АдэкІи «куэду фІыгъуэ къытпыкІын» щІыхуейр сыт?
«ЦІыхухэм си Адэм щІыхьышхуэ зэрыхуевгъэщІынур фэ куэду фІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикІуэр» (ИН. 15:8).
1, 2. 1) Хьисэ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм и апостолхэм сыт яжриІар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) ХъыбарыфІыр дгъэІуну щхьэусыгъуэ диІэхэр тщІэжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? 3) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
ХЬИСЭ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм и апостолхэм ядэуэршэру щысащ икІи ахэр фІыщэу зэрилъагъур яжриІащ. Мыбы ипэ дызэджа статьям къызэригъэлъэгъуамкІэ, абы щыгъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм жызумыпкъым теухуа ущие хъыбарыр яжриІауэ щытащ. Ар щІажриІар «куэду фыгъуэ къапыкІыну» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, теубыдагъэ яхэлъу Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр ягъэІуну хуигъэушын щхьэкІэщ (Ин. 15:8).
2 Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящІэн хуей закъуэракъым яжриІар, атІэ ар щІащІэн хуейри къагуригъэІуащ. Абы яжриІащ хъыбарыфІыр ягъэІун щІыхуейм и щхьэусыгъуэхэр. Дэри а щхьэусыгъуэхэр тщІэжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Ар дэ къыддэІэпыкъунущ теубыдагъэ тхэлъу хъыбарыфІыр дгъэІуну, ар «цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ» (Мт. 24:13, 14). Мы статьям хъыбарыфІыр дгъэІун щІыхуейм Библием ит щхьэусыгъуиплІ щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІуну Иеговэ дауэ къыддэІэпыкъуми.
ДЭ ИЕГОВЭ ЩІЫХЬЫШХУЭ ХУДОЩІ
3. 1) Иуан 15:8 зэрыжиІэмкІэ, хъыбарыфІыр щІэдгъэІум сыт и щхьэусыгъуэр? 2) Хьисэ и ущие хъыбарым жызум Іэрамэхэм сыт къагъэлъагъуэр икІи ахэр зригъэщхь щапхъэм сыт фІыуэ хуэкІуэу жыпІэ щІэхъунур?
3 Къеджэ Иуан 15:1, 8. Дэ Иеговэ щІыхьышхуэ хуэтщІыну икІи и цІэр дгъэлъэпІэну дыхуейщ. Аращ хъыбарыфІыр щІэдгъэІум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. Хьисэ и Адэ Иеговэ жызумгъэкІым хуигъэдащ, езыр — жызумыпкъым, и лъэужь ирикІуэхэр — къудамэхэм (Ин. 15:5). Апхуэдэу, жызум Іэрамэхэм къагъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «фІыгъуэ къапыкІхэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ, хъыбарыфІ гъэІуныр. Хьисэ и апостолхэм яжриІащ: «ЦІыхухэм си Адэм щІыхьышхуэ зэрыхуевгъэщІынур фэ куэду фІыгъуэ къызэрыфпыкІыращ». Къудамэхэм жызумыр пызу къызэрыпыкІэм, ар зыгъэкІ цІыхур зэригъэлъапІэм хуэдэу, дэри Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къарууэ диІэр етхьэлІэу щыдгъэІум деж, Иеговэ догъэлъапІэ (Мт. 25:20—23).
Дэ Иеговэ догъэлъапІэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къарууэ диІэр етхьэлІэу щыдгъэІум деж
4. 1) Алыхьым и цІэр дапхуэдэу дэ зэрыдгъэлъапІэр? 2) Алыхьым и цІэр вгъэлъэпІэну апхуэдэ щІыхь фызэриІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
4 Алыхьым и цІэр лъапІэщ, абы хуэбгъэдэн зыри щыІэкъым, зэрылъапІэм нэхърэ нэхъ лъапІи тхуэщІынукъым. НтІэ, дапхуэдэу дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Алыхьым и цІэр зэрыдгъэлъапІэр? Девгъэплъ бегъымбар Ешайа итхам: «Дзэхэм я Алыхь Иеговэ — фэ лъапІэу флъытэн хуейр арщ» (Ис. 8:13). Дэ Алыхьым и цІэр догъэлъапІэ ар цІэуэ щыІэм я нэхъ лъагэу зэрыщытыр щытщІэжым деж икІи цІыхухэм абы и цІэр лъапІэу ялъытэну дащыдэІэпыкъум деж (Мт. 6:9). Дапхуэдэу ар зэрытщІыр? Псалъэм папщІэ, дэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм икІи цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу жэнэтым щигъэпсэуну мурад зэриІэм теухуауэ псоми яжыдоІэ. АбыкІэ дэ Иеговэ и цІэм дыкъыщхьэщож икІи ШейтІаным Алыхьым теухуауэ Іей жиІахэр зэрыпцІыр къыщІыдогъэщ (ЩІэдз. 3:1—5). Абы нэмыщІ дэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ абы «щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри» зэрыхуэфащэр цІыхухэм къагурыІуэну дащыдэІэпыкъум деж (Апок. 4:11). Илъэс 16 хъуауэ пионеру лажьэ ди къуэш Ру́не мыпхуэдэу жеІэ: «Дуней псор къэзыгъэщІам и щыхьэту сызэрыщытым сыщегупсысым деж си гум фІыщІэшхуэ илъщ. Абы сэ сыхуегъэуш адэкІи хъыбарыфІыр згъэІуну».
ДЭ ИЕГОВЭРЭ АБЫ И КЪУЭМРЭ ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУ
5. 1) Иуан 15: 9, 10 хъыбарыфІыр щІэдгъэІум и сыт хуэдэ щхьэусыгъуэм и гугъу ящІрэ? 2) Теубыдагъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьисэ дауэ къигъэлъэгъуа?
5 Къеджэ Иуан 15:9, 10. Дэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу долъагъу. Ар Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр щІэдгъэІум и етІуанэ щхьэусыгъуэщ (Мк. 12:30; Ин. 14:15). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «Си фІылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн», нэгъуэщІу жыпІэмэ фыкъыщынэ. Сыт апхуэдэу щІыжиІар? Хьисэ ищІэт махуэ къэс и лъэужь иту псэун щхьэкІэ цІыхум теубыдагъэ зэрыхуейр. Иуан 15:4—10 зэритымкІэ, жызумыпкъым теухуа ущие хъыбарым Хьисэ куэдрэ къыщыхигъэщащ, абырэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ зэкъуэту щытын зэрыхуейр икІи и лъагъуныгъэм къыщынэн зэрыхуейр. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ теубыдагъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр.
6. Хьисэ и лъагъуныгъэм дыкъыщынэну дызэрыхуейр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
6 Хьисэ и лъагъуныгъэм дыкъыщынэну икІи ар къытхуэарэзыуэ щытыну дызэрыхуейр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Абы щхьэкІэ Хьисэ и унафэхэр дгъэзэщІэн хуейщ. Хьисэ къыдэлъэІуащ езыр зэрыщытам хуэдэу дэри дыщытыну. Абы къыджиІащ: «Фэ си унафэхэр щывгъэзащІэкІэ, сэ фэри сыт щыгъуи фІыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщІам щхьэкІэ, абы сыт щыгъуи фІыуэ сызэрилъагъум хуэдэу» (Ин. 15:10). АбыкІэ Хьисэ щапхъэ дегъэлъагъу (Ин. 13:15).
7. Лъагъуныгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ зэрызэпыщІар?
7 Хьисэ къыхигъэщащ жыІэдаІуэныгъэр лъагъуныгъэм зэрыпыщІар. Абы и апостолхэм яжриІащ: «Си унафэхэм едаІуэу, ахэр зыгъэзащІэхэращ сэ фІыуэ сыкъэзылъагъур» (Ин. 14:21). ХъыбарыфІыр дгъэІун хуейуэ Хьисэ унафэ ищІам дытетмэ, дэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьыр фІыуэ зэрытлъагъур,сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ и унафэр къызыбгъэдэкІыр и Адэращ (Мт. 17:5; Ин. 8:28). Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ тлъагъуу щытмэ, дэри абыхэм фІыуэ далъагъунущ.
ЦІЫХУХЭМ ХЪЫБАР ЯДОГЪАЩІЭ
8, 9. 1) Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр щІэдгъэІум иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэ? 2) Иезекииль 3:18, 19, абы нэмыщІ 18:23 ит Иеговэ и псалъэхэм дауэ дыхуагъэушрэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну?
8 Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр щІэдгъэІум и ещанэ щхьэусыгъуэр Иеговэ и махуэшхуэр къызэрысар цІыхухэм зэредгъащІэращ. Библием щыжеІэ: «Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иІуатэу... [щытащ]». (Къеджэ 2 Петр 2:5.) Псыдзэшхуэр къэхъун ипэ Нухь цІыхухэм хъыбар щаригъащІэм щыгъуэ, дауикІ, яжриІауэ къыщІэкІынщ абы щыгъуэ щыІа дуней Іейр зэрыкІуэдынур. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Хьисэ жиІа псалъэхэм гу лъыттэнщ: «Псыдзэр къащІэмыуауэ, а махуэхэм цІыхухэр шхэрт икІи ефэрт, къашэрт икІи дэкІуэрт. Абы тетащ Нухь кхъухьым щитІысхьа махуэр нэсыху. Къэхъунур ямыщІэурэ [хъыбарым мыхьэнэ ирамытурэ, ДЩІ], псыдзэр къащІэуэри, ахэр псори ихьащ икІи итхьэлащ. ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкІуэжынум дежи апхуэдэущ Іуэхухэр зэрыщытынур» (Мт. 24:38, 39). Нухь жиІэм цІыхухэм мыхьэнэ ирамыту щытами, Алыхьым теухуа хъыбарыр адэкІи игъэІун щигъэтакъым.
9 Нобэ дэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр догъэІу, къэкІуэну зэманым Алыхьым цІыхухэм яхуищІэнур псоми къащІэн щхьэкІэ. Иеговэ хуэдэу дэри хуабжьу дыхуейщ хъыбар къетхьэкІым цІыхухэр къедаІуэу, ахэр къелыну (Иез. 18:23). Дэ унэ-унэкІэ е цІыхухэр нэхъыбэу щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дуней Іейр зэригъэкІуэдынур цІыху нэхъыбэм зэрыжетІэным иужь дитщ (Иез. 3:18, 19; Дан. 2:44; Апок. 14:6, 7).
ДЭ ЦІЫХУХЭР ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУ
10. 1) ХъыбарыфІыр щІэдгъэІум и сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ Маттэ 22:39 зи гугъу ищІыр? 2) Паулрэ Силэрэ Филиппи къалэм лъэхъуэщым и хъумакІуэм зэрыдэІэпыкъуар къыжыфІэж.
10 ХъыбарыфІыр щІэдгъэІум и еплІанэ щхьэусыгъуэр ди гъунэгъухэр фІыуэ зэрытлъагъуращ (Мт. 22:39). Лъагъуныгъэм дыхуегъэуш адэкІи а лэжьыгъэр дгъэзэщІэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къыдгуроІуэ цІыхум и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр къыхыхьэу, хъыбарыфІым къедэІуэнкІэ зэрыхъунур. Дигу къэдвгъэгъэкІыж апостол Паулрэ Силэрэ къащыщІар. Филиппи къалэм ахэр лъэхъуэщым ирадзат. Жэщым щІыр хъейри лъэхъуэщым и бжэхэр зэІукІащ. Лъэхъуэщым и хъумакІуэм ар щилъагъум, абы щІэсхэр щІэпхъуэжауэ къыфІэщІри зиукІыжыну хуежьат. Ауэ Паул джэри, жиІащ: «Лей зумыхыж!» Гужьеяуэ лъэхъуэщым и хъумакІуэр Паулрэ Силэрэ еупщІащ: «Тхьэм сымыкІуэду сыкъригъэлын щхьэкІэ, сыт сщІэн хуейр?» Абыхэм абы жэуап иратащ: «Зиусхьэн ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зигъэІи, уэри уи унагъуэри Тхьэм фымыкІуэду фыкъригъэлынущ» (Апост. 16:25—34).
Иеговэ, Хьисэ икІи цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъум хъыбарыфІыр дгъэІуну дыхуегъэуш (5, 10-нэ абзацхэм феплъ.)
11, 12. 1) Лъэхъуэщым и хъумакІуэм и Іуэхур зэрыхъуам хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр? 2) Сыт дэ адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІуну дыщІыхуейр?
11 Лъэхъуэщым и хъумакІуэм и Іуэхур зэрыхъуам хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр? Гу лъытапхъэщ, лъэхъуэщым и хъумакІуэм пэжыр къищІэну хуей щыхъуар икІи Паулрэ Силэрэ абыкІэ къыдэІэпыкъуну щелъэІуар щІыр хъея иужьщ. Апхуэдэу, ноби дэ къетхьэкІ хъыбарым едэІуэну хуэмей цІыху куэдым я еплъыкІэм зихъуэжащ я гъащІэм гузэвэгъуэ гуэр къэхъуа иужь. Псалъэм папщІэ, илъэс куэд щІауэ здэлажьэ и лэжьапІэр зыгуэрым фІэкІуэдауэ е и щхьэгъусэм бгъэдэкІыжауэ зыкъыхуэмыщІэжу щытынкІэ хъунущ. Зыгуэрым узыфэ Іей иІэу къыжраІауэ е фІыуэ илъагъу цІыхур лІауэ абы иринэщхъеинкІэ хъунущ. Іей гуэр пэщІэхуа иужь языныкъуэ цІыхухэр япэм кърамыдзэу щыта, гъащІэм и мыхьэнэм теухуа упщІэхэм егупсысын щІадзэ. Ахэр мыпхуэдэу зэупщІыжынкІи хъунущ: «Сыт сэ сщІэн хуейр сыкъелын щхьэкІэ?» Абыхэм я деж дыкІуа иужь, гугъэ къозыт хъыбарыфІым къедэІуэн щІадзэнкІэ хъунущ.
12 Аращи, дэ гурэ псэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтмэ, гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэ цІыхухэм дрихьэлІэу, ахэр къыдэдэІуэнкІэ хъунущ (Ис. 61:1). Илъэс 38 хъуауэ полновременнэу лажьэ Шарло́ттэ жеІэр: «ЦІыхухэм нобэ ящІэнур къагурымыІуэжу гужьеяуэ щытщ. Абыхэм хъыбарыфІыр зэхахыну Іэмал еттын хуейщ». Илъэс 34 хъуауэ пионеру лажьэ Э́йвор къыддогуашэ: «Зэи хуэмыдэу нобэ цІыхухэм я гур еудыхауэ щытщ. Сэ абыхэм садэІэпыкъуну хуабжьу сыхуейщ! Аращ я деж сыщІэкІуэр». Пэжщ, цІыхухэм дахуиІэ лъагъуныгъэр щхьэусыгъуэшхуэ тхуохъу хъыбарыфІыр адэкІи дгъэІуну.
ТЕУБЫДАГЪЭ ТХЭЛЪУ АДЭКІИ ХЪЫБАРЫФІЫР ДГЪЭІУНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР
13, 14. 1) Иуан 15:11 зэритымкІэ сыт дэ къыддэІэпыкъур хъыбарыфІыр дгъэІуну? 2) Хьисэ иІа гуфІэгъуэм хуэдэ дауэ дэри зэрызыхэтщІэнур? 3) ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дауэ гуфІэгъуэр къызэрыддэІэпыкъур?
13 Хьисэ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм и апостолхэм яжриІащ теубыдагъэ яхэлъу хъыбарыфІыр ягъэІуну къадэІэпыкъунур сытми. Сыт абы зи гугъу ищІар икІи дауэ ар дэ къызэрыддэІэпыкъунур?
14 ГуфІэгъуэр. ХъыбарыфІ гъэІуныр Хьисэ хьэлъэу къыттрилъхьа къалэну жыпІэ хъуну? Хьэуэ. Жызумыпкъым теухуа ущие хъыбарыр жиІэжа иужь, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къазэрыхуихьынур. (Къеджэ Иуан 15:11.) НэгъуэщІу жыпІэмэ, езы Хьисэ Алыхьым и мурадыр щигъэзащІэм деж гуфІэгъуэ иІэм хуэдэ дэри диІэну дыкъигъэгугъащ. Сыт абы зи гугъу ищІар? ИпэкІэ дызэрытепсэлъыхьащи, Хьисэ жызумыпкъым зригъэщхьащ, и лъэужь ирикІуэхэр — къудамэхэм. Къудамэхэр жызумыпкъым пымытмэ, псыри, абы нэмыщІ хэхъуэн щхьэкІэ зыхуэныкъуэ псори къаІэрыхьэфынукъым. Апхуэдэу дэри Хьисэ иІэ гуфІэгъуэм хуэдэ зыхэтщІэнущ, абы сыт щыгъуи дыкъуэту дыкъанэмэ (Ин. 4:34; 17:13; 1 Пет. 2:21). Илъэс 40-м щІигъуауэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Ха́нне жеІэ: «ХъыбарыфІыр щызгъэІукІэ гуфІэгъуэ зыхэсщІэр къыздоІэпыкъу адэкІи Иеговэ сыхуэлэжьэну». ИкІи ар пэжщ, гуфІэгъуэм къару къыдет адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну, и нэхъыбэ цІыхухэр къыдэмыдаІуэу щытми (Мт. 5:10—12).
15. 1) Иуан 14:27 Хьисэ сыт зи гугъу ищІар? 2) Теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну гузэгъэгъуэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
15 Гузэгъэгъуэ. (Къеджэ Иуан 14:27.) Хьисэ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм гуфІэгъуэм теухуауэ яжриІэн ипэ, апостолхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яжриІащ: «Си гузэгъэгъуэр фызот». Дауэ Хьисэ къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр къызэрыддэІэпыкъур теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну? Теубыдагъэ тхэлъу Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж, дэ гузэгъэгъуэ зыхыдощІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрытхуэарэзыр (Пс. 149:4; Рим 5:3, 4; Кол. 3:15). Илъэс 45 хъуауэ полновременнэу лажьэ ди къуэш Ульф къыддогуашэ: «ХъыбарыфІыр згъэІуауэ сыкъэкІуэжа иужь, дапхуэдизу семызэшами, абы си гум гузэгъэгъуэ кърелъхьэ икІи си гъащІэм мыхьэнэ иІэ мэхъу». Дэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ гузэгъэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ дызэриІэм щхьэкІэ!
16. 1) Иуан 15:15 зэритымкІэ, апостолхэм сыт хуэдэ Іэмалт яІэр? 2) Хьисэ и ныбжьэгъуу къэнэн щхьэкІэ сытыт апостолхэм ящІэн хуейр?
16 Хьисэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытыр. Хьисэ иІэ гуфІэгъуэм хуэдэ апостолхэми зыхащІэфыну яжриІа иужь, абыхэм къагуригъэІуащ нэгъуэщІхэр псэемыблэжу фІыуэ лъагъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Ин. 15:11—13). Абы щыгъуэ яжриІащ: «Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ». Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт: апостолхэр Хьисэ и ныбжьэгъуу щытыфынут! А ныбжьэгъугъэр яхъумэжын щхьэкІэ, абыхэм фІыгъуэ къапыкІын хуейт, абы къикІыр адэкІи хъыбарыфІыр ягъэІун зэрыхуейрат. (Къеджэ Иуан 15:14—16.) Ар къагуригъэІуэным иджыри илъэситІ хуэдиз иІэу Хьисэ и апостолхэм яжриІауэ щытащ: «ФыкІуи, „Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ“, жыфІи хъыбар евгъащІэ» (Мт. 10:7). Аращ Хьисэ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм ахэр щІыхуигъэушауэ щытар адэкІи а лэжьыгъэр ирахьэкІыну (Мт. 24:13; Мк. 3:14). ДауикІ, Хьисэ къыгурыІуэт а къалэныр бгъэзэщІэну зэрымытыншыр. Ауэ абыхэм ар яхуэгъэзэщІэнут икІи Хьисэ и ныбжьэгъуу къэнэну яхузэфІэкІынут. Сыт абыкІэ къадэІэпыкъуар?
17, 18. 1) Иуан 15:16 зэритымкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт яжриІар? 2) Абы дауэт ахэр зэригъэбыдэр? 3) ХъыбарыфІыр адэкІи дгъэІуну сыт къыддэІэпыкъур?
17 ТхьэлъэІум и жэуапхэр къызэрытІэрыхьэр. Хьисэ жиІащ: «Адэ лъапІэм сэ си цІэкІэ сыт ищІыскІэ фелъэІуми, ар къыфхуищІэнущ» (Ин. 15:16). Абы и псалъэхэм апостолхэм, дауикІ, къару къариттa. Хьисэ куэд дэмыкІыу лІэн хуейт, ауэ абы къикІтэкъым ахэр дэІэпыкъуэгъу ямыІэу къэнэну. Иеговэ хьэзырт я лъэІухэм жэуап иритыну икІи хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ядэІэпыкъуну. ИкІи ар езыхэм зыхащІащ. Хьисэ лІа иужь, куэд мыщІэу, лІыгъэ къахилъхьэну апостолхэр Иеговэ щелъэІуам щыгъуэ, абыхэм я лъэІум жэуап иритащ (Апост. 4:29, 31).
Дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ зыщыхуэдгъазэкІэ ди лъэІум жэуап къызэрыритынум (18-нэ абзацым феплъ.)
18 Ноби зыми зихъуэжакъым. ХъыбарыфІ гъэІуным теубыдагъэ тхэлъу дыхэтмэ, дэ Хьисэ и ныбжьэгъуу дыкъэнэнущ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж, гугъуехьхэм дыпэщІэхуэмэ, дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ зыщыхуэдгъазэкІэ ди лъэІум жэуап къызэрыритынум (Флп. 4:13). Иеговэ ди лъэІухэм жэуап къызэрыритым икІи Хьисэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытыфынум щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! Ар дэ къыддоІэпыкъу теубыдагъэ тхэлъу адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІуну (Екъуб 1:17).
19. 1) Сыт дэ хъыбарыфІыр адэкІи щІэдгъэІур? 2) А лэжьыгъэр икІэм нэдгъэсыну сыт къыддэІэпыкъунур?
19 ХъыбарыфІыр адэкІи щІэдгъэІум и щхьэусыгъуиплІ мы статьям щызэпкърытхащ: дэ Иеговэ щІыхьышхуэ хуэтщІыну икІи и цІэр дгъэлъэпІэну дыхуейщ, Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу долъагъу, Алыхьым и махуэшхуэр къызэрысар цІыхухэм едгъэщІэну дыхуейщ икІи цІыхухэр фІыуэ долъагъу. Абы нэмыщІ дэ къэтщІащ Алыхьым къыдита къалэныр икІэм нэдгъэсын щхьэкІэ къару къыдэзытыну Іуэхугъуэхэр: гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, Хьисэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытыр икІи ди тхьэлъэІухэм я жэуапхэр къызэрытІэрыхьэр. «Куэду фІыгъуэ къытпыкІын» щхьэкІэ къарууэ диІэр щетхьэлІэм деж, Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ!
a Хьисэ и апостолхэм мызэ-мытІэу къагуригъэІуащ я тхьэлъэІур жэуапыншэу къызэрымынэнур (Ин. 14:13; 15:7, 16; 16:23).