15-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Уи лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэх
«ЦІыхум... и лэжьыгъэм къыпэкІуэ фІыгъуэм гуфІэгъуэ хихын хуейщ» (ЭККЛЕЗИАСТ 3:13).
1—3. 1) ЦІыху куэдыр я лэжьыгъэм дауэ зэрыхущытыр? 2) Мы псалъащхьэм сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
ДУНЕЙ псом тет цІыхухэм я щхьэмрэ я унагъуэмрэ зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ, лэжьыгъэм зэман куэд трагъэкІуадэ. Куэдым я лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъукъым икІи махуэ къэс лэжьапІэ кІуэну шынэ цІыхуи щыІэщ. Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэу щытмэ, сыт пщІэ хъунур, уи лэжьыгъэр нэхъ уигу ирихьу хъун щхьэкІэ? Уи лэжьыгъэм узэрыхущытыр дауэ нэхъыфІ зэрыпщІынур?
2 Иеговэ дэ къыджеІэ: «ЦІыхур ефэн-ешхэн икІи и лэжьыгъэм къыпэкІуэ фІыгъуэм гуфІэгъуэ хихын хуейщ. Ар Алыхьым и тыгъэщ» (Экклезиаст 3:13). Иеговэ дэ дылэжьэну дыхуейуэ дыкъигъэщІащ. Ар хуейщ дэ тщІэ Іуэхум гуфІэгъуэ къыхэтхыну. (Къеджэ Экклезиаст 2:24a; 5:18b.)
3 Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъунур ди лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэтхыну? Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэхэм пэІэщІэ зыхуащІын хуей? Дауэ дэ ди лэжьыгъэми Иеговэ дызэрыхуэлажьэми еплъыкІэ тэмэм диІэу дызэрыхущытыфынур? ИкІи мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ дэ тхуэщІэнур?
НЭХЪ ИН ДЫДЭ ЛЭЖЬАКІУИТІЫР
4, 5. Иеговэ дауэ лэжьыгъэм зэрыхущытыр?
4 Иеговэ езым лэжьэну ифІэфІщ. ЩІэдзапІэ 1:1 щыжыІащ: «Тхьэм япэщІыкІэ къигъэщІащ уафэмрэ щІылъэмрэ». Алыхьым щІылъэмрэ щІылъэм тетхэмрэ иухуа нэужь абы къигъэщІауэ хъуам теухуауэ жиІащ ахэр «икъукІэ зэрыфІыр» (ЩІэдзапІэ 1:31). ДыкъэзыгъэщІа Алыхьыр и ІэдакъэщІэкІымкІэ арэзы хъуащ (1 Тимофей 1:11, ДЩІ).
5 Иеговэ лэжьэн зэи щигъэткъым. Хьисэ жиІащ: «Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Іуэху елэжь» (Иуан 5:17). Алыхьым илэжь телъыджэ Іуэху псори дымыщІэми, языныкъуэ Іуэхухэм дэ дыщыгъуазэщ. Иеговэ къыхех и Къуэ Хьисэ Мэссихь и гъусэу уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъынухэр (2 Коринф 5:17). Абы нэмыщІ Иеговэ и унафэр цІыхухэм ялъегъэІэс икІи и нэІэ ятригъэтщ. ХъыбарыфІыр дуней псом зэрыщагъэІум и фІыгъэкІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Иеговэ къацІыху икІи гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ яІэ мэхъу (Иуан 6:44; Рим 6:23).
6, 7. Хьисэ сыт хуэдэ лэжьакІуэ?
6 И Адэм хуэдэу Хьиси лэжьэн ифІэфІщ. ЩІылъэм къэкІуэн ипэ Хьисэ Алыхьым и «дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу» щытащ икІи уафэми щІылъэми щыІэ псори Иеговэ къыщигъэщІым щыгъуэ а лэжьыгъэм ар хэтащ (Притчи 8:22—31, ДЩІ; Колоссэ 1:15—17). Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуи лэжьэн щигъэтакъым. Ар ныбжьыщІэу пхъащІэ ІэщІагъэм хуеджащ икІи унэрэ унэлъащІэрэ ищІу щытауэ къыщІэкІынущ. Хьисэ и лэжьыгъэр ІэкІуэлъакІуэу зэрищІэм къыхэкІкІэ ар пхъащІэут зэрацІыхуу щытар (Марк 6:3).
7 Ауэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэу щІылъэм Хьисэ щилэжьа лэжьыгъэр ар хъыбарыфІ гъэІунымрэ Иеговэ теухуа пэжым цІыхухэр зэрыхуригъаджэу щытамрэщ. А лэжьыгъэр игъэзэщІэн щхьэкІэ Хьисэ илъэсищрэ ныкъуэрэщ иІар икІи абы пщэдджыжьым жьыуэ щІидзэти, пщыхьэщхьэр хэкІуэтэхукІэ егугъуу а лэжьыгъэр игъэзащІэт (Лука 21:37, 38; Иуан 3:2). Хьисэ гъуэгу сабэхэм тету километр щэ бжыгъэ куэд икІуащ икІи Іэмалу иІэр къигъэсэбэпт, зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІыр ялъигъэІэсын щхьэкІэ (Лука 8:1).
8, 9. Хьисэ и лэжьыгъэм сыт гуфІэгъуэ хихыу щІыщытар?
8 Алыхьым и Іуэхур игъэзэщІэну Хьисэ дежкІэ ерыскъым хуэдэт. А лэжьыгъэм абы къару къритт. Хьисэ апхуэдизкІэ куэд илэжьти, шхэну зэман щимыІа махуэхэри къыхуихуащ (Иуан 4:31—38). ЦІыхухэм и Адэр къаригъэцІыхун щхьэкІэ абы дэтхэнэ зы Іэмалри къигъэсэбэпт. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ Иеговэ жриІэфащ: «Сэ си пщэм къиплъхьа злэжьыну Іуэхухэр зэрызгъэзэщІамкІэ дунейм и цІыхухэм уэ уи щІыхьышхуэр язгъэлъэгъуащ» (Иуан 17:4, ХъыбарыфІыр, 1993).
9 Шэч хэлъкъым Иеговэрэ Хьисэрэ егугъуу зэрылажьэм икІи я лэжьыгъэм гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ къызэрыхахым. Дэ дыхуейщ Алыхьым щапхъэ тетхыну икІи Хьисэ и лъэужь дитыну (Ефес 5:1; 1 Петр 2:21). Абы къыхэкІкІэ дэ дыхущІокъу дегугъуу дылэжьэну икІи дэтхэнэ зы Іуэхури нэхъыфІ дыдэу зэрытщІыным иужь дитщ.
ДИ ЛЭЖЬЫГЪЭМ ДАУЭ ДЫЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?
10, 11. Ди лэжьыгъэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн щхьэкІэ, сыт къыддэІэпыкъуфынур?
10 Алыхьым и лъэпкъыу дызэрыщытым къыхэкІкІэ дэ ди щхьэри ди унагъуэри зыхуей хуэдгъэзэн щхьэкІэ дегугъуу долажьэ. Дэ ди лэжьыгъэм гуфІэгъуэ къытхуихьыну дыхуейщ, ауэ ар щымытынш къохъу. Сыт дэ тщІэ хъунур, ди лэжьыгъэр дигу иримыхьмэ?
ЕплъыкІэ тэмэм диІэмэ, дэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми гуфІэгъуэ къытхуихьынущ
11 ЕплъыкІэ тэмэм зигъэІэ. Ди лэжьапІэр тхъуэжыну е абы тедгъэкІуадэ зэманыр нэхъ мащІэ тщІыну тхузэфІэмыкІынкІэ хъунущ, ауэ дэ абы дызэрыхущытыр тхъуэжыну тхузэфІэкІынущ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъуфынущ Иеговэ къызэрытщыгугъыр къызэрыдгурыІуэр. Псалъэм папщІэ, Иеговэ щогугъ унагъуэм и нэхъыжьым и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ хузэфІэкІыр ищІэну. Библием щыжыІащ зи унагъуэр зыхуей хуэзымыгъазэр «фІэщхъуныгъэ зимыІэм нэхърэ нэхъ Іеижу» (1 Тимофей 5:8). Уэ унагъуэм и нэхъыжьу ущытмэ, уи унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ уегугъуу улажьэу къыщІэкІынщ. Уэ уи лэжьыгъэр уигу ирихьми иримыхьми, уи унагъуэр зыхуей зэрыхуэбгъазэмкІэ Иеговэ зэрыбгъэгуфІэр бощІэ.
12. Дегугъуу дызэрылажьэм икІи цІыху пэжу дызэрыщытым сыт хуэдэ фІыгъуэ къытхуихьрэ?
12 Уегугъуу лажьэ икІи цІыху пэжу щыт. Апхуэдэу ущытыну ухущІэкъумэ, уи лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэпхыфынущ (Притчи 12:24, Гъэс.; 22:29). Псом япэ и гугъу пщІы хъунущ узыгъэлажьэм уэ дзыхь къызэрыпхуищІынум. ЦІыху зыгъэлажьэхэм дзыхь зыхуэпщІ хъуну лэжьакІуэхэр лъапІэу ялъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ахъши, материали, зэмани ядыгъукъым (Ефес 4:28). Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр уэ уегугъуу улажьэмэ икІи дзыхь зыхуэпщІ хъуну лэжьакІуэу ущытмэ, ар Иеговэ зэрилъагъуращ. Уэ напэ къабзэ уиІэщ, фІыуэ плъагъу уи Алыхьыр зэрыбгъэгуфІэр бощІэри (Еврейхэм 13:18; Колоссэ 3:22—24).
13. ЛэжьапІэм пэжагъ зэрыщыдгъэлъагъуэм сыт хуэдэ фІыгъуэ иджыри къыпэкІуэфынур?
13 Уэ уи лэжьэкІэм Иеговэ зэригъэлъэпІэфынур зыщомыгъэгъупщэ. Ар иджыри зы щхьэусыгъуэщ уи лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэпхыну (Тит 2:9, 10). Уэ щапхъэ бгъэлъагъуэм къыбдэлажьэ гуэрым Библиер иджыну щІидзэну хуигъэушынкІэ хъунущ. (Къеджэ Притчи 27:11, Гъэс.; 1 Петр 2:12.)
СЫТ ХУЭДЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ КЪЫХЭСХЫНУР?
14—16. Лэжьыгъэ къыщыхэтхым деж сыт дызэгупсысын хуейр?
14 Иеговэ и лэжьакІуэхэм къыхах хъуну лэжьыгъэхэр Библием къыщрибжэкІкъым. Ауэ абы лэжьыгъэм теухуауэ Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэну къыддэІэпыкъун принципхэр итщ (Притчи 2:6, Гъэс.). Библием ит принципхэр къэдгъэсэбэпурэ, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэттыж хъунущ.
Иеговэ и хабзэм емыбакъуэ лэжьыгъэ къэлъыхъуэ
15 Иеговэ тэмэму къимылъытэ гуэр мы лэжьапІэм щысщІэн хуей мыхъуну пІэрэ? Дэ дощІэ Иеговэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр илъагъу мыхъуми, псалъэм папщІэ, дыгъуэныр, пцІы упсыныр (Исход 20:4; Апостолхэм 15:29; Ефес 4:28; Апокалипсис 21:8). Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ и хабзэхэм ебакъуэ лэжьыгъэхэм пэІэщІэ зыхудощІ. (Къеджэ 1 Иуан 5:3.)
16 Мы лэжьыгъэм Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэхухэм цІыхухэр хуимыгъэушу пІэрэ? Псалъэм папщІэ, сабий щакъутэж клиникэм секретару ущылэжьэну къоджатэмэ, сытыт уэ пщІэнур? Секретару улэжьэным зыри Іей хэлъкъым. Ауэ уэ бощІэ Иеговэ сабий къутэжыным дапхуэдэу хущытми. Аращи, уэ езыр сабий егъэкъутэжыным ухэмытми, Иеговэ и еплъыкІэкІэ уэри къуаншагъэ гуэр птелъу къомылъытэну пІэрэ? (Исход 21:22—24).
17. Алыхьыр зыгъэгуфІэн унафэ къэтщтэну сыт къыддэІэпыкъуфынур?
17 Алыхьым и принципхэм дытету щытмэ, дэ фІымрэ Іеймрэ зэхэдгъэкІыфу зедгъэсэфынущ (Еврейхэм 5:14). ЗэупщІыж: «Мы лэжьапІэм сыуву щытмэ, нэгъуэщІхэр сымыгъэлъэпэрэпэну пІэрэ? Си щхьэгъусэмрэ си бынхэмрэ къэзгъанэу щІыпІэ жыжьэ е хамэ къэрал сыкІуэн хуей мыхъуну пІэрэ? Ар абыхэм сыткІэ зэран яхуэхъуну?»
«ПСОМ НЭХЪРЭ НЭХЪАПЭР СЫТМИ» ЗЭХЭГЪЭКІ
18. Алыхьым дызэрыхуэлажьэр сыт щыгъуи япэ идгъэщыну щІэмытыншыр сыт?
18 Мы дыщыпсэу «зэман гугъухэм» Иеговэ и Іуэхур япэ ибгъэщыну гугъуу щытынкІэ хъунущ (2 Тимофей 3:1). ЛэжьапІэ къэбгъуэтыну икІи ар зыфІомыгъэкІуэдыну тыншкъым. Дэ ди унагъуэр зыхуей хуэдгъэзэн хуейщ, ауэ дэ дощІэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэр псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытыр. Дэ ахъшэ къэлэжьыным ди гъащІэм япэ увыпІэр щедгъэубыд хъунукъым (1 Тимофей 6:9, 10). Дауэ-тІэ «псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зэрызэхэдгъэкІыфынур икІи ди унагъуэр зыхуей зэрыхуэдгъэзэфынур? (Филиппи 1:10, ДЩІ).
19. Иеговэ ди дзыхь зэредгъэзыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур лэжьыгъэр япэ идмыгъэщыну?
19 Уигу псомкІи Иеговэ щыгугъ. (Къеджэ Притчи 3:5, 6, Гъэс.) Дэ дызыхуэныкъуэр Алыхьым зэрищІэм икІи абы и нэІэ къызэрыттригъэтым шэч къытетхьэкъым (Псалом 37:25; 1 Петр 5:7). Абы и Псалъэм щыжыІащ: «Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиІэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиІащ: „ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым“» (Еврейхэм 13:5). Иеговэ хуейкъым ди унагъуэр зыхуей зэрыхуэдгъэзэным зэпымыууэ дригузэвэну. Абы и лъэпкъыр зыхуей зэрыхуигъэзэфыр сыт щыгъуи дегъэлъагъу (Маттэ 6:25—32). Лэжьыгъэм теухуауэ ди Іуэхур сыт хуэдэу щымытами, дэ Алыхьым и Псалъэр дджын, хъыбарыфІыр дгъэІун икІи зэІущІэхэм декІуэлІэн щыдгъэткъым (Маттэ 24:14; Еврейхэм 10:24, 25).
20. Мылъку зэгъэпэщыным зыдедмыгъэхьэхыну сыт къыддэІэпыкъуныр?
20 Мылъку зэгъэпэщыным зыдомыгъэхьэх. (Къеджэ Маттэ 6:22, 23.) Абы къокІ Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ, мылъку зэгъэпэщыныр зэран зыхуомыгъэхъуныр. Дэ къыдгуроІуэ ахъшэри, псэукІэ дахэм хущІэкъунри, иужь дыдэу къыдэкІ техникэхэри Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм нэхърэ нэхъ лъапІэу тлъытэным Іущагъ зэрыхэмылъыр. Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъунур псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхур япэ идгъэщыну? Дэ щІыхуэшхуэ зэрызытедмыгъэхуэным къару етхьэлІэн хуейщ. Ауэ уэ щІыхуэ птелъу щытмэ, ар псори зэрыптыжыным е абы зэрыхэбгъэщІыну щІыкІэм фІыуэ егупсыс. Дэ дымысакъыу щытмэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну, и Псалъэр дджыну икІи хъыбарыфІыр дгъэІуну зэман къытхуэмынэжу, мылъку зэгъэпэщыным къарурэ зэман куэдрэ тедгъэкІуадэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Мылъку зэгъэгъуэтыным ди гъащІэр нэхъ гугъу едгъэщІыным и пІэкІэ дэ дыхуейщ дызыхуэныкъуэ дыдэр, псалъэм папщІэ, «тшхынрэ щыгъынрэ» диІэмэ, арэзыуэ дыщытыну (1 Тимофей 6:8). Ди Іуэхур зыІутым емылъытауэ дэ зэман-зэманкІэрэ дегупсысын хуейщ Иеговэ нэхъыбэ хуэтщІэфын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми.
21. Ди гъащІэм япэ идгъэщыныр сытми къыщІыхэтхын хуейр сыт?
21 Япэ игъэщын хуейр зэхэгъэкІ. Дэ Іущагъ хэлъу ди зэманри, ди къарури, диІэ мылъкури къэдгъэсэбэпын хуейщ. Дэ дыхуэмысакъыу щытмэ, нэхъ мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм, псалъэм папщІэ, ахъшэм е щІэныгъэ зэгъэгъуэтыным ди зэман лъапІэр тфІигъэкІуэдынущ. Хьисэ жиІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм... и ужь фит япэщІыкІэ» (Маттэ 6:33). Унафэ къатщтэхэм, ди хьэлхэм, ди махуэр зэрыдгъакІуэм, мурад тщІыхэм — а псом къагъэлъагъуэ ди гум япэ увыпІэ щызыІыгъыр сытми.
ПСОМ НЭХЪРЭ НЭХЪ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ІУЭХУР
22, 23. 1) Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэху ягъэзэщІэфыну? 2) Ди лэжьыгъэм къыпэкІуэ фІыгъуэм дригуфІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
22 Дэ ди Іуэхухэм щыщу псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр — ар Иеговэ хуэлэжьэнымрэ хъыбарыфІыр гъэІунымрэщ (Маттэ 24:14; 28:19, 20). Хьисэ хуэдэу, Иеговэ и лэжьыгъэр дгъэкІуэтэн щхьэкІэ, дэ тхузэфІэкІыр тщІэну дыхуейщ. Хэти хъыбарыфІыр фІыуэ щызэхамыха щІыпІэхэм мэІэпхъуэ. Хэти нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэн щхьэкІэ я бзэр зрегъащІэ. Апхуэдэ лъэбакъуэхэр зыча ди къуэш, ди шыпхъухэм епсалъэ. Абыхэм уэ къыбжаІэнущ я гъащІэр нэхъ насыпыфІэ зэрыхъуар. (Къеджэ Притчи 10:22, Гъэс.)
Иеговэ дызэрыхуэлажьэм нэхърэ нэхъ лъапІэ Іуэху щыІэкъым
23 Нобэ дэ тщыщ куэдым я унагъуэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ лэжьапІэм зэман куэд трагъэкІуэдэн е лэжьапІитІ-щы здахьын хуей мэхъу. Иеговэ ар ещІэ икІи ди унагъуэм щхьэкІэ тщІэ псори лъапІэу елъытэ. АдэкІи Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тетхынщ икІи дэнэ дыщымылэжьами дегугъуу дылэжьэнщ. Дэ зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ дызэрыхуэлажьэр икІи абы и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхуу зэрыщытыр. А Іуэхум дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьынущ.
a Экклезиаст 2:24: «ЦІыхум и дежкІэ зыри нэхъыфІ щыІэкъым ефэн-ешхэным икІи и лэжьыгъэм фІыгъуэ къыпэкІуэм гуфІэгъуэ хихыным нэхърэ. Сэ къэслъэгъуащ ари Алыхь пэжым и ІэмыщІэ къызэрикІыр».
b Экклезиаст 5:18: «Аращи, сэ слъэгъуам и нэхъыфІыр — икІи ар фІы дыдэщ! — ар уефэн-уешхэныращ икІи Алыхь пэжым къыуита гъащІэм и кІуэцІкІэ блэжь лэжьыгъэм фІыгъуэ къыпэкІуэм гуфІэгъуэ хэпхыныращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абы и тыгъэщ».