ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Март н. 27—32
  • «Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЗЫШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРЫТХЭЛЪЫМ ІУЩАГЪ КЪИГЪЭЛЪАГЪУЭУ СЫТ ЖЫПІЭ ЩІЭХЪУНУР?
  • ИЕГОВЭ И УНАФЭМ ФЫТЕТУ ФИ САБИЙХЭР ВГЪАСЭ
  • ЗЭХУЭСЫМ
  • ТЕЗЫРЫМ КЪЫПХУИХЬ ГУАУЭМ НЭХЪРЭ ГУГЪУЕХЬ НЭХЪЫБЭ СЫТ КЪЫПХУЭЗЫХЬЫФЫНУР?
  • Тезырым Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум къыхэкІкІэ дегъасэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Март н. 27—32

«Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу»

«Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу» (ПРИТ. 8:32, 33, Гъэсэпэтхыдэхэр).

УЭРЭДХЭР: 56, 89

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур зышыІэныгъэ зыхэтлъхьэну?

  • Сыт къадэІэпыкъунур адэ-анэхэм Иеговэ и унафэм тету я сабийхэр ягъэсэну?

  • ЗэІущІэм къыщытІэрыхьэ гъэсэныгъэр сытым щыгъуэ сэбэп къыщытхуэхъунур?

1. Іущагъыр дауэ зэрызэдгъэгъуэтынур? Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къытхуихьыну?

ИЕГОВЭЩ Іущагъыр къызыбгъэдэкІыр, икІи абы хьэлэлагъ хэлъу абыкІэ нэгъуэщІхэм ядогуашэ. Екъуб 1:5 щыжыІащ: «Фэ фщыщ гуэрым и акъылыфІагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэІу, абы акъылыфІагъэ къритынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цІыху псоми фІы яхуещІэ». Иеговэ дихъуэжыну хуит зэрытщІым мыхьэнэшхуэ иІэщ, ар абы къыбгъэдэкІ Іущагъыр зэрызэдгъэгъуэт хъун Іэмалхэм ящыщ зыщ. Іущагъым Іуэху мыхъумыщІэхэр дымыщІэну дыщихъумэнущ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр тфІэмыкІуэдыну къыддэІэпыкъунущ (Прит. 2:10—12, Гъэс.). Абы нэмыщІ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну гугъэ дахэ диІэнущ (Иудэ 21).

2. Иеговэ къыбгъэдэкІ чэнджэщыр фІыщІэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

2 Гуэныхь зэрытхэлъым е дызэрагъэсам къыхэкІкІэ, ди щыуагъэхэр щыдагъэлъэгъужым деж, абы арэзы дытехъуэу чэнджэщ къыдатам тэмэму дыхущытыну къыдохьэлъэкІ. Чэнджэщ къызэрыдатар фІыщІэ щытщІыр абы сэбэпынагъ къытхуихьыр щытлъагъум дежщ икІи Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур къыщыдгурыІуэм дежщ. Притчи тхылъым итщ: «УемыпэгэкІ, си щІалэ, Тхьэуэ Зиусхьэным ущиузэхужкІэ». Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ: «Тхьэуэ Зиусхьэныр и щІасэхэм йогие» (Прит. 3:11, 12, Гъэс.). Зэи зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ фІы дыхуэзэну хуейуэ аращ. (Къеджэ Еврейхэм 12:5—11.) Алыхьым хуэдэу дызыцІыху зыри щыІэкъым, абы къыхэкІкІэ тезыр къыщыттрилъхьэм деж ар зэи егъэлеяуэ ткІийуэ къытхущыткъым. Мы статьям зызэрытхъуэжыным пыщІауэ упщІиплІ щызэпкърытхынущ: 1) ЗышыІэныгъэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр? 2) Адэ-анэхэм я сабийхэм я щыуагъэхэр дауэ къыгурагъэІуэж хъуну? 3) Зэхуэсым къыщыдат чэнджэщхэм дауэ дызэрыхущытын хуейр? 4) Тезырым къыпхуихь гуауэм нэхърэ нэхъыбэ гуауэ сыт къыпхуэзыхьыфынур?

ЗЫШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРЫТХЭЛЪЫМ ІУЩАГЪ КЪИГЪЭЛЪАГЪУЭУ СЫТ ЖЫПІЭ ЩІЭХЪУНУР?

3. Дауэ сабийм зышыІэныгъэ зыхигъэлъыну зэрызригъасэр? Щапхъэ къэфхь.

3 ЗышыІэныгъэр сыт зищІысыр? А псалъэм зызытезыІыгъэжыф цІыху къигъэлъагъуэу аращ. А хьэл-щэным и фІыгъэкІэ дэ ди щытыкІэми ди гупсысэкІэми дыкІэлъыплъыжыфу дыщытынущ икІи зытхъуэжыну къыддэІэпыкъунущ. ЗышыІэныгъэр диІэу дыкъалъхукъым, абы зедгъэсэн хуейуэ аращ. Псалъэм папщІэ, сабийм велосипедымкІэ къижыхьыну зыщригъасэм деж, адэм велосипедыр иІыгъщ ар мыджэлэн щхьэкІэ. Ауэ сабийм мыджалэу зиІыгъыфу щыхъум деж, и адэм зэман кІэщІкІэ и Іэр Іуех. ФІыуэ зиІыгъыфу зригъэсауэ щилъагъум, абы велосипедыр еутІыпщыпэ. Апхуэдэу, адэ-анэхэм шыІэныгъэ яхэлъу я сабийхэр «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету» япІмэ икІи ягъасэмэ, ахэр я сабийхэм доІэпыкъу зышыІэныгъэрэ Іущагърэ зрагъэгъуэтыну (Еф. 6:4).

4, 5. 1) ЗышыІэныгъэр «щэныщІэфІым» мыхьэнэшхуэ зиІэ и Іыхьэу сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр щыуагъэ тщІэуэ щытми?

4 Апхуэдэу хужыпІэ хъунущ Иеговэ хуэлэжьэн щІэзыдза цІыхум. Зы лъэныкъуэ гуэркІэ абы зышыІэныгъэ зыхигъэлъыфу къыщІэкІынщ, ауэ ар иджыри Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху балигъ хъуауэ жыпІэ хъунукъым. «ЩэныщІэфІыр фащэу зэфшэкІ» жыхуиІэ чэнджэщым тету абы зихъуэжмэ, Хьисэ щапхъэ зэрытрихыным къарууэ иІэр ирихьэлІэмэ, хуэм-хуэмурэ Алыхьым и еплъыкІэ зрегъэгъуэт (Еф. 4:23, 24). ИкІи зышыІэныгъэм и фІыгъэкІэ цІыхум зрегъасэ мы псалъэхэм тетыну: «Тхьэм и фІэлІыкІ зыхэмылъ псэукІэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэми ди щІыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диІэу, Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр» (Тит 2:12).

5 Дэ псоми гуэныхь дощІэ (Эккл. 7:20). Ауэ щыуагъэ гуэр тщІамэ, абы къикІкъым дэ зыри дримыщІысу е зышыІэныгъэ тхуримыкъуу. «ЦІыху захуащІэр сыт хуэдизрэ мыджэлами къэтэджыжынущ»,— щыжыІащ Притчи тхылъым (Прит. 24:16, Гъэс.). Сыт къыддэІэпыкъунур «дыкъэтэджыжыну»? Дэ ди къаруракъым, атІэ Алыхьым и къару лъапІэращ. (Къеджэ 2 Коринф 4:7.) ЗышыІэныгъэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ фІыхэм ящыщ зыщ.

6. Сыт къыддэІэпыкъунур Алыхьым и Псалъэм нэхъыфІу деджэу зедгъэсэну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

6 ЗышыІэныгъэ диІэн щхьэкІэ иджыри дэ Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъэзэн, Библиер куууэ дджын икІи дызэджам фІыуэ дегупсысын хуейщ. Ауэ Алыхьым и псалъэм уеджэну къохьэлъэкІмэ-щэ? Абы и щхьэусыгъуэр уэ уеджэну узэрыфІэмыфІырауэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ къыбдэІэпыкъунущ абы и Псалъэм уеджэн щхьэкІэ гукъыдэж уиІэну, абы уэ езыр ухуейуэ щытмэ (1 Пет. 2:2). Абы щхьэкІэ, япэрауэ, Библиер дджыну зэман хэтхыфын щхьэкІэ Иеговэ зыхуэдгъазэу зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну делъэІун хуейщ. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ дызэрелъэІуам дытету, мащІэ-мащІэурэ деджэу щІэддзэ хъунущ. Хуэмурэ фэ зыхэфщІэнущ Библие джыныр нэхъ тынш зэрыхъур икІи абы гуфІэгъуэ къыфхуихьыр нэхъыбэ зэрыхъур. ИкІэм-икІэжым фэ къыфхуэмыгъэсу фыпэплъэу щІэвдзэнущ, Иеговэ и Псалъэ ЛъапІэм зыри зэран къыфхуэмыхъуу фыщегупсысыфыну зэманым (1 Тим. 4:15).

7. Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурад бгъэувахэр къохъулІэн щхьэкІэ дауэ зышыІэныгъэр сэбэп къызэрыпхуэхъунур?

7 ЗышыІэныгъэ пхуримыкъумэ, Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурад бгъэувахэр къохъулІэну нэхъ гугъущ. Унагъуэм и нэхъыжь ди зы къуэшым и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы гу лъитат хъыбарыфІ гъэІуным гукъыдэж имыІэжу зэрыхэтым. Апхуэдэу зэрыхъуам ар игъэгузавэти, абы мурад ищІащ пионер хъуну. Абы пионер лэжьыгъэм теухуауэ статьяхэм еджэу икІи и мурадым теухуауэ Иеговэ елъэІуу щІидзащ. А псом и фІыгъэкІэ абырэ Иеговэрэ я зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъуащ. Абы нэмыщІ, Іэмал иІэ щыхъум деж ар подсобнэ пионеруи лажьэт. Дауэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр абы къызэрыдэІэпыкъуар? Абы зыри зэран зыхуимыгъэхъуу, теубыдагъэ хэлъу мурад ищІар къызэрехъулІэным къарууэ иІэр ирихьэлІати, ар пионер хъуащ.

ИЕГОВЭ И УНАФЭМ ФЫТЕТУ ФИ САБИЙХЭР ВГЪАСЭ

Сабийхэм фІымрэ Іеймрэ зэхагъэкІыфу къалъхукъым — ахэр абы егъэсэн хуейщ. (8-нэ абзацым феплъ.)

8—10. Сыт адэ-анэхэм къадэІэпыкъунур я сабийхэр ягъэсэну ахэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъун щхьэкІэ? Щапхъэ къэфхь.

8 Алыхьым адэ-анэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яхуищІащ — сабийхэр ягъэсэну мы псалъэхэм тету: «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету фпІы икІи вгъасэ» (Еф. 6:4). Ауэ ди зэманым ар егъэлеяуэ гугъущ (2 Тим. 3:1—5). ДауикІ, сабийхэм фІымрэ Іеймрэ зэхагъэкІыфу къалъхукъым икІи абыхэм я напэр гъэсакъым. Абы къыхэкІкІэ сабийхэм уадэІэпыкъун хуейщ, я напэр гъэса хъун щхьэкІэ (Рим 2:14, 15). Библиер куууэ зыдж зы щІэныгъэлІ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, «гъэсэн» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэм «сабийм зегъэужьын» къокІ, ар балигъ хъууэ ищІэмкІэ жэуап ихьыжыфын щхьэкІэ.

9 Адэ-анэхэм лъагъуныгъэ яхэлъу я сабийхэр ягъасэмэ икІи я щыуагъэхэр къыгурагъэІуэжмэ, сабийхэм зыхащІэнущ яфІ къызэралъыхъуэр. Зы зэман гуэр дэкІа иужь абыхэм къагурыІуэу щІадзэнущ хуитыныгъэм гъунэ зэриІэр икІи сыт ямыщІэми абы фІы е ей къызэрырикІуэнур. Адэ-анэхэм Иеговэ къадэІэпыкъуну зэрызыхуагъазэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сабийр зэрыгъэсэн хуей щІыкІэм теухуауэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэр зэщхьэщокІ. Ар елъытащ цІыхухэр здыщыпсэу щІыпІэм икІи зэман дэкІыхукІи абы теухуауэ яІэ еплъыкІэм зехъуэж. Аращ адэ-анэхэр Алыхьым и Іущагъым зыхуагъэзэн щІыхуейр сабийхэр щагъасэкІэ. Абы щыгъуэ абыхэм сыт щыгъуи къалъыхъуэн хуеинукъым сабийхэр зэрагъэсэн чэнджэщхэр е мы дунейм и Іущагъым зыхуагъэзэн хуеинукъым.

10 Нухь и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Иеговэ Нухь кхъухьыр ищІыну унафэ щритам щыгъуэ, Нухь ар дауэ ищІынуми ищІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэи апхуэдэ гуэр ищІатэкъым. Нухь Иеговэ щыгугъын хуейт икІи абы «унафэ къызэрыхуищІам хуэдэу» псори ищІын хуейт (ЩІэдз. 6:22). Абы и фІыгъэкІэ Нухь и унагъуэр къелащ. Абы нэмыщІ ар адэфІу щытащ. Сыт абыкІэ абы къыдэІэпыкъуар? Алыхьым и Іущагъым зэрызыхуигъазэрат. Абы и фІыгъэкІэ Нухь и бынхэр фІыуэ игъэсащ, щапхъэфІи яригъэлъэгъуащ, Псыдзэшхуэр къэмыхъу ипэ щыІа дуней бзаджэм ар гугъуу щытами (ЩІэдз. 6:5).

11. Сыт адэ-анэхэм къарууэ яІэр ирахьэлІэн щІыхуейр я сабийхэр ягъэсэн щхьэкІэ?

11 Адэ-анэхэ, сыт къывдэІэпыкъунур Иеговэ къывит унафэм фытетыну? Сабийхэр зэрыгъэсэн хуейм теухуауэ Иеговэ и Псалъэмрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу къывит чэнджэщхэм федаІуэ. ИужькІэ апхуэдэу зэрыфщІам щхьэкІэ фи сабийхэм фІыщІэ къыфхуащІыжыну къыщІэкІынщ! Ди зы къуэшым итхыжащ: «Сэ си адэ-анэм хуабжьу фІыщІэ яхузощІ гъэсэныгъэ къызбгъэдалъхьам щхьэкІэ. Ахэр сыт щыгъуи си гум зэрылъэІэсыным иужь итащ. Иеговэрэ сэрэ гъунэгъу дызэрызэхуэхъуар и нэхъыбэу зи фІыгъэр ахэращ». Ауэ адэ-анэхэм къару зэрырахьэлІэм емылъытауэ, языныкъуэ сабийхэм Иеговэ къагъанэ. Фи сабийхэм пэжыр фІыуэ ялъагъун щхьэкІэ фхузэфІэкІыу хъуар фщІамэ, зывгъэкъуэншэжын хуейкъым. Гугъэ хэвмыхыж зэгуэрым фи сабийм и «унэм» къызэригъэзэжыным, Иеговэ и деж.

12, 13. 1) Сабийр зэхуэсым хагъэкІамэ, дауэ адэ-анэхэм къызэрагъэлъэгъуэнур Иеговэ жиІэм зэредаІуэр? 2) Иеговэ хуэжыІэдаІуэу къызэрыхуэнам, зы унагъуэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыхуихьа?

12 Адэ-анэхэм я дежкІэ Иеговэ зэрыхуэжыІэдаІуэр къагъэлъэгъуэну псом нэхъ гугъу щыхъур я сабийр зэхуэсым щыхагъэкІым дежщ. Ди зы шыпхъум и пхъур зэхуэсым хагъэкІат икІи ар къахэкІауэ щхьэхуэу псэут. Анэм жеІэж: «Сэ си пхъумрэ абы и пхъу цІыкІумрэ сепсэлъэфын щхьэкІэ щхьэусыгъуэ сщІы хъунухэр ди тхыгъэхэм къыщыслъыхъуэт». Шыпхъум зэрыжиІэмкІэ, абы и щхьэгъусэм щабэу къыгуригъэІуащ и пхъум щхьэкІэ жэуап зэрамыхьыжыр, Иегови зэран хуэхъун зэрыхуэмейр.

13 Илъэс зыбжанэ дэкІа иужь абыхэм я пхъур зэхуэсым хагъэхьэжащ. Анэр къыддогуашэ: «Иджы си пхъум махуэ къэс жыхуиІэм хуэдэу телефонкІэ къысхуещІ икІи къысхуотхэ! Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абы пщІэшхуэ къытхуещІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгуроІуэ Алыхьым жиІэм дызэредэІуар. Абырэ дэрэ зэхущытыкІэфІ дыдэ диІэщ». Фи къуэр е фи пхъур зэхуэсым хагъэкІамэ, фытетыну пІэрэ мыпхуэдэ чэнджэщым: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ»? (Прит. 3:5, 6, Гъэс.) Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырым абы и Іущагъымрэ и лъагъуныгъэшхуэмрэ къызэригъэлъагъуэр фигу ивгъэлъ. Иеговэ и Къуэр цІыху псом щхьэкІэ итащ. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ Хьисэ и гъащІэр щІита цІыхухэм фи сабийри зэрыхэтыр. Алыхьыр хуейкъым зы цІыхуи кІуэдыну. (Къеджэ 2 Петр 3:9.) Аращи, шэч къытевмыхьэ Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырымрэ абы и чэнджэщхэмрэ сэбэп къызэрытхуахьым. Иеговэ сыт щыгъуи жиІэм федаІуэ, ар Іейуэ къывэхьэлъэкІыу щытми. Алыхьым фыпэщІэмыувэу, абы и унафэр дэфІыгъ.

ЗЭХУЭСЫМ

14. Узыщыгугъ хъуну унэІутыр къигъэсэбэпу Иеговэ къыдит чэнджэщхэр сыткІэ къыддэІэпыкъурэ?

14 Иеговэ дыкъигъэгугъащ зэхуэсыр зыхуей хуигъэзэну, къихъумэну икІи иригъэджэну. Абы щхьэкІэ Алыхьым Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, Хьисэ Мэссихь зэхуэсым дэІэпыкъуну къалэн хуищІащ. Езы Хьисэ зэхуэсым узыщыгугъ хъуну унэІутыр тригъэуващ, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сэбэп къытхуэхъун «шхын и чэзум» къыдитыну (Лк. 12:42). А шхын зэмылІэужьыгъуэхэр зэтхьэлІэмэ, зытхъуэжын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну уасэ зимыІэ чэнджэщхэр къытІэрыхьэнущ. Зэхуэсым щыжаІа псалъэ федэІуа иужь е ди брошюрэхэм ит статьям феджа иужь, фи гупсысэкІэм е фи щытыкІэм зыгуэр фхъуэжын хуейуэ щІэх-щІэхыурэ гу лъыфтэрэ? Апхуэдэу щытмэ, фыгуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ фихъуэжыну икІи фигъэсэну хуит фщІыуэ аращ (Прит. 2:1—5, Гъэс.).

15, 16. 1) Дапщэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэм дэ сэбэп къыщытхуихьынур? 2) Дауэ ди зэхуэсым и нэхъыжьхэм я лэжьыгъэр зэрадэдгъэпсынщІэ хъунур?

15 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Алыхьым тыгъэу къыдитащ. Абыхэм я къалэнщ зэхуэсыр зыхуейр хуагъэзэну (Еф. 4:8, 11—13). Дапщэщ абыхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэм дэ сэбэп къыщытхуихьынур? Абыхэм я фІэщхъуныгъэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ щапхъэ тетхмэ икІи Библием тегъэщІауэ чэнджэщ къыдатхэм дедаІуэмэ. (Къеджэ 2 Фессалоникэ 3:7; Еврейхэм 13:17.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыуэ дызэралъагъур икІи Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну ахэр зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэ. Абыхэм зэІущІэхэр блэдгъэкІыу икІи хъыбарыфІ гъэІуным гукъыдэж дыхуимыІэжу гу лъатэмэ, замыІэжьэу къызэрыддэІэпыкъуным иужь итынущ. Ахэр къыдэдэІуэнущ, дагъэгушхуэнущ икІи Библием щыщ сэбэп къытхуэхъуну чэнджэщи къыдатынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къызэрывдэІэпыкъум Иеговэ и лъагъуныгъэр хэфлъагъуэрэ?

16 Зыщывмыгъэгъупщэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дежкІэ зэрымытыншыр къывбгъэдыхьэу чэнджэщ къыватыну. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, Даут и гуэныхь хьэлъэр щІихъумэну щыхэтам щыгъуэ, бегъымбар Нафан абы епсэлъэну къызэрехьэлъэкІар! (2 Сам. 12:1—14). Апостол Паули лІыгъэ хуейт апостол 12-м ящыщ Петр чэнджэщ иритыну, нэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхэкІа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зыщидзейуэ зэрыхъуам щхьэкІэ (Гал. 2:11—14). Дауэ ди зэхуэсым и нэхъыжьхэм я лэжьыгъэр зэрадэдгъэпсынщІэ хъунур? Іэсэу, гуапэу абыхэм фабгъэдэт икІи ящІэр фІыщІэ фщІы. Ахэр къызэрывдэІэпыкъум Алыхьым фІыуэ фызэрилъагъу Іэмалхэм ящыщ зыуэ фыхущыт. Апхуэдэу фщІэуэ щытмэ, абы фэри сэбэп къыфхуихьынущ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми гуфІэгъуэ хахыу я къалэныр ягъэзэщІэну дэІэпыкъунущ.

17. Дауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди зы шыпхъум лъагъуныгъэ яхэлъу зэрыдэІэпыкъуар?

17 Ди зы шыпхъум къегугъуэкІт Иеговэ фІыуэ илъагъуну, япэм къыщыщІа Іуэхугъуэхэм къыхэкІкІэ. Ар къыддогуашэ: «БлэкІа Іуэхухэмрэ, гугъуехьхэмрэ сызэрегупсысым си лъэр щІихат, икІи сэ къызгурыІуащ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сазэрепсэлъэн хуейр. Абыхэм зыкІи сагъэкъуэншакъым, атІэ сагъэгушхуащ икІи зыкъыздыщІагъэкъуащ. ЗэІущІэр иуха иужь сыт щыгъуи, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зы, зэрыхущІэмыхьэм емылъытауэ, къызбгъэдыхьэти къысщІэупщІэт. Япэм къысщыщІа Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ Иеговэ и лъагъуныгъэм сызэрыхуэфащэр си фІэщ сщІыну гугъут. Ауэ Иеговэ зэхуэсымрэ нэхъыжьхэмрэ къигъэсэбэпу зэпымыууэ сигъэлъагъут фІыуэ сызэрилъагъур. Сэ Алыхьым солъэІу ар къыздэІэпыкъуну сыт щыгъуи и гъусэу сыщытыну».

ТЕЗЫРЫМ КЪЫПХУИХЬ ГУАУЭМ НЭХЪРЭ ГУГЪУЕХЬ НЭХЪЫБЭ СЫТ КЪЫПХУЭЗЫХЬЫФЫНУР?

18, 19. Тезырым къыпхуихь гуауэм нэхърэ гугъуехь нэхъыбэ сыт къыпхуэзыхьыфынур? Щапхъэ къэфхь.

18 Ди щыуагъэхэр щыдагъэлъэгъужым деж ар дигу иримыхьынкІэ хъунущ, ауэ зытхъуэжыну дыхуэмеймэ абы гугъуехь нэхъыбэ къытхуихьынущ (Евр. 12:11). АдэкІэ щапхъитІ зэпкърытхынщ — Къаинрэ Седекиерэ. Къаин и къуэш Хьэбэл илъагъу мыхъуу икІи иукІыну хуейуэ зэрыхъуар Алыхьым щилъэгъуам, абы чэнджэщ иритащ: «Сыт уи жагъуэ щІэхъуар? Сыт уи нэгури щІызэхэуар? ФІы пщІэмэ, уи щхьэр пІэтыркъэ? АтІэ фІы умыщІэмэ, гуэныхьым бжэщхьэІум зыщеущэху; абы узыІэпешэ, ауэ уэ абы текІуэ» (ЩІэдз. 4:6, 7). Къаин Алыхьым едэІуатэкъыми, гуэныхьыр къытекІуащ. Абы къыхэкІкІэ гуауэрэ гугъуэхькІэ и гъащІэр гъэнщІауэ псэуащ! Ауэ а псор Къаин къыщыщІынутэкъым, Алыхьым жиІэм едэІуауэ щытамэ (ЩІэдз. 4:11, 12).

19 Седекие унафэ къэзыщтэну зыхузэфІэмыкІ, мыхъумыщІэ зылэжь пащтыхь лІыгъэншэу щытащ. Ерусалим и тхыдэм къриубыдэу нэхъ зэман гугъу дыдэм ар пащтыхьу тетащ. Бегъымбар Иеремие Седекие зэрызихъуэжын хуейр мызэ-мытІэу жриІат, ауэ ар абы и псалъэхэм едэІуакъым. Абы насыпыншагъэ къыхуихьащ икІи гузэвэгъуэ куэд и нэгу щІэкІауэ лІэжащ (Иер. 52:8—11). Иеговэ хуейкъым дэ апхуэдэ гугъуехьхэр диІэну. (Къеджэ Исаия 48:17, 18a.)

20. Алыхьым къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр зыхэзылъхьэхэмрэ зыхэзымылъхьэхэмрэ сыт къапэщылъыр?

20 Нобэ дыщыпсэу дунейм цІыхухэм мыхьэнэшхуэ ираткъым тезыр къыщытралъхьэм, я щыуагъэр къыщыгурагъэІуэжым икІи зышыІэныгъэ зэрызыхагъэлъын хуейр къыщыжраІэм деж. Ауэ куэд дэмыкІыу зызыхъуэжыну хуэмейхэм ящІэм къыпэкІуэж уасэр ягъуэтыжынущ (Прит. 1:24—31, Гъэс.). Аращи, мы чэнджэщым дытевгъэт: «Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу». Притчи тхылъым итщ: «Си ущие быдэу иригъуазэ, ухуэмыбэлэрыгъ; уи гъащІэр абы хэлъщи, тегъэт уи нэІэ» (Прит. 4:13, Гъэс.).

a Исаия 48:17, 18: «Апхуэдэу жеІэ уи ЩэхужакІуэм, Израилым щагъэлъапІэ Иеговэ: „Сэ сы Иеговэщ — фІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхьыр сэращ. Си хабзэхэм уедаІуэу щытатэмэ, уи мамырыгъэр — псы ежэхым хуэдэу, уи пэжыгъэр — хы толъкъунхэм хуэдэу щытынут“».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • ЗышыІэныгъэ пхэлъыным хохьэ зызытепІыгъэжын, зыпхъуэжын. Ар къыддоІэпыкъу нэхъыфІ дыхъуну икІи Алыхьым и дежкІэ цІыху балигъ дыхъуну. Дэ Иеговэ делъэІун хуейщ дызэлэжьыжыну къыддэІэпыкъуну, Библие джыным пыщІауэ хьэлыфІхэр зыхэтлъхьэн щхьэкІэ икІи Иеговэ хуэлэжьэным пыщІа мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын