ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 23-нэ урокыр
  • Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Мурад щІы игъащІэ псокІэ Алыхьым ухуэлэжьэну
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
Нэхъыбэ еплъын
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 23-нэ урокыр
23 урокыр. ЦІыхубзым псым зыщІегъауэ Иеговэ и Щыхьэт хъун щхьэкІэ. Абы и Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту псым щІагъауэ.

23 УРОКЫР

Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэхэм Іэмал имыІэу псым зэрызыщІагъэуэн хуейр. (Къеджэ Маттэ 28:19, 20.) Ауэ псым зыщІэгъэуэныр сыт зищІысыр икІи абы дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур?

1. Псым зыщІэгъэуэным сыт къикІыр?

Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ Иорданыпсым и Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту щІагъауэри, ар псым къыхэкІыжащ (Марк 1:9, 10). Хьисэ и щапхъэм тету, абы и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту псым щІагъауэ.

2. ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ сыт къигъэлъагъуэр?

ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ къегъэлъагъуэ абы и гъащІэр Алыхь Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьар. Дауэ цІыхум и гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ зэрырилъхьэр? Псым зыщІигъэуэн ипэ, абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэри, и гъащІэ псокІэ абы фІэкІ нэгъуэщІым зыми зэрыхуэмылэжьэнур жреІэ. АбыкІэ цІыхум Иеговэ псалъэ ирет абы и мурадыр и гъащІэм псом япэ иригъэщыну. Апхуэдэу езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр къигъанэу Хьисэ и щапхъэмрэ абы зыхуригъэджамрэ тетыну унафэ ещІ (Маттэ 16:24). Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зэрызыщІэбгъауэм Іэмал къыует Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъуну икІи абы хуэлажьэ и унагъуэшхуэм щыщ ухъуну.

3. Псым зыщІэбгъэуэным дауэ зыхуэбгъэхьэзыр хъуну?

Псым зыщІэбгъэуэн ипэ, Іэмал имыІэу Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын икІи абыкІэ фІэщхъуныгъэ уиІэн хуейщ. (Къеджэ Еврейхэм 11:6.) ЩІэныгъэ нэхъыбэ зэбгъэгъуэтыху, уи фІэщхъуныгъэри хэхъуэнущ, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэри нэхъ куу хъунущ. Абы нэмыщІ Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну икІи абы и хабзэхэм утету упсэуну гукъыдэж уиІэнущ (2 Тимофей 4:2; 1 Иуан 5:3). Иеговэ арэзы пщІыуэ упсэумэ, уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну гукъыдэж уиІэнущa (Колоссэ 1:9, 10).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

КъащІэ Хьисэ псым зэрызыщІигъэуам сытым дыхуигъасэми икІи псым зыщІэбгъэуэным дапхуэдэу зыхуэбгъэхьэзыр хъунуми.

4. Хьисэ псым зэрызыщІигъэуам сытым дыхуигъасэрэ?

Маттэ 3:13—17 итым къеджэ, Хьисэ псым зэрызыщІигъэуа щІыкІэм теухуауэ къэпщІэн щхьэкІэ. ИужькІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:

  • Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ сабий цІынэу щытат?

  • Дапхуэдэу абы псым зэрызыщІигъэуар? Абы псы траутха къудейуэ ара?

Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь Иеговэ кърита мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр игъэзащІэу щІидзащ. Лука 3:21—23, Иуан 6:38 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь сыт хуэдэ Іуэхугъуэ псом япэ иригъэщу щытар?

5. Псым зыщІэбгъэуэну уиІэ мурадыр къохъулІэфынущ

Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну япэщІыкІэ ушынэнкІэ хъунущ. Ауэ, зэман дэкІмэ, уэ нэхъ тегушхуэныгъэ уиІэу ухъунущ икІи а мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэр къыпхуэщтэнущ. Щапхъэ зыбжанэ деплъынщ. ВИДЕОМ феплъ.

ВИДЕО: «Иеговэ и ныбжьэгъу дапхуэдэу узэрыхъуфынур?» (1:11)

Иуан 17:3, Екъуб 1:5 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Псым зыщІэбгъэуэным зыхуэбгъэхьэзырыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

1: цІыхубзым Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэри, и гъащІэр абы и ІэмыщІэ ирилъхьэну зэрыхуейр жреІэ. 2: а цІыхубз дыдэм псым зыщІегъауэ Иеговэ и Щыхьэт хъун щхьэкІэ. Абы и Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту псым щІагъауэ.
  1. 1. ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щрилъхьэм деж абы тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэри, игъащІэ псокІэ хуэлэжьэну зэрыхуейр жреІэ

  2. 2. ЦІыхум псым зыщыщІигъауэм деж нэгъуэщІхэм ярегъэлъагъу абы и гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ зэрырилъхьар

6. Псым зэрызыщІэбгъауэм Іэмал къыует Иеговэ и унагъуэшхуэм щыщ ухъуну

ЦІыхум псым зыщыщІигъауэм деж ар дуней псом тет Иеговэ и унагъуэшхуэ зэкъуэтым щыщ мэхъу. Дэ дэнэ дыщымыпсэуми, сыт хуэдэ лъэпкъым дыкъыхэмыкІами, ди фІэщ хъумрэ дызытет хабзэмрэ зыщ. Псалом 25:14, 1 Петр 2:17 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • ЦІыхум псым зыщыщІигъауэм деж Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ дапхуэдэу гъунэгъу зэрыхуэхъур?

Сурэтхэр: псым зыщІэзыгъэуа шыпхъур йогупсыс къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым: 1) абы и гурыщІэхэр шыпхъум хуеІуатэ; 2) ар зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум и Іэр иІыгъыу макІуэ; 3) ар ныбжькІэ зэхуэмыдэ ныбжьэгъухэм я гъусэу ІэфІу машхэ; 4) зы шыпхъу и гъусэу ар Библием ит хъыбарыфІымкІэ зы цІыхухъу гуэрым догуашэ; 5) нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ шыпхъухэм я гъусэу абы конгрессым сурэт щызэтрех.

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сэ псым зыщІэзгъэуэну сыхьэзыркъым».

  • Уэри апхуэдэу уи гугъэмэ, дауэ уеплърэ, а мурадым ухущІэкъун щІыхуейр сыт?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэми псым зыщІигъэуэн зэрыхуейр. А лъэбакъуэр пчын щхьэкІэ Иеговэ фІэщхъуныгъэ быдэ ухуиІэн, и хабзэхэм утету упсэун икІи уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэн хуейщ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Псым зыщІэгъэуэным сыт къикІыр икІи а лъэбакъуэр пчын щІыхуейр сыт?

  • ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ сыт къигъэлъагъуэр?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн икІи псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт пщІэн хуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Псым зыщІэгъэуэным къикІымрэ къимыкІымрэ къащІэ.

«Псым зыщІэбгъэуэным сыт къикІыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Псым зыщІэбгъэуэным дапхуэдэу зыхуэбгъэхьэзыр хъуну?

«Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм псым зыщІэдгъэуэну дыхуегъэуш» («ХъумакІуэ чэщанэ», гъатхэпэ мазэ, 2020 гъэ)

Зы цІыхухъу гуэрым псым зыщІигъэуэн ипэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэрызригъэгъуэтам теухуауэ къащІэ.

«Ахэр хуейт пэжыр сэ езым зэхэзгъэкІыну» («ХъумакІуэ чэщанэ», мазаем и 1, 2013 гъэ, урысыбзэкІэ)

Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт икІи абы дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур?

«Псым зыщІэзгъэуэн хуейуэ пІэрэ?» («Уи упщІэхэм я жэуапхэр», 2 Іыхьэ, 37 псалъащхьэр, урысыбзэкІэ)

a НэгъуэщІ диным щыхэтым щыгъуэ цІыхум псым зыщІигъэуами, абы щІэрыщІэу псым зыщІигъэуэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дин зыхэтам Библием ит пэжым ар хурагъэджакъым. (Апостолхэм 19:1—5 едзыгъуэхэмрэ 13 урокымрэ еплъ.)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын