ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Февраль н. 28—30
  • ГуфІэгъуэр — Алыхьым и тыгъэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ГуфІэгъуэр — Алыхьым и тыгъэщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СЫТ ГУФІЭГЪУЭ НЭГЪЭСАР ЗИЩІЫСЫР?
  • ЩАПХЪЭ ЗЫТЕТХ ХЪУНУХЭР
  • ГУФІЭГЪУЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭХЭР
  • ГУФІЭГЪУЭР ДАУЭ ЗЭРЫДГЪЭБЭГЪУЭНУР?
  • ГУФЭГЪУЭМ ФІЫГЪУЭ КУЭД КЪЫПХУЕХЬ
  • ГуфІэгъуэ нэгъэсар къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • «Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Февраль н. 28—30

ГуфІэгъуэр — Алыхьым и тыгъэщ

  • ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭР

  • ГУФІЭГЪУЭР

  • ГУЗЭГЪЭГЪУЭР

  • ШЫІЭНЫГЪЭР

  • ФІЫГЪУЭР

  • ФІЫ ЩІЭНЫР

  • ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР

  • ГУЩАБАГЪЭР

  • ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР

ДЭТХЭНЭ цІыхури хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ хихыу, насыпыфІэу псэуну. Дэ «зэман гугъукІэ» зэджэ иужьрей махуэхэм дыщопсэу (2 Тим. 3:1). Иныкъуэ цІыхухэм я гуфІэгъуэр яфІегъэкІуэд хабзэншагъэм, узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэм, лэжьыгъэ зэрамыгъуэтым, фІыуэ ялъагъу цІыхухэр зэрылІам, я гум гузэвэгъуэ зэрилъым, шынэм. Уеблэмэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэми я гуфІэгъуэр яфІокІуэдри гукъыдэж ямыІэжу мэхъу. Апхуэдэу фэри къыфщыщІамэ, гуфІэгъуэр дауэ зэрызэвгъэгъуэтыжынур?

ЯпэщІыкІэ зэхэдгъэкІынщ гуфІэгъуэ нэгъэсар зищІысыр сытми икІи гугъуехь яІахэм емылъытауэ, ар зыхъумэфахэм я щапхъэхэр зэпкърытхынщ. Абы иужь гуфІэгъуэр зэрытхъумэным имызакъуэу, ар зэрыдгъэбэгъуэным дытепсэлъыхьынщ.

СЫТ ГУФІЭГЪУЭ НЭГЪЭСАР ЗИЩІЫСЫР?

ГуфІэгъуэ нэгъэса уиІэнымрэ нэжэгужэу ущытынымрэ зыкъым. Псалъэм папщІэ, цІыху ефар нэжэгужэу щытыфынущ. Ауэ и чэфыр пкърыкІыжа иужь, гуфІэгъуэ иІэжкъым икІи къыгуроІуэ и гугъуехьхэр нэхъ мащІэ зэрымыхъуар. Абы нэгъэса гуфІэгъуэкъым иІар, атІэ щІэхыу блэкІ гуфІэгъуэт (Прит. 14:13, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ГуфІэгъуэр — фІы гуэр къыщытІэрыхьэм е къытІэрыхьэн хуейуэ дыщыпэплъэм деж ди гум илъ, къаруушхуэ зиІэ гурыщІэ куущ. Зи гум гуфІэгъуэ илъ цІыхур насыпыфІэщ и Іуэхур Іейми фІыми емылъытауэ (1 Фес. 1:6). Ар зыгуэркІэ гузавэу щытми, абы и гум илъ гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдкъым. Псалъэм папщІэ, зэгуэрым апостолхэр щІопщкІэ яукІат, ауэ «цІыхухэр абыхэм Хьисэ и цІэкІэ къекъуэншэкІыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкІэ гуфІэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщІэкІыжащ» (Апост. 5:41). ДауикІ, апостолхэр щІэгуфІэр зэраукІаратэкъым, атІэ Алыхьым пэжу къыхуэнэну зэрахузэфІэкІарат.

Апхуэдэ гуфІэгъуэр тхэлъу дыкъалъхукъым икІи езыр-езыру диІэ хъукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, гуфІэгъуэр — Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэм ящыщ зыщ. Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ «щэныщІэфІыр фащэу» зэтшэкІыфынущ. А щэныщІэфІым гуфІэгъуэри хеубыдэ (Еф. 4:24; Гал. 5:22). ГуфІэгъуэ нэгъэса диІэмэ, ди гъащІэм гугъуехь дызрихьэлІэхэм нэхъыфІу дыпэлъэщынущ.

ЩАПХЪЭ ЗЫТЕТХ ХЪУНУХЭР

Иеговэ хуейт щІылъэм щыпсэу дэтхэнэ зыри насыпыфІэу щытыну. Ауэ нобэ дунейм хабзэншагъэр тез хъуащ. Алыхьым и гуфІэгъуэр абы фІигъэкІуэда? Хьэуэ. Библием итщ: «Абы и псэупІэм къарурэ гуфІэгъуэрэ щыІэщ» (1 Лет. 16:27). Абы нэмыщІ Иеговэ и гур егъэгуфІэ абы и лэжьакІуэхэм я ІуэхуфІхэм (Прит. 27:11, Гъэс.).

Иеговэ щапхъэ тетх хъунущ. Дэ егъэлеяуэ дыгузэвэн хуейкъым ди Іуэхур дызэрыхуейм хуэдэу мыхъумэ. Абы нэхърэ нэхъыфІщ фІы диІэм ди акъылыр тедухуэрэ, шыІэныгъэ тхэлъу ди Іуэхур нэхъыфІыж зэрыхъуным дыпэплъэмa.

Библием итщ гугъуехь зыпэщІэхуэхэм емылъытауэ я гум гуфІэгъуэ илъыр зыхъумэжыфа Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым я щапхъэхэр. Абыхэм ящыщ зыщ Ибрэхьим. Абы мызэ-мытІэу и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІа къэхъуащ икІи нэгъуэщІхэм я ягъэкІэ гугъуехь куэди ишэчащ. (ЩІэдз. 12:10—20; 14:8—16; 16:4, 5; 20:1—18; 21:8, 9). Ауэ абы и гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым. Дауэ ар абы зэрыхузэфІэкІар? Мэссихь и тепщэм щІэту дунеищІэ щыІэным щыпсэуну гугъэ иІэр Ибрэхьим зэикІ зыщигъэгъупщакъым (ЩІэдз. 22:15—18; Евр. 11:10). Хьисэ абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икІи гуфІэрт» (Ин. 8:56). Дэри Ибрэхьим щапхъэ тетхыу, къэкІуэну зэманым гуфІэгъуэ диІэнухэм дегупсыс хъунущ (Рим 8:21).

Апостол Паулрэ абы и дэІэпыкъуэгъу Силэрэ фІэщхъуныгъэ быдэ яІэт, икІи сыт хуэдэ гугъуехь ямыІами, абыхэм я гуфІэгъуэр яхъумэжыфащ. Зэгуэрым ахэр хуабжьу щІопщкІэ яукІри лъэхъуэщым ирадзэжат. Ауэ абы иужьи «Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэІуурэ, тхьэщІыхь уэрэдхэр жаІэт» (Апост. 16:23—25). Ахэр гугъэ яІэм игъэбыдэт икІи Хьисэ щхьэкІэ гугъу зэрехьыр къазэрыгурыІуэм и фІыгъэкІэ абыхэм я гуфІэгъуэр яхъумэжыфащ. Дэри абыхэм щапхъэ ятетхынущ Алыхьым хуэпэжу хуэлэжьэным гуфІэгъуэ къызэрытхуихьынур зыщыдмыгъэгъупщэмэ (Флп. 1:12—14).

Ноби къуэш шыпхъу куэд диІэщ гугъуехь зыпэщІэхуэхэм емылъытауэ я гуфІэгъуэр яхъумэжыфу. Псалъэм папщІэ, 2013 гъэм, щэкІуэгъуэм «Хайян» зыфІаща тайфунышхуэм Филиппины хуабжьу зэхикъутащ. Абы и ягъэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэу 1 000-м щІигъу унагъуэхэм я унэхэр яфІэкІуэдащ. Зыри къыхэмынэу зи унэ зэхэкъута, Таклобан къалэм щыщ Джордж мыпхуэдэу жиІащ: «Къэхъуам емылъытауэ къуэшхэр насыпыфІэщ. ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым дэ ди гум илъ гуфІэгъуэр». Гугъуехь дрихьэлІэми, ди гуфІэгъуэр тхъумэжыфынущ Иеговэ къытхуищІэ псом фІыщІэ тщІыуэ дегупсысмэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иджыри диІэ ди гум гуфІэгъуэ илъыну?

ГУФІЭГЪУЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭХЭР

ГуфІэгъуэ диІэным и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыращ. Фегупсыс: дэ дуней псор КъэзыгъэщІар доцІыху! Ар ди Адэщ, ди Алыхьщ икІи ди Ныбжьэгъущ (Пс. 71:17, 18).

Абы нэмыщІ дэ Иеговэ фІыщІэ худощІ гъащІэ къызэрыдитам щхьэкІэ икІи абы гуфІэгъуэ къызэрытхуихьым щхьэкІэ (Эккл. 3:12, 13). Дэ Иеговэ дызыбгъэдишащи, къыдгуроІуэ сыт абы къытхуигъэувми (Кол. 1:9, 10). Дэ ди гъащІэм мыхьэнэ иІэщ икІи сыт хуэдэ псэукІэ диІэн хуейми къыдгуроІуэ. Ауэ и нэхъыбэ цІыхухэм я гъащІэм и мыхьэнэр къагурыІуэкъым. Апостол Паул мы дунейм щыпсэу цІыхухэмрэ дэрэ дызэрызэщхьэщыкІыр къыхигъэщащ: «„Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкІуми зэхихакъым, зы цІыхуи игу къэкІакъым Тхьэм езыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм яхуигъэхьэзырар“. А Іуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэмкІэ [къару лъапІэмкІэ, ДЩІ] дэ къытхуигъэнэхуащ» (1 Кор. 2:9, 10). Иеговэ и мурадыр къызэрыдгурыІуэр гуфІэгъуэшхуэкъэ?

Иеговэ иджыри къытхуищІахэм фегупсыс. Псалъэм папщІэ, ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну Іэмал къыдитащ (1 Ин. 2:12). Абы нэмыщІ Алыхьым гугъэ быдэ къыдитащ куэд мыщІэу дунеищІэ зэрыщыІэнум теухуауэ (Рим 12:12). Иджыри Иеговэ и фІыгъэкІэ дуней псом тет къуэш, шыпхъухэр диІэщ (Пс. 133:1). Алыхьым и Псалъэм къыщыдощІэ ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ Иеговэ дазэрыщихъумэр (Пс. 91:11). Абыхэм дегупсысмэ, дэ зыхэтщІэнущ ди гуфІэгъуэр зэрыхэхъуэр (Флп. 4:4).

ГУФІЭГЪУЭР ДАУЭ ЗЭРЫДГЪЭБЭГЪУЭНУР?

ГуфІэгъуэ зи гум илъ Иеговэ и лэжьакІуэм и гуфІэгъуэр нэхъыбэж хуэщІыну? Хьисэ жиІащ: «Мы Іуэхухэр щІывжесІар си гуфІэгъуэр фигу илъыну, фи гуфІэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкІэщ» (Ин. 15:11). Абы къикІыр ди гуфІэгъуэр сыт щыгъуи нэхъыбэж тхуэщІынущ. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. МафІэр нэхъри къызэщІэнэн щхьэкІэ пхъэ нэхъыбэ хэдзэн хуейщ. Абы хуэдэу, ди гуфІэгъуэм хэдгъэхъуэн щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. Аращи, ди гуфІэгъуэр нэхъыбэ хъунущ Иеговэ зэпымыууэ делъэІумэ и къару лъапІэр къыдитыну, абы нэмыщІ Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтха и Псалъэм дегупсысмэ (Пс. 1:1, 2; Лк. 11:13).

Жыджэру Алыхьым игу ирихь Іуэхухэм дыхэтмэ, ди гуфІэгъуэр нэхъыбэж тхуэщІынущ (Пс. 35:27; 112:1). Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Иеговэ дыкъигъэщІащ абы и хабзэхэр дгъэзащІэу, Алыхь фІэлІыкІ диІэу дыпсэуну. Библием зэрыжиІэмкІэ аращ Алыхьым цІыхум хуигъэувыр (Эккл. 12:13). НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ Алыхьым и мурадыр дгъэзэщІэну дыкъигъэщІащ. Аращ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэшхуэ къыщІытхуихьырb.

ГУФЭГЪУЭМ ФІЫГЪУЭ КУЭД КЪЫПХУЕХЬ

ГуфІэгъуэ нэгъэсар ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи сэбэп мэхъу. Псалъэм папщІэ, уафэм щыІэ ди Адэр нэхъри арэзы къытхуэхъунущ гугъуехь диІэхэм емылъытауэ, гуфІэгъуэ ди гум илъу дыхуэлажьэмэ (Втор. 16:15; 1 Фес. 5:16—18). Абы нэмыщІ гуфІэгъуэ нэгъэсар къытхуэзыхьыр тщІэжмэ, дэ мылъку зэгъэпэщыным ди къарууэ хъуар тедгъэкІуэдэнукъым, атІэ Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъ гукъыдэж диІэу дызэрыхэтыным дыхущІэкъунущ (Мт. 13:44). Абы фІыгъуэ къихьхэр щытлъагъукІэ дэ ди гуфІэгъуэм хэхъуэнущ, гупсэхугъуэ диІэнущ икІи нэгъуэщІхэри насыпыфІэ хъун щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ (Апост. 20:35; Флп. 1:3—5).

Фи гуфІэгъуэр зэрывгъэбэгъуэным фыхущІэкъумэ, фи узыншагъэр нэхъыфІ хъуфынущ. Библием щыжеІэ: «Гухэхъуэр Іэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ» (Прит. 17:22, Гъэс.). Абы къыхуэкІуащ Небраска (Америкэ) дэт университетым щылажьэ зы щІэныгъэлІ гуэр. А щІэныгъэлІым узыншагъэм теухуауэ къэхутэныгъэ иригъэкІуэкІа иужь мыпхуэдэу жиІащ: «Нобэ уи гъащІэмкІэ арэзыууэ ущытмэ, унасыпыфІэмэ, уи узыншагъэр быдэу щытыну къыщІэкІынщ».

Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, и Псалъэм деджэу, дызэджам дегупсысмэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдитынущ, абы и фІыгъэкІэ дэ дуней гугъум дызэрыщыпсэум емылъытауэ, гуфІэгъуэ нэгъэса диІэфынущ. Абы нэмыщІ Иеговэ фІыгъуэ къыдитахэм дегупсысмэ, нэгъуэщІ и лэжьакІуэхэм я фІэщхъуныгъэм щапхъэ тетхмэ, икІи Алыхьым и мурадыр дгъэзэщІэну дыхущІэкъумэ, ди гуфІэгъуэр дгъэбэгъуэнущ. Абы щыгъуэ Псалом 64:10 ит псалъэхэр зэрыпэжыр зыхэтщІэнущ: «Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ икІи ар хъумапІэ ищІынущ».

a «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] къыбгъэдэкІ фІыхэр» щызэпкърытхыну къыкІэлъыкІуэ статьяхэм щыщ зым шыІэныгъэм дыщытепсэлъыхьынущ.

b Абы нэмыщІ феплъ «ГуфІэгъуэ нэхъыбэ фиІэну иджыри къывдэІэпыкъунур» рамкэм.

ГуфІэгъуэ нэхъыбэ фиІэну иджыри къывдэІэпыкъунур

  • Фи гъащІэр мылъкум етауэ щремыт (Лк. 12:15).

  • Уи зэфІэкІыр здынэсыр щІэж (Мих. 6:8).

  • Лэжьыгъэм, еджэным, зыгъэпсэхуным нэмыщІ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну Іуэхухэми зэман хухэх (Еф. 5:15, 16).

  • НэгъуэщІхэм куэд яхуумыгъэув уэри куэд зыхуумыгъэувыж (Флп. 4:5).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын