11 разделым ухэзыгъэгъуазэ
Мы разделым щыщІэдзауэ дэ дытепсэлъыхьынущ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм къаІуэтэж Іуэхугъуэхэм. Хьисэ унагъуэ къызэрыгуэкІым къыщалъхуащ икІи къалэ цІыкІум къыщыхъуащ. Ар и адэ пхъащІэм дэлажьэт. Хьисэ цІыху псом я КъегъэлакІуэ хъун хуейт. Иеговэ ар уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу тригъэуващ. Сабийм и гъусэу уэ мы тхылъым уеджэмэ, абы гу лъегъатэ Хьисэ къыщыхъуну унагъуэр — Алыхьым хуэжыІэдаІуэ унагъуэр, езы Иеговэ къызэрыхихам. Сабийм хутепсэлъыхь Хьисэ иукІыну Ирод щыхэтам щыгъуэ Иеговэ ар къызэрихъума щІыкІэм теухуауэ. Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ зыри зэран къызэрыхуэмыхъуфынур сабийм къыгурыгъаІуэ. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэ Иуан Хьисэ къызэрыкІуэным лъэпкъыр зэрыхуигъэхьэзырам теухуауэ сабийм къыхуеджэ. Хьисэ зэрысабий лъандэрэ Иеговэ хуэжыІэдаІуэу зэрыщытари къыхэгъэщ.