Иеговэ фІыуэ елъагъу теубыдагъэ яхэлъу хъыбарыфІыр зыгъэІухэр
«НэгъуэщІ цІыху гупыр щІыгулъ фІыцІэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ... Теубыдэныгъэ яІэщ икІи фІыгъуэ къапокІ абыхэм» (ЛУКА 8:15).
1, 2. 1) Ди къуэш, ди шыпхъу куэдым здыщыпсэу щІыпІэм я нэхъыбэ цІыхухэр къазэремыдаІуэм емылъытауэ, илъэс куэдкІэ хъыбарыфІыр зэрагъэІум сыт дыщІигъэгушхуэр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) УщапІа щІыпІэм хъыбарыфІыр щыбгъэІуным теухуауэ сыт Хьисэ жиІар? (Сноскэм феплъ.)
АМЕРИКЭМ щыпсэу зэщхьэгъусэ Се́рджорэ Оли́ндэрэ пионеру мэлажьэ. Абыхэм я ныбжьыр илъэс 80-м щІигъуащ икІи я лъакъуэр узу зэрыщІидзам щхьэкІэ къакІухьыну къехьэлъэкІ хъуащ. Ауэ, абы емылъытауэ, ахэр пщэдджыжь къэс сыхьэтиблым здыщыпсэу къалэм цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэм макІуэ. Серджорэ Олиндэрэ апхуэдэу илъэс куэд щІауэ ящІэ. Автобусхэр къыздыщыувыІэ щІыпІэм деж мэувхэри блэкІхэм ди тхыгъэхэр ират. Куэдым абы мыхьэнэ ираткъым икІи къафІэІуэхукъым, ауэ Серджорэ Олиндэрэ ящІэр къамыгъанэу, блэкІхэм яхуогуфІэ. Шэджагъуэ нэужьым ахэр хуэмурэ я унэ йокІуэлІэж. КъыкІэлъыкІуэ махуэми ахэр пщэдджыжьым апхуэдэ дыдэу сыхьэтиблым здэув хабзэм макІуэ. Абыхэм илъэс псокІэ, тхьэмахуэм махуихкІэ апхуэдэу хъыбарыфІыр ягъэІу.
2 Серджорэ Олиндэрэ хуэдэу, дуней псом ди къуэш, ди шыпхъу куэдым здыщыпсэу щІыпІэхэм илъэс куэдкІэ хъыбарыфІыр щагъэІу, я нэхъыбэ цІыхухэр къазэремыдаІуэм емылъытауэ. Фэри апхуэдэ гугъуехьым фыпэщІэхуэу щытмэ, ди гум къыбгъэдэкІыу дыфщытхъуну дыхуейщ, теубыдагъэ зэрыфхэлъым щхьэкІэa. Фи Іэр евмыхьэхыу Иеговэ фыхуэлэжьэну фызэрыхущІэкъум куэдыр егъэгушхуэ, уеблэмэ илъэс куэд щІауэ а лэжьыгъэм хэтхэри. Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьхэм мыпхуэдэу жаІэ: «Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу хъыбарыфІыр щызгъэІум деж, абыхэм я щапхъэм си гур хегъахъуэ». «Ахэр Иеговэ хуэпэжу зэрыхуэлажьэм сэ сыхуегъэуш теубыдагъэрэ лІыгъэрэ схэлъу адэкІи Иеговэ сыхуэлэжьэну». «Абыхэм я щапхъэм си гур егъэгуфІэ».
3. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну икІи сыт щхьэкІэ?
3 Хьисэ къыдита лэжьыгъэр адэкІи жыджэру дгъэзэщІэн щхьэкІэ, упщІищ зэпкърытхынщ: сыт гукъыдэж диІэр иныкъуэхэм деж щІытфІэкІуэдыр? ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ ехъулІэныгъэ уиІэным къикІыр сыт? ХъыбарыфІ гъэІуным теубыдагъэ тхэлъу дауэ дызэрыхэтынур?
СЫТ ГУКЪЫДЭЖ ДИІЭР ИНЫКЪУЭХЭМ ДЕЖ ЩІЫТФІЭКІУЭДЫР?
4. 1) Журтхэм я нэхъыбэр Паул жиІэм едэІуэну зэрахуэмеям къыхэкІыу абы сытыт и гум щыщІэр? 2) Сытыт апхуэдэ гурыщІэхэр абы щІиІар?
4 ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ цІыхухэр къыщывэмыдаІуэм деж, ар фи гум къеуэу къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, апостол Паул иІа гурыщІэхэр къывгурыІуэнущ. Абы хъыбарыфІыр илъэс 30-кІэ игъэІуащ, цІыху куэдми ядэІэпыкъуащ Хьисэ и лъэужь иувэну (Апост. 14:21; 2 Кор. 3:2, 3). Ауэ журтхэм ящыщу Хьисэ и лъэужь куэд иувакъым. Уеблэмэ, абыхэм я нэхъыбэм Паул жиІэм едэІуэн ядакъым икІи языныкъуэхэр хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуэхъуну хуейуэ, ар гугъу ирагъэхьу щытащ (Апост. 14:19; 17:1, 4, 5, 13). Абы къыхэкІыу Паул сытыт и гум щыщІэр? Абы жиІащ: «ГухэщІышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиІэщ» (Рим 9:1—3). Сытыт апхуэдэ гурыщІэхэр абы щІиІар? Абы хъыбарыфІ гъэІуным къарууэ иІэр ирихьэлІэт, цІыхухэри фІыуэ илъагъут. Журтхэм щхьэкІэ ар хуабжьу гузавэт икІи абыхэм Алыхьым и гущІэгъур ІэщІыб зэращІым и гур хигъэщІт.
5. 1) Сыт дэ хъыбарыфІыр дгъэІуну дыхуэзыгъэушыр? 2) Тэмэму пІэрэ гукъыдэж диІэр иныкъуэм деж зэрытфІэкІуэдыр?
5 Паул хуэдэу дэ хъыбарыфІыр щІэдгъэІур цІыхухэм щхьэкІэ догузавэри аращ (Мт. 22:39; 1 Кор. 11:1). Дэ езым зыхэтщІауэ дощІэ Иеговэ хуэлэжьэну мурад зыщІхэм фІыгъуэ куэд зэраІэфынур. Дэ дыхуейщ цІыхухэм къедгъэщІэну гъащІэ нэхъыфІ зэрыщыІэнур. Аращ дэ зэпымыууэ ахэр щІыхуэдгъэушыр Иеговэ теухуа пэжымрэ цІыхухэм теухуауэ абы иІэ мурадымрэ къащІэну. Ар ебгъэщхь хъунущ цІыхухэм тыгъэ дахэ яхуэтхьауэ, мыпхуэдэу яжетІэу: «СыныволъэІу, кхъыІэ мыр къафщтэ». ГъэщІэгъуэнкъым ар зэрытІамыхым ди гур зэрыхигъэщІыр. Апхуэдэ гурыщІэхэм къикІкъым фІэщхъуныгъэ тхуримыкъуу, атІэ абы къегъэлъагъуэ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъур. Аращи, дэ гукъыдэж диІэр иныкъуэхэм деж щытфІэкІуэд къэхъуми, теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІыр догъэІу. Илъэс 25 хъуауэ пионеру лажьэ, ЕленэкІэ зэджэ ди зы шыпхъум иІэ гурыщІэхэм хуэдэ куэдым яІэу къыщІэкІынщ, абы мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ хъыбарыфІыр згъэІуну къызэгугъуэкІми, нэгъуэщІ Іуэху гуэр злэжьынуи сыхуейкъым».
ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫБГЪЭІУКІЭ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ УИІЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?
6. Сыт дэ зэпкърытхынур?
6 Сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр дыщыпсэу щІыпІэм емылъытауэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэтхэнэ зыми ехъулІэныгъэ дызэриІэнум? Мы упщІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ икІи абы и жэуапыр къэдгъуэтын щхьэкІэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбаритІ зэпкърытхынщ. А хъыбаритІми къыхощ «фІыгъуэ къытпыкІын» зэрыхуейр (Мт. 13:23). Япэу зэпкърытхынур жызумыпкъым теухуа ущиеращ.
7. 1) Хэт «жызумгъэкІыр», «жызумыпкъ пэжыр», «къудамэхэр»? 2) Сыт хуэдэ упщІэм и жэуапыр къэдгъуэтыну дыхуейт?
7 Къеджэ Иуан 15:1—5, 8. Хьисэ и апостолхэм мыпхуэдэу яжриІат: «ЦІыхухэм си Адэм щІыхьышхуэ зэрыхуевгъэщІынур фэ куэду фІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикІуэр». Хьисэ жиІащ «жызумгъэкІыр» Иеговэу, езыр «жызумыпкъ пэжыр» арауэ, «къудамэхэр» и гъэсэнхэрауэb. Ауэ сыт къикІыр «фэ куэду фІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ» жыхуиІэ псалъэхэм? Абы къикІыр Хьисэ наІуэу жиІакъым, ауэ мы упщІэм и жэуапыр къэдгъуэтын щхьэкІэ къыддэІэпыкъун зы Іуэхугъуэ гуэрым мы ущием и гугъу щищІащ.
8. 1) Хьисэ и ущием «фІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ» жыхуиІэм зи гугъу ищІыр зыгуэр Иеговэ и лэжьакІуэ тщІынырауэ сыт жыпІэ щІэмыхъунур? 2) ДгъэзэщІэну Иеговэ къытхуигъэувхэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур?
8 Хьисэ и Адэм щхьэкІэ жиІащ: «Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкІэр пеупщІ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ и лэжьакІуэу дыщилъытэр дэ «фІыгъуэ къытпыкІмэщ» (Мт. 13:23; 21:43). Аращи, мы ущием «фІыгъуэ къытпыкІын» хуейуэ жыхуиІэм зи гугъу ищІыр зыгуэр Иеговэ и лэжьакІуэ тщІыныракъым (Мт. 28:19). Апхуэдэу щытамэ, Хьисэ и лъэужь иувэну зыми дэмыІэпыкъуфа Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр зыри къызыпымыкІэ, пыупщІын хуей къудамэхэм ебгъэщхь хъунут. Ауэ ар пэжкъым! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ цІыхур залымыгъэкІэ Хьисэ и лъэужь идгъэувэфынукъым. Дэ Иеговэ фІыуэ делъагъури тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым (Втор. 30:11—14).
9. 1) Сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дыхэтмэ дэ «фІыгъуэ къыщытпыкІыр»? 2) Сыт хуэдэ ущие хъыбар дэ зэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?
9 «ФІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ» жыхуиІэ псалъэм сыт-тІэ къикІыр? ГурыІуэгъуэщ абы зи гугъу ищІ къалэныр дэтхэнэ зыми тхуэгъэзэщІэну щытын зэрыхуейр. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ къалэн яритар? Ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр гъэІуныращ (Мт. 24:14)c. Жылэ зысэм теухуа Хьисэ и ущие хъыбарым ар ІупщІу къыбгурегъаІуэ. Зэпкърытхынщ а ущиер.
10. 1) Хьисэ и ущие хъыбарым жылэмрэ щІыгулъымрэ сыт къагъэлъагъуэр? 2) Гуэдз къуэпсым сыт къыпыкІэр?
10 Къеджэ Лука 8:5—8, 11—15. Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым «жылэм» къигъэлъагъуэр «Тхьэм и псалъэрщ», е Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыращ. ЩІыгулъыр цІыхум и гуращ. «ЩІыгулъ фІыцІэм» хэлъэлъа жылэм лъабжьэ ещІ, къыхожри, псалъэм папщІэ гуэдз къуэпс мэхъу. Абы иужь «зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ» мэхъу. Ауэ сыт абы къыпыкІэр? НэгъуэщІ гуэдз къуэпс къыкъуэжу ара? Хьэуэ. Абы жылэщІэхэр ищІу аращ, зэман дэкІа иужь ахэр къэкІыу къуэпс хъункІэ хъунущ. Мы ущие хъыбарым зы жылэм жылищэ къытехъукІащ. ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сыт абы дэ къыдгуригъаІуэр?
ХъыбарыфІ гъэІуным теубыдагъэ тхэлъу дауэ дызэрыхэтынур? (11-нэ абзацым феплъ.)
11. 1) Жылэ зысэм теухуа ущиер хъыбарыфІ гъэІуным сыткІэ пыщІа? 2) Дауэ дэ жылэщІэ зэрытщІыр?
11 Ди адэ-анэм е Иеговэ и Щыхьэтхэм ящыщ гуэрым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ япэ дыдэу къызэрыджаІар ебгъэщхь хъунущ жылэр щІыгулъ фІыцІэм зэрыхэхуэм. ХъыбарыфІыр ди гум щынэсам ахэр хуабжьу гуфІауэ щытащ. Ди гум а жылэр къыхэжри, жылэщІэ ищІыну хьэзыр хъуху къэкІыу щІидзащ. ЗэрыжытІащи, гуэдз къуэпсым нэгъуэщІ гуэдз къуэпс къыкъуэжкъым, атІэ жылэщІэ ищІу аращ, абы хуэдэу дэри «фІыгъуэ къытпыкІым» къикІыр зыгуэр Иеговэ и лэжьакІуэ тщІыуэ аракъым, атІэ Пащтыхьыгъуэм и жылэщІэ тщІыуэ аращd. Дапхуэдэу ар зэрытщІыр? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарымкІэ цІыхухэм дащыдэгуашэм деж, дэ япэм ди гум щыхаса жылэр дгъэбагъуэу жыпІэ хъунущ (Лк. 6:45; 8:1). Аращи, мы ущием къызэригъэлъагъуэмкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр теубыдагъэ тхэлъу щыдгъэІукІэ «фІыгъуэ къытпокІ».
12. 1) Жызумыпкъымрэ жылэ зысэмрэ теухуа Хьисэ и ущие хъыбархэм сыт къыдгурагъаІуэр? 2) Абы фэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
12 Жызумыпкъымрэ жылэ зысэмрэ теухуа Хьисэ и ущие хъыбархэм сыт къыдгурагъаІуэр? «ФІыгъуэ къытпыкІыныр» зэлъытар хъыбар дгъэІум цІыхухэр зэрыхущытыракъым, атІэ адэкІэ хъыбар гъэІуным дызэрыхэтыращ. Паул а гупсысэр къыхигъэщу мыпхуэдэу жиІащ: «Хэти и Іуэхум пэкІуэ и Іыхьэр игъуэтынущ» (1 Кор. 3:8). Иеговэ лэжьыгъэ тщІам щхьэкІэ фІыгъуэ къыдитыр зэлъытар лэжьыгъэ тщІам кърикІуаракъым, атІэ абы къару етхьэлІаращ. Илъэс 20 хъуауэ пионеру лажьэ Матильдэ жеІэ: «Лэжьыгъэ дгъэзащІэм къару етхьэлІэм щхьэкІэ Иеговэ фІыгъуэ къызэрыдитыр пщІэну сыту гуфІэгъуэшхуэ!»
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ТЕУБЫДАГЪЭ ТХЭЛЪУ ДАУЭ ДЫЗЭРЫХЭТЫНУР?
13, 14. Паул хъыбарыфІ гъэІуныр зэи щІыщимыгъэтам и щхьэусыгъуэхэр Рим 10:1, 2 итым дауэ къыдгуригъаІуэрэ?
13 ХъыбарыфІ гъэІуным теубыдагъэ тхэлъу дыхэтыну сыт къыддэІэпыкъунур? ЗэрыжытІащи, Паул и гум къеуэт журтхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къызэрамыщтэр. Ауэ Паул хъыбарыфІыр игъэІун зэи щигъэтакъым. Журтхэм яхуиІа гурыщІэхэм теухуауэ Паул Рим къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхам дыкъевгъаджэ: «Си къуэшхэ, си гур зыщІэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэІу зэпытри си лъэпкъ израил мыкІуэду къригъэлыну арщ. Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкІэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщІыкІ яІэу хуэлажьэркъым» (Рим 10:1, 2). НтІэ, Паул хъыбарыфІ гъэІуныр щІыщимыгъэтам сытыт и щхьэусыгъуэхэр?
14 Япэрауэ, абы итхащ журтхэм хъыбарыфІыр адэкІи яхуиІуэтэну хуэзыгъэушыр и «гур зыщІэхъуэпсыр» арауэ. Паул и гум къыбгъэдэкІыу хуейт ахэр къелыну (Рим 11:13, 14). ЕтІуанэрауэ, абыхэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуигъазэр къыхигъэщащ: «Тхьэм сызэрелъэІу зэпытри си лъэпкъ израил мыкІуэду къригъэлыну арщ». Паул Иеговэ елъэІут и лъэпкъым щыщ цІыхухэм ядэІэпыкъуну Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къащтэну. Ещанэрауэ, абы гу лъитат журтхэр «ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэм». Паул цІыхухэм фІы яхэлъым гу лъитэт икІи ар щыгугът ахэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну. Паул ищІэт, езым хуэдэу, Алыхьым хуэлэжьэным зи гур хуэпабгъэ журтхэр, Хьисэ и лъэужь иувэу, жыджэру Алыхьым хуэлажьэу зэрыхъуфынур.
15. Паул щапхъэ дапхуэдэу зэрытетхыфынур? Щапхъэ къэфхь.
15 Паул щапхъэ дапхуэдэу зэрытетхыфынур? Япэрауэ, дэ ди гурэ ди псэкІэ дыхущІэкъун хуейщ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр къэдгъуэтыну. ЕтІуанэрауэ, дэ Иеговэ делъэІун хуейщ зи гур зэІуха цІыхухэм я гум дылъэІэсыну къыддэІэпыкъуну (Апост. 13:48; 16:14). Илъэс 30 хъуауэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Сильва́нэ жеІэ: «ХъыбарыфІыр унэ-унэкІэ згъэІуну сыщыкІуэм деж, сэ Иеговэ солъэІу еплъыкІэ тэмэм сиІэну». Иджыри дэ Иеговэ долъэІу мелыІычхэм зи гур зэІуха цІыхухэм дыхуашэну (Мт. 10:11—13; Апок. 14:6). Илъэс 30 хъуауэ пионеру лажьэ ди къуэш Роберт жеІэ: «Сыту фІы, мелыІычхэм я гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ящІэ дэ дызэпсалъэхэм я гъащІэм къыщыхъур!» Ещанэрауэ, цІыхухэм фІы яхэлъым гу лъыттэн хуейщ икІи ахэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну гугъэ диІэн хуейщ. Илъэс 50 ипэ псым зыщІэзыгъэуа зэхуэсым и нэхъыжь Карл мыпхуэдэу жеІэ: «ЦІыхум хъыбарыфІыр зэрыфІэгъэщІэгъуэныр къэзыгъэлъагъуэ сыт хуэдэ нэщэнэми гу зэрылъыстэным иужь ситщ. Псалъэм папщІэ, ар хэплъэгъуэфынущ къызэрыпхуэгуфІэм, гуапэу къызэроплъым е упщІэ къызэрыуитым». Пэжщ, Паул хуэдэу дэри хъыбарыфІ гъэІуным теубыдагъэ тхэлъу дыхэтыфынущ.
«УИ ІЭР УМЫГЪЭУВЫІЭ»
16, 17. 1) Экклезиаст 11:6 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? 2) ХъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтыр цІыхум и гум зэрылъэІэсыфынур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къыжыфІэж.
16 ХъыбарыфІ дгъэІум цІыхухэр къемыдаІуэу, ахэр абы хуэмейуэ къытщыхъуми, дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а лэжьыгъэр щыдгъэзащІэкІэ цІыхум и гум дызэрылъэІэсыфынур. (Къеджэ Экклезиаст 11:6e.) Куэдыр къыдэмыдаІуэми, абыхэм гу лъатэ къабзэу, тэмэму дызэрыхуэпам, ди хьэл-щэнхэм икІи гуапэу дазэрыхуэгуфІэм. ИужькІэ а псом ахэр хуигъэушынкІэ хъунущ дэ ттеухуауэ еплъыкІэ яІэм зрагъэхъуэжыну. Статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа Серджорэ Олиндэрэ ар зэрыпэжыр зыхащІащ.
17 Серджо игу къегъэкІыж: «Сымаджэ дыхъуати, автобусхэр къыздыщыувыІэ, дыздэув хабзэ щІыпІэм зэман гуэркІэ дыкІуэфакъым. Ауэ щыдгъэзэжам блэкІхэр къыдэупщІт: „Сыт къэхъуар? Дигу фыкъэкІат“». Олиндэ гуфІэу пещэ: «Автобусым дэсхэм Іэ къытхуащІт, языныкъуэхэр къикІиикІыурэ жаІэт: „Ди гуапэщ фытлъэгъуну!“ Абыхэм ди тхыгъэхэм щыщ еттыну къыдэлъэІуи яхэтт». Зы цІыхухъу гуэр ди литературэхэр зыдэлъ стендым бгъэдыхьэри, Серджорэ Олиндэрэ удз гъэгъа Іэрамэ яритри, я лэжьыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ яхуищІащ.
18. ХъыбарыфІыр теубыдагъэ фхэлъу сыт вгъэІуну фыщІыхуейр?
18 «Уи Іэр умыгъэувыІэу» Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр бгъэІумэ, дуней псом хъыбарыфІ гъэІуныр кІуэтэнымкІэ дэІэпыкъуэгъу уохъу (Мт. 24:14). Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр дэ Иеговэ къызэрытхуэарэзыращ. Дэ абы ди гур хуабжьу егъэгуфІэ. ХъыбарыфІ гъэІуныр теубыдагъэ хэлъу зыгъэзащІэ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэри фІыуэ елъагъу.
a Хьиси жиІауэ щытащ «щапІа къалэм» хъыбарыфІыр щигъэІуну тыншу зэрыщымытар. Ар абы и гъащІэм тепсэлъыхьыж тхылъиплІми къыщыхощ (Мт. 13:57; Мк. 6:4; Лк. 4:24; Ин. 4:44).
b Мы ущие хъыбарым «къудамэхэр» жиІэу зи гугъу ищІыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэращ. Ауэ апхуэдэу зэрыщытым емылъытауэ, Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми дерс хихыфынущ.
c «ФІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ» жыхуиІэ псалъэм хеубыдэ Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ зыхэтлъхьэ хьэл-щэныфІхэмрэ Иеговэ теухуауэ дгъэІу хъыбарыфІымрэ. Мы статьями къыкІэлъыкІуэ статьями дэ дызытепсэлъыхьынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІуныращ (Гал. 5:22, 23; Евр. 13:15).
d НэгъуэщІхэм деж Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр егъэджэн зэрыхуейм и гугъу щищІам къигъэсэбэпар сэгъуэмрэ гъавэ Іухыжыгъуэмрэ теухуа ущие хъыбархэращ (Мт. 9:37; Ин. 4:35—38).
e Экклезиаст 11:6: «Пщэдджыжьым щыщІэдзауэ жылэ хэсэ, пщыхьэщхьэ хъухуи уи Іэр умыгъэувыІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, пщІэкъым ар къыздыхэкІынур — мыбдежми нэгъуэщІыпІэми, е тІури къыхэкІынуми».