29 УЭРЭДЫР
Иеговэ къыдита цІэм хуэфащэу допсэу
1. Щытхъу уэ пхуэфащэщ, Иеговэ, ди Адэ,
Уи лъэкІыныгъэр уи Іуэхухэм къыхощ.
Уэ къыббгъэдокІыр пэжыгъэр, Іущагъыр,
Мы дуней иным и тепщэр уэращ.
ПщІэ пхуэтщІу дэ дыпхуолажьэ, Иеговэ,
Уи хъыбарыфІыр дыгуфІэу догъэІу.
ЕЖЬУ
Дыкъыхэпхащ уи Щыхьэту — ар пщІэшхуэщ.
Ди цІэм хуэфащэу уэ дыпхуэпсэунщ.
2. ПщІэшхуэ зыпылъ уи лэжьыгъэм дыхэтмэ,
Дэ зы унагъуэу зэкъуэт абы дещІ.
Пэжым хуедгъаджэу дэ цІыхухэм деж докІуэ,
Уэ уи хьэл-щэнхэр къахузэІудох.
Уи цІэр къытхузэІупхащ, Иеговэ,
Уэ уи щІыхь лъагэр дунейм къедгъэщІэнщ.
ЕЖЬУ
Дыкъыхэпхащ уи Щыхьэту — ар пщІэшхуэщ.
Ди цІэм хуэфащэу уэ дыпхуэпсэунщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Втор. 32:4; Пс. 43:3; Дан. 2:20, 21.)