ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Январь н. 21—26
  • Насып пэж къыпхуэзыхь лъагъуныгъэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Насып пэж къыпхуэзыхь лъагъуныгъэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • АЛЫХЬЫРА ХЬЭМЭРЭ УИ ЩХЬЭРА ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУНУР?
  • УАФЭРА ХЬЭМЭРЭ ЩІЫЛЪЭРА МЫЛЪКУР ЩЫЗЭХУЭТХЬЭСЫН ХУЕЙР?
  • АЛЫХЬЫР ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУНЫРА ХЬЭМЭРЭ ЗЫГЪЭТХЪЭЖЫНЫРА КЪЫХЭТХЫНУР?
  • НАСЫПЫМ УХУЭЗЫШЭ ГЪУЭГУ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Январь н. 21—26

Насып пэж къыпхуэзыхь лъагъуныгъэ

«НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (ПС. 144:15).

УЭРЭДХЭР: 111, 109

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Сыт къыддэІэпыкъунур ди щхьэр егъэлеяуэ фІыуэ дымылъагъужыну?

  • Ахъшэм сыт насыпыфІэ дыдэ дыщІимыщІыфынур?

  • Нэгу зегъэужьыным дызэрыхущытыр зэхэдгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

1. СыткІэ гъэщІэгъуэн дэ зэман дыщыпсэур?

ДЭ ЗЫМИ ХУЭМЫДЭ зэман гъэщІэгъуэным дыщопсэу. Библием къэхъуну зэрыжиІам хуэдэу, нобэ Иеговэ «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу... цІыху куэдыкІей» зэхуешэс. А «лъэпкъ лъэщыр» цІыху насыпыфІэу мелуаний нэхърэ нэхъыбэ мэхъу икІи абыхэм «жэщи махуи... Тхьэр ягъэлъапІэ» (Апок. 7:9, 15; Ис. 60:22). Абыхэм Алыхьри цІыхухэри я гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ ялъагъу. А лъэпкъым и бжыгъэр иджы хуэдэу куэд щыхъуа зэи къэхъуакъым.

2. ЦІыхум Алыхьыр и ныбжьэгъуу щымытмэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ иІэ хъурэ? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

2 Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм иджыри щыжыІауэ щытащ, ди зэманым цІыхум Алыхьыр и ныбжьэгъуу щымытмэ, лъагъуныгъэ пэж зэримыгъэлъэгъуэфынур. Апостол Паул иужьрей махуэхэм теухуауэ щыжиІэм мыпхуэдэу итхат: «цІыхухэм езыхэм фІыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фІыуэ ялъагъунущ... Тхьэр фІыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ» (2 Тим. 3:1—4). Ар щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэщ икІи апхуэдэ лъагъуныгъэр Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм пэщІоувэ. Зыгуэр егупсысынкІэ хъунущ езым и щхьэ Іуэхур сыт щыгъуи япэ иригъэщу зыхуейм фІэкІа имыщІэу щытмэ, насыпыфІэ хъуну, ауэ апхуэдэ цІыхум и щхьэр къигъэпцІэжу аращ. Апхуэдэ гупсысэкІэм дунейм тет цІыхухэр нэхъри щхьэхуещэ ещІ икІи абы щхьэкІэ дунейм ущыпсэуну егъэлеяуэ нэхъ гугъу мэхъу.

3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур икІи сытым щхьэкІэ?

3 Паул къыгурыІуэт мы дунейм зыщызыубгъуа щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэм Алыхьым и лэжьакІуэхэм я деж шынагъэ зэрыхэлъыр. Абы къыхэкІкІэ абы чэнджэщ итауэ щытащ: «Апхуэдэ цІыхухэм пэІэщІэ зыщІ» (2 Тим. 3:5). Ауэ апхуэдэ цІыхухэм дапэщІэмыхуэххэу тхуэщІынукъым. НтІэ, сыт дэ тщІэ хъунур мы дунейм тет цІыхухэм я гупсысэкІэм хуэдэ димыІэн щхьэкІэ икІи ди щытыкІэмкІэ лъагъуныгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ? АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ 2 Тимофей 3:2—4 зи гугъу ищІ лъагъуныгъэмрэ дэ дгъэлъэгъуэну Алыхьыр зыхуей лъагъуныгъэмрэ зэрызэщхьэщыкІым. Ар къыддэІэпыкъунущ зыдгъэунэхужу, насып пэжыр къыпхуэзыхь лъагъуныгъэр дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ зызэрытхъуэжын хуейр къэтлъэгъуну.

АЛЫХЬЫРА ХЬЭМЭРЭ УИ ЩХЬЭРА ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУНУР?

4. Йомыгъэлейуэ уи щхьэр фІыуэ плъагъужыным сыт зыри Іей щІыхэмылъыр?

4 «ЦІыхухэм езыхэм фІыуэ залъагъужынущ». Паул и псалъэхэм къикІыу пІэрэ, фІыуэ зыплъагъуж мыхъуну? Хьэуэ. ФІыуэ зыплъагъужыным икІи уигу зрихьыжыным зыри Іей хэлъкъым икІи апхуэдэу щытын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Иеговэ апхуэдэу дыкъигъэщІащ. Хьисэ унафэ къытхуищІащ: «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мк. 12:31). Дэ фІыуэ зыдмылъагъужмэ, ди гъунэгъури фІыуэ тхуэлъагъунукъым. Абы нэмыщІ Библием щыжеІэ: «ЛІым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ. Зи фызыр фІыуэ зылъагъум и щхьэри фІыуэ елъагъуж. Зыми езым и пкъыр илъагъу мыхъуу зэи щытакъым, атІэ пкъыр зыхуэныкъуэр ирегъэгъуэт икІи йогугъу» (Еф. 5:28, 29). Зэрытлъагъущи, уи щхьэр фІыуэ плъагъужын хуейщ, ауэ йомыгъэлейуэ.

5. И щхьэр егъэлеяуэ фІыуэ зылъагъуж цІыхум сыт хуэдэ щытыкІэ иІэ?

5 2 Тимофей 3:2 нэгъуэщІ лъагъуныгъэщ зи гугъу ищІыр. Паул зытепсэлъыхьар щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэращ. ЦІыху щхьэхуэфІыр и щхьэм егъэлеяуэ йогупсыс. (Къеджэ Рим 12:3.) Япэ дыдэу абы къилъыхъуэр езым и Іуэхур нэхъыфІ зэрыхъуныращ, адрейхэр къыфІэІуэхущэкъым. Зыгуэр къемыхъулІауэ щытмэ, абы езым нэмыщІ хэти игъэкъуаншэнущ. Библием теухуа зы тхылъым, и щхьэр егъэлеяуэ фІыуэ зылъагъуж цІыхур цыжьбанэ зызышыхьам ирегъэщхь. Абы езым щхьэкІэ и цыр щабэщ, хуабэщ, ауэ и банэхэр нэгъуэщІхэм яхуэгъэзащ. Апхуэдэ щхьэхуещэхэр насыпыфІэ хъуфынукъым.

Дэ тхэлъыну Алыхьыр зыхуей лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэну

6. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм сыт къыпэкІуэр?

6 Библием елэжь щІэныгъэлІхэр зэрегупсысымкІэ, щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэращ Паул адэкІэ зи гугъу ищІа хьэл-щэн Іейхэр къызыхэкІыр. Аращ апостолым иужьрей махуэхэм цІыхухэм хьэл-щэн Іей яхэлъынухэр къыщрибжэкІым, ар ипэ щІригъэщар. Ауэ Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм нэгъуэщІ хьэл-щэнхэращ ягъэлъагъуэр. Библием зэрыжиІэмкІэ, дэ тхэлъыну Алыхьыр зыхуей лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэну. Псалъэм папщІэ: гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, фІы щІэныр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр (Гал. 5:22, 23). Псаломым итщ: «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (Пс. 144:15). Иеговэ — Алыхь насыпыфІэщ, абы хуэлажьэхэри насыпыфІэщ. Абы нэмыщІ зи фейдэ къэзылъыхъуэ щхьэхуещэ цІыхухэм елъытауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гуфІэгъуэ хах, нэгъуэщІхэм фІы гуэр щыхуащІэм деж (Апост. 20:35).

Ди щхьэм фІэкІа зыри фІыуэ дымылъагъужу дымыхъун щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр къэтщІэну сыт хуэдэ упщІэхэр къыддэІэпыкъуну?

7 Дауэ зэрызэхэдгъэкІынур Алыхьыр зэрытлъагъум нэхърэ ди щхьэр нэхъыфІу тлъагъуу дыхъуарэ дымыхъуарэ? Филиппи 2:3, 4 ит псалъэхэм фегупсыс: «Зэщыхьэнми зыкъыфІэщІыжынми къахэкІауэ зыри фымыщІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу. Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ». УзэупщІыж хъунущ: «Сытету пІэрэ сэ мы чэнджэщым? Алыхьым и мурадыр згъэзэщІэну иужь сит? Зэхуэсым хэт ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ хъыбарыфІыр зыжесІэхэмрэ сазэрыдэІэпыкъун Іэмал къэслъыхъуэу пІэрэ?» Апхуэдэу пщІэну, дауикІ, сыт щыгъуи тыншкъым. Абы щхьэкІэ уэ узыхуей е пфІэфІ гуэр къэбгъэнэнкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэу тщІэмэ, Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Алыхьыр дгъэгуфІэнущ. Абы нэхърэ нэхъыфІ щыІэ?

8. Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр сытым хуигъэуша?

8 Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр хуигъэушащ, хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ хэтын щхьэкІэ, къулей зыщІыфыну къулыкъур къагъэнэну. Америкэм щыпсэу Эрика дохутыру мэлажьэ. Абы и лэжьыгъэмкІэ ар цІэрыІуэ хъуфынут, ауэ абы пионеру лэжьэну мурад ищІащ. Эрика и щхьэгъусэм и гъусэу къэрал куэдым хъыбарыфІыр щагъэІуащ. Абы жеІэ: «Дэ нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм дадоІэпыкъу. Абы къыхэкІкІэ, ныбжьэгъу куэд зэдгъэгъуэтащ икІи ди гъащІэм Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэди къыщыхъуащ. А псом нэхъ насыпыфІэ дищІащ. Сэ иджыри къыздэсым дохутыру солажьэ, ауэ си къарумрэ си зэманымрэ нэхъыбэу зытезгъэкІуадэр цІыхухэм Алыхьыр къызэрезгъэцІыхуныращ икІи зэхуэсым сызэрыдэІэпыкъуныращ. Абы сэ си гум гуфІэгъуэр из ещІ».

УАФЭРА ХЬЭМЭРЭ ЩІЫЛЪЭРА МЫЛЪКУР ЩЫЗЭХУЭТХЬЭСЫН ХУЕЙР?

9. Ахъшэр фІыуэ зылъагъу цІыхур сыт насыпыфІэ щІэмыхъуфынур?

9 Паул итхащ цІыхухэм «ахъшэр фІыуэ ялъагъуну». Илъэс зыбжанэ ипэ, Ирландием пионеру щылажьэ ди зы къуэшым хъыбарыфІыр игъэІуу цІыхухъу гуэрым хуэзащ. Абы щепсалъэм цІыхухъум и ахъшалъэм ахъшэ къыдихри ди къуэшым къыжриІащ: «Мыращ сэ си Алыхьыр!» Нобэ апхуэдэу пэжыр къыбжезыІэфын куэд дримыхьэлІэми, куэдым ахъшэри абы кърипщэхуфынури фІыуэ ялъагъу. Ауэ Библием дигу къегъэкІыж: «Дыжьыныр фІыуэ зылъагъум зигъэнщІынкъым дыжьынкІэ, мылъкур фІыуэ зылъагъуми — хэхъуэкІэ» (Эккл. 5:10). Ахъшэр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм дапхуэдиз ямыІэми, сыт щыгъуи яфІэмащІэщ. Абыхэм нэхъыбэж зыІэрагъэхьэну иужь итурэ «гухэщІ Іэджэ я щхьэм къыхуахьыж» (1 Тим. 6:9, 10).

10. ТхьэмыщкІагъэмрэ къулеигъэмрэ теухуауэ сыт Библием жиІэр?

10 ДауикІ, дэ псори ахъшэм дыхуэныкъуэщ. Зы лъэныкъуэ гуэркІэ ахъшэм дыкъехъумэ (Эккл. 7:12). Ауэ цІыхур насыпыфІэ хъуфыну, зыхуэныкъуэм фІэкІа имыІэу щытмэ? Шэч хэмылъу хъуфынущ! (Къеджэ Экклезиаст 5:12a.) Притчи тхылъыр зытхахэм ящыщ зыр Алыхьым мыпхуэдэу елъэІут: «БеигъэкІи къулейсызыгъэкІи укъызэмытэу ерыскъы ІыхьэкІэ Уэ къысхуэупсэ». ГурыІуэгъуэщ ар тхьэмыщкІэу псэуну щІыхуэмеяр. Ар хуейтэкъым дыгъуэу Алыхьым и напэр трихыну. Ауэ къулейуэ щытыну сытыт ар щІыхуэмейр? Абы етх: «Уи пащхьэ ныбэизыгъэкІэ сыщыудафэу „Хэт Тхьэуэ Зиусхьэныр?“ жызмыІэным щхьэкІэ» (Прит. 30:8, 9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Фэри фрихьэлІауэ къыщІэкІынщ Алыхьым щымыгугъыу, я мылъкум щыгугъ цІыхухэм.

11. Ахъшэм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ чэнджэщ къыдитар?

11 Ахъшэр фІыуэ зылъагъум Алыхьыр игъэгуфІэфынукъым. Хьисэ жиІащ: «ЗиусхьэнитІым хуэлэжьэн зыми лъэкІынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фІыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ». Абы нэмыщІ абы жиІауэ щытащ: «ЩІылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щІылъэм щыІэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкІуэдыж, дыгъуакІуэхэм яхъунщІэ икІи ядыгъури. Ауэ уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс. Хъуным абы зыри щишхыркъым, зыри щыулъийркъым, дыгъуакІуэхэри щыІэбэркъым икІи щыдыгъуэркъым» (Мт. 6:19, 20, 24).

12. Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ, я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьахэм хъыбарыфІыр ягъэІуну Іэмал нэхъыбэ яІэ зэрыхъуар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэм фытепсэлъыхьыж.

12 Языныкъуэхэм я гъащІэр мылъкум етауэ щымытын щхьэкІэ, зэхъуэкІыныгъэ зэращІам нэхъ насыпыфІэ ищІащ икІи абыхэм Иеговэ хуэлэжьэну зэман нэхъыбэ яІэ хъуащ. Америкэм щыпсэу ди къуэш Джек унэшхуэрэ бизнесрэ иІащ. Ауэ абы а псор къигъэнащ, и щхьэгъусэм и гъусэу пионеру лэжьэну хуейти. Абы игу къегъэкІыж: «Гугъут ди унэ дахэмрэ щІапІэмрэ тщэжыну дытегушхуэну». Ауэ ар лэжьапІэм зыІущІэ гугъуехьхэм щхьэкІэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ ешауэ, нэщхъейуэ унэм къэкІуэжт. Абы жеІэж: «Си щхьэгъусэр пионеру лажьэти, сыт щыгъуи гуфІэгъуэ иІэт. Абы жиІэт: „Сэ псом нэхърэ нэхъыфІ Нэхъыщхьэ сиІэщ!“ Иджы сэри сыпионерщи, тІури зэгъусэу Иеговэ дыхуолажьэ».

Библием ахъшэм теухуауэ жиІэр си фІэщ хъурэ икІи си ІуэхущІафэхэм ар къагъэлъагъуэрэ?

Ахъшэм фІэкІа зыри фІыуэ дымылъагъужу дымыхъун щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Ахъшэм дызэрыхущытыр зэхэдгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

13 Ахъшэм фызэрыхущытыр зэхэвгъэкІын щхьэкІэ, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефти, зывгъэунэхуж: «Библием ахъшэм теухуауэ жиІэр си фІэщ хъурэ икІи си ІуэхущІафэхэм ар къагъэлъагъуэрэ? Ахъшэ къэлэжьыныр си гъащІэм псом нэхъ япэ измыгъэщу пІэрэ? Иеговэрэ сэрэ икІи нэгъуэщІ цІыхухэмрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэра хьэмэрэ мылъкура си дежкІэ нэхъ лъапІэр? Иеговэ къызэрыздэІэпыкъунур быдэу си фІэщ хъууэ пІэрэ?» Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэн хуейкъым, Иеговэ щыгугъхэр къызэримыгъэнэным (Мт. 6:33).

АЛЫХЬЫР ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУНЫРА ХЬЭМЭРЭ ЗЫГЪЭТХЪЭЖЫНЫРА КЪЫХЭТХЫНУР?

14. Зыгъэпсэхуным дауэ дызэрыхущытын хуейр?

14 Апостол Паул зэритхыжамкІэ, иужьрей махуэхэм цІыхухэм «загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ». Ахъшэмрэ фІыуэ зыплъагъужынымрэ зыри Іей зэрыхэмылъым хуэдэу зыбгъэпсэхуными, йомыгъэлеймэ, зыри Іей хэлъкъым. Языныкъуэ цІыхухэм ябж уи нэгу зебгъэужьын хуэмейуэ, ауэ Иеговэ абы теухуауэ нэгъуэщІ еплъыкІэщ иІэр. Библием цІыху пэжхэм хуэгъэзауэ мыпхуэдэу итщ: «КІуэ, угуфІэу уи щІакхъуэри шхы, икІи уи гум гуфІэгъуэ илъу уи шагъырми ефэ» (Эккл. 9:7).

15. «Загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ» жиІэм сыт къикІыр?

15 2 Тимофей 3:4 зи гугъу ищІыр Алыхьыр зыщыгъупщэжауэ, зыгъэтхъэжыныр фІыуэ зылъагъу цІыхухэращ. Гу лъытапхъэщ, мы едзыгъуэм зэритымкІэ цІыхухэм «Тхьэр фІыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ». Ауэ абы къикІкъым абыхэм Алыхьым лъагъуныгъэ гуэр хуаІэу. Зы щІэныгъэлІ гуэрым итхащ: «Мы едзыгъуэм жиІэкъым цІыхухэм Алыхьыр мащІэми, фІыуэ ялъагъуну, мыбы зи гугъу ищІыр апхуэдэхэм Алыхьыр фІыуэ ямылъагъухэну аращ». Мы едзыгъуэр — зыгъэтхъэжыныр фІыуэ зылъагъухэм щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэщ. Библием апхуэдэ цІыхухэм щхьэкІэ «гъащІэм и тхъэгъуэхэмкІэ... зрагъэтхьэлауэ» жеІэ (Лк. 8:14).

16, 17. Нэгу зегъэужьыным Хьисэ дауэт зэрыхущытыр?

16 Хьисэ нэгу зегъэужьыным дызэрыхущытын хуейм теухуауэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Псалъэм папщІэ, ар «гухэхъуэ Іэнэм» икІи «хьэгъуэлІыгъуэм» щыІащ (Лк. 5:29; Ин. 2:1—10). Зэгуэрым Хьисэ хьэгъуэлІыгъуэ къыздрагъэблэгъам я шагъырыр яухати, абы телъыджэу псыр шагъыр ищІащ. ИужькІэ цІыхухэм Хьисэ щхьэкІэ «ар машхэ икІи йофэ» жаІэри, ягъэкъуэншащ. Ауэ Хьисэ абыхэм а Іуэхум еплъыкІэ тэмэм зэрыхуамыІэр ІупщІу къагуригъэІуащ (Лк. 7:33—36).

17 Ауэ Хьисэ нэгу зегъэужьыныр и гъащІэм псом нэхъ япэ иригъэщтэкъым. Абы япэ иригъэувэр Иеговэт икІи псэемыблэжу цІыхухэм ядэІэпыкъут. Пкъом ираІулІу зэраукІынур ищІэми, ар хьэзырт цІыхухэр лІэныгъэм къыІэщІихын щхьэкІэ и гъащІэр итыну. И лъэужь иувэну зыхуейхэм захуигъазэри абы жиІауэ щытащ: «Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикІуэм щхьэкІэ цІыхухэр къыфхуэхъущІэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Іей псори къыфхужаІэмэ. Фытхъэ, хуабжьу фыгуфІэ, Тхьэм уафэм ІыхьэфІу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкІэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу» (Мт. 5:11, 12).

Нэгу зегъэужьыным фІэкІа зыри фІыуэ дымылъагъужу дымыхъун щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? (18-нэ абзацым феплъ.)

18. Нэгу зегъэужьыным дызэрыхущытыр зэхэдгъэкІыну сыт хуэдэ упщІэхэр къыддэІэпыкъуну?

18 Нэгу зегъэужьыным дызэрыхущытыр зэхэдгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунур? ФызэупщІыж: «Сыт си дежкІэ нэхъапэр: зэхуэсымрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ хьэмэрэ нэгу зегъэужьыныра? Алыхьым сыхуэлэжьэн щхьэкІэ зыгуэр зыхуэзгъэныкъуэну сыхьэзыр? Зэрызызгъэпсэхуну щІыкІэр къыщыхэсхкІэ абы теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къэсщІэну сыхэт?» Иеговэ ди гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ тлъагъумэ, абы имыдэу къыдгурыІуа Іуэхугъуэхэм нэмыщІ и жагъуэ хъуну дигугъэхэми зыпыІуддзынущ. (Къеджэ Маттэ 22:37, 38.)

НАСЫПЫМ УХУЭЗЫШЭ ГЪУЭГУ

19. Хэт зэи насыпыфІэ мыхъуфынур?

19 Илъэс 6 000 хуэдиз хъуауэ ШейтІаным и дунейм цІыхухэм гуауэмрэ гугъуехьмрэ ярегъэшэч. Дэ мы дунейм и иужьрей махуэхэм дыщопсэу. Ахъшэм, нэгу зегъэужьыным икІи я щхьэм фІэкІа зыри фІыуэ зымылъагъу цІыхухэр щІылъэм тез хъуащ. Нобэ дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм сыт ямыщІэми, я фейдэ фІэкІа къалъыхъуэкъым икІи езыхэр зыхуейр псом нэхърэ нэхъапэу къалъытэ. Ауэ апхуэдэ цІыхухэр зэи насыпыфІэ хъунукъым! Библием мыпхуэдэу итщ: «НасыпыфІэщ Екъуб и Алыхьыр зи дэІэпыкъуэгъур, и Алыхь Иеговэ зи гугъапІэу щытыр» (Пс. 146:5).

20. Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм насыпыфІэ узэрищІыр жыІэж.

20 Алыхьым и лъэпкъым Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ хъуурэ макІуэ. ИкІи илъэс къэс ар фІыуэ зылъагъу цІыхухэр нэхъыбэ мэхъу. Ар щыхьэт тохъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр тепщэу зэрыщытым. ИкІи а Пащтыхьыгъуэм ди нэгу къытхущІэмыгъэхьэну фІыгъуэхэр куэд мыщІэу къытхуихьынущ. Дэ Иеговэ догъэгуфІэ, абы къытхуигъэувхэр щыдгъэзащІэм деж икІи дэри абы насыпыфІэ дыдэ дещІ! КъыкІэлъыкІуэ статьям щхьэхуещагъэ зыхэлъ лъагъуныгъэм кърикІуэ хьэл-щэн Іейхэм дытепсэлъыхьынущ икІи ахэр едгъэпщэнущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхэлъыну хуей хьэл-щэнхэм.

a Экклезиаст 5:12: «ІэфІщ лажьэм и жейр, мащІэми куэдми абы ишхыр, ауэ къулейр и мылъкум игъэжейкъым».

ИНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Насып пэж къыпхуэзыхь лъагъуныгъэм щхьэхуещагъэ хэлъкъым. Апхуэдэ лъагъуныгъэм Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр лъабжьэ хуохъу икІи абы нэгъуэщІхэм щхьэкІэ ІуэхуфІхэр тщІэну дыхуегъэуш. Дэ ди щхьэракъым, атІэ Иеговэ хуэлэжьэныращ япэ идгъэщыр. Иеговэ Алыхь насыпыфІэщ икІи дэри насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ абы щапхъэ тетхыу, лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейщ икІи хьэлэлу дыщытын хуейщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын