69 УЭРЭДЫР
Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр догъэІу!
1. Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр дгъэлъапІэу,
Дунейм пэжыр щыдогъэІу.
Дыхуейщ зи гур къабзэу Іэдэбхэм,
Иеговэ къедгъэцІыхун.
Дэ пщІэшхуэ худощІ а лэжьыгъэм,
ДгъэІунущ Тхьэм и хъыбарыфІ.
Дегугъуу абы дыхэтынущ,
Алыхьым щІыхь иІэр тІэтынщ.
ЕЖЬУ
ЛІыгъэ фхэлъу фыкІуэ,
Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр вгъэІу.
Фи лъэр быдэу тету,
Иеговэ и лъэныкъуэр фІыгъ
2. Дэ Хьисэ и къуэшхэм я гъусэу
Худохь цІыхухэм хъыбарыфІ.
ДакъыкІэрымыхуу докІуатэ,
Иеговэ щытхъу къыхудохь.
Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр къоблагъэ,
ЦІыху псоми хуейщ зэхедгъэхын.
Зэи шынэр уэ зытомыгъакІуэ,
Иеговэ къару уэ къыуитынщ.
ЕЖЬУ
ЛІыгъэ фхэлъу фыкІуэ,
Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр вгъэІу.
Фи лъэр быдэу тету,
Иеговэ и лъэныкъуэр фІыгъ
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 23:4; Апост. 4:29, 31; 1 Пет. 2:21.)