18 ПСАЛЪАЩХЬЭР
Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм иплъхьэнымрэ псым зыщІэбгъэуэнымрэ
1. Сыт хуэдэ упщІэ уэ уиІэнкІэ хъунур?
БИБЛИЕМ зыхуригъаджэм щыщу мы тхылъым уэ куэд къыщыпщІащ, псалъэм папщІэ, гъащІэ мыухыжым, цІыхум лІа нэужь къыщыщІым икІи лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ (Экклезиаст 9:5; Лука 23:43; Иуан 5:28, 29; Апокалипсис 21:3, 4). Уэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм укІуэу къыщІэкІынщ икІи абыхэм я диныр зэрыпэжыр къыбгурыІуа хъунщ (Иуан 13:35). ДауикІ, уэ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъуащ икІи абы ухуэлэжьэну ухуейуэ къыщІэкІынщ. Абы щыгъуэ уэ мыпхуэдэ упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: «Сыт иджы сэ сщІэн хуейр?»
2. Ефиопие къэралым щыщ лІы гуэрым псым зыщІигъэуэну сытыт мурад щІищІар?
2 Ефиопие къэралым щыщ лІы гуэрми апхуэдэ упщІэ иІэт. Ар щІэупщІат: «Мис псы. Псым сыщІэбгъауэмэ хъунукъэ?» (Апостолхэм 8:26—36, ХъыбарыфІыр, 1993). Сытыт абы псым зыщІигъэуэну щІыхуейр? Хьисэ и гъэсэнхэм щыщ Филипп абы къыгуригъэІуат Хьисэ зэры-Мэссихьыр. Ар лІым и гум апхуэдизкІэ нэсати, псым зыщІигъэуэну мурад ищІат.
3. 1) Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ унафэ яхуищІар? 2) Дапхуэдэу псым зэрызыщІэгъэуэн хуейр?
3 Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ Иеговэ хуэлэжьэну мурад зыщІам псым зыщІигъэуэн зэрыхуейр. Хьисэ Мэссихь и гъэсэнхэм унафэ яхуищІащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ... псым щІэвгъауэ» (Маттэ 28:19, Хъыб., 1993). Езы Хьисэ Мэссихьи щапхъэ къытхуигъэнащ. Ауэ Хьисэ и щхьэм псы тракІакъым, атІэ абы зэрыщыту псым зыщІигъэуауэ аращ (Маттэ 3:16). Ноби Хьисэ и лъэужь иувэну мурад зыщІам зэрыщыту псым зыщІигъэуэн хуейщ.
4. ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ сыт къигъэлъагъуэр?
4 ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ къегъэлъагъуэ ар Алыхьым ныбжьэгъу хуэхъуну икІи абы пэжу хуэлэжьэну зэрыхуейр (Псалом 40:7, 8). Псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр пчын хуей?
ЩІЭНЫГЪЭМРЭ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМРЭ
5. 1) Псым зыщІэбгъэуэну мурад пщІамэ, япэрауэ, сыт пщІэн хуейр? 2) Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм блумыгъэкІыу укІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
5 Псым зыщІэбгъэуэн ипэ Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуа щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Уэ апхуэдэ щІэныгъэ зыбогъэгъуэт Библиер джын зэрыщІэбдзэрэ. (Къеджэ Иуан 17:3.) Ауэ укъэмыувыІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием дыхуегъэуш «Тхьэр зыхуейр нэсауэ» къэтщІэну (Колоссэ 1:9). АбыкІэ сэбэп къыпхуэхъунущ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр. БлумыгъэкІыу абыхэм узэрыкІуэр къыбдэІэпыкъунущ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуну (Еврейхэм 10:24, 25).
Псым зыщІэбгъэуэн ипэ Библием итыр къэпщІэн хуейщ
6. Псым зыщІэбгъэуэн ипэ Библием итыр зэрыщыту пщІэн хуейуэ щыт?
6 ДауикІ, Иеговэ уэ къыпхуигъэувкъым псым зыщІэбгъэуэн ипэ Библием итыр зэрыщыту пщІэн хуейуэ. Иеговэ апхуэдэу хуигъэувтэкъым Ефиопие къэралым щыщ лІыми (Апостолхэм 8:30, 31). Алыхьым теухуа щІэныгъэм кІэ иІэкъым, дэ гъащІэ мыухыжым и кІуэцІкІэ щІэ гуэр къэтщІэнущ (Экклезиаст 3:11). Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ, Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэр зэбгъэгъуэту, къэпщІам арэзы утехъуэн хуейуэ аращ (Еврейхэм 5:12).
7. Библием итыр къызэрыпщІар дауэ сэбэп къызэрыпхуэхъуар?
7 Библием щыжыІащ: «ЦІыхум фІэщхъуныгъэ имыІэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым» (Еврейхэм 11:6). Абы къыхэкІкІэ цІыхум псым зыщІигъэуэн ипэ фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэтын хуейщ. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, пасэрей Коринфым дэсахэм щыщу языныкъуэхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зыхурагъаджэр щызэхахам «фІэщхъуныгъэ яІэ хъури, псым зыщІрагъэгъэуащ» (Апостолхэм 18:8, Хъыб., 1993). Абыхэм хуэдэу, уэри Библием итыр къэпщІа нэужь, Алыхьым дыкъызэригъэгугъэмкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ уиІэ хъуащ икІи Хьисэ ита къурмэныпхъэм гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дакъызэрыІэщІихыжыфынур уи фІэщ хъуащ (Иисус Навин 23:14; Апостолхэм 4:12; 2 Тимофей 3:16, 17).
БИБЛИЕМ ИТ ПЭЖЫМКІЭ АДРЕЙХЭМ ЯДЭГУАШЭ
8. Уэ къэпщІам теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну гукъыдэж сыт къозытынур?
8 Библием ит щІэныгъэ нэхъыбэ зэбгъэгъуэтыху икІи къэпщІар уи гъащІэм къызэрыбдэІэпыкъур зыхэпщІэху, уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэм ухуигъэушынущ къэпщІам теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну (Иеремия 20:9; 2 Коринф 4:13).
ФІэщхъуныгъэ быдэм уэ ухуигъэушынущ Библием ит пэжымкІэ адрейхэм уадэгуэшэну
9, 10. 1) КъэпщІамкІэ хэт уэ узыдэгуашэ хъунур? 2) Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІун щхьэкІэ, сыт уэ пщІэн хуейр?
9 Уэ къэпщІамкІэ уадэгуашэ хъунущ уи унагъуэм щыщхэм, уи ныбжьэгъухэм, уи гъунэгъухэм е къыбдэлажьэхэм. Абыхэм уащепсалъэкІэ щабагъэрэ пщІэрэ зэрыпхэлъыным иужь ит. ИужькІэ зэхуэсым и гъусэу уэ хъыбарыфІыр бгъэІу хъунущ. Апхуэдэ гукъыдэж уиІэ хъуа нэужь, Библием уезыгъаджэм ар жеІэ. Ухьэзыру абы илъытэмэ икІи Библием ит принципхэм утету упсэумэ, зэхуэсым и нэхъыжьитІым захуэвгъазэ хъунущ.
10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыщопсалъэкІэ сыт къащІэну зыхуейр? Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм узэрыщыгъуазэр, ар уи фІэщ зэрыхъур, къэпщІам утету узэрыпсэур икІи пэж дыдэу Иеговэ и Щыхьэт ухъуну узэрыхуейр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм уепсэлъэну ушынэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зэхуэсым щыщхэм, уэри абыхэм уахэту, я нэІэ трагъэтщ (Апостолхэм 20:28; 1 Петр 5:2, 3). Фызэпсэлъа нэужь абыхэм къыбжаІэнущ зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІу хъунрэ мыхъунрэ.
11. Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІун щІэбдзэн ипэ, уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыбжаІэнкІэ хъунущ, зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІун щІэбдзэн ипэ, уэ иджыри уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр зэрыхэплъхьэн хуейр. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр пщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, дэ Алыхьым и лІыкІуэу дыщыту жыпІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ зыгъэлъапІэ гъащІэ етхьэкІын хуейщ. (1 Коринф 6:9, 10; Галатие 5:19—21).
ГУЭНЫХЬХЭМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНЫМРЭ УИ ГЪАЩІЭР ПХЪУЭЖЫНЫМРЭ
12. ЦІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжын щІыхуейр сыт?
12 Псым зыщІэбгъэуэн ипэ, иджыри зыгуэр пщІэн хуейщ. Апостол Петр жиІащ: «Тхьэм фэ гуэныхьу фщІахэр къыфхуигъэгъун щхьэкІэ, абыхэм фахущІегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ» (Апостолхэм 3:19). Мы едзыгъуэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, уэ япэм блэжьа гуэныхьхэм, псалъэм папщІэ зепхьа хабзэншагъэм, ухущІегъуэжын хуейщ. Іей имыщІэу псэуну хущІэкъуахэри я гуэныхьхэм хущІегъуэжын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху псоми гуэныхь яхэлъщ икІи Алыхьым къахуигъэгъуну хуэныкъуэщ (Рим 3:23; 5:12).
13. «Тхьэм и гъуэгу фытехьэ» жиІэмэ сыт къикІыр?
13 Уи гуэныхьхэм узэрыхущІегъуэжым нэмыщІ, иджыри зыгуэр пщІэн хуейщ. Апостол Петр зэрыжиІамкІэ, Тхьэм и гъуэгу утехьэн, е нэгъуэщІу жыпІэмэ япэм епхьэкІа гъащІэр къэбгъанэу, Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу упсэун хуейщ. Мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. Зэи уздэщымыІа къалэ гуэрым машинэкІэ уокІуэ. Зэгуэр уэ къыбгуроІуэ узэрыгъуэщар. Сытыт уэ пщІэнур? Машинэр нэхъ хуэм пщІынурэ укъэувыІэнущ, итІанэ зыкъэбгъэшыжынущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ гъуэгу пэжым утеувэнущ. Абы хуэдэу, Библиер щыбджкІэ уэ гу лъыптэнкІэ хъунущ уи гъащІэм зыгуэр зэрыпхъуэжын хуейм. Ухьэзыр уэ уи гъащІэм апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ гъуэгу пэжым утеувэну?
УИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭМ ИЛЪХЬЭН
Иеговэ къэбгъэгугъа уэ абы и лэжьакІуэ ухъуну?
14. ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм дауэ зэрырилъхьэр?
14 Псым зыщІэбгъэуэн ипэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы лъэбакъуэ иджыри пчын хуейщ — ар уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьэныращ. Дапхуэдэу ар къызэрыхъур? ЦІыхум Иеговэ тхьэлъэІу хэхакІэ зыхуегъазэри псалъэ ирет абы фІэкІа зыми хуэмылэжьэну икІи Алыхьым и мурадыр гъэзэщІэныр и гъащІэм псом япэ иригъэщыну (Второзаконие 6:15).
15, 16. ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм ирилъхьэну сыт хуэзыгъэушын хуейр?
15 Иеговэ закъуэ ухуэлэжьэну псалъэ зэрептыр ебгъэщхь хъунущ зы цІыхум уи гъащІэ псокІэ удэпсэуну къызэрыбгъэгугъэм. Псалъэм папщІэ, щІалэр хъыджэбзым епсалъэу щІедзэ. Абы ар нэхъыфІу къецІыхури, икІэм-икІэжым къыгуроІуэ хъыджэбзыр фІыуэ зэрилъагъур икІи ар къишэну зэрыхуейр. ЩІалэм ещІэ апхуэдэ лъэбакъуэ пчыныр Іуэху джэгуу зэрыщымытыр икІи а унафэмкІэ жэуап зэрихьыжынур. Абы емылъытауэ, щІалэм хъыджэбзыр къишэну хьэзырщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ар фІыуэ елъагъур.
16 Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхуху, абы ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъунущ икІи абы гурэ псэкІэ ухуэлэжьэну ухуейуэ ухъунущ. Абы нэмыщІ уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм иплъхьэну гукъыдэж уиІэнущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ и лъэужь иувэну мурад зыщІа дэтхэнэми езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр къигъэнэн хуейщ (Марк 8:34). Сыт абы къикІыр? Сыт и лъэныкъуэкІи Алыхьым едэІуэн хуейщ жиІэу аращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дызыхуейм нэхърэ Иеговэ зыхуейр бгъэзэщІэным нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ 1 Петр 4:2.)
КЪАЛЭН УИ ПЩЭМ ДЭПЛЪХЬЭНУ УМЫШЫНЭ
17. Сыт языныкъуэхэм я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм щІрамылъхьэр?
17 Языныкъуэхэм я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм щІрамылъхьэр Алыхьым псалъэ иратмэ, ар яхуэмыгъэзэщІэжынкІэ мэшынэри аращ. Апхуэдэ цІыхум Иеговэ и жагъуэ ищІыну хуейкъым. Хэти и гугъэщ и гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм иримылъхьэмэ, илэжь ІуэхухэмкІэ Иеговэ и пащхьэм жэуап щимыхьыжыну.
18. Шынэм утекІуэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
18 Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм и фІыгъэкІэ шынэм утекІуэнущ. Апхуэдэ лъагъуныгъэм ухуигъэушынущ Алыхьым епта псалъэр пІыгъыжын щхьэкІэ пхузэфІэкІыр пщІэну (Экклезиаст 5:4; Колоссэ 1:10). Алыхьыр зыхуейр бгъэзэщІэну гугъуу къыпщыхъунукъым. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ. И унафэхэри гугъукъым» (1 Иуан 5:3).
19. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьэну ушынэн щІыхуэмейр сыт?
19 Иеговэ ещІэ зи гъащІэр абы и ІэмыщІэм изылъхьэну хуейхэм щыуагъэ гуэрхэр зэращІэнур. Абы тхузэфІэмыкІын къытхуигъэувкъым (Псалом 103:14). Пэжым дытету дыпсэуну езы Иеговэ къыддэІэпыкъунущ (Исаия 41:10). Библием дыкъыхуреджэ: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз... уи гъуэгур занщІэ мис Абы ищІынщ» (Притчи 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭНЫР
20. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьа нэужь, сыт уэ пщІэн хуейр?
20 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьамэ, къыкІэлъыкІуэ лъэбакъуэм ухуэхьэзыру жыпІэ хъунущ. Ар псым зыщІэбгъэуэныращ.
21, 22. Алыхьым ухуэлэжьэну мурад быдэ узэриІэр дауэ псоми зэребгъэлъэгъуфынур?
21 Зэхуэсым и координаторым бгъэдыхьи жеІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм зэриплъхьар икІи псым зыщІэбгъэуэну узэрыхуейр. А къуэшым зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалэн яритынущ ахэр къопсалъэу зэхагъэкІыну псым зыщІэбгъэуэну ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ. Ухуэхьэзырмэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм я конгрессым псым зыщыщІэбгъауэ зэрыхъунур къыбжаІэнущ. Псым зыщІэбгъэуэным и мыхьэнэм теухуауэ гъэхьэзыра псалъэ а конгрессым щызэхэпхынущ. Псалъэм и кІэм къуэшым псым зыщІэзыгъэуэну хуейхэм упщІитІ яритынущ. Псоми зэхахыу уэ «нтІэ» зэрыжыпІэмкІэ къэбгъэлъэгъуэнущ Алыхьым ухуэлэжьэну мурад быдэ узэриІэр (Рим 10:10).
22 Абы иужькІэ псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыру жыпІэ хъунущ. А лъэбакъуэр зэрыпчым къигъэлъэгъуэнущ уэ уи гъащІэр Алыхь Иеговэ и ІэмыщІэм зэриплъхьар икІи абы и Щыхьэт узэрыхъур.
ПСЫМ ЗЭРЫЗЫЩІЭБГЪАУЭМ СЫТ КЪИГЪЭЛЪАГЪУЭР?
23. «Адэ лъапІэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапІэми [къару лъапІэми, ДЩІ] я цІэкІэ» псым зыщІэгъэуэным къикІыр сыт?
23 Хьисэ жиІат и гъэсэн хъуну хуейхэм «Адэ лъапІэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапІэми [къару лъапІэми, ДЩІ] я цІэкІэ» псым зыщІагъэуэн зэрыхуейр. (Къеджэ Маттэ 28:19.) Сыт абы къикІыр? ЦІыхум абыкІэ къегъэлъагъуэ Иеговэ и тепщэныгъэм зэрыщІэувэр, Алыхьым и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ Хьисэ игъэзащІэ къалэныр сыт хуэдэми зэрищІэр икІи Иеговэ и мурадхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ и къару лъапІэр къызэригъэсэбэпыр къызэрыгурыІуэр (Псалом 83:18; Маттэ 28:18; Галатие 5:22, 23; 2 Петр 1:21).
Псым зэрызыщІэбгъауэм къигъэлъэгъуэнущ Алыхьым и мурадыр бгъэзэщІэну узэрыхуейр
24, 25. 1) Псым зэрызыщІэбгъауэм сыт къигъэлъагъуэр? 2) Иужьрей псалъащхьэм сыт къыщытщІэнур?
24 Псым узэрыщІагъауэм къегъэлъагъуэ япэм епхьэкІыу щыта гъащІэм щхьэкІэ узэрылІэр, псым укъызэрыщІахыжым — Алыхьым и лэжьакІуэу ущытын щхьэкІэ уэ гъащІэщІэ зэрыщІэбдзэр. Зыщумыгъэгъупщэ: уэ уи гъащІэр цІыхум, организацэм е Іуэху гуэрым и ІэмыщІэм иплъхьэу аракъым, атІэ Алыхь Иеговэщ ар зи ІэмыщІэ иплъхьэр.
25 Уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм зэриплъхьэм икІи псым зэрызыщІэбгъауэм Иеговэрэ уэрэ фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ищІынущ (Псалом 25:14). Ауэ абы къикІкъым псым зэрызыщІэбгъауэ къудейм щхьэкІэ уэ укъелыну. Апостол Паул жиІащ: «Тхьэм и фІэлІыкІ фи гум илъу, фи гур къикІэзызыкІыу, фымыкІуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит» (Филиппи 2:12). Псым зэрызыщІэбгъауэм Алыхьым и гъуэгум узэрытеувэр къигъэлъагъуэу аращ. Ауэ сыт уэ пщІэ хъунур Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэр пфІэмыкІуэдын щхьэкІэ? Мы упщІэм и жэуапыр иужьрей псалъащхьэм къыщытщІэнущ.