Хэт арэзы фщІыну фызыхущІэкъур?
«Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. ...Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (ЕВР. 6:10).
1. Сыт дэтхэнэ цІыхури зыхуейр?
ФІЫУЭ фыкъэзыцІыху, пщІэ къыфхуэзыщІ гуэрым фи цІэр щыгъупщэжатэмэ е фыкъимыцІыхужыхатэмэ, дауэт къызэрыфщыхъунур? Фэ, дауикІ, Іэнкун фыхъуну къыщІэкІынт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, зыми дащыгъупщэну дыхуейкъым. Абы нэмыщІ дэ дыхэтми сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр диІэми ящІэну дыхуейщ (Чис. 11:16; Иов 31:6).
2, 3. НэгъуэщІхэр арэзы къытхуэхъуну дызэрыхуейм сыт ди зэран къыщІикІыфынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
2 Дэтхэнэ зыми дыхуейщ цІыхухэр арэзы къытхуэхъуну. Ауэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ едгъэлейуэ щытмэ, абы ди зэран къикІыфынущ икІи щІыхь къытхуащІыну, дагъэлъэпІэну дыхуеину дыхуигъэушынкІэ хъунущ. ШейтІаным и дунейм апхуэдэ хъуэпсэныгъэхэм дыхуигъэушыну хэтщ икІи пщІэрэ щІыхьрэ зыхуэтщІын хуей уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ абыкІэ тщигъэгъупщэжыну хуейщ (Апок. 4:11).
3 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ языныкъуэ дин пашэхэр щІыхь зыхурагъэщІыну хущІэкъут. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджащ: «Торэт егъэджакІуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кІыхьхэр ящыгъыу къакІухьын я щІасэщ. ЦІыху зэхыхьэпІэхэм езыхэм цІыхухэм пщІэ лей защыхурагъэщІын яфІэфІщ. Синэгуэгухэм цІыхухэр щыщызэхуэскІи гухэхъуэ Іэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тІысыпІэхэр щаубыдыныр я щІасэщ». ИкІи пищащ: «Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм» (Лк. 20:46, 47). Ауэ Хьисэ фызабэ тхьэмыщкІэм щытхъуащ, жьгъеитІ къыхуэнэжар тыгъэу къыщихьам щыгъуэ. А фызабэр хущІэкъуакъым зыгуэрым пщІэ зыхуригъэщІыну (Лк. 21:1—4). Абы къыдгурегъаІуэ фарисейхэм елъытауэ пщІэ зыхуегъэщІыным теухуауэ Хьисэ нэгъуэщІ еплъыкІэ зэриІар. Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ нэгъуэщІхэр арэзы щІыным, пщІэ зыхуегъэщІыным теухуауэ Иеговэ еплъыкІэ иІэм хуэдэ диІэну.
ДЭ ИЕГОВЭ ДЕЦІЫХУ ИКІИ ЛЪАПІЭУ ДЕЛЪЫТЭ
4. Псом нэхъапэ хэт дэ арэзы тщІын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
4 ЦІыхухэр хущІокъу псоми пщІэ къыхуащІу щытын щхьэкІэ, щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну, увыпІэ лъагэ яІэу ахъшэфІ къалэжьыну е цІэрыІуэ хъуну. Ауэ псом нэхъапэ хэт арэзы тщІын хуейр? Апостол Паул и псалъэхэр дигу къэдвгъэгъэкІыж: «Иджы Тхьэр фщІэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищІауэ жысІэмэ, нэхъыфІкъэ, лъэкІыныгъэ зимыІэ а еплъыкІэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщІыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылІ фахуэхъужыну фыхуей?» (Гал. 4:9). Сыту щІыхьышхуэ дуней псор къэзыгъэщІа Алыхьым уицІыхуну! Иеговэ дэ децІыху, фІыуэ делъагъу икІи хуейщ абы гъунэгъу дыхуэхъуну. Иеговэ езым и ныбжьэгъу дыхъуну Іэмал диІэу дыкъигъэщІащ (Эккл. 12:13, 14).
5. Сыт дэ тщІэн хуейр, Алыхьым и ныбжьэгъуу дилъытэн щхьэкІэ?
5 Иеговэ Мусэ и ныбжьэгъуу илъытэт. Мусэ Иеговэ и гъуэгухэр къыхузэІуихыну щелъэІуам щыгъуэ, абы Алыхьым мыпхуэдэ жэуап къритыжащ: «Уэ укъызэрызэлъэІуари пхуэсщІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си нэфІ пщыхуащ икІи сэ уэ уи цІэмкІэ узоцІыху» (Исх. 33:12—17). Иеговэ дэри дицІыхуфынущ. Ауэ сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Дэ ди гурэ ди псэкІэ Алыхьыр фІыуэ тлъагъун хуейщ икІи ди гъащІэр абы и ІэмыщІэ итлъхьэн хуейщ. (Къеджэ 1 Коринф 8:3, ДЩІa.)
6, 7. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр сыт тфІэзыгъэкІуэдынкІэ хъунур?
6 Уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ уасэ зимыІэ ныбжьэгъугъэр лъапІэу тлъытэн хуейщ. Галатие щыпсэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, дэри «лъэкІыныгъэ зимыІэ... еплъыкІэ мыхьэнэншэхэм» я пщылІ дымыхъуну дыхуэсакъын хуейщ. Абыхэм щыщщ цІэрыІуэ хъунымрэ ехъулІэныгъэмрэ хущІэкъуныр (Гал. 4:9). Галатие щыпсэуа къуэш, шыпхъухэм Алыхьыр къацІыхури я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъ хъуат, ауэ иужькІэ абыхэм мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэр къащтэжащ. Паул абыхэм мыпхуэдэу еупщІауэ жыпІэ хъунущ: «Япэм къэвгъэнауэ щыта, Іущагъ зыхэмылъ икІи мыхьэнэ зимыІэ Іуэхугъуэхэм и ужь фыщІихьэжыр сыт?»
7 Дэри апхуэдэ къытщыщІыфыну пІэрэ? КъытщыщІыфынущ. Иеговэ къэтцІыхуа иужь, ШейтІаным и дунейм цІэрыІуэ дыщыхъуну икІи ехъулІэныгъэ дыщиІэну Іэмал диІар, Паул хуэдэу, дэри къэдгъэнащ. (Къеджэ Филиппи 3:7, 8.) Хэти щІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну, увыпІэ лъагэ иІэну е ахъшэфІ къилэжьыну Іэмал иІар къигъэнащ. Хэти музыкэмкІэ е спортымкІэ ехъулІэныгъэ иІэу къулей икІи цІэрыІуэ хъуфынут, ауэ нэгъуэщІ гъуэгу къыхихащ (Евр. 11:24—27). А Іуэхугъуэхэр къызэрыдгъэнам дыхущІегъуэжу нэгъуэщІ гъуэгу къыхэтхатэмэ, ди гъащІэр нэхъыфІ хъуну дегупсысыным Іущагъ хэлъу пІэрэ? Апхуэдэ гупсысэхэр зытедгъакІуэмэ, «лъэкІыныгъэ зимыІэ... еплъыкІэ мыхьэнэншэхэм» я пщылІ дыхъужынкІэ хъунущ.
АЛЫХЬЫР АРЭЗЫ ФЩІЫНУ ФЫХУЩІЭКЪУ
8. Иеговэ арэзы тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
8 Сыт къыддэІэпыкъунур мы дунейм щІыхь зыхуедгъэщІыну дыхущІэмыкъуу, Алыхьыр арэзы тщІыну? Мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсыситІ дигу идгъэлъын хуейщ. Япэрауэ, Иеговэ пэжу хуэлажьэхэр зэи щыгъупщэкъым икІи ахэр лъапІэу елъытэ. (Къеджэ Еврейхэм 6:10; 11:6.) Иеговэ и дэтхэнэ лэжьакІуэри лъапІэу елъытэ икІи абы хуэпэжу къэнэн щхьэкІэ къару езыхьэлІэхэм гу лъимытэным захуагъэ хэмылъу ебж. Аращи, дэ къару етхьэлІэм абы гу лъимытэу зэи къигъэнэнукъым. Иеговэ «езым и цІыхухэр ещІэ» (2 Тим. 2:19). Абы «пэжыгъэ зигу илъым и гъуэгур ецІыху» икІи гъэунэхуапІэхэм къызэрыхишыжынур ещІэ (Пс. 1:6; 2 Пет. 2:9).
9. Иеговэ и лъэпкъым зэрыхуэарэзыр къызэригъэлъэгъуам и щапхъэхэр къэфхь.
9 Иеговэ и лъэпкъым зэрыхуэарэзыр телъыджэу щигъэлъэгъуа мызэ-мытІэу къэхъуащ (2 Лет. 20:20, 29). Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэр Хы плъыжьым и Іуфэм деж нэсауэ фирхьэуным и дзэшхуэр къащыкІэлъыщІыхьэм Иеговэ ахэр къригъэлауэ щытащ (Исх. 14:21—30; Пс. 106:9—11). Иеговэ ахэр къызэрыригъэла щІыкІэр апхуэдизкІэ гъэщІэгъуэнти, а лъэныкъуэм щыпсэу цІыхухэр илъэс 40 дэкІа иужьи а Іуэхугъуэм тепсэлъыхьыжт (Иис. Н. 2:9—11). Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ и къарумрэ къызэригъэлъэгъуам дызэрегупсыр къыддэІэпыкъунущ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыщыттеуэкІэ (Иез. 38:8—12). А зэманым дэ хуабжьу дыщыгуфІыкІыжынущ мы дунейм щІыхь зыхуедгъэщІыну дыхущІэмыкъуу, Алыхьыр арэзы тщІыну дызэрыхущІэкъуам!
Иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрамыгугъа щІыкІэкІэ фІыгъуэ яхуещІэ
10. Иеговэ къызэрытхуэарэзыр сыт хуэдэ щІыкІэкІэ дигъэлъэгъуфыну?
10 ЕтІуанэрауэ, Иеговэ къызэрытхуэарэзыр дызэримыгугъа щІыкІэкІэ дигъэлъэгъуфынущ. Библием къызэрыхэщымкІэ, нэгъуэщІхэр къыщытхъун щхьэкІэ фІы зыщІэ цІыхум Иеговэ къыбгъэдэкІ фІыгъуэ лъэпкъ къыІэрыхьэнукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, нэгъуэщІхэр къызэрыщытхъуамкІэ абы и тыгъэр къыІэрыхьащ. (Къеджэ Маттэ 6:1—5.) Хьисэ жиІат фІы зыщІэ цІыхум нэгъуэщІхэм абы ищІэм гу лъамытэми, ар Адэм зэрилъагъур. Абы апхуэдэ цІыхухэм ящІэ Іуэхухэм гу лъетэри, фІыгъуэ яхуещІэ. Ауэ иныкъуэм деж ар дызэримыгугъа щІыкІэкІэ ещІэ. АдэкІэ щапхъэхэр зэпкърытхынщ.
ИЕГОВЭ ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭЛЪ ХЪЫДЖЭБЗЫМ ЩІЫХЬ ХУЕЩІ
11. Дауэ Иеговэ Мэрием щІыхь зэрыхуищІар?
11 Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ хъыджэбз Мэрием къыхихат, щІылъэм къыщалъхун хуей и Къуэм анэ хуэхъун щхьэкІэ. Мэрием Назарет зицІэ къалэ цІыкІум щыпсэуащ. А къалэр Ерусалимрэ абы дэт Алыхьым и Унэшхуэмрэ пэжыжьэу щытт. (Къеджэ Лука 1:26—33.) Иеговэ абы апхуэдэ щІыхь сыт щІыхуищІар? МелыІыч ДжэбрэІил зэрыжиІамкІэ абы «Тхьэм и нэфІ» къыщыхуат. Мэрием Иеговэ и ныбжьэгъуу зэрыщытар Елизавет щепсэлъам щыгъуэ жиІа псалъэхэм къыхощ (Лк. 1:46—55). Иеговэ Мэрием кІэлъыплъащ икІи зэримыгугъа щІыкІэу и нэфІ щыхуащ.
12, 13. Иеговэ Хьисэ сыт хуэдэ щІыхь хуищІар, ар къыщалъхуам щыгъуэ икІи махуэ 40 дэкІыу ар Алыхьым и Унэшхуэм къыщахьам щыгъуэ?
12 Мэрием Хьисэ къыщилъхуам, Иеговэ ар яжриІакъым увыпІэ лъагэ зиІэхэмрэ Ерусалим, Бэтлэхьэм къалэхэм тепщэныгъэ щызиІэхэмрэ. АтІэ, абы и мелыІычхэр Бэтлэхьэм и гъунэгъу губгъуэм мэлыхъуэхэм деж игъэкІуащ (Лк. 2:8—14). Абы иужь мэлыхъуэхэр сабий къалъхуам еплъыну кІуащ (Лк. 2:15—17). Хьисэ пщІэ къыхуащІар Мэриемрэ Исуфрэ хуабжьу ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ. Иджы девгъэгупсыс Иеговэ Іэмал къигъэсэбэпамрэ ШейтІаным къигъэсэбэпамрэ зэрызэщхьэщыкІым. ШейтІаным астрологхэр Хьисэрэ абы и адэ-анэмрэ я деж щигъэкІуам щыгъуэ, Хьисэ къызэралъхуа хъыбарым Ерусалим дэсу хъуар игъэгузэват (Мт. 2:3). Абы къыхэкІкІэ пащтыхьым и цІыхухэр игъакІуэри зыри зимылажьэ сабий куэд иригъэукІащ (Мт. 2:16).
13 Мэрием Хьисэ къилъхуу махуэ 40 дэкІа иужь, Иеговэ къурмэн къыхуихьын хуейт. Апхуэдэу Мэрием Исуфрэ Хьисэрэ я гъусэу Бэтлэхьэм километрибгъукІэ пэжыжьэ Ерусалим дэт Алыхьым и Унэшхуэм кІуащ (Лк. 2:22—24). Гъуэгу тетыхукІэ ар егупсысауэ къыщІэкІынщ дин пашэм Хьисэ щІыхь гъэщІэгъуэн гуэру хуищІыну. Ауэ Мэрием зэримыгугъам хуэдэу Хьисэ ягъэлъэпІащ. Иеговэ «щыпкъагъэри Тхьэм и фІэлІыкІыри зигу илъ» Симеонрэ илъэс 84 хъу бегъымбар цІыхубз Аннэрэ къыхихащ, псоми зэхахыу а сабийр псори зыпэплъэ Мэссихь зэрыхъуныр жаІэн щхьэкІэ (Лк. 2:25—38).
14. Иеговэ Мэрием сыт хуэдэ фІыгъуэхэр хуищІа?
14 Сыт Мэрием щхьэкІэ жыпІэ хъунур? Иеговэ абы адэкІи щІыхь хуищІауэ пІэрэ и Къуэр зэрипІам икІи ар къызэригъэтэджам щхьэкІэ? ДауикІ, хуищІащ. Алыхьым Библием ирыригъэтхащ Мэрием жиІахэмрэ ищІахэмрэ теухуауэ. Мэрием Іэмал иІауэ къыщІэкІынкъым Хьисэ хъыбарыфІыр илъэсищрэ ныкъуэкІэ игъэІуху игъусэну. Абы щыгъуэ и щхьэгъусэр лІати, ар Назарет щыпсэун хуейуэ къыщІэкІынт. Абы къыхэкІкІэ Мэрием и нэкІэ илъэгъуакъым Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІуам щыгъуэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн къэхъуахэр. Ауэ Хьисэ щылІэм щыгъуэ Мэрием абдежым щытащ (Ин. 19:26). ИужькІэ Мэрием Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гъусэу Ерусалим щыІащ, Алыхьым и къару лъапІэр къащрита Пэнтэкост (Пятидесятницэ) махуэшхуэм ипэ (Апост. 1:13, 14). Абыи Алыхьым и къару лъапІэр къритауэ къыщІэкІынущ, аращи Хьисэ и гъусэу уафэм игъащІэкІэ щыпсэуну гугъэ иІэ хъуащ. Сыту тыгъэ дахэ къылъыса абы Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьам щхьэкІэ!
ИЕГОВЭ И ДЕЖКІЭ И КЪУЭР ЗЭРЫЛЪАПІЭР КЪЕГЪЭЛЪАГЪУЭ
15. Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ, Иеговэ абы зэрыхуэарэзыр дауэ къызэригъэлъэгъуар?
15 Хьисэ дин пашэхэм е къэрал унафэщІхэм пщІэ зыхуригъэщІыну хэттэкъым. Ауэ езы Иеговэ уафэм къепсэлъыхыу и КъуэмкІэ зэрыарэзыр щэ жиІащ. ДауикІ, Хьисэ абы хуабжьу игъэгушхуащ! Хьисэ Иордан псым зэрызыщІигъауэу занщІэу Иеговэ жиІащ: «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр» (Мт. 3:17). Хьисэ нэмыщІ а псалъэхэр цІыхухэр псым щІэзыгъауэ Иуан фІэкІа зыми зэхихакъым. ИужькІэ Хьисэ лІэным зы илъэс хуэдиз иІэжу абы и апостолищым зэхахащ Иеговэ Хьисэ щхьэкІэ мыпхуэдэу зэрыжиІар: «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр. Абы жиІэм федаІуэ» (Мт. 17:5). Абы нэмыщІ Хьисэ лІэным махуэ зыбжанэ иІэжу Иеговэ иджыри зэ уафэм къепсэлъыхри зыкъыхуигъэзащ (Ин. 12:28).
Дауэ Иеговэ и Къуэр лъапІэу зэрилъытэр къызэригъэлъэгъуар икІи абы дэ сытым дыхуигъасэрэ? (15—17-нэ абзацхэм феплъ.)
16, 17. Дауэ Иеговэ къызэригъэлъэгъуар и Къуэм ищІа псор лъапІэу зэрилъытэр?
16 Хьисэ Тхьэр игъэпцІу жаІэу пцІы къытралъхьэу зэраукІынур ищІэт. Ауэ, абы емылъытауэ, ар Алыхьым елъэІут езыр зыхуейр мыхъуу, Алыхьым и мурадыр гъэзэщІа хъуну (Мт. 26:39, 42). Хьисэ пкъом зэрыраІулІам емыкІу пылъым емыплъу, теубыдагъэ хэлъу гугъуехь хьэлъэхэр ишэчащ. Абы и дежкІэ псом нэхъапэр и Адэр арэзы ищІынырат, дунейм щІыхь зыхуригъэщІыну хущІэкъутэкъым ар (Евр. 12:2). Ауэ дауэ Иеговэ и КъуэмкІэ зэрыарэзыр къызэригъэлъэгъуар?
17 Зэгуэрым Хьисэ и Адэм елъэІуат уафэм щыпсэуам щыгъуэ иІа щІыхьышхуэм хуэдэ къритыну (Ин. 17:5). Библием зыщІыпІи щыжыІакъым Хьисэ нэхъыбэ къыІэрыхьэну щыгугъауэ. Иеговэ и мурадыр зэригъэзэщІам щхьэкІэ тыгъэшхуэ гуэрым пэплъэтэкъым ар. Ауэ сыт Иеговэ ищІар? Абы Хьисэ зэримыгугъа щІыкІэкІэ щІыхь хуищІащ. ЛІахэм къахигъэтэджыкІыжа иужь, абы уафэм увыпІэ лъагэ щритащ икІи абы ипэ зыми иримыта тыгъэ хуигъэфэщащ — зэи мылІэжу игъащІэкІэ уафэм щыпсэуну!b (Флп. 2:9; Рим 6:9). Иеговэ и Къуэр лъапІэу зэрилъытэр сыту гъэщІэгъуэну игъэлъэгъуа!
18. Сыт къыддэІэпыкъунур дунейм щІыхь зыхуедгъэщІыну дыхущІэмыкъуу, Иеговэ арэзы щІыныр псом япэ идгъэщыну?
18 Сыт дэ къыддэІэпыкъунур дунейм щІыхь зыхуедгъэщІыну дыхущІэмыкъуу, Иеговэ арэзы щІыныр псом япэ идгъэщыну? Зэи зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ пэжу хуэлажьэхэм сыт щыгъуи зэрыхуэарэзыр икІи дызэримыгугъа щІыкІэкІэ фІыгъуэхэр къызэрыдитыфынур. КъэкІуэну зэманым дэ Иеговэ фІыгъуэ куэд тхуигъэхьэзыращ. Ауэ, а зэманыр къэсыхукІэ, гугъуехьхэмрэ гъэунэхуапІэхэмрэ дыщыпэщІэхуэм деж, зыщыдвмыгъэгъупщэ мы дунейми абы къыдитыфынуми кІэ къызэрыхуэкІуэнур (1 Ин. 2:17). Лъагъуныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ ди Адэ Иеговэ теухуауэ Библием мыпхуэдэу итщ: «Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. ...Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10). Иеговэ къызэрытхуэарэзыр Іэмал имыІэу дигъэлъэгъунущ икІи дэ дызэримыгугъа щІыкІэкІэ ар ищІынкІэ хъунущ!
a 1 Коринф 8:3, ДЩІ: «Ауэ Алыхьыр фІыуэ зылъагъур абы ецІыху».
b Апхуэдэ тыгъэ Хьисэ къыІэрыхьэну щыгугъауэ жыпІэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм зэи мылІэжу игъащІэкІэ псэуным теухуауэ зыри щыжыІакъым.