ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lvs н. 238—255
  • Приложениехэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Приложениехэр
  • Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Алыхьыр лъым дапхуэдэу зэрыхущытыр?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Алыхьым гъащІэм пщІэ зэрыхуищІым хуэдэу уэри хуэпщІрэ?
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Приложениехэр
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • ГъащІэм пщІэ хуэщІ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
lvs н. 238—255

Приложениехэр

1. ПРИНЦИПХЭР

Алыхьым и хабзэхэм лъабжьэ хуэхъур абы и принципхэращ. Принципхэр — ар пэжагъым теухуауэ Библием къыщыдгъуэт щІэныгъэ нэхъыщхьэхэращ. Ахэр дэ къыддоІэпыкъу упщІэ зэмылІэужьыгъуэхэм теухуауэ Алыхьым и гупсысэкІэмрэ и гурыщІэхэмрэ къэтщІэну. Дэ ди гъащІэм унафэ тэмэм къыщытщтэну икІи фІым дытетыну а принципхэр къыддоІэпыкъу. Алыхьым и унафэ пыухыкІа зимыІэ Іуэхухэм дыщрихьэлІэм деж ахэр псом хуэмыдэу сэбэп къытхуохъу.

▸ 1 псалъащхьэ, 8-нэ абзац

2. ЖЫІЭДАІУЭНЫГЪЭ

Иеговэ хуэжыІэдаІуэу дыщытыным къокІ абы къыджиІэ псор дгъэзэщІэну дызэрыхьэзырыр. Иеговэ хуейщ дэ абы лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ дедэІуэну (1 Иуан 5:3). Алыхьыр фІыуэ тлъагъумэ икІи дзыхь хуэтщІу щытмэ, дэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуами, абы и чэнджэщхэм дытетынущ. Ар гугъуу щыщытым дежи дэ абы дедэІуэнущ. Иеговэ дызэредаІуэр дэ сэбэп къытхуохъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ноби ди гъащІэр нэхъыфІ зэрытщІыным дыхурегъасэ икІи къэкІуэну зэманым и нэфІ къызэрытщыхуэнымкІэ дыкъегъэгугъэ (Исаия 48:17).

▸ 1 псалъащхьэ, 10-нэ абзац

3. ХУИТЫНЫГЪЭР

Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхуми ищІэнымрэ къыхихынымрэ теухуауэ хуитыныгъэ иритащ. Дэ абы роботхэм дрещхьу дыкъигъэщІакъым (Второзаконие 30:19; Иисус Навин 24:15). Унафэ пэжхэр къэтщтэн щхьэкІэ дэ диІэ хуитыныгъэр къэдгъэсэбэпыфынущ. Ауэ дэ дымысакъыу щытмэ, Іущагъ зыхэмылъ унафэхэр къатщтэу щІэддзэнущ. Хуитыныгъэ дызэриІэм къокІ Иеговэ хуэпэжу дыщытынрэ дыщымытынрэ дэ езым къызэрыхэтхын хуейр. Хуитыныгъэм Іэмал къыдет Иеговэ гурэ псэкІэ фІыуэ зэрытлъагъур едгъэлъэгъуну.

▸ 1 псалъащхьэ, 12-нэ абзац

4. ИЕГОВЭ И ХАБЗЭХЭР

Иеговэ хабзэхэр егъэув, е нэгъуэщІу жыпІэмэ дэ дызэрыщытын хуеймрэ тщІэн хуеймрэ теухуауэ унафэ къыдет. Ахэр сыт хуэдэ хабзэми икІи ди гъащІэр нэхъыфІ тщІын щхьэкІэ а хабзэхэр дауэ къыддэІэпыкъунуми дэ Библием къыщыдощІэ (Притчи 6:16—19, Гъэс.; 1 Коринф 6:9—11). А хабзэхэр къыддоІэпыкъу Алыхьым Іейуэ е фІыуэ къилъытэр сытми къэтщІэну. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ цІыхухэм лъагъуныгъэрэ щабагърэ тхэлъу дазэрыхущытыныр икІи унафэ пэж къызэрытщтэнур къэтщІэну ахэр къыддоІэпыкъу. ЦІыхухэм я дуней тетыкІэр нэхъ Іей хъуурэ кІуэми, Иеговэ и хабзэхэм захъуэжкъым (Второзаконие 32:4—6; Малахия 3:6). Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетым ди Іэпкълъэпкъри ди акъылри куэдкІэ къехъумэ.

▸ 1 псалъащхьэ, 17-нэ абзац

5. ДИ НАПЭР

Иеговэ дэтхэнэ зыми напэ къыдитащ (Рим 2:14, 15). Абы и фІыщІэкІэ дэ фІымрэ Іеймрэ зэхыдогъэкІыф. Ди напэр тэмэму лэжьэн щхьэкІэ, ар Иеговэ и хабзэхэм тету дгъэсэн хуейщ. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, Иеговэ зыгъэгуфІэ унафэхэр къэтщтэну ди напэр къыддэІэпыкъунущ (1 Петр 3:16). МыхъумыщІагъэ гуэр тщІэну дыхьэзыру щытмэ, напэм абы дыщихъумэфынущ. Ауэ мыхъумыщІагъэ тщІауэ щытмэ, ди напэм дигъэкъуэншэжурэ, ди гур къыдэныкъуэкъунущ. Дэ ди напэр тэмэму мылэжьэжу хъункІэ хъунущ, ауэ Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъуурэ, дэ ар тэмэму лажьэу тщІыжыфынущ. Напэ къабзэ дыщиІэм деж ди гум мамырыгъэ илъщ икІи ди щхьэм пщІэ худощІыж.

▸ 2-нэ псалъащхьэ, 3-нэ абзац

6. АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ ДИІЭН

Алыхь фІэлІыкІ жыхуиІэм къикІыр дэ абы худиІэ лъагъуныгъэмрэ пщІэ хуэтщІымрэ къыхэкІыу игу иримыхьын гуэр зэрыдмылэжьыращ. Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэр къыддоІэпыкъу Іей дымыщІэу, фІы тщІэну (Псалом 111:10). Абы дыхуегъэуш Алыхьым жиІэ псом дедэІуэну икІи ар къызэрыдгъэгугъар дгъэзэщІэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ пщІэшхуэ худощІ. Ди гупсысэкІэми, нэгъуэщІхэм дазэрыхущытми, махуэ къэс унафэ тщІыхэми Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэр къыхощ.

▸ 2-нэ псалъащхьэ, 9-нэ абзац

7. ГУЭНЫХЬЫМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫН

Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр цІыхум ищІа мыхъумыщІагъэр къыгурыІуэжу игу Іейуэ къызэреуэр аращ. Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэм абы и хабзэхэм темыхуэ гуэр ящІауэ къащыгурыІуэжым деж абы хуабжьу ирогузавэ. МыхъумыщІагъэ гуэр тщІауэ щытмэ, Хьисэ щхьэщэхужу ита къурмэныпхъэм къыхэкІкІэ Иеговэ къытхуигъэгъуну хуабжьу делъэІун хуейщ (Маттэ 26:28; 1 Иуан 2:1, 2). Гуэныхь тщІам гурэ псэкІэ дыхущІегъуэжу, ар тщІэн щыдгъэтмэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъунур быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ. Дэ япэм тщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ афІэкІа зыдгъэкъуэншэжын хуейкъым (Псалом 103:10—14; 1 Иуан 1:9; 3:19—22). Ди щыуагъэхэм дерс къыхэтхын, ди гупсысэкІэр тхъуэжын икІи Иеговэ и хабзэхэм дытету дыпсэун щхьэкІэ дэ къару етхьэлІэн хуейщ.

▸ 2-нэ псалъащхьэ, 18-нэ абзац

8. ЗЭХУЭСЫМ ЗЫГУЭР ЩЫХАГЪЭКІЫМ ДЕЖ

Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхур ищІам хущІемыгъуэжмэ икІи Иеговэ и хабзэхэм тетыну хуэмейуэ щытмэ, ар зэхуэсым хэт хъунукъым. Апхуэдэ цІыхур зэхуэсым хэгъэкІын хуейщ. Зыгуэр зэхуэсым щыхагъэкІым деж дэ абы депсэлъэни Іуэху гуэрхэр дэтщІэни щыдогъэт (1 Коринф 5:11; 2 Иуан 9—11). Иеговэ и цІэмрэ зэхуэсымрэ къабзэу къэнэн щхьэкІэ зи гуэныхьхэм хущІемыгъуэж цІыхухэр зэхуэсым хэгъэкІын хуейщ (1 Коринф 5:6). Апхуэдэ тезырым цІыхум ищІэр зэрымытэмэмыр къыгуригъэІуэжу, зихъуэжыну икІи Иеговэ и деж къигъэзэжыну хуигъэушынкІэ хъунущ (Лука 15:17).

▸ 3-нэ псалъащхьэ, 19-нэ абзац

9. УНАФЭХЭМРЭ ЧЭНДЖЭЩХЭМРЭ

Иеговэ дэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи къыддэІэпыкъуну хуейщ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ езыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэмрэ Библиемрэ къигъэсэбэпурэ, унафэрэ чэнджэщрэ къыдет. Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ апхуэдэ дэІэпыкъуэгъум икъукІэ дыхуэныкъуэщ (Иеремия 17:9). Иеговэ и унафэр къытлъигъэІэсын щхьэкІэ къигъэсэбэп цІыхухэм пщІэ яхуэтщІу дызэредаІуэмкІэ езы Иеговэ пщІэ зэрыхуэтщІыр икІи дедэІуэну дызэрыхуейр къыдогъэлъагъуэ (Еврейхэм 13:7).

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 2-нэ абзац

10. ПАГАГЪЭМРЭ ІЭДЭБАГЪЫМРЭ

Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ щхьэхуещагъэрэ пагагъэрэ тхэлъщ. Ауэ Иеговэ хуейщ дэ цІыху Іэдэбу дыщытыну. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дегупсысурэ абы елъытауэ зыри дызэримыщІысыр къыщыдгурыІуэм деж дэ Іэдэбагъыр зыхэтлъхьэу щІыдодзэ (Иов 38:1—4). Абы нэмыщІ дэ ди щхьэм дызэрегупсысым нэхърэ нэгъуэщІхэм нэхъыбэу дегупсысу икІи абыхэм яфІ къэтлъыхъуэу зедгъасэу щытмэ, Іэдэбагъыр зыхыдолъхьэ. Пагагъэм цІыхур хуегъэуш нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъилъытэжыну. ЦІыху Іэдэбым и щхьэр къимыгъэпцІэжу и хьэл-щэныфІхэри и хьэл-щэн Іейхэри елъэгъуж. Апхуэдэ цІыхур мышынэу и щыуагъэхэмкІэ зеумыс, къысхуэгъэгъу жеІэф, нэгъуэщІхэр зыдегъэІэпыкъу икІи чэнджэщ къратхэр зыхелъхьэ. ЦІыху Іэдэбыр Иеговэ щогугъ икІи и унафэм тетщ (1 Петр 5:5).

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 4-нэ абзац

11. ТЕПЩЭНЫГЪЭ

Тепщэныгъэр — ар зыгуэрым иІэ хуитыныгъэращ нэгъуэщІхэм унафэ хуищІыну икІи езым унафэ гуэр къищтэну. Уафэми щІылъэми нэхъ тепщэныгъэшхуэ зиІэр Иеговэщ. Иеговэ псори къызэригъэщІам къегъэлъагъуэ абы псом нэхърэ нэхъ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэр. Абы и тепщэныгъэр сыт щыгъуи нэгъуэщІхэм яфІкІэ къегъэсэбэп. Иеговэ языныкъуэ цІыхухэм я пщэм дилъхьащ дэ дызыхуей дыхуагъэзэну. Псалъэм папщІэ, адэ-анэхэм, зэхуэсым и нэхъыжьхэм, къэрал унафэщІхэм тепщэныгъэ гуэр яІэщ икІи Иеговэ хуейщ дэ абыхэм жаІэм дедэІуэну (Рим 13:1—5; 1 Тимофей 5:17). Ауэ цІыхухэм я хабзэхэр Алыхьым и хабзэхэм пэщІэувэу щытмэ, дэ дызэдаІуэр Алыхьыращ, атІэ цІыхухэракъым (Апостолхэм 5:29). Дэ Иеговэ и тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ, абы унафэ къыдитын щхьэкІэ къигъэсэбэпхэм я жыІэм дыщІэтмэ.

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 7-нэ абзац

12. ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР

Иеговэ зэхуэсыр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ абы куэд щІауэ хуэлажьэ, зэхуэсым и нэхъыжьу щыт къуэшхэр къегъэсэбэп. (Второзаконие 1:13; Апостолхэм 20:28). Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну, мамыру икІи зэкъуэту абы дыхуэлэжьэну а цІыхухъухэр дэ къыддоІэпыкъу (1 Коринф 14:33, 40). Алыхьым и къару лъапІэм а къуэшхэр зэхуэсым и нэхъыжьу тригъэувэн щхьэкІэ, ахэр Библием къахуигъэувхэм тету псэун хуейщ (1 Тимофей 3:1—7; Тит 1:5—9; 1 Петр 5:2, 3). Дэ Алыхьым и организацэм дзыхь худощІ икІи и лъэныкъуэр тІыгъщ. Абы къыхэкІкІэ дэ ди гуапэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм я жыІэм дыщІэтщ (Псалом 138:6; Еврейхэм 13:17).

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 8-нэ абзац

13. УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬЫР

Иеговэ адэ-анэхэм къалэн яхуищІащ сабийхэмрэ унагъуэмрэ зыхуей хуагъэзэну. Библием зэрыжиІэмкІэ, унагъуэм и нэхъыжьыр цІыхухъуращ. Ауэ унагъуэм адэ ящхьэщымытмэ, унагъуэм и нэхъыжь хъур анэращ. Унагъуэм и нэхъыжьым и къалэным хохьэ унагъуэр зыхуэныкъуэ ерыскъым, щыгъыным, унэ зыщІэсыным теухуауэ зыхуей хуигъэзэну. Унагъуэм и нэхъыжьым и бынунагъуэр Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ ядэІэпыкъун хуейщ икІи а ІуэхумкІэ унафэр и ІэмыщІэ ирилъхьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, унагъуэм и нэхъыжьыр кІэлъоплъ и унагъуэр зэпымыууэ зэІущІэхэм зэрыкІуэм, хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтым икІи Библиер зэгъусэу зэраджым. Абы нэмыщІ унагъуэм и нэхъыжьым унафэ ищІын хуейуэ къалэн иІэщ. Ар сыт щыгъуи Хьисэ щапхъэ трихыну хущІокъу. Апхуэдэ цІыхум Іущагъ хэлъщ икІи и унагъуэм щыщхэм гущІэгъуншэу, пхъашэу яхущыткъым. Абы и фІыгъэкІэ унагъуэм лъагъуныгъэрэ мамырыгъэрэ илъщ икІи унагъуэм щыщхэмрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ ящІ.

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 12-нэ абзац

14. УНАФЭЩІ ГУП

УнафэщІ гупыр — ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхухъу гупщ. Иеговэ ахэр къигъэсэбэпурэ и лъэпкъым иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм и нэІэ тригъэтщ. Япэ лІэщІыгъуэми унафэщІ гуп щыІащ. Ахэр къигъэсэбэпурэ, Иеговэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьэныр къаригъащІэт икІи хъыбарыфІыр зэрагъэІуным теухуауэ и унафэри ялъигъэІэст (Апостолхэм 15:2). Ноби УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм Иеговэ и лъэпкъыр яхъумэ икІи зыхуэныкъуэ унафэр ират. А къуэшхэм унафэ щащІкІэ Алыхьым и къару лъапІэм щогугъ икІи абыхэм я унафэхэр Алыхьым и Псалъэм тегъэщІащ. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІут» жиІэу Хьисэ щыжиІам зи гугъу ищІар уафэм кІуэну гугъэ зиІэ а цІыхухъу гупыращ (Маттэ 24:45—47).

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 15-нэ абзац

15. ІЭЛЪЭЩІ ЩЫЗЫТЕЛЪХЬЭН ХУЕЙР

Зэхуэсым къуэшым щигъэзащІэ къалэн гуэр шыпхъум игъэзэщІэну щелъэІу къохъу. Апхуэдэ къалэн шыпхъум щигъэзащІэкІэ и щхьэм ІэлъэщІ трелъхьэ. АбыкІэ шыпхъум къегъэлъагъуэ Иеговэ игъэува хабзэм пщІэ зэрыхуищІыр. Шыпхъум ІэлъэщІ щызэтрилъхьэн хуей Іуэхугъуэ зыбжанэ щыІэщ. Псалъэм папщІэ, шыпхъум и щхьэгъусэр е псым зыщІэзыгъэуа къуэш и гъусэу Библием зыгуэр щригъаджэм деж и щхьэм ІэлъэщІ трилъхьэн хуейщ (1 Коринф 11:11—15).

▸ 4-нэ псалъащхьэ, 17-нэ абзац

16. НЕЙТРАЛИТЕТЫР

Дэ нейтралитетыр тІыгъыу щытмэ, политикэм теухуауэ зыми и лъэныкъуэ дыубыдынукъым (Иуан 17:16). Иеговэ и лъэпкъым абы и Пащтыхьыгъуэр деІыгъ икІи Хьисэ ещхьу мы дунейм и Іуэхухэм хэІэбэркъым.

Иеговэ къыджеІэ «Іэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиІэхэмрэ... дедэІуэну» (Тит 3:1, 2; Рим 13:1—7). Ауэ абы и хабзэм иджыри цІыху дыукІ зэрымыхъунур щыжыІащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и лэжьакІуэм и напэм къыхуидэнукъым ар зауэм кІуэну. Иеговэ и лэжьакІуэм, армэм мыкІуэу, зауэм пымыщІа лэжьыгъэ гуэр игъэзэщІэну Іэмал иІэфынущ. Апхуэдэм деж ар егупсысын хуейщ а Іэмалыр къигъэсэбэпыну и напэм къыхуидэрэ къыхуимыдэрэ.

Дэ дызыхуэлажьэр Иеговэ закъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы дыкъигъэщІащ. Къэралым и дамыгъэхэм пщІэ хуэтщІу щытми, дэ ныпыр дгъэлъэпІэнукъым икІи къэралым и гимныр жытІэнукъым (Исаия 43:11; Даниил 3:1—30; 1 Коринф 10:14). Абы нэмыщІ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми хэхыныгъэм пыщІа Іуэхухэм зэрыхэмытыным теухуауэ езым унафэ ещІ. Ар апхуэдэу щІыщытым и щхьэусыгъуэр дэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зэрыдыубыдаращ (Маттэ 22:21; Иуан 15:19; 18:36).

▸ 5-нэ псалъащхьэ, 2-нэ абзац

17. МЫ ДУНЕЙМ И ГУПСЫСЭКІЭР

Мы дунейм цІыхухэр хуегъэуш ШейтІаным и гупсысэкІэр зыхалъхьэну. Иеговэ фІыуэ зымылъагъу, абы щапхъэ тезымых икІи и хабзэхэм пщІэ хуэзымыщІ цІыхухэм апхуэдэ гупсысэкІэ яІэщ (1 Иуан 5:19). Апхуэдэ гупсысэкІэмрэ абы узыхуигъэуш ІуэхущІафэхэмрэ Библиер мы дунейм и гупсысэкІэкІэ йоджэ (Ефес 2:2). Мы дунейм и гупсысэкІэр зыхамылъхьэн щхьэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм къаруушхуэ ирахьэлІэ (Ефес 6:10—18). Дэ Иеговэ и хабзэхэр фІыуэ долъагъу икІи и гупсысэкІэм дытетыну дыхущІокъу.

▸ 5-нэ псалъащхьэ, 7-нэ абзац

18. АЛЫХЬЫМ ЕПЦІЫЖЫНЫР

Алыхьым епцІыжахэр — ар Библием ит пэжым пэщІэувахэращ. Апхуэдэ цІыхухэр Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу щытыну тригъэува Хьисэрэ езы Иеговэрэ пэщІоувэ. Абыхэм нэгъуэщІ цІыхухэри хуагъэуш я гъусэу Алыхьым пэщІэувэну (Рим 1:25). Ахэр хуейщ Иеговэ хуэлажьэхэм я гум шэч гуэр иралъхьэну. Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым Алыхьым епцІыжа гуэрхэр къыхэкІащ, ди зэманми зэхуэсхэм щыщ гуэрхэри Алыхьым щепцІыж къохъу (2 Фессалоникэ 2:3). Иеговэ хуэпэж цІыхухэм Алыхьым епцІыжахэм пэІэщІэ защІ. Дэ зэрытфІэгъэщІэгъуэным щхьэкІэ е зыгуэрым къызэрыттрикъузэм къыхэкІкІэ Алыхьым епцІыжахэм жаІэм дедаІуэ е ятххэм деджэ хъунукъым. Дэ дызыхуэпэжри дызыхуэлажьэри Иеговэ и закъуэщ.

▸ 5-нэ псалъащхьэ, 9-нэ абзац

19. ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭ

Мусэ и Хабзэм тету, израил лъэпкъым и гуэныхьхэр къахуигъэгъуну Иеговэ елъэІут. Абыхэм я гуэныхьхэр ятекІыжын щхьэкІэ Иеговэ и унэшхуэм гъавэ, дагъэ, псэущхьэхэр къурмэныпхъэу къахьт. А Іуэхум израил цІыхухэм ягу къигъэкІыжт я гуэныхьхэр Иеговэ къахуигъэгъуну зэрыхьэзырыр, ар лъэпкъ псом и гуэныхьырами, цІыху къэс и гуэныхьырами. Ди гуэныхьхэр тщхьэщихын щхьэкІэ Хьисэ и гъащІэр ита нэужь, апхуэдэ къурмэныпхъэхэм дыхуэмеиж хъуащ. Хьисэ и къурмэныпхъэ дагъуэншэр зэ итащ икІи апхуэдэ къурмэныпхъэ афІэкІа къэхьыжын хуейкъым (Еврейхэм 10:1, 4, 10).

▸ 7-нэ псалъащхьэ, 6-нэ абзац

20. ПСЭУЩХЬЭХЭМ Я ГЪАЩІЭМ ПЩІЭ ХУЭЩІЫН

Мусэ и Хабзэм цІыхухэр хуит ищІт псэущхьэхэр яшхыну. Абы нэмыщІ псэущхьэхэр къурмэну къахьын хуейуэ израил цІыхухэм унафэ яІэт (Левит 1:5, 6). Ауэ Иеговэ и лъэпкъыр псэущхьэхэм гущІэгъуншэу хущытыну зэи хуит ищІакъым (Притчи 12:10, Гъэс.). Иеговэ израил цІыхухэм къалэн яхуищІт я псэущхьэхэр зыхуей хуагъэзэну (Второзаконие 22:6, 7). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Мусэ и Хабзэм ит унафэхэм псэущхьэхэр къахъумэт.

▸ 7-нэ псалъащхьэ, 6-нэ абзац

21. ЛЪЫМ И ФРАКЦИЕХЭМРЭ МЕДИЦИНСКЭ ПРОЦЕДУРЭХЭМРЭ

Лъыр, абы и Іыхьэ нэхъыщхьиплІыр, фракциехэр

Лъым и фракциехэр. Лъыр Іыхьэ нэхъыщхьиплІу зэхэлъщ: эритроцитхэр, лейкоцитхэр, тромбоцитхэр, плазмэр. Ахэр Іыхьэ нэхъ цІыкІужкІэ бгуэш мэхъу икІи абыхэм лъым и фракциекІэ йоджэa.

Иеговэ и лэжьакІуэхэм лъыр зэрыщыту е лъым и Іыхьэ нэхъыщхьиплІым языхэз зыхрагъэкІэну ядэкъым. Ауэ абыхэм лъым и фракциехэр зыхрагъакІэ хъуну пІэрэ? Абы теухуауэ Библием унафэ пыухыкІа иткъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми Библием тету гъэса и напэм зэридэм хуэдэу езым унафэ ищІыжын хуейщ.

Иеговэ и лэжьакІуэхэм ящыщ гуэрхэм фракциехэр зыхрамыгъэкІэну унафэ ящІ. Абыхэм апхуэдэ унафэ щІащІым и щхьэусыгъуэу щытынкІэ хъунур псэущхьэхэм я лъыр псори щІым щикІутын хуейуэ Алыхьым израил лъэпкъым ярита хабзэращ (Второзаконие 12:22—24).

Адрей Иеговэ и лэжьакІуэхэм нэгъуэщІ унафэ ящІ. Абыхэм я напэм къахуедэ лъым и фракциехэм щыщ къагъэсэбэпыну. Лъыр къызыхашам и гъащІэр фракциехэм хэмылъыжу зэралъытэр абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъункІэ хъунущ.

Лъым и фракциехэм теухуауэ унафэ щыпщІкІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм егупсыс:

  • Фракциехэр къэзмыгъэсэбэпыну мурад зэрысщІам къыхэкІкІэ, узыфэ гуэрхэм сыпэщІэтыну е лъыр щысфІэкІуэдкІэ къыздэІэпыкъуфыну языныкъуэ хущхъуэхэр зэсхьэлІэ зэрымыхъуныр къызгурыІуэу пІэрэ сэ?

  • Сэ лъым и фракциехэм щыщ гуэр щІызэсхьэлІэм е щІызэзмыхьэлІэм и щхьэусыгъуэр дохутырым дауэ къыгурызгъэІуа хъуну?

Медицинскэ процедурэхэр. Иеговэ и лэжьакІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ дэ донор хуэдэу лъы ттыкъым икІи операцэ дащІын ипэ ди лъыр зыхуедгъэхьэскъым, ар итІанэ къытхагъэлъэдэжын щхьэкІэ. Ауэ сымаджэм и лъыр къыщагъэсэбэп нэгъуэщІ процедурэхэри щыІэщ. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми операцэ щащІым деж, анализхэр щыІахым деж е операцэ Іуэху хэмыту щагъэхъужым деж и лъыр къызэрагъэсэбэпынымкІэ унафэ ищІын хуейщ. Апхуэдэ процедурэхэм деж сымаджэм и лъыр зэман гуэркІэ къыхаш. (2000 гъэм, жэпуэгъуэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и напэкІуэцІ 30—31 нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.)

Псалъэм папщІэ, гемодилюцие жыхуаІэ процедурэ щыІэщ. А процедурэм деж операцэ ящІын ипэ сымаджэм и лъым и Іыхьэ гуэр къыхашри абы и пІэкІэ хущхъуэ хакІэ. ИтІанэ операцэр иджыри екІуэкІыу е иуха нэужь сымаджэм и лъыр хакІэж.

РеинфузиекІэ еджэу нэгъуэщІ процедури щыІэщ. А процедурэр зэращІыр мыпхуэдэущ: операцэ щащІкІэ сымаджэм щІэкІ лъыр зэхуахьэс, ягъэкъабзэри операцэр иджыри екІуэкІыу е иуха нэужь сымаджэм хагъэлъэдэж.

Дохутырхэм а процедурэхэр зэращІыр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэм и лъым иращІэныр къищІэн хуейщ процедурэ е анализ гуэрым арэзы техъуэн ипэ.

Уи лъыр къыщагъэсэбэпыну медицинскэ процедурэхэм теухуауэ унафэ щыпщІым деж къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм егупсыс:

  • Си лъым и Іыхьэ гуэр къысхашу зэман гуэркІэ си Іэпкълъэпкъым щымыщу хъууэ щытмэ, си напэм къысхуидэну пІэрэ а лъыр адэкІи си Іэпкълъэпкъым щыщу сыбжыну? Хьэмэрэ а лъыр щІым щискІутын хуейуэ къэслъытэну? (Второзаконие 12:23, 24).

  • Медицинскэ процедурэ щащІкІэ си лъым и Іыхьэ гуэр къащтэрэ, зэхъуэкІыныгъэ гуэр халъхьэу къысхакІэжым е операцэ нэужьым си щІыфэм телъ уІэгъэм къытралъхьэм Библием тету гъэса си напэм ар къысхуидэну пІэрэ?

  • Си лъыр къыщагъэсэбэпыну медицинскэ процедурэхэр сымыщІыну унафэ зэрысщІым хыхьэр къызгурыІуэу пІэрэ сэ? Абы хохьэ анализ ящІыну си лъыр сымытыныр, гемодиализ езмыгъэщІыныр икІи лъыр зезыгъакІуэ аппаратыр (аппарат искусственного кровообращения) сыхуей хъумэ, ар къэзмыгъэсэбэпыныр.

Лъым и фракциехэмрэ медицинскэ процедурэхэмрэ теухуауэ унафэ къэтщтэн ипэ дэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи а Іуэхухэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн хуейщ (Екъуб 1:5, 6). Абы иужь Библием тету гъэса ди напэм зэрыжиІэм хуэдэу дэ езым унафэ тщІын хуейщ. Дэ нэгъуэщІхэм деупщІын хуейкъым ахэр ди пІэм итауэ щытамэ ящІэнумкІэ. НэгъуэщІхэми дыхагъэзыхьын хуейкъым дэ къэтщтэну унафэмкІэ (Рим 14:12; Галатие 6:5).

Лъымрэ абы и Іыхьэ нэхъыщхьиплІымрэ зэрызыхомыгъэкІэным теухуауэ пщІа унафэр дохутырхэм къагурыбгъэІуэн щхьэкІэ абы хуэкІуэ документ къэбгъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщІэ, «Волеизъявление и доверенность относительно медицинского вмешательства» жыхуиІэ документыр. Лъы къыпхамыкІэн щхьэкІэ абы укъихъумэфынущ. Лъым и фракциехэмрэ уи лъыр къыщагъэсэбэп медицинскэ процедурэхэмрэ теухуауэ унафэ пщІар а документым къыщыбгъэлъэгъуэфынущ.

▸ 7-нэ псалъащхьэ, 11-нэ абзац

22. ДУНЕЙ ТЕТЫКІЭ КЪАБЗЭ

Дуней тетыкІэ къабзэ уиІэным къикІыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Алыхьым и пащхьэм ущыкъабзэныращ. Абы хохьэ ди гупсысэкІэр, ди псэлъэкІэр, ди ІуэхущІафэхэр. Зинэ щІэным пыщІа дэтхэнэ зы Іуэхуми зыпыІуддзын хуейуэ дэ Иеговэ унафэ къытхуещІ (Притчи 1:10; 3:1, Гъэс.). ГъэунэхуапІэ тхуэхъун Іуэхугъуэ димыхуэ щІыкІэ Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дытетыну мурад быдэ тщІын хуейщ. Дэ ди акъылыр къабзэу тхъумэн щхьэкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэпымыууэ делъэІун хуейщ. Абы нэмыщІ дэ унафэ быдэ тщІын хуейщ зинэ щІэным дыхуэзышэфыну сыт хуэдэ Іуэхугъуэми зыпыІуддзыну (1 Коринф 6:9, 10, 18; Ефес 5:5).

▸ 8-нэ псалъащхьэ, 11-нэ абзац

23. ЕРЫЩУ ГУЭНЫХЬ ЩІЭНЫМРЭ МЫКЪАБЗЭНЫГЪЭМРЭ

Ерыщу гуэныхь щІэным хохьэ Алыхьым и хабзэхэм ебакъуэ икІи укІытэ зыхэмылъ псэлъэкІэр е ІуэхущІафэр. Апхуэдэу щыт цІыхум къегъэлъагъуэ Иеговэ и хабзэхэм пщІэ зэрыхуимыщІыр. Апхуэдэ щытыкІэ зиІэ цІыхум и Іуэхур правовой комитетым зэхигъэкІын хуейщ. Мыкъабзэныгъэм Іуэху зэмылІэужьыгъуэ куэд хохьэ. Мыкъабзэныгъэм и хьэлъагъым теухуауэ языныкъуэхэм деж зэхуэсым и правовой комитетым а Іуэхур зэхигъэкІын хуейщ (Галатие 5:19—21; Ефес 4:19; 2006 гъэм, бадзэуэгъуэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ).

▸ 9-нэ псалъащхьэ, 7-нэ абзац; 12-нэ псалъащхьэ, 10-нэ абзац

24. МАСТУРБАЦИЕ

Зэщхьэгъусэу щыт цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ я лъагъуныгъэр ягъэлъэгъуэн щхьэкІэ Иеговэ абыхэм зэгъусэну Іэмал яритащ. Ауэ мастурбацие зи цІэ хьэлыр цІыхум щиІэм деж, абы и Іэпкълъэпкъыр зыхуей зригъэгъуэтын щхьэкІэ и укІытапІэр тэмэму къигъэсэбэпу жыпІэ хъунукъым. А хьэлыр цІыхумрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъункІэ хъунущ. Абы цІыхум хъуэпсэныгъэ Іей игу къигъэкІыфынущ икІи Алыхьым и тыгъэм теухуауэ и еплъыкІэр зэблишыфынущ (Колоссэ 3:5). А Іуэхугъуэр хьэл Іей зыхуэхъуа икІи зыхинэну зыхузэфІэмыкІ цІыхур къикІуэтын хуейкъым (Псалом 86:5; 1 Иуан 3:20). Апхуэдэ гугъуехь уэри уиІэу щытмэ, уи гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Гупсысэ фІей уигу къэзыгъэкІ Іуэхухэм пэІэщІэ зыщІ, псалъэм папщІэ, порнографие еплъыным. Иеговэ хуэлажьэ уи адэ-анэм е Алыхьым и хабзэхэм пщІэ хуэзыщІ уи ныбжьэгъум епсалъэ (Притчи 1:8, 9, Гъэс.; 1 Фессалоникэ 5:14; Тит 2:3—5). Иеговэ и пащхьэм къабзэу уитыну узэрыхущІэкъур абы зэрилъагъум икІи лъапІэу зэрилъытэм шэч къытомыхьэ (Псалом 51:17; Исаия 1:18).

▸ 9-нэ псалъащхьэ, 9-нэ абзац

25. ПОЛИГАМИЕ

Полигамиер — ар цІыхум зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ щиІэм дежщ. Иеговэ и мурадымкІэ нэчыхьым гъусэ зыхуищІын хуейр зы цІыхухъурэ зы цІыхубзрэщ. Пасэрей Израилым щыпсэуа цІыхухъухэр Алыхьым хуит ищІт абыхэм зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ яІэну, ауэ ар Алыхьым япэ дыдэу иІа мурадым хыхьэтэкъым. Нобэ Иеговэ и лъэпкъым щыщ цІыхухъухэри цІыхубзхэри хуит ищІкъым зы щхьэгъусэ нэхърэ нэхъыбэ яІэну (Маттэ 19:9; 1 Тимофей 3:2).

▸ 10-нэ псалъащхьэ, 12-нэ абзац

26. НЭЧЫХЬЫР КЪУТЭЖЫНЫМРЭ ЗЭПЭЩХЬЭХУЭУ ПСЭУНЫМРЭ

Иеговэ и мурадымкІэ зэщхьэгъусэхэр игъащІэ псокІэ зэдэпсэун хуейщ (ЩІэдзапІэ 2:24; Малахия 2:15, 16; Маттэ 19:3—6; 1 Коринф 7:39). Зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр якъутэжыну Иеговэ хуит щищІыр тІум язым зинэ ищІауэ щытмэщ. Абы щыгъуэ лажьэ зимыІэ щхьэгъусэр Иеговэ хуит ещІ нэчыхьыр икъутэжынрэ имыкъутэжынрэ унафэ ищІыну (Маттэ 19:9).

Иеговэ хуэлажьэ гуэрым унафэ ищІынкІэ хъунущ и щхьэгъусэм бгъэдэкІыу, щхьэхуэу псэуну, абы зинэ имыщІами (1 Коринф 7:11). Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэфынущ.

  • ЦІыхухъум и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн имыдэу, унагъуэр ахъшэншэ е ерыскъыншэ дыдэу къанэу щытмэ (1 Тимофей 5:8).

  • Егъэлеяуэ гущІэгъуншэу зыр адрейм хущытмэ: зэщхьэгъуситІым язым и узыншагъэр е и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу щытмэ (Галатие 5:19—21).

  • ЦІыхум Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІэм деж: зэщхьэгъусэхэм язым адрейм Иеговэ хуэлэжьэну Іэмал иримытмэ (Апостолхэм 5:29).

▸ 11-нэ псалъащхьэ, 19-нэ абзац

27. ЩЫТХЪУМРЭ ГУШХУЭНЫГЪЭМРЭ

Дэ псори щытхъурэ гушхуэныгъэрэ дыхуэныкъуэщ (Притчи 12:25; 16:24). Лъагъуныгъэ зыхэлъ псалъэ гуапэхэмкІэ зым зыр дгъэгушхуэфынущ икІи гупсэхугъуэ еттыфынущ. Апхуэдэ псалъэхэр ди къуэш, ди шыпхъухэм къадэІэпыкъунущ я гугъуехьхэм емылъытауэ, теубыдагъэ яІэу, адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну (Притчи 12:18; Филиппи 2:1—4). Зи лъэ щІэхуа гуэр и гурыщІэхэмкІэ къыщыддэгуашэм деж дэ абы и пщІэр едмыудыхыу дедэІуэн хуейщ. А цІыхум и гурыщІэхэр къыдгурыІуэу щытмэ, дэ абы псалъэкІи ІуэхукІи дауэ дыдэІэпыкъу хъунуми къэтщІэнущ (Екъуб 1:19). Уи къуэш, уи шыпхъухэр зыхуэныкъуэр къыбгурыІуэн щхьэкІэ ахэр нэхъыфІу зэбгъэцІыхуну хущІэкъу. Абы щыгъуэ уэ абыхэм уадэІэпыкъуфынущ гузэгъэгъуэрэ, гушхуэныгъэрэ къызыбгъэдэкІ Алыхьым зыхуагъэзэну (2 Коринф 1:3, 4; 1 Фессалоникэ 5:11).

▸ 12-нэ псалъащхьэ, 16-нэ абзац

28. ХЬЭГЪУЭЛІЫГЪУЭР

ХьэгъуэлІыгъуэр зэрегъэкІуэкІын хуейм теухуауэ Библием хабзэ пыухыкІа иткъым. Абы теухуауэ щІыпІэ-щІыпІэкІэ щыІэ хабзэхэр зэтехуэкъым икІи къэралым цІыхухэм къахуигъэувыр зыкъым (ЩІэдзапІэ 24:67; Маттэ 1:24; 25:10; Лука 14:8). ХьэгъуэлІыгъуэм и Іыхьэ нэхъыщхьэ дыдэр ар — Иеговэ и пащхьэм иту щауэмрэ нысащІэмрэ зрат псалъэращ. Зэрышэ куэдым я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ зэхахыу а псалъэр зратыну икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыщ гуэрым Библием тегъэщІа псалъэ жиІэну мурад ящІ. ХьэгъуэлІыгъуэ ящІынрэ ямыщІынрэ икІи ящІыну щытмэ, ар зэрекІуэкІыну щІыкІэм теухуауэ унафэ зыщІыр щауэмрэ нысащІэмрэщ (Лука 14:28; Иуан 2:1—11). Зэрышэхэм я хьэгъуэлІыгъуэр зэрырагъэкІуэкІынум теухуауэ сыт хуэдэ унафэ къамыщтэми, а гуфІэгъуэ махуэшхуэм Иеговэ зэригъэлъэпІэнум абыхэм къару ирахьэлІэн хуейщ (ЩІэдзапІэ 2:18—24; Маттэ 19:5, 6). Абыхэм унафэ пэж къащтэну Библием ит принципхэр къадэІэпыкъунущ (1 Иуан 2:16, 17). Щауэмрэ нысащІэмрэ я хьэгъуэлІыгъуэ Іэнэм фадэ къытрагъэувэну мурад ящІмэ, псори тэмэму зэрекІуэкІыным кІэлъыплъын цІыху къыхахын хуейщ (Притчи 20:1; Ефес 5:18). Абыхэм я хьэгъуэлІыгъуэм макъамэрэ джэгурэ щыІэну мурад ящІмэ, Иеговэ и цІэр зэрамыгъэпудыным егупсысын хуейщ. Алыхьым и лэжьакІуэ зэрышэхэм я акъылыр зытраухуэн хуейр Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэмрэ езы тІум я зэхущытыкІэмрэщ, атІэ хьэгъуэлІыгъуэракъым (Притчи 18:22, Гъэс.; 2006 гъэм, жэпуэгъуэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и напэкІуэцІ 18—31 ит статьяхэм чэнджэщ нэхъыбэ къыщыбгъуэтынущ: «Свадьбы, достойные в глазах Бога и людей», «Покажите свою веру на деле», «Пусть ваша свадьба пройдет радостно и благопристойно»).

▸ 13-нэ псалъащхьэ, 18-нэ абзац

29. ІУЩАГЪ ЗЫХЭЛЪ УНАФЭХЭР КЪЫЗЭРЫПЩТЭНЫР

Дэ Алыхьым и Псалъэм ит принципхэм тегъэщІа унафэ пэжхэр къэтщтэну дыхуейщ. Псалъэм папщІэ, ди къуэш, ди шыпхъу гуэр Иеговэ и Щыхьэту щымыт и щхьэгъусэм иригъэблэгъэфынущ зы махуэшхуэ гуэрым и гъусэу я благъэхэм деж кІуэну. Уэ апхуэдэ Іуэхугъуэ уихуэмэ, сыт пщІэ хъунур? Уэ абы укІуэну уи напэм къыпхуидэу щытмэ, уи щхьэгъусэм къыгурыбгъэІуэн хуейщ тхьэ нэпцІхэм пыщІа хабзэхэр щекІуэкІ хъумэ, абыхэм узэрыхэмытынур. Абы нэмыщІ уэ уегупсысын хуейщ: «Сэ абы сызэрыкІуэм зыгуэр имыгъэлъэпэрэпэну пІэрэ?» жыпІэу (1 Коринф 8:9; 10:23, 24).

Е, псалъэм папщІэ, узыгъэлажьэм махуэшхуэ гуэрым ирихьэлІэу премие къыуитыну хуейщ. А ахъшэр къомыщтэн хуейуэ щыт? Ар Іэмал имыІэу къэпщтэн хуэмейуэ щыткъым. Уэ а премиер къэпщтэнрэ къомыщтэнрэ узыгъэлажьэр абы зэрыхущытым зы лъэныкъуэкІэ елъытащ. А премиер махуэшхуэ гъэлъэпІэным и Іыхьэу абы къилъытэрэ? Хьэмэрэ апхуэдэ щІыкІэу фІыщІэ къызэрыпхуищІыр къигъэлъэгъуэну хуейуэ ара? Мы упщІэхэмрэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэмрэ уегупсысмэ, премие къеІыпхынрэ къомыІыхынрэ зэхэбгъэкІыфынущ.

Иджыри, псалъэм папщІэ, уэ зыгуэрым зы махуэшхуэ гуэрым теухуауэ тыгъэ къыуиту мыпхуэдэу къыбжиІэфынущ: «Уэ мы махуэшхуэр зэромыгъэлъапІэр сэ сощІэ, ауэ абы емылъытауэ мы тыгъэр уэстыну сыхуейщ». А цІыхум абы зыри къримыхыу и гум къыбгъэдэкІыу а тыгъэр къыуитынкІэ хъунущ. Ауэ уи фІэщхъуныгъэр а цІыхум игъэунэхуну е а махуэшхуэ гъэлъэпІэным ухигъэтыну мурад зэриІэр къыбгурыІуэу щытмэ-щэ? Уэ абы уегупсысу а тыгъэр къеІыпхынрэ къомыІыхынрэ унафэ пщІын хуейщ. Дэ сыт хуэдэ унафэ дымыщІами, ди напэр къабзэу икІи Иеговэ дыхуэпэжу дыкъэнэну дыхуейщ (Апостолхэм 23:1).

▸ 13-нэ псалъащхьэ, 22-нэ абзац

30. ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ ЮРИДИЧЕСКЭ ІУЭХУХЭМРЭ

И нэхъыбэм деж зэгурымыІуэныгъэхэм псынщІэу икІи мамыру кІэ ирату щытмэ, абыхэм гугъуехьышхуэ къикІкъым (Маттэ 5:23—26). Иеговэ и лэжьакІуэхэр псом нэхърэ нэхъапэу зэгупсысын хуейр Алыхьыр зэрагъэлъэпІэнымрэ зэхуэсым зэкъуэтыныгъэ зэрилъынымрэщ (Иуан 13:34, 35; 1 Коринф 13:4, 5).

Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лэжьыгъэм пыщІа зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыдыхьэу щытмэ, а Іуэхур судым намыгъэсу зэрызэгурыІуэжыным иужь итын хуейщ. Зэхуэсым щыщхэм я Іуэхур судым щІынамыгъэсын хуейм и щхьэусыгъуэр апостол Паул 1 Коринф 6:1—8 щыжиІащ. Уи къуэшыр судым зэрептым Иеговэ и цІэри зэхуэсым и цІэри игъэпудыфынущ. Гуэныхьышхуэ зыпылъ мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэр, псалъэм папщІэ, зыгуэрым пцІы щытралъхьэм деж е гъэпцІагъэкІэ и мылъкур къыщыІэщІагъэкІым деж, зэхагъэкІын щхьэкІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм ячын хуей лъэбакъуищыр Маттэ 18:15—17 итщ. 1) ЯпэщІыкІэ зи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къызыдыхьахэм езыхэм къару ирахьэлІэн хуейщ мамырыгъэр зэтрагъэувэжын щхьэкІэ. 2) Абыхэм я къарукІэ ар яхузэфІэмыкІмэ, Иеговэ и лэжьакІуэ зы цІыху е цІыхуитІ зыдагъэІэпыкъу хъунущ. 3) Абы иужь нэгъуэщІ Іэмал щымыІэу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм а Іуэхур ябгъэдэплъхьэ хъунущ. Апхуэдэ къэхъуу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием ит принципхэр къагъэсэбэпу зэгурымыІуэныгъэ зи зэхуаку къыдыхьа псоми ядэІэпыкъунущ. Абыхэм щыщ гуэр Библием ит хабзэхэм тетыну хуэмеймэ, а цІыхум и Іуэхур правовой комитетым зэхигъэкІын хуей хъункІэ хъунущ.

Іуэхум судыр къыхэІэбэн хуейуэ къэралым и законым щигъэув Іуэхугъуэ куэд щыІэщ, псалъэм папщІэ, нэчыхьыр егъэкъутэжыным, сабийр къызыхуэнэным, алимент тыным, страховкэм, банкротствэм е уэсятым теухуауэ. Иеговэ и лэжьакІуэм и Іуэхур мамыру зэхигъэкІын щхьэкІэ судым зыхуигъазэу щытмэ, абы къикІкъым ар Паул и чэнджэщым темыту.

Зыгуэрым лей ехыным, сабийм гущІэгъуншэу хущытыным, зыгуэрым теуэным, мылъкушхуэкІэ едыгъуэным е цІыху зэраукІам теухуауэ Алыхьым и лэжьакІуэм тепщэныгъэ зиІэхэм хъыбар яригъащІэмэ, абы къикІкъым ар Паул и чэнджэщым ебэкъуауэ.

▸ 14-нэ псалъащхьэ, 14-нэ абзац

31. ШЕЙТІАНЫМ И КЪАПХЪЭНХЭР

Іэдэн жыг хадэм и зэманым щыщІэдзауэ ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэну хэтщ (ЩІэдзапІэ 3:1—6; Апокалипсис 12:9). Абы ещІэр дэ ди гупсысэкІэр зэІигъэхьэмэ, Іуэху Іейхэр дигъэщІэну дызэрыхуигъэушыфынур (2 Коринф 4:4; Екъуб 1:14, 15). ШейтІаным и гупсысэкІэр къытхипщэн щхьэкІэ икІи ар тэмэм гуэру къэтлъытэн щхьэкІэ, абы политикэр, диныр, коммерциер, нэгу зегъэужьыкІэхэр, щІэныгъэ зэгъэгъуэтыныр икІи нэгъуэщІ куэди къегъэсэбэп (Иуан 14:30; 1 Иуан 5:19).

ШейтІаным ещІэ абы цІыхухэр къигъэпцІэн щхьэкІэ зэман куэд къызэрыхуэмынэжар. Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным цІыху нэхъыбэ щигъэуэн щхьэкІэ лъэкІ къигъанэкъым. Абы нэхъыбэ дыдэу къигъэпцІэну зыхуейр Иеговэ и лэжьакІуэхэращ (Апокалипсис 12:12). Дэ дымысакъыу щытмэ, Иблисым ди гупсысэкІэр зыІигъэхьэфынущ (1 Коринф 10:12). Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэр игъащІэкІэ зэдэпсэуну (Маттэ 19:5, 6, 9). Ауэ нобэ цІыху куэдым нэчыхьым теухуауэ яІэ еплъыкІэр Алыхьым и еплъыкІэм техуэкъым икІи ар тынш Іейуэ пкъутэж хъуну йогупсыс. Апхуэдэ еплъыкІэр фильм куэдми телевизорымкІэ къат программэхэми къыхощ. Дэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ мы дунейм нэчыхьым теухуауэ иІэ еплъыкІэр зыхэдмылъхьэн щхьэкІэ.

ШейтІаным дыщигъэуэн щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмалхэм хохьэ — тепщэныгъэ зиІэхэм уемыдаІуэу, щхьэзыфІэфІу ущытыныр (2 Тимофей 3:4). Дэ дымысакъыу щытмэ, Иеговэ тригъэувахэм я тепщэныгъэм пщІэ хуэдмыщІыжу дыхъункІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, къуэш гуэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІа унафэм арэзы темыхъуэу пэщІэувэу щІидзэнкІэ хъунущ (Еврейхэм 12:5). Е шыпхъу гуэрым Иеговэ унагъуэм нэхъыжьу тригъэува цІыхухъум пщІэ хуимыщІыжу хъункІэ хъунущ (1 Коринф 11:3).

Иблисым и гупсысэкІэр зыхэдмылъхьэну мурад быдэ тщІын хуейщ. Дэ Иеговэ щапхъэ тетхыну икІи и гупсысэкІэр зыхэтлъхьэну дыхуейщ (Колоссэ 3:2; 2 Коринф 2:11).

▸ 16-нэ псалъащхьэ, 9-нэ абзац

32. ЗЭРЫЗЫДГЪЭХЪУЖ ІЭМАЛХЭР

Дэ псоми узыншагъэ быдэ диІэну икІи сымаджэ дыщыхъум деж зыдгъэхъужын щхьэкІэ Іэмал нэхъыфІ дыдэхэр къэдгъэсэбэпыну дыхуейщ (Исаия 38:21; Марк 5:25, 26; Лука 10:34). Нобэ дохутырхэм узыфэхэр зэрагъэхъуж Іэмал куэд яІэщ. Зэрызыдгъэхъужыну Іэмалыр къыщыхэтхым деж Библием ит принципхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ дощІэ цІыхухэр зэи мысымаджэжу зыщІыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэрауэ зэрыщытыр. Дэ дыхуейкъым ди узыншагъэм егъэлеяуэ дегупсысу щІэддзэу, Иеговэ и лэжьыгъэр едгъэкІуэтэкІыну (Исаия 33:24; 1 Тимофей 4:16).

Дэ Іэзэгъуазэм пыщІа зэрызагъэхъуж Іэмалхэм пэІэщІэ зытщІын хуейщ (Второзаконие 18:10—12; Исаия 1:13). Абы къыхэкІкІэ дэ зэрызыдгъэхъужыну Іэмалыр къыхэтхын е хущхъуэ гуэр зэтхьэлІэн ипэ абыхэм я къежьапІэм теухуауэ зэрыхъукІэ нэхъыбэ къэтщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ ар жин бзаджэхэм пыщІарэ пымыщІарэ зэхэдгъэкІын хуейщ (Притчи 14:15, Гъэс.). Дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым жин бзаджэхэм пыщІа Іуэхухэм дыхипщэну ШейтІаныр Іейуэ зэрыхуейр. Зэрызагъэхъуж Іэмалыр зыгуэркІэ Іэзэгъуазэм пыщІауэ къытщыхъумэ, ар къыхэдмыхмэ нэхъыфІщ (1 Петр 5:8).

▸ 16-нэ псалъащхьэ, 18-нэ абзац

a Языныкъуэ дохутырхэм лъым и Іыхьэ нэхъыщхьиплІри фракциехэм хабжэ. Абы къыхэкІкІэ уэ лъыр зэрыщыту е лъым и Іыхьэ нэхъыщхьиплІым языр — эритроцитхэр, лейкоцитхэр, тромбоцитхэр, плазмэр — къыпхакІэну ущІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр дохутырхэм къагурыбгъэІуэн хуей хъуну къыщІэкІынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын