Алыхьым хуэлажьэхэмрэ хуэмылажьэхэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
«Фэ... флъэгъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр» (МАЛ. 3:18).
1, 2. Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэрэ? (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.)
ДОХУТЫРХЭМ уз зэрыцІалэ зиІэ сымаджэхэр щагъэхъужкІэ, зыщагъэгъупщэ хъунукъым езыхэми захъумэн зэрыхуейр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуурэ езыхэр къацІэлэнкІэ хъунущ. Дэри апхуэдэ Іуэхугъуэ диту жыпІэ хъунущ. Дэ тщыщ куэдыр Алыхьым ифІэмыфІ хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэ цІыхухэм я гъусэу мэпсэу икІи мэлажьэ. Абыхэм я гупсысэкІэр дэ зэран къытхуэхъуфынущ.
2 Зэи хуэмыдэу мы дунейм икІэ махуэхэм Алыхьыр фІыуэ зымылъагъу цІыхухэр абы фІымрэ Іеймрэ теухуауэ игъэува хабзэхэм йобакъуэ. Паул Тимофей етІуанэу письмо щыхуитхам, Алыхьыр фІыуэ зымылъагъу цІыхухэм яхэлъыну хьэл-щэн Іейхэм тепсэлъыхьащ. ИкІи абы жиІащ мы дунейм икІэр къэблэгъэхукІэ апхуэдэ хьэл-щэнхэр цІыху нэхъыбэм зэрахэлъынур. (Къеджэ 2 Тимофей 3:1—5, 13.) Апхуэдэу зэрыщытым хуабжьу дигъэгузавэу къыщІэкІынщ, ауэ абы къикІкъым абыхэм я гупсысэкІэр зэран къытхуэмыхъуфыну (Прит. 13:20, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Алыхьым и лэжьакІуэхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэмрэ цІыхухэм иджыпсту ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэмрэ хуабжьу зэрызэщхьэщыкІыр. Дэ иджыри дытепсэлъыхьынущ цІыхухэм Иеговэ къацІыхуну дащыдэІэпыкъукІэ абыхэм я гупсысэкІэм хуэдэ къызэрыдмыщтэным.
3. 2 Тимофею 3:2—5 ит псалъэхэм хэт зи гугъу ящІыр?
3 Паул итхауэ щытащ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къызэрыкІуэнур». Абы иужь ди зэманым псэуну цІыхухэм яхэлъыну хьэл-щэн Іейуэ 19 кърибжэкІащ. Рим 1:29—31 апхуэдэ хьэл-щэнхэм ущрохьэлІэ, ауэ Паул Тимофей хуитха письмом къыщрибжэкІа хьэл-щэнхэм щыщу языныкъуэхэм АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм зыщІыпІи ущрихьэлІэкъым. Ауэ апхуэдэ хьэл-щэнхэр псоми яхэлъыну жиІэкъым. Алыхьым и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІ щытыкІэщ яІэр. (Къеджэ Малахия 3:18a.)
ДЭ ЕЗЫМ ДЫЗЭРЫЗЫХУЩЫТЫР
4. ЦІыху пагэм сыт хуэдэ щытыкІэ иІэ?
4 Паул цІыхухэм езыхэм фІыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фІыуэ ялъагъунущ жиІа иужь, ахэр закъыфІэщІыжауэ, пагэу, я пэр драгъэзейуэ зэрыщытынур итхащ. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэхэр зэфІэкІ, теплъэ, мылъку яІэм щхьэкІэ е цІыхубэм увыпІэ щаІэм щхьэкІэ адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъызыщыхъужхэращ. Апхуэдэ цІыхухэр хуабжьу хуейщ ахэр нэгъуэщІхэм ягъэлъэпІэну, псоми ягу ирихьу щытыну. ЩІэныгъэлІ гуэрым егъэлеяуэ пагагъ зыхэлъ цІыхум щхьэкІэ мыпхуэдэу итхащ: «Абы и гум ТхьэлъэІупІэ цІыкІу щиІэу езым щхьэщэ зыхуещІыж». Иныкъуэхэм жаІэ, пагагъэр апхуэдизкІэ гущыкІыгъуэщи, цІыху пагэхэми яхуэшэчкъым а хьэл-щэныр нэгъуэщІхэм щахэлъым деж.
5. Алыхьым хуэпэжу щыта, ауэ иужькІэ пагэ хъуахэм я щапхъэ къэфхь.
5 Иеговэ илъагъу хъуркъым «пагагъэ зыхэлъ плъэкІэр» (Прит. 6:16, 17, Гъэс.). Пагагъэр цІыхум зэран хуохъу Алыхьым гъунэгъу зыхуищІыну (Пс. 10:4). Пагагъэр — Иблисым хэлъ хьэл-щэнщ (1 Тим. 3:6). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэри пагэ хъуащ. Иудэм и пащтыхь Озие илъэс куэдкІэ Алыхьым хуэпэжу щытащ. Ауэ Библием жеІэ: «Ар лъэщ хъуа иужь абы и гур пагэ хъуащ икІи абы игъэунэхъуащ. Абы и Алыхь Иеговэ епцІыжри, Алыхьым и Унэшхуэм щІыхьащ фимиамыр здагъэс къурмэн щІыпІэм фимиам щигъэсын щхьэкІэ». ИужькІэ пащтыхь Езекии зы зэман гуэркІэ пагагъэр къытекІуауэ щытащ (2 Лет. 26:16; 32:25, 26).
6. Даут пагэ хъуну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІа? Сыт абы Іэдэбагъ хэлъыну къыдэІэпыкъуар?
6 Языныкъуэхэм ябж абыхэм теплъэ дахэ яІэмэ, ахэр цІэрыІуэмэ, уэрэд дахэу жаІэмэ, къарууфІэмэ е цІыхубэм увыпІэ лъагэ щаІэмэ, пагэу щытыну щхьэусыгъуэ яІэу. Даут зи гугъу тщІа псор иІэт, ауэ псэухукІэ абы Іэдэбагъ хэлъащ. Ар Джэлу́тІ (Голиаф) текІуа иужь, Щаул абы жриІат и пхъухэм щыщ зы къишэ хъуну. Ауэ Даут жиІащ: «Сыхэт сэ, хэт си Іыхьлыхэри, Израилым дэс си адэм и унагъуэри, сэ пащтыхьым и малъхъэ сыхъуну?» (1 Сам. 18:18). Сыт Даут Іэдэбагъ зыхигъэлъыну къыдэІэпыкъуу щытар? Даут къыгурыІуэт и хьэл-щэныфІхэр, зэфІэкІхэр, увыпІэ лъагэр, Алыхьым Іэдэбагъ игъэлъагъуэу, гулъытэ къызэрыхуищІам и фІыгъэкІэ зэриІэр (Пс. 113:5—8). Абы къыгурыІуэт иІэу хъуар Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр. (Евгъапщэ 1 Коринф 4:7.)
Дыкъэзыухъуреихь цІыхухэр, Іэдэбагъ зэрытхэлъым хуигъэушынкІэ хъунущ Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыну
7. Іэдэбагъ тхэлъу дыщытын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур?
7 Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр, Даут щапхъэ трахыу, Іэдэбагъ зыхагъэлъыну хущІокъу. ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхь Иеговэ Іэдэбагъ зэригъэлъагъуэм дыщегупсысым деж, абы хуабжьу дегъэпІейтей (Пс. 18:35). Дэ дыхуейщ Колоссэ 3:12 итым дытетыну: «ГущІэгъунри, фІыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ». Абы нэмыщІ дэ дощІэ: лъагъуныгъэр «зыщытхъужыркъым икІи зыкъыфІэщІыжыркъым» (1 Кор. 13:4). Дэ Іэдэбагъ тхэлъу щалъагъум деж, адрей цІыхухэми Иеговэ къацІыхуну яхуеинкІэ хъунущ. ЦІыхубзхэм зыри жамыІэми, я щхьэгъусэхэм абыхэм я псэукІэр щалъагъум деж фІэщхъуныгъэ яІэ зэрыхъум хуэдэу, дыкъэзыухъуреихь цІыхухэри, Іэдэбагъ зэрытхэлъым хуигъэушынкІэ хъунущ Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыну (1 Пет. 3:1).
НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫР
8. 1) Сабийхэр адэ-анэхэм зэремыдаІуэм дауэ языныкъуэхэр зэрыхущытыр? 2) Библием сабийхэр сытым къыхуриджэрэ?
8 Паул иужьрей махуэхэм цІыхухэр зэрызэхущытынум теухуауэ итхауэ щытащ. Псалъэм папщІэ, абы жиІащ сабийхэр адэ-анэхэм зэремыдэІуэнур. Языныкъуэхэм апхуэдэ щытыкІэр къезэгъыу ябж. Нобэ тхылъхэм, фильмхэм икІи телевизорымкІэ къагъэлъагъуэ программэхэм сабийхэр жыІэмыдаІуэу зэрыщытым зыри Іей хэмылъу къыпщагъэхъу. Ауэ жыІэмыдаІуэныгъэр унагъуэм илъ мамырыгъэм зэран хуохъу икІи, икІэм-икІэжым цІыхубэм я зэкъуэтыныгъэри нэхъ махэ ещІ. Ар апхуэдэу зэрыщытыр цІыхухэм куэд щІауэ ящІэ. Апхуэдэу, ижь зэманым Грецием зыгуэрым и Іэр и адэ-анэм къыхуиІэтамэ, къэралым хуитыныгъэ кърит псори фІэкІуэдт, абы нэмыщІ Римым зи адэм еуам цІыхуукІым тралъхьэ тезырым хуэдэ тралъхьэт. Библием и гугъу пщІымэ, ЖуртыбзэкІи АлыджыбзэкІи тха Тхыгъэхэм итщ сабийхэр адэ-анэхэм едэІуэн хуейуэ (Исх. 20:12; Еф. 6:1—3).
9. Сыт сабийхэм къадэІэпыкъунур я адэ-анэхэм едэІуэну?
9 Сыт сабийхэм къадэІэпыкъунур я адэ-анэхэм едэІуэну, къэзыухъуреихьхэр жыІэмыдаІуэу щытми? Сабийхэр адэ-анэхэм къыхуащІэ псом егупсыс хъунущ. Абыхэм я гум фІыщІэ илъынущ, адэ-анэм едэІуэныр уафэм щыІэ ди Адэм и унафэу зэрыщытыр зыщамыгъэгъупщэмэ. Сабийхэр я адэ-анэхэм фІыкІэ щытепсэлъыхьым деж, абыхэм я ныбжьэгъухэм щапхъэфІ ирагъэлъагъу. ДауикІ, адэ-анэхэм уедэІуэну гугъущ, абыхэм сабийхэм фІылъагъуныгъэ хуамыІэжу щытмэ. Ауэ сабийхэм я адэ-анэм фІыуэ къызэралъагъур щызэхащІэм деж, езыхэм нэгъуэщІ ящІэну хуейми, абыхэм я дежкІэ нэхъ тынш мэхъу жыІэдаІуэу щытыну. О́стин и цІэу ди зы къуэшым жеІэ: «Си адэм имыдэр сщІэну сыщыхуей щІэх-щІэхыурэ къэхъут. Ауэ си адэ-анэм Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къысхуащІт, абыхэм сытетын щІыхуейр къызгурагъаІуэт икІи ахэр сыт щыгъуи къызэпсэлъэну хьэзырт. А псор къыздэІэпыкъут жыІэдаІуэу сыщытыну. Сэ абыхэм фІыуэ сызэралъагъур зыхэсщІэти, сыхуейт ахэр си щытыкІэмкІэ згъэгуфІэну».
10, 11. 1) ЦІыхухэм лъагъуныгъэ зэрахуримыкъур сыт хуэдэ хьэл-щэнхэм къагъэлъагъуэрэ? 2) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гъунэгъухэр фІыуэ ялъагъуным къикІыр сыт?
10 Паул иджыри цІыхухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэмылъыжыр къэзыгъэлъагъуэ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэр кърибжэкІащ. Адэ-анэхэм емыдаІуэу цІыхухэр щытыну жиІа иужь, Паул адэкІэ арэзыныгъэ зэрамыІэжынум и гугъу ищІащ. ИкІи ар абы иужь иту зэрыжиІэр гурыІуэгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ арэзыуэ щымыт цІыхум къыхуащІэр зэи фІыщІэ ищІкъым. Абы нэмыщІ Паул жеІэ цІыхухэм зэкІужыныгъэр зыхуэдэр ямыщІэну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ, зэкІужын щхьэкІэ къару ирамыхьэлІэну. ИкІи цІыхухэр шхыдэрейуэ щытынущ, уащыгугъи хъужынукъым, абы къикІыр абыхэм псалъэ мыхъумыщІэхэр цІыхухэми Алыхьыми хуэгъэзауэ жаІэнущ. Паул иджыри жеІэ иужьрей махуэхэм цІыхухэр нэгъуэщІ цІыхухэм ІейкІэ тепсэлъыхьыну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхум и цІэр зыгъэулъий хъыбархэр ягъэІунуb.
11 Апхуэдэ щытыкІэр хуабжьу къыщхьэщокІ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гъунэгъу цІыхухэм хуаІэ лъагъуныгъэ пэжым. ИкІи апхуэдэу сыт щыгъуи щытащ. Хьисэ жиІауэ щытащ Мусэ и хабзэм хыхьэ унафэхэм щыщу уи гъунэгъур фІыуэ плъагъун зэрыхуей унафэм нэхърэ нэхъыщхьэу зы унафэ закъуэ фІэкІ щымыІэу — Иеговэ фІыуэ лъагъун зэрыхуейр (Мт. 22:37—39). Хьисэ зэрыжиІамкІэ я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэщ Хьисэ и лъэужь итхэр къызэрацІыхунур. (Къеджэ Иуан 13:34, 35.) Абыхэм я бийхэри фІыуэ ялъагъун хуейщ (Мт. 5:43, 44).
12. Дауэ Хьисэ къызэригъэлъэгъуар цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъур?
12 Хьисэ цІыхухэр и гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ илъагъут. Ар къалэхэм кІуэурэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ хъыбарыфІыр игъэІут. Абы нэфхэр, лъашэхэр, уэшын уз зыпкърытхэр икІи дэгухэр игъэхъужт, абы нэмыщІ лІахэри къигъэтэджыжт (Лк. 7:22). Хьисэ и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ итащ, ар куэдым ялъагъу мыхъуу щытами. Абы лъагъуныгъэ гъэлъэгъуэнымкІэ уафэм щыІэ и Адэм нэгъэсауэ щапхъэ трихт. Дуней псом щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэми Хьисэ щапхъэ трахри, лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ.
13. Дауэ ди лъагъуныгъэм нэгъуэщІхэр зэрыхуигъэушыфынур Иеговэ гъунэгъу зыхуащІыну?
13 Ди лъагъуныгъэм нэгъуэщІхэри хуигъэушыфынущ уафэм щыІэ я Адэр нэхъыфІу къацІыхуну. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Таиланд щыщ зы цІыхухъу гуэр региональнэ конгрессым кІуат. Абы щыІэ цІыхухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр апхуэдизу и гум хыхьати, унэм къызэрыкІуэжу Иеговэ и Щыхьэтхэм елъэІуащ Библием тхьэмахуэм тІэу ирагъэджэну. Абы иужь ар и Іыхьлыхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэу щІидзащ. ИкІи илъэс ныкъуэ фІэкІа дэмыкІауэ ар япэ дыдэу зэхуэсым и пащхьэм Библием щыщ пычыгъуэ къеджащ. ФхузэфІэкІыу пІэрэ фэри фи лъагъуныгъэр нэгъуэщІхэм евгъэлъэгъуну? ФызэупщІыж: «Си Іыхьлыхэм, зэхуэсым щыщ си къуэш, си шыпхъухэм икІи хъыбарыфІыр зыжесІэхэм садэІэпыкъун щхьэкІэ къарууэ сиІэр есхьэлІэу пІэрэ? ЦІыхухэм Иеговэ зэрыхущытым хуэдэу сэри сахущытыну иужь сит?»
ДЫГЪУЖЬХЭМРЭ ЩЫНЭХЭМРЭ
14, 15. ХьэкІэкхъуэкІэхэм яхэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр цІыху куэдым ягъэлъагъуэрэ? Сыт языныкъуэхэм захъуэжыну къадэІэпыкъуар?
14 Библием зэрыжиІэмкІэ иужьрей махуэхэм дэ зызыпыІуддзын хуей нэгъуэщІ хьэл-щэн Іейхэри цІыхухэм ягъэлъэгъуэнущ. Псалъэм папщІэ, фІыгъуэр фІыуэ ялъагъужынукъым. Апхуэдэ цІыхухэм фІыр ялъагъу хъукъым икІи абы пэщІоувэ. Абыхэм захуэшыІэжынукъым икІи гущІэгъуншэ хъунущ. Языныкъуэхэр щхьэпсынщІагъэкІэ псэунущ, я ІуэхущІафэкІи я псалъэхэмкІи адрейхэм зэран зэрахуэхъум емыгупсысу.
15 ХьэкІэкхъуэкІэхэм яхэлъ хьэл-щэнхэм хуэдэ зыхэлъа куэдым я гъащІэр фІыкІэ яхъуэжащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр зэрыщыІэным теухуауэ Библием щыжыІауэ щытащ. (Къеджэ Исаия 11:6, 7c.) Дэ бегъымбар Ешайа (Исаия) и тхылъым дыщоджэ дыгъужьымрэ аслъэнымрэ щынэ цІыкІухэм икІи шкІэхэм я гъусэу мамыру зэрыпсэунур. Сыт абыхэм я зэхуаку мамырыгъэ щІыдэлъынур? Библием ар къыдгурегъаІуэ: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ» (Ис. 11:9). Ауэ хьэкІэкхъуэкІэхэм Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зрагъэгъуэтыфынукъым, абы къыдгурегъаІуэ а псалъэхэр цІыхухэми хуэгъэзауэ зэрыщытыр.
Библием гъащІэр ихъуэжыфынущ! (16-нэ абзацым феплъ.)
16. ЦІыхухэм захъуэжыну Библиер дауэ дэІэпыкъуэгъу зэрыхъур?
16 Къуэш, шыпхъу куэдыр япэм дыгъужь бзаджэхэм хуэдэу щытащ, ауэ иджы ахэр нэгъуэщІхэм я гъусэу мамыру мэпсэу. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм теухуауэ «Библием гъащІэр ехъуэж» жыхуиІэ статьяхэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ. Иеговэ къэзыцІыхуу, абы хуэлэжьэн щІэзыдзахэм щхьэкІэ жыпІэ хъунукъым абыхэм Тхьэм и фІэлІыкІ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэу, ауэ Тхьэм и лъэкІыныгъэр ямыдэу. НэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр Алыхьым пэжу хуэлажьэ хуэдэу фэ зытезыгъауэхэм ящыщкъым. АтІэ япэм къэгубжьыгъуафІэу щытахэр «щэныщІэфІыр фащэу» зрашэкІащ (Ефес 4:23, 24). Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къащІэху, абыхэм къагуроІуэ абы и унафэхэр зэрыгъэзэщІэн хуейр. Ахэр хьэзырщ я еплъыкІэр, я хьэл-щэныр икІи я щытыкІэр яхъуэжыну. Зыпхъуэжыну тыншкъым, ауэ Алыхьым и къару лъапІэр ар арэзы зыщІыну хуейхэм ярет захъуэжыфын щхьэкІэ.
Зыпхъуэжыну тыншкъым, ауэ Алыхьым и къару лъапІэр ар арэзы зыщІыну хуейхэм ярет захъуэжыфын щхьэкІэ
«АПХУЭДЭ ЦІЫХУХЭМ ПЭІЭЩІЭ ЗЫЩІ»
17. Алыхьым ифІэмыфІ хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэ цІыхухэм я гупсысэкІэр зэран къытхуэмыхъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
17 Алыхьым хуэлажьэхэмрэ хуэмылажьэхэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр кІуэтэхукІэ нэхъ нэрылъагъу хъуурэ макІуэ. Дэ дысакъын хуейщ нэгъуэщІхэм я щытыкІэ Іейр ди гупсысэкІэм зэран хуэмыхъун щхьэкІэ. Иеговэ унафэ къытхуещІ 2 Тимофей 3:2—5 зи гугъу ищІ цІыхухэм пэІэщІэ зытщІыну. ДауикІ, Алыхьым ифІэмыфІ хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэ цІыху псоми пэІэщІэ захуэтщІыфынукъым. Дэ абыхэм школым, лэжьапІэм, уеблэмэ, унэми дащрохьэлІэ. Ауэ дэ тхузэфІэкІынущ абыхэм я гупсысэкІэм хуэдэ къэдмыщтэну икІи я хьэл-щэнхэм хуэдэ зыхэдмылъхьэну. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъунущ, Библием деджэмэ, абы нэмыщІ дэ тхуэдэу Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр ныбжьэгъу тщІымэ.
18. Ди щытыкІэмрэ ди псалъэхэмрэ нэгъуэщІхэм Алыхьыр къацІыхуну дауэ сэбэп зэрахуэхъур?
18 Дэ дыхуейщ нэгъуэщІ цІыхухэми Алыхьыр къацІыхуну. Абы щхьэкІэ, дэ цІыхухэм пэжым теухуауэ дызэрепсэлъэн Іэмалхэр къэтлъыхъуэн хуейщ икІи Иеговэ делъэІун хуейщ хуэкІуэ псалъэхэр и зэманым къэдгъуэтыну къыддэІэпыкъуну. НэгъуэщІхэм ящІэн хуейщ дэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр. Абы щыгъуэ ди щытыкІэфІым дэракъым игъэлъэпІэнур, атІэ Алыхьыращ. Езы Иеговэ дызыхуригъаджэр мыхэращ: «Тхьэм и фІэлІыкІ зыхэмылъ псэукІэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэми ди щІыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диІэу, Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр» (Тит 2:11—14). Дэ ди ІуэхухэмкІэ Алыхьыр дгъэгуфІэну дыхущІэкъуу щытмэ, ди щытыкІэфІыр нэгъуэщІхэм щалъагъукІэ жаІэфынущ: «Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэхэтхащ фэ Алыхьыр фи гъусэу» (Зах. 8:23).
a Малахия 3:18: «Фэ аргуэру флъэгъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр».
b «НэгъуэщІым пцІы тезылъхьэкІэ» е «ныкъуэкъуэгъукІэ» зэрадзэкІащ алыджыбзэкІэ диа́болос жыхуиІэ псалъэр. Библием а псалъэмкІэ ШейтІаным йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым пцІы трилъхьэу, абы и цІэр егъэулъий.
c Исаия 11:6, 7: «Дыгъужьыр щынэм и гъусэу псэунущ, къаплъэнымрэ чыцІымрэ зэбгъэдэлъынущ. Танэр, аслъэныщІэр, Іэщ гъэшхар зэгъусэу псэунущ икІи ахэр щІалэ цІыкІум къришэкІынущ. Жэмымрэ мыщэмрэ зэдэшхэнущ икІи абыхэм я шырхэр зэгъусэу зэбгъэдэлъынущ. Аслъэнми гуум хуэдэу мэкъу ишхынущ».