ЩІалэгъуалэ, ШейтІаным фыпэщІэт!
«Тхьэм и Іэщэ-фащэ псомкІи зыфхуапэ, шейтІаным и гъэпцІагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкІэ» (ЕФ. 6:11, ХъыбарыфІыр, 1993).
1, 2. 1) ЩІалэгъуалэр Иблисымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ зэрытекІуэфынур дэнэ дэ щытщІэр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
АПОСТОЛ Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зауэлІхэм иригъэщхьащ. Ауэ дэ дызэзауэр цІыхухэракъым, атІэ пэж дыдэу щыІэ Иблисымрэ абы и жин бзаджэхэмрэщ. Абыхэм къаруушхуэ ябгъэдэлъщ икІи ахэр зауэлІ Іэзэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ илъэс куэд щІауэ цІыхухэм йозауэ. Абы къыхэкІкІэ дэ, псом хуэмыдэу щІалэгъуалэм, текІуэныгъэр къытхуэмыхьыну къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ бий лъэщхэм щІалэгъуалэр текІуэфыну пІэрэ? ДауикІ, текІуэфынущ! Иеговэ абыхэм къару ярет икІи абыхэм «Тхьэм и Іэщэ-фащэ» псори зыщатІагъэ. (Къеджэ Ефес 6:10—12.)
2 Мы щапхъэр Паул къыщихьым зи гугъу ищІар рим зауэлІым и Іэщэ-фащэрауэ къыщІэкІынущ (Апост. 28:16). Паул къихьа щапхъэм теухуауэ мы статьям нэхъыбэ къыщытщІэнущ. Алыхьым къыдит Іэщэ-фащэр сыт щыгъуи ящыгъыну щІалэгъуалэм къащІехьэлъэкІыр икІи а Іэщэ-фащэр абыхэм сыткІэ къадэІэпыкъуми зэпкърытхынущ.
Іэщэ-фащэ псори фщыгъ?
«ЩЫПКЪАГЪЭР ФИ БГЫРЫПХЫМ ХУЭДЭУ ЗИВГЪЭІЭ»
3, 4. Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр рим зауэлІым и бгырыпхым сыткІэ ещхь?
3 Къеджэ Ефес 6:14. Рим зауэлІым и бгырыпхым тебза гъущІым абы и бгыр къихъумэт икІи и афэ джанэ хьэлъэр зэщІиІыгъэт. Бгырыпхым джатэрэ къамэрэ быдэу фІэщІат икІи ар фІыуэ щІэкъузамэ, зауэлІыр зауэм хуэхьэзыру жыпІэ хъунут.
Алыхьым и Псалъэм ит пэжым дин нэпцІым зыхуригъаджэр зэран къытхуэмыхъуну дыщехъумэ
4 Абы хуэдэу Алыхьым и Псалъэм ит пэжым дин нэпцІым зыхуригъаджэр зэран къытхуэмыхъуну дыщехъумэ (Ин. 8:31, 32; 1 Ин. 4:1). Алыхьым къыбгъэдэкІ пэжым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъуху, афэ джанэр нэхъ тыншу къетхьэкІынущ е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и хабзэхэм дытету дыпсэунущ (Пс. 111:7, 8; 1 Ин. 5:3). Абы нэмыщІ Библием ит пэжыр нэгъэсауэ къыдгурыІуэмэ, ди фІэщхъуныгъэм дытекІынукъым икІи абы теухуауэ ди бийхэми лІыгъэ тхэлъу яжетІэфынущ (1 Пет. 3:15).
5. Пэжыр сыт щыгъуи щІыжытІэн хуейр сыт?
5 Библием ит пэжыр лъапІэу тлъытэмэ, сыт щыгъуи абы дытету дыпсэунущ икІи зэи пцІы дыупсынукъым. Сыт дэ пцІы щІэдмыупсыр? ПцІыр ШейтІаным къигъэсэбэп Іэмэпсымэхэм ящыщ зыщ. Ар пцІы зыупсми къагъапцІэми зэран хуохъу (Ин. 8:44). Абы къыхэкІкІэ, дызэрыгуэныхьщІакІуэм емылъытауэ, дэ пцІы зэрыдмыупсыным дыхущІэкъун хуейщ (Еф. 4:25). Ауэ ар щымытынш къохъу. Илъэс 18 хъу ди шыпхъу А́бигейл жеІэж: «Пэжыр зэрыжомыІэр зэзэмызэ нэхъыфІу къыпщохъу, псом хуэмыдэу пцІым и фІыгъэкІэ гугъуехь гуэрхэм щыхъума ухъунумэ». Абы емылъытауэ Абигейл сыт щыгъуи пэжыр жеІэ. Сыт щхьэкІэ? Абы пещэ: «ПцІы зэрызмыупсым и фІыгъэкІэ Иеговэ и пащхьэм напэ къабзэ щызиІэщ икІи си адэ-анэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ дзыхь къысхуащІ». Илъэс 23 хъу Виктория къыддогуашэ: «Сыт щыгъуи пэжыр жыпІэмэ икІи уи фІэщхъуныгъэм зэи утемыкІмэ, цІыхухэр къыпщыдыхьэшхынкІэ хъунущ. Ауэ зыми емылъытауэ пэжым утемыкІмэ, къару богъуэт, Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуохъу икІи фІыуэ укъэзылъагъухэм пщІэ нэхъыбэ къыпхуащІ». Аращи, Алыхьым къыдит бгырыпхыр зэи зыщІэдвмыгъэх.
Бгырыпхыр (3—5-нэ абзацхэм феплъ.)
«ЩЫПКЪАГЪЭРИ АФЭ ДЖАНЭМ ХУЭДЭУ ЗЫЩЫФТІАГЪЭ»
6, 7. Иеговэ и хабзэхэр рим зауэлІым и афэ джанэм сыткІэ ещхь?
6 Япэ лІэщІыгъуэм рим зауэлІым и афэ джанэр ІэкІуэлъакІуэу гъущІым къыхэщІыкІа ІыхьэкІэ (кусэ) зэхэлът. А Іыхьэхэр къэгъэшауэ щытт, зауэлІым и пкъыр зэрыщыту къызэщІиубыдэн хуэдэу. Ахэр щІыІузэфІэдзэкІэ, быжкІэ икІи фэ кІапсэкІэ зэрыгъэубыдат. ЗауэлІым и дамэхэри гъущІым щІихъумэт. Апхуэдэ афэ джанэр щыгъыу зауэлІым къикІухьыну гугъут икІи гъущІым къыхэщІыкІа Іыхьэхэр зэрызэрыгъэубыдам ар сыт щыгъуи кІэлъыплъын хуейт. Афэ джанэм зауэлІым и гумрэ нэгъуэщІ и пкъыгъуэхэмрэ бийм и джатэм щихъумэт.
Ди акъылыфІагъэм дыщыгугъыжмэ, ди гур тхуэхъумэжынукъым
7 Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетым ди гур зэрихъумэр (Прит. 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЗауэлІым гъущІым къыхэщІыкІа и афэ джанэр нэхъ мыхьэнэншэ гуэрым къыхэщІыкІа афэ джанэкІэ зэи ихъуэжынутэкъым. Дэри апхуэдэу Алыхьым и хабзэхэм дытекІыу къэдгупсысыжа хабзэхэм зэи дытеувэнукъым. Ди акъылыфІагъэм дызэрыщыгугъыжым дыкъихъумэфынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дыгуэныхьщІакІуэщ (Прит. 3:5, 6, Гъэс.). Абы къыхэкІкІэ дэ зэпымыууэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ, Иеговэ къыдит афэ джанэм адэкІи ди гур къихъумэн щхьэкІэ.
8. Иеговэ и хабзэхэм утетыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
8 Иеговэ и хабзэхэм утетыну егъэлеяуэ хьэлъэу икІи уи хуитыныгъэм ахэр зэран хуэхъу хуэдэу зэзэмызэ къыпщыхъункІэ хъунущ. Илъэс 21 хъу ди къуэш Дэ́ниел къыддогуашэ: «Сэ Библием ит хабзэхэм сызэрытетым щхьэкІэ си егъэджакІуэхэри къыздеджэхэри къысщыдыхьэшхт. Зэман гуэркІэ абы си лъэр щІихащ». Дауэ ди къуэшыр абы зэрыпэлъэщар? «ИкІэм-икІэжым сэ къызгурыІуащ Иеговэ и хабзэхэм утетыныр куэдкІэ зэрынэхъыфІыр. Языныкъуэ си „ныбжьэгъухэм“ наркотик зрахьэлІэу щІадзащ, нэгъуэщІхэм школыр къагъэнащ. Абыхэм я гъащІэр зэрыкІуэдыр плъэгъуну гуузт. Иеговэ пэж дыдэу дэ дыкъехъумэ»,— жеІэ Дэниел. Илъэс 15 хъу ди шыпхъу Ма́дисон жеІэж: «Сэ си дежкІэ тыншкъым Иеговэ и хабзэхэм сытетыну икІи адрейхэм яфІэгъэщІэгъуэну ящІэ Іуэху Іейхэр ядэзмыщІэну». Сыт абы къыдэІэпыкъур? Мадисон пещэ: «Сэ сигу къызогъэкІыж Иеговэ и цІэ лъапІэр зэрызесхьэр икІи гъэунэхуапІэр ШейтІаным къызиутІыпщ шабзэу зэрыщытыр. ГъэунэхуапІэм сызэрыпэлъэщым нэхъри къару къысхелъхьэ».
Афэ джанэр (6—8-нэ абзацхэм феплъ.)
«ХЪЫБАРЫФІЫР ЦІЫХУХЭМ ЯХУЭФІУЭТЭНЫМ ХУЭХЬЭЗЫРЫНЫР ВАКЪЭХЭМ ХУЭДЭУ ЗЫЛЪЫФТІАГЪЭ»
9—11. 1) Сыт хуэдэ вакъэ дэ зылъыттІэгъэн хуейр? 2) Сыт хъыбарыфІыр дгъэІуну лІыгъэ къытхэзылъхьэнур?
9 Къеджэ Ефес 6:15. Рим зауэлІым вакъэ щымыгъмэ, ар зауэм хуэхьэзыртэкъым. Абы и вакъэм и лъэгур фэ Іувищу зэтедати, ар вакъэ быдэт икІи тыншт.
Вакъэр (9—11-нэ абзацхэм феплъ.)
10 ЗауэлІым и вакъэр, дауикІ, сэбэп къыхуэхъут. Абы хуэдэу Алыхьым къыдит вакъэм мамырыгъэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну дэри хуэхьэзыр дещІ (Ис. 52:7; Рим 10:15). АрщхьэкІэ дэ хъыбарыфІыр цІыхухэм яжетІэн щхьэкІэ лІыгъэ дыхуэныкъуэщ. Илъэс 20 хъу ди къуэш Бо жеІэж: «Япэм щыгъуэ къыздеджэхэм хъыбарыфІыр яжесІэну сышынэт. Сэ сыукІытэу арауэ къыщІэкІынт, ауэ иужькІэ къызгурыІуэжащ абы щыгъуэ сыщІэукІытэн зэрыщымыІар. Иджыпсту Алыхьым теухуауэ сфІэфІу сэ абыхэм сопсалъэ».
11 ЩІалэгъуалэм щыщ куэдым зэрыжаІэмкІэ, нэгъуэщІхэм хъыбарыфІыр жраІэн ипэ фІыуэ зэрызагъэхьэзырым лІыгъэ къахелъхьэ. Дауэ уэ абы зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? Илъэс 16 хъу Джу́лия къыддогуашэ: «Ди тхыгъэхэм щыщу зыгуэр си сумкэм сыт щыгъуи дэлъщ. Абы нэмыщІ къыздеджэхэм я еплъыкІэхэм теухуауэ зыгуэр щыжаІэм деж фІыуэ содаІуэ, иужькІэ сазэрыдэІэпыкъуфыныр сщІэн щхьэкІэ. ФІыуэ зызгъэхьэзыра иужь абыхэм я гум лъэІэсын гуэр яжызоІэф». Илъэс 23 хъу ди шыпхъу Маке́нзи жеІэ: «Уи ныбжьхэм гуапэу уахущытмэ икІи абыхэм къыбжаІэжым уедаІуэмэ, ахэр зыІущІэ гугъуехьхэр къыбгурыІуэнущ. ЩІалэгъуалэм хуэгъэзауэ ди организацэм къыдигъэкІ псоми сызэреджэным сыхущІокъу. Абы и фІыгъэкІэ абыхэм я Іуэхум хуэкІуэу Библием щыщ едзыгъуэ езгъэлъэгъуфынущ е сэбэп яхуэхъуфыну гуэр ди сайтым къисхыу естыфынущ». Ди шыпхъухэм жаІам къегъэлъагъуэ: хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыфІу зыхуэдгъэхьэзырмэ, Иеговэ къыдит вакъэр нэхъ тыншу тщыгъыу жыпІэ хъунущ.
«ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР МЭІУХУ ХУЭДЭУ КЪАФЩТЭ»
12, 13. ШейтІаным сыт хуэдэ «шабзэ плъахэр» къыдиутІыпщрэ?
12 Къеджэ Ефес 6:16. Рим зауэлІым и мэІуху плІимэр (щит) дамэм щыщІэдзауэ лъэгуажьэм нэст икІи бийм и джатэмрэ и шабзэхэмрэ щихъумэт.
13 ШейтІаным и «шабзэ плъахэм» хохьэ Иеговэ теухуауэ абы пцІы жиІэр. Псалъэм папщІэ, Иеговэ уэ укъыфІэмыІуэхуу икІи фІыуэ укъыщІилъагъун щымыІэ хуэдэу Иблисым уи фІэщ ищІыну хэтщ. Илъэс 19 хъу И́да и щхьэм мыгъуагъэ щыхуихьыж къохъу. Ар къыддогуашэ: «Сэ щІэх-щІэхыурэ къысщохъу Иеговэ спэжыжьэу икІи ар си ныбжьэгъу хъуну хуэмейуэ». Апхуэдэ «шабзэ плъахэр» зытримыгъэхуэну сыт абы къыдэІэпыкъур? Ида пещэ: «Ди зэІущІэхэм си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ. Япэм щыгъуэ сэ зэІущІэхэм жэуап щысттэкъым. Сэ си еплъыкІэр зыми фІэмыгъэщІэгъуэну къысщыхъут. Ауэ иджы сэ фІыуэ зызогъэхьэзыр икІи зэІущІэ къэс жэуап зытІущ зэрыстыным иужь ситщ. Ар си дежкІэ тыншкъым, ауэ жэуап зэрыстым гукъыдэж къызет. Си дэлъху, си шыпхъухэми хуабжьу сагъэгушхуэ! ЗэІущІэ нэужьым сэ сыт щыгъуи зыхызощІэ Иеговэ фІыуэ сызэрилъагъур».
МэІухур (12—14-нэ абзацхэм феплъ.)
14. Ида и щапхъэм сыт къигъэлъагъуэр?
14 Рим зауэлІым и мэІухум и инагъым зихъуэжтэкъым. Ауэ, Ида и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, мэІухум хуэдэ ди фІэщхъуныгъэр е нэхъ ин, е нэхъ цІыкІу хъуфынущ икІи ар зэлъытар дэращ (Мт. 14:31; 2 Фес. 1:3). Абы къыхэкІкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
«ТХЬЭМ ФЫКЪЫЗЭРЫРИГЪЭЛЫР ТАЖЫМ ХУЭДЭУ КЪАФЩТЭ»
15, 16. Иеговэ гугъапІэ къыдитыр тажым сыткІэ ещхь?
15 Къеджэ Ефес 6:17. Рим зауэлІым щыгъ тажым (шлемым) абы и щхьэр, и пщэр, и нэкІур ихъумэт. ЗауэлІым и тажыр ІэкІэ ихьыфын папщІэ, языныкъуэ тажхэм къу яІэт.
16 Тажым зауэлІым и щхьэр зэрихъумэу щытам хуэдэу, «Тхьэм дымыкІуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм» ди акъылымрэ ди гупсысэкІэмрэ къехъумэ (1 Фес. 5:8; Прит. 3:21, Гъэс.). Иеговэ къыдит гугъапІэр къыддоІэпыкъу абы дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр зыщыдмыгъэгъупщэну икІи ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну (Пс. 27:1, 14; Апост. 24:15). Ауэ Иеговэ къыдит «тажым» дыкъихъумэн щхьэкІэ, ар ІэкІэ дымыІыгъыу зыщыттІэгъэн хуейщ.
17, 18. 1) ШейтІаным ди тажыр дауэ щыдигъэхыну хэт? 2) ШейтІаным зыкъызэредмыгъэгъапцІэр сытым къыхэщрэ?
17 ШейтІаным ди тажыр дауэ щыдигъэхыну хэт? Хьисэ и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. ШейтІаным, дауикІ, ищІэт Хьисэ щІылъэ псом и тепщэ зэрыхъунур. Ауэ а тепщэныгъэр къылъысыным Хьисэ пэплъэн хуейт. А зэманыр къэсын ипэ абы гугъуехь куэд ишэчын икІи и гъащІэр итын хуейт. Аращ ШейтІаным Хьисэ нэгъуэщІ гъуэгу щІригъэлъэгъуар: ШейтІаныр зэ игъэлъэпІатэмэ, Хьисэ псори занщІэу къыІэрыхьэнут (Лк. 4:5—7). Иблисым ещІэ дэ зыри дыхуэмыныкъуэу дунеищІэм дызэрыщыпсэунур. Ауэ а зэманыр къэсыным дыпэплъэн хуейщ икІи гугъуехь гуэрхэри тшэчын хуеинкІэ хъунущ. Аращ нобэ зыдгъэтхъэжу дыпсэумэ нэхъыфІу ШейтІаным ди фІэщ ищІыну щІыхэтыр. Ар хуейщ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пыщІа Іуэхухэр къэдгъанэу мылъку зэгъэпэщыным зеттыну, дызыщІэхъуэпс псори нобэ къытІэрыхьэн щхьэкІэ (Мт. 6:31—33).
Тажыр (15—18-нэ абзацхэм феплъ.)
18 Ди щІалэгъуалэм щыщ куэдым Иблисым зыкърагъэгъапцІэкъым. Псалъэм папщІэ, илъэс 20 хъу ди шыпхъу Киа́на жеІэ: «Ди гугъуехьу хъуам кІэ езытыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ. Сэ ар быдэу си фІэщ мэхъу». Апхуэдэ гугъапІэ зэриІэр Киана дауэ къыдэІэпыкъурэ? Абы пещэ: «Мы дунейм къыуитыфыну псори куэд мыщІэу зэрыкІуэдыжынур зыщызмыгъэгъупщэну жэнэтым сызэрыпэплъэр къыздоІэпыкъу. Си зэфІэкІхэр къэзгъэсэбэпу ахъшэ куэд къэзлэжьыну е увыпІэ лъагэ сыубыдыну сыхущІэкъукъым. Абы и пІэкІэ си зэманри си къарури Иеговэ сыхуэлэжьэным тызогъэкІуадэ».
«ТХЬЭМ... КЪЫВИТ ДЖАТЭР» АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭРАЩ
19, 20. Алыхьым и Псалъэр нэхъ ІэкІуэлъакІуэу къэдгъэсэбэпу дауэ зедгъэса хъуну?
19 Апостол Паул и письмор Ефес дэсхэм щахуитха зэманым щыгъуэ рим зауэлІхэм къагъэсэбэп джатэм сантиметр 50 и кІыхьагът. Абыхэм джатэр яхуэгъэІэкІуэлъакІуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ махуэ къэс абы зрагъасэт.
20 Иеговэ къыдита и Псалъэр Паул джатэм хуигъэдащ. Ар ІэкІуэлъакІуэу къэдгъэсэбэпыфу зедгъэсэн хуейщ ди фІэщхъуныгъэм теухуауэ цІыхухэм дащепсалъэм деж е ди еплъыкІэ нэпцІхэр щытхъуэжын хуейм деж (2 Кор. 10:4, 5; 2 Тим. 2:15). Дауэ абы зэрызедгъасэ хъунур? Илъэс 21 хъу ди къуэш Себа́стиан жеІэ: «Библием сыщеджэм деж псалъащхьэ къэс зы едзыгъуэ къыхызотхыкІ. Апхуэдэурэ фІыуэ слъагъу едзыгъуэхэр зэхузохьэс. Абы и фІыгъэкІэ си гупсысэкІэр Иеговэ и гупсысэкІэм нэхъ техуэу мэхъу». Дэ́ниел абы дыщІегъуж: «Библием сыщеджэм деж хъыбарыфІыр зыжесІэхэм сэбэп яхуэхъуну едзыгъуэхэр къыхызогъэщ. Удихьэхауэ Библием узэрытепсэлъыхьыр икІи цІыхум удэІэпыкъуну узэрыхуейр щилъагъум деж, ар нэхъ и гуапэу къодаІуэ».
Джатэр (19, 20-нэ абзацхэм феплъ.)
21. ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ дащышынэн щІыхуэмейр сыт?
21 Мы статьям зи гугъу тщІа щІалэгъуалэм я псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, дэ ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ дащышынэн хуейкъым. Абыхэм къару ябгъэдэлъщ, ауэ дэ ди бийхэм датекІуэфынущ икІи куэд мыщІэу Иеговэ Иблисымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ кІэ къахуигъэкІуэнущ. Дапхуэдэу? ЯпэщІыкІэ ахэр Хьисэ тутнакъым иридзэнущ, итІанэ илъэс мин дэкІа иужь игъэкІуэдыпэнущ (Апок. 20:1—3, 7—10). Дэ ди бийр фІыуэ доцІыху, абы къигъэсэбэп Іэмалхэми и мурадхэми фІыуэ дыщыгъуазэщ. Иеговэ и фІыгъэкІэ Іэмал имыІэу дэ абы дытекІуэфынущ!