ЗышыІэныгъэ. А хьэл-щэныр тхэмылъмэ, Иеговэ арэзы тхуэщІынукъым
«Зэгуэр си зы благъэ гуэрым къэзэдауэу щІидзат. Абы и пщэр къэзубыдри стхьэлэу щІэздзащ. Ар сэ сыукІыну сыхуейт» (Пол).
«Унэм мыхьэнэ зимыІэм щхьэкІэ сыкъэлыдт. Унэм щІэт хьэпшыпхэр зэтескъутэт, сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпхэри скъутэт — къысІэрыхьэу хъуар» (Марко).
Дэ апхуэдэу едгъэлейуэ къыщІэкІынкъым, ауэ псом ди дежкІи шыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну тыншкъым. Абы и щхьэусыгъуэр — япэ цІыху Іэдэм и ягъэкІэ гуэныхь тхэлъыращ (Рим 5:12). Языныкъуэхэм, Полрэ Маркорэ хуэдэу, заІыгъыну гугъущ. НэгъуэщІхэм я дежкІэ гугъущ шынэ яІэхэмрэ псори Іейуэ къазэрыщыхъумрэ пэщІэтыну. Адрейхэр зыгуэрым иригъусэну, ефэну е наркотик зрахьэлІэну ягу къэкІ гупсысэхэм ебэнын хуей мэхъу.
ШыІэныгъэ зыхуримыкъу цІыхум и гъащІэр езым и ІэкІэ икъутэфынущ. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? ЗышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ, ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22, 23). Абы щхьэкІэ упщІищ зэпкърытхынщ: 1) зышыІэныгъэр сыт зищІысыр? 2) Абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? 3) А хьэл-щэныр дапхуэдэу зэрызыхэтлъхьэнур? Абы нэмыщІ зэпкърытхынущ зышыІэныгъэ щытхуримыкъум деж сыт тщІэн хуейми.
СЫТ ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР ЗИЩІЫСЫР?
ЗышыІэныгъэ зыхэлъ цІыхум и гурыщІэхэмрэ и гупсысэ Іейхэмрэ зытригъакІуэкъым. Алыхьым и жагъуэ хъун псалъэхэр жиІэкъым икІи и жагъуэ хъун гуэр ищІэкъым.
ЗышыІэныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ
ЗышыІэныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Библием щыжыІащ: «КъыхуэхъущІэу щытахэми яхуэхъущІэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, „Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ“, жиІэу пэувакъым, ауэ а Іуэхур Тхьэуэ цІыхухэм хьэкумыр захуагъэкІэ ятезыщІыхьым ирихьэлІащ» (1 Пет. 2:23). Хьисэ пкъом фІэлъу и бийхэр къыщыщыдыхьэшхам щыгъуи апхуэдэ зышыІэныгъэ зыхигъэлъащ (Мт. 27:39—44). Абы ипэ дин пашэхэм Хьисэ «псалъэ гуэрым зэрытраубыдэн щІыкІэмкІэ зэчэнджэщауэ» щагъэуэну я мураду щытами, ар абыхэм едэуакъым (Мт. 22:15—22). Журтхэр губжьауэ Хьисэ мывэкІэ яукІыну щыхэтами, абы щапхъэфІ дыдэ дигъэлъэгъуащ! Хьисэ абыхэм япэщІэмыувэу, «ямылъагъуу къахэкІри, Тхьэм и унэшхуэм къыщІэкІыжащ» (Ин. 8:57—59).
Хьисэ зэрыщытам хуэдэу дэри дыщытыфыну? Зы лъэныкъуэ гуэркІэ дыщытыфынущ. Апостол Петр итхащ: «Мэссихь фэр щхьэкІэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикІуэн папщІэ, щІапхъэхэр фигъэлъэгъуащ» (1 Пет. 2:21). Дэ гуэныхь тхэлъми, зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъу, Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэным иужь дитщ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
СЫТ ЗЫШЫІЭНЫГЪЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР?
ЗышыІэныгъэ тхэмылъмэ, Иеговэ арэзы тхуэщІынукъым. Иеговэ илъэс куэд щІауэ дыхуэлажьэми, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ, ди псалъэхэмрэ ди щытыкІэмрэ дыкІэлъымыплъу щытмэ.
Дигу къэдгъэкІыжынщ Мусэ и щапхъэр. Ар «дунейм тет цІыхухэм щыщу... псом нэхърэ нэхъ Іэдэбт» (Чис. 12:3). Израил лъэпкъыр зэрытхьэусыхэм шыІэныгъэ хэлъу ар илъэс бжыгъэ куэдкІэ едэІуащ, ауэ зэгуэр абы зышыІэныгъэ фІэкІуэдащ. Израил цІыхухэм псы зэрахуримыкъум щхьэкІэ аргуэру тхьэусыхэу щыщІадзам щыгъуэ, Мусэ къэгубжьащ. Абы цІыхухэм пхъашэу яжриІащ: «Фэ, жыІэмыдаІуэхэ, фыкъэдаІуэ! Сыт, дэ мы къырым псы къыфхущІэдгъэжыну фыхуейуэ ара?» (Чис. 20:2—11).
Мусэ зышыІэныгъэ зыфІигъэкІуэдащ. ТелъыджэкІэ Алыхьым къарита псым щхьэкІэ, Иеговэ щІыхь хуищІакъым (Пс. 106:32, 33). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм ар иригъэхьакъым (Чис. 20:12). Мусэ абы щыгъуэ зышыІэныгъэ зэрызыхимыгъэлъам хущІегъуэжащ икІи а щыуагъэр зэрищІар дунейм ехыжыху и гум илъауэ къыщІэкІынщ (Втор. 3:23—27).
Сытым дэ абы дыхуигъасэрэ? Куэд щІауэ пэжыр тщІэми, зыгуэрым дигъэбампІэмэ е щыуагъэ ищІэмэ, абы пщІэ хэмылъу зэи депсалъэ хъунукъым (Еф. 4:32; Кол. 3:12). ДауикІ, уи ныбжьыр хэкІуэтэху шыІэныгъэ зыхэбгъэлъыну нэхъ гугъункІэ хъунущ. Ауэ Мусэ и щапхъэр зыщыдгъэгъупщэнкъым. ЗышыІэныгъэ зыфІэдгъэкІуэду, Иеговэ дыхуэпэжу дызэрыхуэлэжьа илъэсхэр хэдгъэкІуэдэну дыхуейкъым. НтІэ, а мыхьэнэшхуэ зиІэ хьэл-щэныр дапхуэдэу зэрызыхэтлъхьэнур?
ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХЭТЛЪХЬЭНУР?
Алыхьым и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу. Сыт щхьэкІэ? ЗышыІэныгъэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ икІи и къару лъапІэр къыдитыну Иеговэ дыщелъэІум деж, ар къыдет (Лк. 11:13). Иеговэ и къару лъапІэмкІэ лъэкІыныгъэ къыдет, абы и фІыгъэкІэ зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыфынущ (2 Кор. 4:7). Абы нэмыщІ ар къыддоІэпыкъу Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэну (лъагъуныгъэри абы хэту), а хьэл-щэнхэм я фІыгъэкІэ дэ зышыІэныгъэр нэхъ тыншу зыхэдгъэлъыфынущ (1 Кор. 13:5).
ЗышыІэныгъэ зыхэвгъэлъыну зэран къыфхуэхъуфыну псоми зыпыІувдз
ЗышыІэныгъэр зыхэвгъэлъыну зэран къыфхуэхъу псори ІэщІыб фщІы. Псалъэм папщІэ, къемызэгъ гуэр фызыпэщІэхуэнкІэ хъуну сайтхэм фимыхьэ икІи Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр зыхэт зыгъэпсэхукІэхэм зыпыІувдз (Еф. 5:3, 4). Къапщтэу щытмэ, Іуэху мыхъумыщІэ тщІэну дыхуэзыгъэушынкІэ хъуну псоми зыпыІуддзын хуейщ (Прит. 22:3, Гъэсэпэтхыдэхэр; 1 Кор. 6:12). Зинэ щІэным зыщихъумэн щхьэкІэ, зыгуэрым мурад ищІынкІэ хъунущ лъагъуныгъэм теухуа тхылъхэм емыджэну икІи фильмхэм емыплъыну.
А чэнджэщым утетыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Ауэ дэ ди лъэныкъуэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэмэ, Иеговэ къару къыдитынущ зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щхьэкІэ (2 Пет. 1:5—8). Ар къыддэІэпыкъунущ ди гупсысэхэм, ди псалъэхэм икІи ди ІуэхущІафэхэм дыкІэлъыплъыну. Ар зэрыпэжыр къыхощ статьям ипэм дызытепсэлъыхьа Полрэ Маркорэ я щапхъэхэм: абыхэм къэмыгубжьу зрагъэсащ. НэгъуэщІ ди зы къуэшым и щапхъэри зэпкърытхынщ. Ар машинэм щыдэсым деж щІэх-щІэхыурэ и пІэ къикІт, уеблэмэ, машинэм дэс нэгъуэщІхэм щыхьэт. Сыт абы ищІар? Къуэшыр къыддогуашэ: «Махуэ къэс сэ Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуэзгъазэт. Сэ зышыІэныгъэм теухуа статьяхэм седжэт икІи а темэм пыщІа Библием ит едзыгъуэхэр зэзгъащІэт. Сэ а хьэл-щэным илъэс куэд щІауэ селэжьми, пщэдджыжь къэс сигу къызогъэкІыж сыкъэмыгубжьыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Абы нэмыщІ нэхъ жьыуэ унэм сыкъызэрыщІэкІыным иужь ситщ, зыщІыпІи сымыпІащІэу гъуэгу сытетын щхьэкІэ».
ЗЫШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭДГЪЭЛЪЫНУ ТХУЗЭФІЭМЫКІАМЭ
Иныкъуэхэм деж зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну щытхузэфІэмыкІ къохъу. Апхуэдэм деж Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну ди напэр сынкІэ хъунущ. Ауэ псом хуэмыдэу а дакъикъэм дэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Аращи, зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Фи щыуагъэр къыфхуигъэгъуну икІи къывдэІэпыкъуну фелъэІу, абы нэмыщІ мурад быдэ фщІы ар афІэкІа фымыщІэжыну (Пс. 51:9—11). Фи лъэІум Иеговэ емыдэІуэну фемыгупсыс (Пс. 102:17). Апостол Иуан дигу къегъэкІыж Алыхьым и Къуэм и лъым «гуэныхь псори ди гум» зэрыригъэкъэбзыкІыжыр (1 Ин. 1:7; 2:1; Пс. 86:5). Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ дыхуегъэуш нэгъуэщІхэм дапхуэдизрэ ди жагъуэ къамыщІами, къахуэдгъэгъуну. Абы къыхэкІкІэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Алыхьым дэри къызэрытхуигъэгъунум (Мт. 18:21, 22; Кол. 3:13).
Мусэ зышыІэныгъэ зыхигъэлъыну щыхузэфІэмыкІам щыгъуэ, Иеговэ хуабжьу и жагъуэ хъуат. Ауэ Алыхьым абы къыхуигъэгъуащ. ИкІи Мусэ фІэщхъуныгъэшхуэ зиІа цІыхуу Библием щыжыІащ (Втор. 34:10; Евр. 11:24—28). Алыхьым израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм Мусэ иригъэхьакъым, абы щыуагъэ зэрищІам щхьэкІэ, ауэ Иеговэ куэд мыщІэу ар къигъэтэджыжынурэ, щІылъэм щыІэну жэнэтым гъащІэ мыухыж иІэу ар щыпсэунущ. Дэри апхуэдэ гъащІэ диІэнущ, адэкІи зышыІэныгъэр зэрызыхэдгъэлъыным иужь дитмэ (1 Кор. 9:25).