ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lvs пс. 17, н. 226—237
  • Алыхьым и лъагъуныгъэм ущІэту къанэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и лъагъуныгъэм ущІэту къанэ
  • Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР НЭХЪ БЫДЭ ЩІЫ
  • ИЕГОВЭ И ЕПЛЪЫКІЭКІЭ ЦІЫХУ БАЛИГЪ ДЫЗЭРЫХЪУНЫМ ДЫХУЕВГЪЭПІЭЩІЭКІ
  • ГУГЪАПІЭ УИІЭМ УИ АКЪЫЛЫР ТЕУХУЭ
  • Уи гугъапІэр быдэу щрет!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр хъумэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • «Зи ныбжь нэса цІыхухэм зэрагъэщІэн хуей Іуэхухэм захуэдвгъэгъазэ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Алыхьым и лъагъуныгъэр зэи кІуэдыжыркъым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
lvs пс. 17, н. 226—237
Жэнэт хъужа щІылъэм щаІэ гъащІэ насыпыфІэм унагъуэхэм гуфІэгъуэ къарет

17-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

Алыхьым и лъагъуныгъэм ущІэту къанэ

«Гурэ псэкІэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фІэщхъуныгъэ лъапІэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущІэкъу. [...] ...Тхьэм и фІылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн» (ИУДЭ 20, 21).

1, 2. Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэн щхьэкІэ, сыт дэ тщІэ хъунур?

ДЭ ПСОМИ узыншагъэ быдэрэ къарурэ диІэну дыхуейщ. Абы къыхэкІкІэ дэ ерыскъы тшхым дыкІэлъоплъ икІи зэпымыууэ ди Іэпкълъэпкъыр дгъэлэжьэну дыхущІокъу. А Іуэхум къару ехьэлІэн хуейми, абы къыпэкІуэр дэ дигу ирохь икІи дыкъикІуэтыну дыхуейкъым. Ауэ дэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІи узыншэу икІи ди къарур илъу дыщытын хуейщ.

2 Алыхьым теухуа щІэныгъэ зэрызэдгъэгъуэтамкІэ фІыуэ щІэддзауэ жыпІэ хъунущ, ауэ дэ адэкІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъыфІ зэрытщІыным иужь дитын хуейщ. «Тхьэм и фІылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн» жиІэу, Иудэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр щыхуигъэушам, ар зэращІ хъуну щІыкІэр къагуригъэІуащ: «Гурэ псэкІэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фІэщхъуныгъэ лъапІэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущІэкъу» (Иудэ 20, 21). Дауэ-тІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІыфынур?

УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР НЭХЪ БЫДЭ ЩІЫ

3—5. 1) Иеговэ и унафэхэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ ШейтІаным къыпхипщэну хуейт? 2) Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ уиІэр?

3 Иеговэ и гъуэгум нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр уэ езым быдэу уи фІэщ хъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ и хабзэм утету упсэуну гугъуу икІи уэ езым фІымрэ Іеймрэ зэхэбгъэкІыу упсэумэ, нэхъ насыпыфІэ ухъуну уригъэгупсысыну ШейтІаныр хуейщ. Іэдэн жыг хадэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм щыщІэдзауэ цІыхухэм а гупсысэр я фІэщ ищІыну ШейтІаныр хущІокъу (ЩІэдзапІэ 3:1—6). Ноби абы и мурадыр къигъанэкъым.

4 ШейтІаным жиІэр пэжу пІэрэ? Пэж дыдэу Иеговэ и хабзэхэр егъэлеяуэ ткІийуэ пІэрэ? Хьэуэ. Псалъэм папщІэ, уэ уи нэгу зыщебгъэужьыу парк дахэм уиту къызыщыбгъэхъу хъунущ. Уэ гу лъыботэ а паркым и Іыхьэ гуэр забор лъагэкІэ къыпыхукІауэ зэрыщытым икІи уэ абы уихьэфынукъым. Уэ мыпхуэдэу уегупсысу къыщІэкІынщ: «Сыту пІэрэ мы заборыр мыбдеж щІыщытыр?» Ауэ уэ а лъэныкъуэмкІэ къиІукІ аслъэн гъуахъуэм и макъыр зэхэпха нэужь, а заборым дауэ узэреплъыр? Уэ, дауикІ, а заборым аслъэным узэрыщихъумэр фІыщІэ бощІ! Иеговэ и принципхэр апхуэдэ заборым ебгъэщхь хъунущ, Иблисри — аслъэным ебгъэщхь хъунущ. Дэ дысакъыну Алыхьым и Псалъэм дыкъыхуреджэ: «ЗыфшыІэ икІи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтІаным, зыІуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу» (1 Петр 5:8).

5 Иеговэ хуейщ дэ ди гъащІэр зэрыхъукІэ нэхъыфІу щытыну икІи дэ ШейтІаным дыкъигъэпцІэну ар хуейкъым. Абы къыхэкІкІэ дэ дыкъэзыхъумэ икІи насыпыфІэ дызыщІ унафэхэмрэ принципхэмрэ Алыхьым къыдитащ (Ефес 6:11). Екъуб итхащ: «ИщІэ псомкІэ гъуэгу махуэ теува цІыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фІыуэ хэплъэ зэпыту икІи зэдэІуа Іуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащІэрщ. Тхьэм и унафэр щыщІагъэншэу икІи нэгъэсауэ щытщи, цІыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет» (Екъуб 1:25).

6. Иеговэ и гъуэгур псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр дауэ дэ къэтщІа зэрыхъунур?

6 Иеговэ и унафэм дыщытетым деж дэ ди гъащІэр нэхъыфІ мэхъу икІи Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу. Псалъэм папщІэ, дэ Алыхьым дыкърегъэблагъэ щІэх-щІэхыурэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну икІи апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, дэ абы сэбэпынагъ къытхуехь (Маттэ 6:5—8; 1 Фессалоникэ 5:17). Ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ зэІущІэхэм декІуэлІэну, зым зыр дгъэгушхуэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным зэрытхузэфІэкІкІэ дыхэтыну Иеговэ къыдита унафэм дыщытетым деж дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхыдощІэ (Маттэ 28:19, 20; Галатие 6:2; Еврейхэм 10:24, 25). Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну а Іуэхугъуэхэр къызэрыддэІэпыкъуам дыщегупсысым деж дэ нэхъыфІу къыдгуроІуэр Иеговэ и гъуэгур псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр.

7, 8. КъэкІуэну зэманым узыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм щхьэкІэ умыгузэвэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

7 Дэ къэкІуэну зэманым гъэунэхуапІэ тхуэмыхьын дызэрыпэщІэхуэфыным дигъэгузэвэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр уигу къыщыкІ къэхъуу щытмэ, Иеговэ и псалъэхэр уигу къэгъэкІыж: «ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ. Си хабзэхэм уедаІуэу щытатэмэ, уи мамырыгъэр — псы ежэхым хуэдэу, уи пэжыгъэр — хы толъкъунхэм хуэдэу щытынут» (Исаия 48:17, 18).

Хы толъкъунхэр

8 Дэ Иеговэ дедаІуэу щытмэ, ди мамырыгъэр зэикІ имыгъущыкІыж псы ежэхым хуэдэу, ди пэжыгъэри — хы Іуфэм зэпымыууэ къыІуихьэ хы толъкъунхэм хуэдэу щытынущ. Ди гъащІэм сыт къыщымыхъуами дэ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэфынущ. Библием дыкъегъэгугъэ: «Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьи, уэ ар къыбдэІэпыкъунущ. Абы хуэпэж цІыхум зэикІ и лъэр щІигъэхунукъым» (Псалом 55:22).

ИЕГОВЭ И ЕПЛЪЫКІЭКІЭ ЦІЫХУ БАЛИГЪ ДЫЗЭРЫХЪУНЫМ ДЫХУЕВГЪЭПІЭЩІЭКІ

9, 10. Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъыу ущытыным сыт къикІыр?

9 Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ пщІыху Иеговэ и еплъыкІэкІэ уэ цІыху балигъ ухъуурэ укІуэнущ (Еврейхэм 6:1). Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъыу ущытыным сыт къикІыр?

10 Дэ нэхъыжь дызэрыхъу закъуэм щхьэкІэ Иеговэ и еплъыкІэкІэ балигъ дыхъуу жыпІэ хъунукъым. Иеговэ и еплъыкІэкІэ балигъ дыхъун щхьэкІэ дэ Иеговэ ныбжьэгъу тщІын хуейщ икІи абы и Іуэху еплъыкІэр зэдгъэгъуэтын хуейщ (Иуан 4:23). Паул итхауэ щытащ: «Зи гуэныхьыщІэ щэныжьым и гъуэгу ирикІуэ цІыхухэр я щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхухэм зэпымыууэ йогупсыс, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапІэм и гъуэгу ирикІуэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапІэм и Іуэхухэращ зэгупсысыр» (Рим 8:5). Иеговэ и еплъыкІэр зиІэ цІыхум нэгу зегъэужьынымрэ мылъку зыхуэхьэсынымрэ и гъащІэм япэ увыпІэр щригъэубыдыркъым. Апхуэдэ цІыхум Иеговэ и лэжьыгъэр япэ ирегъэщ икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къещтэ (Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр; къеджэ Екъуб 1:2, 3). Абы Алыхьым тэмэму къилъытэр сытми ещІэ икІи фІым сыт щыгъуи зэрытетыным хущІокъу. НэгъуэщІ цІыхухэм мыхъун гуэр ирагъэщІэну щыхэтым дежи, ар пэжым текІкъым.

11, 12. 1) Паул и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, «фІымрэ емрэ зэхэдгъэкІыфын» щхьэкІэ сыт дызыхуейр? 2) Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыхур балигъ зэрыхъумрэ цІыхур спортсмен Іэзэ зэрыхъумрэ сыткІэ зэбгъэщхь хъуну?

11 Иеговэ и еплъыкІэкІэ балигъ дыхъун щхьэкІэ дэ абы къару етхьэлІэн хуейщ. Паул итхауэ щытащ: «Шхыныгъуэр — зи ныбжь нэсахэм щхьэкІэщ. Абыхэм фІымрэ емрэ ягукІэ зэхагъэкІыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ» (Еврейхэм 5:14). «Еса хъуурэ» жыхуиІэ псалъэхэм тренировкэ зыщІ спортсменым драгъэгупсыс.

12 Спортсмен Іэзэм зэрызыкъигъэлъагъуэм дыщеплъым деж дэ къыдгуроІуэ ар апхуэдэу ІэкІуэлъакІуэ хъун щхьэкІэ, къарурэ зэман куэдрэ зэрытригъэкІуэдар. Абы апхуэдэ зэфІэкІхэр иІэу къалъхуакъым. Сабий къалъхуагъащІэм и Іэ, и лъакъуэ цІыкІухэр къызэригъэсэбэпынур иджыри ищІэркъым, ауэ зэман дэкІа нэужь абы хьэпшып гуэрхэр и Іэ цІыкІухэмкІэ иІыгъыу икІи къикІухьыфу зрегъасэр. Тренировкэхэм я фІыгъэкІэ ар спортсмен хъуфынущ. Абы ещхьу дэри Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъ дыхъун щхьэкІэ, абы зэмани къаруи тедгъэкІуэдэн хуейщ.

13. Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?

13 Мы тхылъым дэ къыщытщІащ Иеговэ и Іуэху еплъыкІэмрэ и гупсысэкІэмрэ дауэ зэдгъэгъуэтыфынуми. Дэ Иеговэ и хабзэхэр фІыуэ зэрытлъагъур дауэ ди гъащІэм къыщыдгъэлъагъуэ хъунуми зедгъэсащ. Унафэ гуэр къыщытщтэм деж дэ мыпхуэдэ упщІэхэм догупсыс: «Мы Іуэхум Библием ит сыт хуэдэ принципхэр хуэкІуэу пІэрэ? Сэ ахэр дауэ къэзгъэсэбэп хъуну пІэрэ? Иеговэ сыткІэ къысщыгугъыу пІэрэ?» (Къеджэ Притчи 3:5, 6, Гъэс.; Екъуб 1:5.)

14. Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну дыхуеймэ, сыт тщІэ хъунур?

14 Дэ Иеговэ теухуауэ фІэщхъуныгъэ диІэр нэхъ быдэ тщІын зэи щыдгъэтынукъым. Къэуат зыщІэлъ ерыскъым къару къызэрыдитым хуэдэу Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къызэрытщІэр къыддоІэпыкъу ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну. Дэ Библиер дджын щыщІэддзам щыгъуэ Иеговэрэ абы и гъуэгумрэ теухуа щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр къэтщІащ. Ауэ зэманыр кІуэху дэ гупсысэ куухэр нэхъыфІу къыдгурыІуэу хъун хуейщ. «Шхыныгъуэр — зи ныбжь нэсахэм щхьэкІэщ» жиІэу, Паул щыжиІам зи гугъу ищІар аращ. Дэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпу щытмэ, Іущагъ зыдогъэгъуэт. Библием щыжыІащ: «ЩыІэкъым Іущыгъэм и щхьэ кІуэ» (Притчи 4:5—7, Гъэс.; 1 Петр 2:2).

15. Ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ фІыуэ тлъагъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

15 ЦІыхум узыншагъэ быдэрэ къарурэ иІэфынущ, ауэ абы ещІэр ар адэкІи апхуэдэу щытыну хуеймэ, и щхьэм егугъужын зэрыхуейр. Абы ещхьу Иеговэ и еплъыкІэкІэ балигъ хъуа цІыхум ещІэр Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр ихъумэну хуеймэ, къару куэд зэрырихьэлІэн хуейр. Паул дигу къегъэкІыж: «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж» (2 Коринф 13:5). Дэ фІэщхъуныгъэ быдэм нэмыщІ иджыри зыгуэр дыхуейщ. Ар Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ яхудиІэ лъагъуныгъэм адэкІи зэрыхэдгъэхъуэн хуейращ. Паул мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «ЩІэныгъэ псори сиІэми, бгыхэр нэгъуэщІ щІыпІэм згъэІэпхъуэфыну фІэщхъуныгъэ сиІэми, фІылъагъуныгъэ симыІэмэ, сэ сызырикІщ» (1 Коринф 13:1—3).

ГУГЪАПІЭ УИІЭМ УИ АКЪЫЛЫР ТЕУХУЭ

16. Сыт ШейтІаныр зыхуейр?

16 ШейтІаныр хуейщ Иеговэ арэзы зэи тхуэмыщІыну дригъэгупсысыну. Ар хуейщ дэ Іэнкун дищІу, ди гугъуехьхэм хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу дегупсысыну. Ар хуейкъым дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дзыхь хуэтщІыну икІи насыпыфІэу дыпсэуну (Ефес 2:2). ШейтІаным ещІэ апхуэдэ гупсысэкІэр ди щхьэми Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зэран зэрыхуэхъунур. Ауэ дэ Иеговэ гупсысэ Іейхэм дытекІуэфын щхьэкІэ гугъапІэр къыдитащ.

17. Гугъэм сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

17 Библием дэ гугъэ диІэр зауэлІым и щхьэр зыхъумэ тажым хуегъадэ (1 Фессалоникэ 5:8). Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псор игъэзэщІэжыну дызэрыщыгугъым ди акъылыр къихъумэнущ икІи гупсысэ Іейхэм дыпэщІэтыну къыддэІэпыкъунущ.

18, 19. Дапхуэдэу Хьисэ гугъапІэр къызэрыдэІэпыкъуар?

18 Хьисэ гугъапІэ иІам къару къыхилъхьэт. Ар щаукІыну жэщым гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. И ныбжьэгъухэм ящыщ зыр абы епцІыжащ. НэгъуэщІым ар имыцІыхуу жиІащ. Адрейхэм ар утыкум къранэри щІэпхъуэжащ. Абы и лъэпкъэгъухэм ар пкъом ираІулІыну хуейуэ зыкъаІэтащ. Хьисэ зыпэщІэхуа гугъуехьхэр ишэчыну сыт къыдэІэпыкъуар? «И пащхьэм илъу щыта гуфІэгъуэм щхьэкІэ, цІыхухэм жорым зэрыраІулІам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкІуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкІэ бгъэдэтІысхьащ» (Еврейхэм 12:2).

19 Хьисэ ищІэт ар Алыхьым хуэпэжу къанэмэ, абыкІэ и Адэр зэригъэлъэпІэнур икІи ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къызэригъэлъэгъуэныр. А гугъапІэм абы гуфІэгъуэшхуэ къритт. Абы иджыри ищІэт куэд дэмыкІыу уафэм и Адэм деж зэригъэзэжынур. А гугъапІэр абы къыдэІэпыкъуащ псори ишэчыну. Дэри Хьисэ хуэдэу ди гугъапІэм ди акъылыр тедухуэн хуейщ. Ар къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ гугъуехьри тшэчыну.

20. ГуфІэгъуэ зыфІомыгъэкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

20 Иеговэ уэ бгъэлъагъуэ фІэщхъуныгъэмрэ теубыдагъэмрэ елъагъу (Исаия 30:18; къеджэ Малахия 3:10a). Абы дыкъегъэгугъэ «ди гум илъ мурадхэр игъэзэщІэну» (Псалом 37:4). Аращи, уи акъылыр гугъапІэ уиІэм теухуэ. ШейтІаныр хуейщ уэ уи гугъапІэр пфІэкІуэдыну икІи Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псори зэи имыгъэзэщІэну уегупсысыну. Ауэ апхуэдэ гупсысэкІэр зытомыгъакІуэ! Гугъэ уиІэр пфІэкІуэду уэ гу лъыптэу щытмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Филиппи 4:6, 7 ит псалъэхэр уигу игъэлъ: «Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ. Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкІэ, къихъумэнущ итІанэ».

21, 22. 1) Иеговэ щІылъэм теухуауэ сыт хуэдэ мурад иІэр? 2) Сыт уэ пщІэну уи мурадыр?

21 КъэкІуэну зэманым диІэну гъащІэ дахэм уегупсысын щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ зэман хухэх. Куэд мыщІэу щІылъэм щыпсэу цІыхухэр псори Иеговэ хуэлажьэу щытынущ (Апокалипсис 7:9, 14). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт а дунеищІэм щыІэну гъащІэр! А гъащІэр дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэфыну псом нэхърэ нэхъыфІу щытынущ. ШейтІанри, жин бзаджэхэри, хабзэншагъэ псори блэкІа Іуэхуу щытынущ. Уэ афІэкІа усымэджэнукъым икІи улІэн хуей хъунукъым. Пщэдджыжь къэс зыбгъэпсэхуауэ укъэушынущ икІи гъащІэр пфІэІэфІу щытынущ. Лэжьыгъэм гуфІэгъуэ къахуихьу, псори зэгурыІуэу зэдэлэжьэнущ икІи щІылъэр жэнэт ящІыжынущ. ЦІыху псоми ерыскъыфІрэ псэупІэфІрэ яІэнущ. ЦІыхухэм лъагъуныгъэ пэж я зэхуаку дэлъынущ, гущІэгъуншэу, ткІийуэ щытыжынухэкъым. И зэманыр къэсмэ, щІылъэм тет цІыху псоми «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щІыхьышхуэрэ» яІэ хъунущ (Рим 8:21).

Жэнэт хъужа щІылъэм щаІэ гъащІэ насыпыфІэм унагъуэхэм гуфІэгъуэ къарет

22 Иеговэ хуейщ ар уэ уи ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэ пщІыну. Иеговэ жиІэм утетыну икІи абы нэхъ гъунэгъуж зыхуэпщІыну махуэ къэс хущІэкъу. Аращи, Алыхьым и лъагъуныгъэм сыт щыгъуи дыщІэтын щхьэкІэ къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ! (Иудэ 21).

a Малахия 3:10: «Си унэм ерыскъы щІэлъын щхьэкІэ, Іыхьэ пщІанэ псори хъумапІэм къэфхьу, абыкІэ сывгъэунэхуну сыныволъэІу,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ,— абы щыгъуэ фэр щхьэкІэ уафэр къызэІузмыхыну пІэрэ икІи зыми фыщымыщІэн хуэдэу си нэфІ фщымыхуэну пІэрэ?».

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПХЭР

1. УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР АДЭКІИ НЭХЪ БЫДЭ ЩІЫ

«Фи фІэщхъуныгъэ лъапІэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущІэкъу» (Иудэ 20)

Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Ефес 6:11; Екъуб 1:25; 1 Петр 5:8

    Иеговэ дызэредаІуэм ди гъащІэр нэхъыфІ зэрищІым икІи дыкъызэрихъумэм егупсыс.

  • Маттэ 28:19, 20; 1 Фессалоникэ 5:17; Еврейхэм 10:24, 25

    Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ, Иеговэ сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн, хъыбарыфІыр дгъэІун, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъын хуейщ.

  • Псалом 55:22; Исаия 48:17, 18

    Уэ Иеговэ зэи укъигъэнэнукъым. Абы и унафэм ущІэту щытмэ, мамырыгъэ уиІэнущ.

2. ДЭ ИЕГОВЭ И ЕПЛЪЫКІЭКІЭ ЦІЫХУ БАЛИГЪ ДЫХЪУНУ ДЫХУЕЙЩ

«Зи ныбжь нэса цІыхухэм зэрагъэщІэн хуей Іуэхухэм захуэдвгъэгъазэ» (Еврейхэм 6:1)

Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъыу ущытыным къикІыр сыт?

  • Рим 8:5; Еврейхэм 5:14

    Иеговэ и еплъыкІэкІэ цІыху балигъ ухъун щхьэкІэ зэманрэ къарурэ ухуейщ. Апхуэдэ цІыхум Иеговэ и еплъыкІэр зыхилъхьэну хущІокъу икІи унафэ къищтэхэм Іущагъ хэлъщ.

  • Притчи 27:11, Гъэс.; Екъуб 1:2, 3

    Гугъуехьхэм Іэмал къыдат ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну икІи Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэну.

  • Притчи 3:5, 6, Гъэс.; Екъуб 1:5

    Унафэ къыщыпщтэм деж Иеговэ къызэрыпщыгугъым егупсыс икІи ар къыбдэІэпыкъуну елъэІу.

  • 2 Коринф 13:5

    Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын икІи абы нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІын зэи щомыгъэт.

3. УИ ГУГЪАПІЭМ УИ АКЪЫЛЫР ТЕУХУЭ

«Тхьэм дымыкІуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэІэт» (1 Фессалоникэ 5:8)

Гугъэм дапхуэдэу дыкъызэрихъумэфынур?

  • Еврейхэм 12:2

    Уэ гугъапІэ уиІэм къаруушхуэ щІэлъщ. Хьисэ гугъэ иІар гугъуехьхэм пэлъэщыну къызэрыдэІэпыкъуам егупсыс.

  • Филиппи 4:6, 7

    Уи гугъапІэр пфІэкІуэду зыхэпщІэу щытмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Гупсысэ Іейхэм уи къарур пщІахынущ, ауэ Иеговэ уэ лІыгъэ къыпхилъхьэнущ икІи уи гум гузэгъэгъуэ кърилъхьэнущ.

  • Малахия 3:10; Рим 8:21

    КъэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ уиІэм зэпымыууэ егупсыс. ДунеищІэ дызэжьэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэфыну псом нэхърэ куэдкІэ нэхъыфІу щытынущ.

  • Псалом 37:4; Иудэ 21

    Алыхьыр хуейщ ар уи Ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэ пщІыну. Иеговэ жиІэм уедэІуэн икІи абы нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІын щхьэкІэ махуэ къэс пхузэфІэкІыр щІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын