ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lvs пс. 10, н. 132—146
  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ
  • Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УНАГЪУЭ ІЭМАЛ ИМЫІЭУ ЗЭЗГЪЭГЪУЭТЫН ХУЕЙ?
  • ХЭТ ЩХЬЭГЪУСЭ ПЩІЫ ХЪУНУР?
  • УНАГЪУЭ БЫУХУЭН ИПЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХУЭБГЪЭХЬЭЗЫР ХЪУНУР?
  • УИ УНАГЪУЭР ДАУЭ ЗЭРЫЗЫФІОМЫГЪЭКІУЭДЫНУР?
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (1 Іыхьэр)
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
lvs пс. 10, н. 132—146
ХьэгъуэлІыгъуэм хуэгъэхьэзыра псалъэ щауэмрэ нысащІэмрэ йодаІуэ

10-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ

«Щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэр щІэх зэпычынукъым» (ЭККЛЕЗИАСТ 4:12).

1, 2. 1) Унагъуэ зыухуэхэм сыт хуэдэ гугъэхэр яІэ? 2) Мы псалъащхьэм сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт хьэгъуэлІыгъуэ зиІэ щауэмрэ нысащІэмрэ. Ахэр гъащІэ къапэщылъым йогупсыс икІи насыпыфІэу куэдрэ зэдэпсэуну щогугъ.

2 Ауэ и нэхъыбэм деж апхуэдэу дахэу езыгъажьэ унагъуэхэр зэрыщыгугъам хуэдэу насыпыфІэ хъукъым. Зэщхьэгъусэхэр насыпыфІэу куэдрэ зэдэпсэун щхьэкІэ, Алыхьым и чэнджэщхэм хуэныкъуэщ. Иджыпсту зэпкърытхынщ мыпхуэдэ упщІэхэм Библием жэуап зэрыритыр: унагъуэ зыухуэхэм сыт хуэдэ фІы абы къахуихьрэ? Унагъуэ зэбгъэгъуэтыну мурад пщІамэ, дауэ уэ щхьэгъусэфІ къызэрыхэпхынур? Дауэ щхьэгъусэфІу узэрыщытынур? ИкІи уи унагъуэр зыфІомыгъэкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Къеджэ Притчи 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр.)

УНАГЪУЭ ІЭМАЛ ИМЫІЭУ ЗЭЗГЪЭГЪУЭТЫН ХУЕЙ?

3. Уегупсысу пІэрэ уэ цІыхур насыпыфІэ хъун щхьэкІэ Іэмал имыІэу щхьэгъусэ зригъэгъуэтын хуейуэ?

3 Иныкъуэхэр йогупсыс цІыхум щхьэгъусэ имыІэмэ, насыпыфІэ мыхъуну. Ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Хьисэ жиІащ щхьэгъусэншэу упсэуныр Алыхьым и тыгъэу зэрыщытыр (Маттэ 19:11, 12). Апостол Паули жиІауэ щытащ унагъуэ зимыІэхэм Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэну Іэмал зэраІэр (1 Коринф 7:32—38). Унагъуэ быухуэнрэ умыухуэнрэ — ар щхьэж езым ищІыж унафэщ. Ущыпсэу щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэр, уи ныбжьэгъухэр, уи благъэхэр щхьэгъусэ зэбгъэгъуэтыну къыптракъузэну хуит умыщІ.

4. Унагъуэ быдэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпхуихьрэ?

4 Библием щыжыІащ унагъуэри Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэу зэрыщытыр икІи абы фІыгъуэ куэд къызэрыпхуихьыр. Иеговэ Іэдэм къыщигъэщІам щыгъуэ жиІащ: «ФІыкъым цІыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщІынщ абы хуэфащэ дэІэпыкъуэгъу» (ЩІэдзапІэ 2:18). Иеговэ Хьэуа къигъэщІащ, ар Іэдэм и щхьэгъусэ хъун щхьэкІэ икІи ахэр япэ унагъуэ хъуащ. Зэщхьэгъусэхэм бын яІэу щытмэ, я нэчыхьым Іэмал нэхъыбэ къарет я бынхэм гъэсэныгъэ бгъэдалъхьэн щхьэкІэ. Ауэ сабий зэрызэрагъэгъуэтым и закъуэкъым унагъуэ щІаухуэр (Псалом 127:3; Ефес 6:1—4).

5, 6. Унагъуэр сыт щыгъуэ «щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэм» ещхь щыхъунур?

5 Пащтыхь Сэлмэн итхауэ щытащ: «Зи закъуэм нэхърэ цІыхуитІым я Іуэхур нэхъыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я лэжьыгъэм къыпэкІуэр ягъуэтыжынущи. Зыр джалэмэ, адрейм и ныбжьэгъур къигъэтэджыжынущ. Ауэ зи закъуэр дауэ хъуну? Ар джалэу щытмэ, къэзыгъэтэджыжын иІэнукъым. [...] Щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэр щІэх зэпычынукъым» (Экклезиаст 4:9—12).

6 ЗэгурыІуэу псэу зэщхьэгъуситІым я зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ къыдохъуэ, ахэр зыр зым доІэпыкъу, къыщхьэщож икІи гупсэхугъуэ ирет. Лъагъуныгъэм нэчыхьыр быдэ ищІыфынущ, ауэ ар нэхъ быдэж хъунущ, зэщхьэгъуситІыр Иеговэ хуэлажьэу щытмэ. Апхуэдэ унагъуэр ебгъэщхь хъунущ «щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэм». ТІууэ зэгуэлъ кІапсэм нэхърэ апхуэдэ кІапсэр куэдкІэ нэхъ быдэщ. Унагъуэр быдэу щытынущ, зэщхьэгъуситІым Иеговэ я гъусэу щытмэ.

7, 8. Щхьэгъусэ зэгъэгъуэтыным теухуауэ сыт хуэдэ чэнджэщ Паул къыдита?

7 ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ нэчыхь яІэ хъуа нэужь ахэр зэгъусэну хуитщ (Притчи 5:18, Гъэс.). Ауэ цІыхур зыгуэрым иригъусэн закъуэм щхьэкІэ унагъуэ иухуэмэ, абы Іущагъ хэлъу щхьэгъусэ къыхихыфынукъым. Аращ Библием щІыжиІэр цІыхур зыгуэрым иригъусэну псом хуэмыдэу и Іэпкълъэпкъыр къыщеныкъуэкъу зэманыр блэмыкІауэ унагъуэ зримыгъэгъуэтыну (1 Коринф 7:36). А зэманыр блэмыкІауэ унагъуэ быухуэну ухуемыжьэмэ нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ цІыхур и Іэпкълъэпкъым щимыгъауэу, щхьэгъусэфІ къыхихыфынущ (1 Коринф 7:9; Екъуб 1:15).

8 Унагъуэ быухуэну мурад уиІэу щытмэ, дэтхэнэ зы унагъуэми гугъуехь гуэр зэраІэнур къыбгурыІуэн хуейщ. Паул жиІауэ щытащ къэзышэ-дэкІуэхэр «гугъуехьыщІэхэм» зэрыхуэзэнур (1 Коринф 7:28, ДЩІ). Унагъуэ нэхъыфІ дыдэми гугъуехь гуэрхэр щиІэну зэман къыхуихуэнущ. Аращи, унагъуэ быухуэну мурад пщІамэ, Іущагъ пхэлъу щхьэгъусэ къыхэх.

ХЭТ ЩХЬЭГЪУСЭ ПЩІЫ ХЪУНУР?

9, 10. Иеговэ хуэмылажьэ цІыху щхьэгъусэ тщІымэ, сыт къэхъунур?

9 Щхьэгъусэ къыщыхэпхым деж мыхьэнэшхуэ иІэщ Библием ит мы принципыр зыщомыгъэгъупщэным: «ФІэщхъуныгъэ зимыІэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщІэмыувэ» (2 Коринф 6:14). Паул къихьа щапхъэр мэкъумэшыщІэхэм я гъащІэм къыхэхащ. МэкъумэшыщІэм губгъуэм щылэжьэн щхьэкІэ я къарукІэ е я инагъкІэ куэдкІэ зэщхьэщыкІ Іэщ зы бжьым щІищІэкъым, абы псэущхьитІри гугъу иригъэхьынущи. Абы ещхьу Иеговэ хуэлажьэ цІыхум Иеговэ хуэмылажьэ щхьэгъусэ ищІу щытмэ, абыхэм гугъуехь куэд яІэну къыщІэкІынущ. Аращ Библием Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ къыщІыдитыр — щхьэгъусэу къыхэтхым «и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ» (1 Коринф 7:39).

10 Иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэ гуэрхэм къащохъу я закъуэу псэу нэхърэ Иеговэ хуэмылажьэ гуэр щхьэгъусэ ящІмэ нэхъыфІу. Ауэ Библием ит чэнджэщым уелъэпауэмэ, абы насып къыпхуимыхьу, гуауэ къыпхуихьынущ. Иеговэ хуэлажьэхэм я гъащІэм япэ увыпІэ зыІыгъыр — ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэращ. Уэ уи дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхум узэрыхэтыр уи щхьэгъусэм къыбдимыІыгъмэ, сытыт уи гум щыщІэнур? Куэдым щхьэгъусэншэу псэумэ нэхъ къащтэ, Иеговэ фІыуэ зымылъагъу икІи абы хуэмылажьэ цІыхур щхьэгъусэ ящІ нэхърэ. (Къеджэ Псалом 32:8a.)

11. Дауэ уэ щхьэгъусэфІ къызэрыхэпхыфынур?

11 Абы къикІкъым Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри уэ щхьэгъусэфІ пхуэхъуну. Унагъуэ зэбгъэгъуэтыну мурад пщІамэ, уэ пэж дыдэу уигу ирихь цІыху къэлъыхъуэ. Уэ фІыуэ плъагъу Іуэхур къыбдэзыІыгъын икІи Алыхьым и лэжьыгъэр и гъащІэм япэ изыгъэщ цІыху къэбгъуэтыхукІэ ежьэ. ЗэхэщІыкІ зиІэ унэІутым къыдигъэкІ публикациехэм унагъуэм теухуауэ ит чэнджэщхэм уеджэн икІи уегупсын щхьэкІэ зэман къыдэгъэкІ. (Къеджэ Псалом 119:105b.)

12. Пасэрей зэманым унагъуэхэр зэраухуэу щытам теухуауэ сыт Библием къыдигъащІэр?

12 Языныкъуэ лъэпкъхэм я хабзэщ адэ-анэхэм я бынхэм щхьэгъусэ къыхухахыу. Абыхэм къалъытэ адэ-анэхэм нэхъыфІу ящІэу я сабийм хэт щхьэгъусэфІ хуэхъунуми. Библиер щатха зэманми а хабзэр щыІауэ щытащ. А хабзэм тетыну уи унагъуэм мурад ищІу щытмэ, Библием адэ-анэм къагуригъэІуэнущ щхьэгъусэу къыпхухахынум сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъын хуейми. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьим и къуэ Исхьэкъ щхьэгъусэ къыщыхухихым зэплъар хъыджэбзым бгъэдэлъа мылъкуракъым икІи унагъуэ къызыхэкІаракъым, атІэ абы Иеговэ фІыуэ зэрилъагъурат (ЩІэдзапІэ 24:3, 67; Приложение 25-нэм еплъ).

УНАГЪУЭ БЫУХУЭН ИПЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХУЭБГЪЭХЬЭЗЫР ХЪУНУР?

13—15. 1) ЩхьэгъусэфІу зэрыщытыным цІыхухъум дауэ зыхуигъэхьэзырыфыну? 2) ЩхьэгъусэфІу зэрыщытыным цІыхубзым дауэ зыхуигъэхьэзырыфыну?

13 Унагъуэ быухуэну мурад уиІэмэ, абы ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ зэхэгъэкІ. Уэ абы ухуэхьэзыру уегупсысу къыщІэкІынщ, ауэ япэщІыкІэ дегъэплъ унагъуэ быухуэным ухуэхьэзырыным сыт къикІми. Абы и жэуапыр пфІэгъэщІэгъуэн хъункІэ хъунущ.

Нэчыхьым теухуауэ Библием ит чэнджэщхэм къуэшыр йоджэ икІи зэджам куууэ йогупсыс

Унагъуэм теухуауэ Библием ит чэнджэщхэм уеджэн икІи куууэ уегупсысын щхьэкІэ зэман хухэх

14 Библием къегъэлъагъуэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ унагъуэм къалэн зырыз зэрыщагъэзащІэр. Абы къокІ унагъуэ ухуэным хуэхьэзыру ущытыныр цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ дежкІэ зыуэ зэрыщымытыр. ЦІыхухъум фыз къишэну хуеймэ, ар зэупщІыжын хуейщ унагъуэм и нэхъыжь хъуну хьэзыррэ мыхьэзыррэ. Иеговэ хуейщ цІыхухъум и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи зыхуей хуигъэзэну. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр лІым и унагъуэр Алыхьым зэрыхуэлажьэм кІэлъыплъын зэрыхуейращ. Библием зи унагъуэр зыхуей хуэзымыгъазэ цІыхухъум щхьэкІэ щыжыІащ ар «фІэщхъуныгъэ зимыІэм нэхърэ нэхъ Іеижу» (1 Тимофей 5:8). Аращи, фыз къэзышэну хуей цІыхухъур егупсысын хуейщ Библием ит мы принципым: «Уи губгъуэ хьэсэхэр зыхуей хуэгъази, Іуэхуфэу илъыр ух, мис итІанэ унэ пщІынуми ухуитщ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, фыз къэпшэн ипэ Иеговэ къыпхуигъэув къалэныр бгъэзэщІэфынрэ умыгъэзэщІэфынрэ зэхэгъэкІ (Притчи 24:27, Гъэс.).

15 Унагъуэ ихьэну хуей цІыхубзыр зэупщІыжын хуейщ фызым и къалэныр игъэзэщІэну е сабий къилъхуну хуэхьэзыррэ хуэмыхьэзыррэ. Библием и гугъу ещІ фызыфІым и лІымрэ и сабийхэмрэ зыхуей зэрыхуигъазэ лъэныкъуэхэм (Притчи 31:10—31, Гъэс.). Нобэ цІыхухъу, цІыхубз куэдыр зэгупсысыр абыхэм я щхьэгъусэм къахуищІэн хуейращ. Ауэ Иеговэ хуейщ дэ ди щхьэгъусэм хуэтщІэфынум япэ дегупсысыну.

16, 17. Унагъуэ зэбгъэгъуэтыну мурад уиІэу щытмэ, сытым уегупсысын хуей?

16 Щхьэгъусэ зэбгъэгъуэтын ипэ егупсыс Иеговэ лІымрэ фызымрэ теухуауэ жиІэм. ЛІыр унагъуэм и нэхъыжьу зэрыщытым къикІкъым абы унагъуэм щІэсхэм лей гуэр ярихыу е ткІийуэ яхущыт хъуну. Иеговэ арэзы зыщІыну хуей унагъуэм и нэхъыжьым щапхъэ трех сыт щыгъуи лъагъуныгъэ хэлъу и лъабжьэм щІэтхэр зыхуей хуэзыгъазэ Хьисэ (Ефес 5:23). ЦІыхубзыр егупсысын хуейщ и лІым ищІ унафэхэр диІыгъыным къикІыр сытми (Рим 7:2). Ар зэупщІыжын хуейщ гуэныхь зыхэлъ цІыхум и унафэм зэрыщІэтым емылъытауэ насыпыфІэу щытыфынрэ щымытыфынрэ. НасыпыфІэу щытыфыну имыгугъэу щытмэ, абы къилъытэнкІэ хъунущ зэкІэ дэмыкІуэмэ нэхъыфІу.

17 ЗэлІзэфызыр нэхъыбэу зэгупсысын хуейр я щхьэгъусэр насыпыфІэ зэращІыныращ, атІэ я щхьэ зыхуей зэрыхуагъэзэныракъым. (Къеджэ Филиппи 2:4.) Паул итхауэ щытащ: «Фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фІыуэ ирелъагъу. Фызми и лІым щІыхь хурещІ» (Ефес 5:21—33). ЦІыхухъухэри цІыхубзхэри хуэныкъуэщ ахэр фІыуэ къалъагъуну икІи пщІэ къыхуащІыну. Ауэ зэлІзэфызыр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, цІыхухъум псом хуэмыдэу зыхищІэн хуейщ и щхьэгъусэм пщІэ къызэрыхуищІыр, цІыхубзым зыхищІэн хуейщ и лІым фІыуэ къызэрилъагъур.

18. ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ щызэпсалъэм деж сыт щІэсакъын хуейр?

18 ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ щызэпсалъэ зэманыр абыхэм я деж гуапэу икІи нэхъыфІу щызэрыцІыху зэману щытын хуейщ. Абы нэмыщІ а зэманым абыхэм я щхьэр къагъэпцІэжын хуейкъым икІи адрейм зыри щабзыщІын хуейкъым, абыхэм унагъуэ яухуэну хуейрэ хуэмейрэ зэхагъэкІын щхьэкІэ. ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ щызэпсалъэм деж абыхэм нэгъуэщІым и гум илъыр къащІэну хэтщ. Ахэр нэхъыфІу зэрыцІыхуху я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ гъунэгъу мэхъу. Ауэ абыхэм зинэ ямыщІэн щхьэкІэ, я лъагъуныгъэр къызэрагъэлъагъуэ щІыкІэм кІэлъыплъын хуейщ. Лъагъуныгъэ пэжыр абыхэм къадэІэпыкъунущ зышыІэныгъэ ягъэлъэгъуэну икІи а тІум я зэхущытыкІэмрэ Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэмрэ зэран хуэхъун лъэпкъ ямыщІэну (1 Фессалоникэ 4:6).

Зэпсалъэ щІалэмрэ хъыджэбзымрэ зэхуэзауэ зэдоуэршэр

ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэну я гугъэу щызэхуэзэм деж зэрызэпсэлъэн хуейм зрагъасэ

УИ УНАГЪУЭР ДАУЭ ЗЭРЫЗЫФІОМЫГЪЭКІУЭДЫНУР?

19, 20. Иеговэ и лэжьакІуэхэр нэчыхьым дауэ зэрыхущытыр?

19 Тхылъ, фильм куэдыр хьэгъуэлІыгъуэшхуэкІэ еух. Ауэ ди гъащІэм хьэгъуэлІыгъуэм иужьщ псори щыщІидзэр. Иеговэ и мурадымкІэ зэщхьэгъусэхэр игъащІэкІэ зэдэпсэун хуейщ (ЩІэдзапІэ 2:24).

20 Нобэ цІыху куэдыр унагъуэм зэрыхущытыр Иеговэ и еплъыкІэм техуэкъым. ЦІыхухэр псынщІэу зэрошэ икІи псынщІэу зэбгъэдокІыж. Иныкъуэхэм я гугъэщ унагъуэм гугъуехь гуэр къызэрихьэу уи щхьэгъусэм убгъэдэкІыж хъуну. Ауэ щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэм теухуауэ Библием ит щапхъэр уигу къэгъэкІыж. Апхуэдэ кІапсэр зэпычынукъым, ар егъэлеяуэ шэщІа хъуми. Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщытлъыхъуэмэ, дэ ди унагъуэр тфІэкІуэдынукъым. Хьисэ жиІауэ щытащ: «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Маттэ 19:6).

21. Сыт зэщхьэгъусэхэм къадэІэпыкъунур ахэр фІыуэ зэрылъагъуну?

21 Дэтхэнэ зыми фІыи Іейи тхэлъщ. Адрейхэм яхэлъ ныкъусанхэм гу лъыптэну тыншщ, псом хуэмыдэу уи щхьэгъусэм хэлъхэм. Ауэ дэ абы насыпыфІэ дищІынукъым. Уи щхьэгъусэм хэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыптэу зебгъасэмэ, уи унагъуэр насыпыфІэ хъунущ. Апхуэдэу гуэныхь зыхэлъ уи щхьэгъусэм ухущытыну пхузэфІэкІыну пІэрэ? ПхузэфІэкІынущ. Иеговэ ещІэ дэ гуэныхь зэрытхэлъыр, ауэ абы емылъытауэ хьэл-щэныфІ тхэлъхэращ зэплъыр. Иеговэ апхуэдэу щымытатэмэ, дауэ дыхъуну пІэрэт? 130-нэ Псаломыр зытхам мыпхуэдэу жиІат: «Уэ, Иаг, ди гуэныхьхэр убжу щытамэ, Иеговэ, хэтыт уэ умыгъэкъуаншэу къэнэнур?» (Псалом 130:3). ЗэщхьэгъуситІым Иеговэ щапхъэ трахыу жыпІэ хъунущ, зым адрейм хэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъитэу икІи я гум къыбгъэдэкІыу я щыуагъэхэр зыр зым хуагъэгъуу щытмэ. (Къеджэ Ефес 4:32.)

22, 23. Ибрэхьимрэ Сарэрэ зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ щапхъэфІ къыхуагъэна?

22 Зэманыр кІуэху унагъуэр нэхъ быдэ хъуфынущ. Ибрэхьимрэ Сарэрэ насыпыфІэу куэдрэ зэдэпсэуащ. Иеговэ Ибрэхьим Ур къалэм къыдэкІыну къыщыжриІам Сарэ и ныбжьыр илъэс 60-м щІигъуауэ къыщІэкІынут. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт абы и деж тыншу зэрыщымытар ар зыхуей щыхуэзэ унэр къигъанэу, шэтырхэм щыпсэуну кІуэну. Ауэ Сарэ и лІым и ныбжьэгъуфІу икІи и дэІэпыкъуэгъуфІу щытащ икІи абы и гум къыбгъэдэкІыу пщІэ хуищІт. Абы къыхэкІыу Сарэ Ибрэхьим и унафэхэр диІыгът икІи ахэр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ дэІэпыкъут (ЩІэдзапІэ 18:12; 1 Петр 3:6).

23 Пэжщ, унагъуэр насыпыфІэу зэрыщытым къикІкъым зэщхьэгъусэхэм я Іуэху еплъыкІэр сыт щыгъуи зэтехуэу. Зэгуэрым Ибрэхьим Сарэ жиІэм арэзы щытемыхъуам щыгъуэ Иеговэ абы къыжриІащ: «ЕдаІуэ абы и псалъэм». Ибрэхьим Сарэ зэрыжиІам хуэдэу ищІащ икІи абы фІы куэд къыпэкІуащ (ЩІэдзапІэ 21:9—13). Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэзэмызэ фи гупсысэкІэр щызэтемыхуэ къэхъуу щытмэ, умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мыхьэнэшхуэ зиІэр адэкІи фи зэхуакум лъагъуныгъэрэ пщІэрэ дэлъыныращ.

ХьэгъуэлІыгъуэм хуэгъэхьэзыра псалъэ щауэмрэ нысащІэмрэ йодаІуэ

Уи унагъуэр ипэ дыдэм къыщыщІэдзауэ Алыхьым и Псалъэм трырет

24. Уи унагъуэм дауэ Иеговэ зэригъэлъэпІэфынур?

24 Ди зэхуэсхэм мин бжыгъэкІэ унагъуэ насыпыфІэ куэд хэтщ. Унагъуэ зэбгъэгъуэтыну ухуеймэ, щхьэгъусэ къыхэхыныр уи гъащІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэм зэрыщыщыр зыщомыгъэгъупщэ. Абы теухуауэ унафэ пщІым уи гъащІэр зэрыхъуныр елъытащи, Иеговэ и деж чэнджэщ къыщылъыхъуэ. Мис апщыгъуэм Іущагъ хэлъу щхьэгъусэ къыхэпхыфынущ, унагъуэм къалэн ущиІэнухэм фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырыфынущ икІи Иеговэ зыгъэлъапІэ, лъагъуныгъэ зэрылъ унагъуэ быдэ быухуэфынущ.

a Псалом 32:8: «ЗэхэщІыкІ пхэслъхьэнщ, гъуэгу узрикІуэнури уэзгъэлъэгъунщ, чэнджэщ уэстынщ икІи си нэІэ ныптезгъэтынщ».

b Псалом 119:105: «Уи псалъэр — си лъакъуэр зытеувэр зыгъэнэху уэздыгъэщ икІи си гъуэгум и нэхущ».

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПХЭР

1. НЭЧЫХЬЫР — ИЕГОВЭ КЪЫБГЪЭДЭКІ ФІЫГЪУЭЩ

«Щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэр щІэх зэпычынукъым» (Экклезиаст 4:12)

Сыт цІыхухэм унагъуэ щІаухуэр?

  • ЩІэдзапІэ 2:18; Псалом 127:3; Притчи 5:18, Гъэс.; Экклезиаст 4:9, 10

    ЗэщхьэгъуситІым я зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ къыдэхъуэфынущ икІи абыхэм я бынхэм гъэсэныгъэ бгъэдалъхьэн щхьэкІэ, нэчыхьым Іэмал нэхъыбэ къарет.

2. ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ ЩХЬЭГЪУСЭ КЪЫХЭХ

«Гъуэгу узрикІуэнур уэзгъэлъэгъунщ» (Псалом 32:8)

Унагъуэ дыухуэну дыхуеймэ, сытым дегупсысын хуей?

  • 1 Коринф 7:39; 2 Коринф 6:14

    Иеговэ хуэлэжьэныр япэ изыгъэщ цІыхур щхьэгъусэ пщІыным Іущагъ хэлъщ.

  • 1 Коринф 7:36

    ЦІыхур зыгуэрым иригъусэну псом хуэмыдэу и Іэпкълъэпкъыр къыщеныкъуэкъу зэманыр блэмыкІауэ унагъуэ зэримыгъэгъуэтмэ нэхъыфІщ.

  • 1 Коринф 7:28, ДЩІ

    Гугъуехь гуэр зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым.

3. ЦІЫХУХЪУМРЭ ЦІЫХУБЗЫМРЭ УНАГЪУЭМ КЪАЛЭН ЗЫРЫЗ ЩАГЪЭЗАЩІЭ

«ФІыкъым цІыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщІынщ абы хуэфащэ дэІэпыкъуэгъу» (ЩІэдзапІэ 2:18)

Зэщхьэгъусэхэм Иеговэ сыт къахуигъэувыр?

  • Ефес 5:23; 1 Тимофей 3:1—7; 5:8

    ЦІыхухъур и унагъуэр Алыхьым зэрыхуэлажьэм кІэлъоплъ икІи и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи зыхуей хуигъэзэну хэтщ. Сабий гъэсэныр нэхъапэу зи къалэныр лІыращ.

  • Притчи 31:10—31, Гъэс.; Рим 7:2

    ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и ныбжьэгъуфІу икІи и дэІэпыкъуэгъуфІу щытщ. Абы и лІым и унафэхэр диІыгъщ икІи унагъуэр зыхуей хуегъазэ. Ар и щхьэгъусэм доІэпыкъу сабийхэр игъэсэну.

  • Ефес 5:33; Филиппи 2:4

    ЗэлІзэфызыр нэхъыбэу зэгупсысын хуейр я щхьэгъусэр насыпыфІэ зэращІыныращ, атІэ я щхьэр зыхуей зэрыхуагъэзэныракъым.

4. ИЕГОВЭ ФИ УНАГЪУЭР БЫДЭ ФЩІЫНУ КЪЫВДЭІЭПЫКЪУФЫНУЩ

«ТІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24)

Дауэ ди унагъуэр быдэу зэрыщытыфынур?

  • Притчи 3:5, 6, Гъэс.; Маттэ 19:6

    Иеговэ и мурадымкІэ зэлІзэфызыр игъащІэкІэ зэдэпсэун хуейщ. Алыхьым унагъуэм теухуауэ чэнджэщ нэхъыфІ дыдэхэр къыдет.

  • Псалом 130:3; Ефес 4:32

    Зэщхьэгъусэхэр тэмакъкІыхьагъ яхэлъу зэхущытын хуейщ. Абыхэм зым зым я щыуагъэхэр хуагъэгъуу икІи зым адрейм и хьэл-щэныфІхэм гу лъитэу щытын хуейщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын