61 УЭРЭДЫР
ФыкъимыкІуэт, Иеговэ и Щыхьэтхэ!
1. Тхьэм и лэжьакІуэхэр нобэ къимыкІуэт,
Иеговэ и Псалъэр цІыхубэм лъагъэІэс.
Дэ псоми Иблис къытпэщІэтми,
Адэ зым и лъэныкъуэщ быдэу тІыгъыр.
ЕЖЬУ
Фит япэ, Щыхьэтхэ, фэ лІыгъэ фи гум илъщ!
Иеговэ и Іуэхум жыджэру фэ фыхэтщ.
ЦІыху псоми яхуэфхь: «ДунеищІэр къэблэгъащ,
ГъащІэ дахэ Тхьэм тыгъэ тхуищІынущ».
2. Тхьэм и Щыхьэтхэр гъуэгу пэжым быдэу тетщ,
Хуэмей дунеижьыр ящІыну арэзы.
Сыт щыгъуи къабзагъэр яхъумэ,
Иеговэ хуэпэжу хуейщ къэнэну.
ЕЖЬУ
Фит япэ, Щыхьэтхэ, фэ лІыгъэ фи гум илъщ!
Иеговэ и Іуэхум жыджэру фэ фыхэтщ.
ЦІыху псоми яхуэфхь: «ДунеищІэр къэблэгъащ,
ГъащІэ дахэ Тхьэм тыгъэ тхуищІынущ».
3. Тхьэм и цІэ лъапІэр цІыху куэдым ягъэпуд.
И пэжым хуэмейуэ, ар нобэ ящІ ІэщІыб.
Абы и цІэр дэ дгъэлъэпІэнущ,
ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми яхуэтхьынущ.
ЕЖЬУ
Фит япэ, Щыхьэтхэ, фэ лІыгъэ фи гум илъщ!
Иеговэ и Іуэхум жыджэру фэ фыхэтщ.
ЦІыху псоми яхуэфхь: «ДунеищІэр къэблэгъащ,
ГъащІэ дахэ Тхьэм тыгъэ тхуищІынущ».
(Абы нэмыщІ феплъ Исх. 9:16; Флп. 1:7; 2 Тим. 2:3, 4; Екъуб 1:27.)