Израил лъэпкъыр Мысырым къикІыжа иужь сыт хуэдэ Іуэхугъуэ къэхъуар икІи Мусэ сыт ищІар?

5 Израил лъэпкъыр Мысырым къызэрикІыжрэ мазитІи иримыкъуауэ, Синай бгым нэмыс щІыкІэ, зы Іуэхугъуэ гуэр къэхъуащ. ЦІыхухэр тхьэусыхэу щІадзащ псы зэрамыІэм щхьэкІэ. Ахэр апхуэдизкІэ къэгубжьауэ Мусэ хуэшхыдэти, абы Иеговэ зыхуигъазэри жиІащ: «Сыт сэ мы лъэпкъым есщІэнур? ТІэкІу дэкІмэ, мыбыхэм мывэкІэ саукІынущ!» (Исх. 17:4). Иеговэ Мусэ жэуап иритащ икІи ищІэн хуейр гурыІуэгъуэу жриІащ: абы и башыр къищтэу, Хорив щыІэ бгым еуэн хуейт, итІанэ абы псы къыщІэжынут. Библием щыжыІащ: «Израилым и нэхъыжьхэм ялъагъуу Мусэ апхуэдэу ищІащ». Израил цІыхухэр ярикъуху псы ефэри, абдежым Іуэхур зэхэкІащ (Исх. 17:5, 6).

6 Тхыгъэ лъапІэм щыжыІащ: «Абы а щІыпІэм Массэ икІи Меривэ фІищащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абдежым Израил цІыхухэр зэфІэнат икІи Иеговэ ягъэунэхуну хэтащ, мыпхуэдэу жаІэу: „Иеговэ къытхэт, хьэмэрэ къытхэмыт“» (Исх. 17:7). Абы фІища цІэхэр фІыуэ хуокІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм «гъэунэхуапІэ», «зэфІэнэ» къикІыу аращ.

7 Меривэ щІыпІэм деж къэхъуар Иеговэ дауэ къызэрыщыхъуар? Израил цІыхухэр Мусэ зэрыпэщІэувам имызакъуэу, езыми и тепщэныгъэми ахэр пэщІэувауэ къилъытащ. (Къеджэ Псалом 95:8, 9b.) Абыхэм ящІар щыуагъэшхуэт. Ауэ Мусэ абы щыгъуэ унафэ тэмэм къищтащ: ар Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІуащ икІи унафэ къритам темыкІыу игъэзэщІащ.

8. Илъэс 40-кІэ израил лъэпкъыр губгъуэ нэщІым ита иужь сыт къэхъуар?

8 Апхуэдэ Іуэхугъуэ аргуэру къэхъуащ илъэс 40-кІэ израил лъэпкъыр губгъуэ нэщІым ита иужь. Ахэр зы щІыпІэ гуэрым къыщыувыІат. А щІыпІэм иужькІэ Меривэ фІащыжащ. Ар Алыхьым израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм пэмыжыжьэу щыт Кадес щІыналъэм и гъунэгъутc. Израил цІыхухэм псы зэрамыІэм щхьэкІэ аргуэру тхьэусыхэн щІадзат (Чис. 20:1—5). Ауэ абы щыгъуэ Мусэ щыуагъэшхуэ ищІащ.

9. Иеговэ Мусэ сыт хуэдэ унафэ хуищІа икІи сыт абы ищІар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

9 ЦІыхухэм зыкъыщаІэтам Мусэ сыт ищІар? Япэм хуэдэу абы Иеговэ зыхуигъэзащ. Ауэ иджы Иеговэ Мусэ къырым еуэну жриІакъым. Абы унафэ хуищІащ и башыр къищтэу, цІыхухэр зэхуишэсу, псоми ялъагъуу къырым зыхуигъэзэну (Чис. 20:6—8). Ауэ Мусэ къырым зыхуигъэзакъым. Ар апхуэдизкІэ къэгубжьати, кІийуэ жиІащ: «Фэ, жыІэмыдаІуэхэ, фыкъэдаІуэ! Сыт, дэ мы къырым псы къыфхущІэдгъэжыну фыхуейуэ ара?» Ар жиІа иужь, къырым зэкъым, атІэ тІэунейрэ еуащ (Чис. 20:10, 11).

Иеговэ Мусэ щІэуэ унафэ хуищІар игъэзэщІакъым

10. Мусэ ищІар дауэ Иеговэ къызэрыщыхъуар?

10 Иеговэ Іейуэ Мусэ хуэгубжьат (Втор. 1:37; 3:26). Сыт щхьэкІэ? Абы и зы щхьэусыгъуэр Иеговэ щІэуэ абы унафэ хуищІар зэримыгъэзэщІарауэ къыщІэкІынщ.

11. Къырым псы къызэрыщІэжам Иеговэ и къарур хэмыту израил цІыхухэм ягугъауэ щытынкІэ щІэхъунур сыт?

11 Иеговэ Мусэ щІыхуэгубжьам нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ иІэнкІэ хъунущ. Япэ Меривэ щІыпІэм щыІэ къырыр гранит мывэ быдэт. Дапхуэдизрэ уемыуэми, абы псы къыщІэжынутэкъым. Ауэ етІуанэ Меривэ щІыпІэм щыІэ къырыр нэгъуэщІт. Ар сэху мывэ щабэу арат. Апхуэдэм псыр долъадэри, щІы щІагъым щызэхуехьэс, а псыр кърахын щхьэкІэ къырыр гъуанэ ящІ. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІэ къохъей: Мусэ къырым псалъэкІэ зыхуимыгъазэу зэреуам щхьэкІэ израил цІыхухэм ямыгугъауэ пІэрэ Иеговэ и къарур хэмыту, псыр езыр къыщІэжауэ?d Абы и жэуапыр тщІэкъым.

МУСЭ АЛЫХЬЫМ ЗЭРЫПЭЩІЭУВАР

12. Иеговэ Мусэрэ Хьэрунрэ щІахуэгубжьам иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэнкІэ хъуну?

12 Иеговэ Мусэрэ Хьэрунрэ щІахуэгубжьам иджыри и щхьэусыгъуэу щытынкІэ хъунур зэпкърытхынщ. Мусэ лъэпкъым жриІат: «Фэ, жыІэмыдаІуэхэ, фыкъэдаІуэ! Сыт, дэ мы къырым псы къыфхущІэдгъэжыну фыхуейуэ ара?» Мусэ «дэ» щыжиІам щыгъуэ, абы езымрэ Хьэрунрэу къыщІэкІынщ зи гугъу ищІар. Абы и псалъэхэм къагъэлъэгъуащ а телъыджэр зыщІа Иеговэ пщІэ зэрыхуимыщІар. Апхуэдэу уегупсыс хъунущ, Псалом 106:32, 33 итым тепщІыхьу щытмэ. Абы итщ: «Абыхэм Меривэ псыхэм деж къыщагъэгубжьащ ар, абыхэм я ягъэкІэ Мусэ Іей хуэзащ. Ар зэгуагъэпри, зэмыгупсыса псалъэхэр абы жиІащ» (Чис. 27:14)e. Дауэ мыхъуами, Мусэ Иеговэ щІыхь хуищІакъым. Иеговэ Мусэрэ Хьэрунрэ яжриІащ: «Фэ си унафэм фыпэщІэуващ» (Чис. 20:24). Ар, дауикІ, гуэныхьышхуэт!

13. Иеговэ Мусэ трилъхьа тезырыр пэжу икІи захуэу сыт жыпІэ щІэхъунур?

13 Иеговэ куэдкІэ Мусэрэ Хьэрунрэ щыгугът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр лъэпкъым я пашэт (Лк. 12:48). Япэм Иеговэ израилыр зэрылъэпкъыу Ханаан щІыналъэм иригъэхьатэкъым, ахэр абы зэрыпэщІэувам щхьэкІэ (Чис. 14:26—30, 34). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ израил лъэпкъым трилъхьа тезырым хуэдэ дыдэ Муси зэрытрилъхьар пэжу икІи захуэу жыпІэ хъунущ. Мусэ Иеговэ зэрыпэщІэувам щхьэкІэ къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм ихьэну хуидакъым.

ГУГЪУЕХЬЫМ ЛЪАБЖЬЭ ХУЭХЪУАР

14, 15. Мусэ Иеговэ пэщІэувэну сыт хуэзыгъэушар?

14 Мусэ Иеговэ пэщІэувэну сыт хуэзыгъэушар? Псалом 106:32, 33 итым иджыри зэ девгъэплъ: «Абыхэм Меривэ псыхэм деж къыщагъэгубжьащ ар, абыхэм я ягъэкІэ Мусэ Іей хуэзащ. Ар зэгуагъэпри, зэмыгупсыса псалъэхэр абы жиІащ». Израил лъэпкъыр зыпэщІэувар Иеговэт, ауэ зэгуэпар икІи къэгубжьар Мусэщ. Абы зышыІэныгъэр фІэкІуэдри, зэмыгупсыса псалъэхэр жиІащ.

15 Мусэ и нэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытыным нэгъуэщІхэм я щытыкІэр зэран хуигъэхъуащ. Израил цІыхухэм псы зэрамыІэм щхьэкІэ япэу тхьэусыхэу щыщІадзам Мусэ Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу ищІат (Исх. 7:6). Ауэ израил лъэпкъыр илъэс куэдкІэ жыІэмыдаІуэу зэрыщытам щхьэкІэ, ар ешауэ икІи и гур зэщыуауэ къыщІэкІынт. Мусэ Иеговэ щІыхь хуищІыным и пІэкІэ езым и гурыщІэхэм егупсысу щІидзагъэнкІэ хъунт.

Ди нэхэр Иеговэ зэи тедгъэкІ хъунукъым икІи и унафэр зэрыдгъэзэщІэным сыт щыгъуи дыхущІэкъун хуейщ

16. Мусэ къыщыщІам сыт дыщІегупсысын хуейр?

16 Алыхьым и бегъымбар пэж Мусэ и нэр Иеговэ тригъэкІыу гуэныхь къыщихьакІэ, дэри апхуэдэ къытщыщІынкІэ хъунущ. Мусэ Алыхьым къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм ихьэн хуейуэ зэрыщытам хуэдэу, дэри дунеищІэм дыщыпсэуну зыдогъэхьэзыр (2 Пет. 3:13). ДауикІ, зыри хуейкъым а гугъэ дахэр фІэкІуэдыну. Аращи, ди нэхэр Иеговэ зэи тедгъэкІ хъунукъым икІи и унафэр зэрыдгъэзэщІэным сыт щыгъуи дыхущІэкъун хуейщ (1 Ин. 2:17). Мусэ ищІа щыуагъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?

ФИ НЭХЭР ИЕГОВЭ ХУЭГЪЭЗАУЭ ЩЫТЫНУ АДРЕЙХЭР ЗЭРАН ЗЫХУЭВМЫГЪЭХЪУ

17. Сыт къыддэІэпыкъунур губжьыр зытедмыгъэкІуэну?

17 Губжьыр зытевгъакІуэу, зышыІэныгъэр зыфІэвмыгъэкІуэд. Зы гугъуехь гуэрым мызэ-мытІэу дыІущІэми, «фІы щІэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демышу. ФІы щІэным демышу дыхущІэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фІыгъуэ дгъуэтынущ» (Гал. 6:9; 2 Фес. 3:13). Іуэхугъуэ гуэрым е цІыху гуэрым сыт щыгъуи дыкъигъэгубжьмэ, зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну икІи ди псалъэхэм дыкІэлъыплъыну дыхущІэкъурэ? (Прит. 10:19; 17:27, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мт. 5:22). Зыгуэрым ди пІэ дыкъришыну иужь щитым деж, сыт дэ тщІэр? Библием щыжыІащ: «Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт». (Къеджэ Рим 12:17—21.) Ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытмэ, дэ абы хуэфащэ пщІэ хуэтщІынущ икІи «Тхьэм и губжьым гъуэгу» еттынущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ ди Іуэхум къыхэІэбэну игъуэу щилъытэ зэманым дыпэплъэнущ шыІэныгъэ тхэлъу. 3ыгуэрым бзаджагъэ къыдищІауэ дэ езым захуагъэр зытедгъэувэжыну дыхэтмэ, Иеговэ пщІэ хуэдмыщІу жыпІэ хъунущ.

18. УнафэщІэ къыщыдатым деж сыт зыщыдгъэгъупщэ мыхъунур?

18 УнафэщІэ къыдатхэм дытевгъэт. Иеговэ къыбгъэдэкІыу иужь дыдэу къытІэрыхьа унафэхэм дытетыну дыхущІэкъурэ? Апхуэдэу щытмэ, дэ дызэресам хуэдэу дымыщІу, Иеговэ и организацэм къыдита унафэщІэм дызэрытетынум иужь дитынущ (Евр. 13:17). Абы нэмыщІ дыхущІэкъунущ «Тхьэм и псалъэ тхахэм [д]атемыкІыну» (1 Кор. 4:6). Апхуэдэу тщІэмэ, ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ жыпІэ хъунущ.

НэгъуэщІхэм щыуагъэ щащІам щыгъуэ Мусэ зэрызищІам дэ сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? (19-нэ абзацым феплъ.)

19. Сыт тщІэ хъунур нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэмыхъун щхьэкІэ?

19 НэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэвмыгъэхъу. Ди нэхэр Иеговэ сыт щыгъуи хуэгъэзауэ щытмэ, нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэм щхьэкІэ Иеговэ пэІэщІэ зыхуэтщІынукъым, губжьри зытедгъэкІуэнукъым. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ дэри, Мусэ хуэдэу, Алыхьым и организацэм къалэн щыдгъэзащІэмэ. ДауикІ, дэтхэнэ зыми къарууэ диІэр етхьэлІэн икІи Иеговэ жиІэм дедэІуэн хуейщ, дыкъелын щхьэкІэ (Флп. 2:12). Ауэ къалэн нэхъыбэ диІэху Иеговэ нэхъыбэкІэ къытщогугъ (Лк. 12:48). Дэ Иеговэ гурэ псэкІэ фІыуэ тлъагъумэ, зыми дигъэлъэпэрэпэнукъым икІи абы «къытхуиІэ фІылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын» лъэкІынукъым (Рим 8:37—39; Пс. 119:165).

20. Сыт дэ дызыхущІэкъун хуейр?

20 Дэ зэман гугъум дыщопсэу. Абы къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ «уафэм щыпсэу» Иеговэ къытхуигъэувыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ ди нэр абы хуэгъэзауэ щытыным. Иеговэрэ фэрэ фи зэныбжьэгъугъэм нэгъуэщІхэм я ІуэхущІафэхэр зэран хуэвмыгъэхъу. Мусэ къыщыщІам фызэрегупсысыр абыкІэ фэ сэбэп къыфхуэхъунущ. НэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр щыфлъагъум деж, занщІэу абыхэм фахуэмыгубжь. АтІэ, Псалом 123:1, 2 итым дытетыну дыхущІэвгъэкъу: «Ди нэхэр хуэгъэзащ Иеговэ, ди Алыхьым, и нэфІ къытщыхуэну дыщыгугъыу».

a Псалом 123:1—4: «Уэ, уафэм щыпсэу, уи деж сыныдоплъей. Мис! УнэІутыр и зиусхьэным и Іэм зэреплъым хуэдэу, унэІут цІыхубзри и унэгуащэм и Іэм зэреплъым хуэдэу, дэри ди нэхэр хуэгъэзащ Иеговэ, ди Алыхьым, и нэфІ къытщыхуэну дыщыгугъыу. Уи нэфІ къытщыхуэ, уэ, Иеговэ, уи нэфІ къытщыхуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іумпэм дызэращІыр дрикъуащ. Зыри къызыфІэмыІуэхуу псэухэм ауан дызэращІым икІи пагагъэ зигу илъхэм Іумпэм дызэращІым ди гур игъэнщІащ».

b Псалом 95:8, 9: «Фигухэр пхъашэ фымыщІ, Меривэ щІыпІэм къыщыхъуам хуэдэу, губгъуэ нэщІым Массэ махуэм хуэдэу, фи адэжьхэм сыщагъэунэхуам щыгъуэ. Абыхэм сагъэунэхуат, си ІуэхущІафэхэр зэралъэгъуам емылъытауэ».

c Рефидим и гъунэгъуу щыт Меривэмрэ Кадес и гъунэгъуу щыт Меривэмрэ зыкъым. Ауэ а щІыналъитІми апхуэдэ цІэ щІыфІащар израил цІыхухэр Мусэ а щІыпІэхэм зэрыщыпэщІэуваращ. («Слово Бога в картах и схемах» жыхуиІэ брошюрэм и 7-нэ разделым феплъ.)

d ЩІэныгъэлІ Джон Бек абы теухуауэ жиІащ: «Журтхэм я хабзэм къызэрыхэщымкІэ, тхьэусыхэу зыкъэзыІэтахэм мыпхуэдэу жаІащ: „Къырым псы зэритыр ещІэ Мусэ! НэгъуэщІ къырым псы къыщІрегъэжи дрегъэлъагъу ар телъыджэу зэрыщытыр“». Ауэ ар зыр зым жриІэжу ди деж къэса хъыбарыжьу аращ.

e 1989 гъэм, щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ Чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ.

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Ди нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щытщ Тхыгъэ ЛъапІэр махуэ къэс куууэ дджымэ, Иеговэ къызэрытщыгугъыр къыдгурыІуэу, ар дгъэзэщІэн папщІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын