ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • bhs пс. 1, н. 8—20
  • Хэт хъуну Алыхьыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хэт хъуну Алыхьыр?
  • Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫР ГУЩІЭГЪУНШЭ ХЬЭМЭРЭ АБЫ ФІЫУЭ ДЫКЪИЛЪАГЪУРЭ?
  • ЦІЫХУХЭМ ЯШЭЧ ГУЗЭВЭГЪУЭХЭР ЩИЛЪАГЪУМ ДЕЖ, АЛЫХЬЫМ И ГУМ СЫТ ЩЫЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫР ХУЕЙЩ АР НЭХЪЫФІУ КЪЭПЦІЫХУНУ
  • АЛЫХЬЫМ И НЫБЖЬЭГЪУ УХЪУФЫНУ ПІЭРЭ?
  • Алыхьымрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуа пэжыр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Хэт хъуну Алыхьыр?
    Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Хэт хъуну Алыхьыр?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Алыхь пэжыр — хэт ар?
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
Нэхъыбэ еплъын
Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
bhs пс. 1, н. 8—20

1 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Хэт хъуну Алыхьыр?

1, 2. Сыт хуэдэ упщІэхэм цІыхухэр ягъэгузавэрэ?

САБИЙХЭМ упщІэхэр ятыну я хьэлщ. Псалъэм папщІэ, абыхэм уащепсалъэкІэ, «сыт щхьэкІэ?» жаІэу къоупщІ. Жэуап епта нэужьи, «сыт щхьэкІэ?» жаІэу аргуэру къоупщІыфынущ.

2 Балигъ хъуа цІыхуми упщІэхэр иІэщ. Псалъэм папщІэ, махуэ къэс мыпхуэдэ упщІэхэр къэувынкІэ хъунущ: сыт сшхын? Сыт щыстІэгъэн? Сыт къэсщэхун? Ауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэри цІыхум иІэнкІэ хъунущ. Ахэр нобэрей ди гъащІэмрэ ди къэкІуэнымрэ теухуауэ щытыфынущ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр цІыхум къимыгъуэтмэ, адэкІэ къилъыхъуэн щегъэтыж.

3. Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр къыпхуэмыгъуэтыну языныкъуэхэм сыт щІалъытэр?

3 Мыхьэнэшхуэ зиІэ уи упщІэхэм я жэуапхэр Тхыгъэ ЛъапІэ Библием иту пІэрэ? Языныкъуэхэм я фІэщ мэхъу жэуапхэр абы зэритыр, ауэ Библиер къыбгурыІуэну гугъуу абыхэм къащохъу. Абыхэм зэрабжымкІэ, жэуапхэр зыщІэр дин пашэхэращ е диным хуеджа цІыхухэращ. Жэуапхэр къащІэну хуейми, упщІэ зытыну укІытэхэри щыІэщ. Уэ абы дауэ узэреплъыр?

4, 5. Сыт хуэдэ упщІэхэм уэ уагъэпІейтейрэ? Дэнэ абыхэм я жэуапхэр къыщыбгъуэтыфынур?

4 Мыпхуэдэ упщІэхэр уэ уиІэнкІэ хъунущ: «сыт сэ мы дунейм сыщІытетыр? СылІэмэ сыт къысщыщІынур? Хэт хъуну Алыхьыр?» ЕгъэджакІуэшхуэ Хьисэ Мэссихь жиІат: «ФелъэІуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуІуи, Тхьэм къыфхуІуихынущ» (Маттэ 7:7). Уи упщІэхэм я жэуапхэр нэгъэсауэ къэбгъуэтыху уи Іэр иумыхьэх!

5 А жэуапхэр Тхыгъэ ЛъапІэм итщ. Уемышу ахэр къэплъыхъуэмэ, Іэмал имыІэу къэбгъуэтынущ (Притчи 2:1—5). Ахэр къыбгурыІуэну гугъукъым. Библием ит щІэныгъэм насыпыфІэ уищІынущ икІи гугъэ дахэ къыуитынущ. ЦІыху куэдыр зыгъэгузавэ зы упщІэ иджыпсту зэпкърытхынщ.

АЛЫХЬЫР ГУЩІЭГЪУНШЭ ХЬЭМЭРЭ АБЫ ФІЫУЭ ДЫКЪИЛЪАГЪУРЭ?

6. Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур сыт языныкъуэхэм я фІэщ щІэмыхъур?

6 Нобэ гъащІэр гугъуехькІэ зэрыгъэнщІам щхьэкІэ, куэдым я гугъэщ Алыхьым цІыхухэр фІыуэ имылъагъуу. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зауэхэр, лей зехьэныр икІи гуауэр мы дунейм щыкуэдщ. ЦІыхухэм узрэ хьэзабрэ яшэч икІи малІэ. ДауикІ, мыпхуэдэ упщІэ къоув: «Алыхьым фІыуэ дыкъилъагъумэ, щхьэ а псор щигъэІэ?»

7. 1) Алыхьыр гущІэгъуншэу цІыхухэм щІабжым сыт иджыри и щхьэусыгъуэр? 2) Ди гугъуехьхэр Алыхьым къызэрыбгъэдэмыкІыр дэнэ дэ щытщІэр?

7 Алыхьыр гущІэгъуншэу цІыхухэм щІагугъэр дин пашэхэм абы хурагъаджэри аращ. Псалъэм папщІэ, гузэвэгъуэ гуэр къыщыхъуам деж, Алыхьым апхуэдэу иухауэ абыхэм жаІэ. Къапщтэмэ, гузэвэгъуэхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ хуэдэу а псалъэхэм къокІ. Ауэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым зэи Іей лъэпкъ къыбгъэдэкІкъым. Екъуб 1:13 щыжыІащ: «ЦІыху гуэр и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьым щыхуэзэкІэ, „Тхьэр арщ сызыгъэунэхуу сыдезыгъэхьэхыр“, жремыІэ. Бзаджагъэм Тхьэр зыІэпишэнукъым. Тхьэми зыри бзаджагъэ ищІэну дишэхынукъым». Мы псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Алыхьым Іейр щигъэІэми, езым зэи Іей илэжькъым. (Къеджэ Иов 34:10—12.) Зы щапхъэ зэпкърытхынщ.

8, 9. Гугъуехь диІэхэмкІэ Алыхьыр бгъэкъуэншэным захуагъэ щІыхэмылъыр сыт? Щапхъэ къэхь.

8 И адэ-анэм и гъусэу псэу щІалэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Адэм и къуэр фІыщэу елъагъу икІи игъэсащ унафэ пэжхэр абы къищтэфу. Ауэ зэгуэр щІалэм мурад ещІ и адэм и унафэм щІэкІыну икІи унэр къегъанэри йожьэж. Адэм ар къигъэувыІэкъым. Іуэху Іейхэр илэжьу щІедзэри, къуэр бэлыхь гуэр хохуэ. И къуэм къыщыщІамкІэ адэр бгъэкъуаншэ хъуну? ДауикІ, хъунукъым! (Лука 15:11—13). Абы хуэдэу Алыхьым и жыІэм щІэкІыу Іуэху Іейхэр ялэжьу цІыхухэм щыщІадзам, Алыхьым ахэр къигъэувыІакъым. Аращи, гузэвэгъуэ гуэр къэхъумэ, зыщумыгъэгъупщэ: Алыхьыр абыкІэ къуаншэкъым. Алыхьыр бгъэкъуэншэным захуагъэ хэлъкъым.

9 Алыхьым щхьэусыгъуэ иІэщ дунейм Іейр иджыри къэс щІытригъэтым. Мы тхылъым, 11-нэ псалъащхьэм абы теухуауэ нэхъыбэ щыжыІащ. Быдэу уи фІэщ щІы Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи ди гугъуехьхэм абы и ягъэ зэрыхэмылъыр. И пэжыпІэм уеплъмэ, ди гугъуехьхэм кІэ езытыфынур Алыхь закъуэращ (Исаия 33:2).

10. Алыхьым Іейр зэрыІуихынур сыт быдэу ди фІэщ щІэтщІ хъунур?

10 Алыхьыр лъапІэщ (Исаия 6:3). Абы илэжь Іуэху псори къабзэщ. Абы къыхэкІыу Алыхьым дзыхь хуэпщІыну хуэфащэщ. ЦІыхухэм-щэ? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм Іуэху Іей дыдэхэр щалэжь къохъу икІи абы къыпэкІуэ зэраныр мы дунейм тет тепщэхэм я нэхъыфІми хузэгъэзэхуэжынукъым. Алыхьым иІэ къарум хуэдэ зы цІыхуми иІэкъым. Іеймрэ абы къыпэкІуэ псомрэ Іузыхыфынур Алыхь закъуэращ. (Къеджэ Псалом 37:9—11.)

ЦІЫХУХЭМ ЯШЭЧ ГУЗЭВЭГЪУЭХЭР ЩИЛЪАГЪУМ ДЕЖ, АЛЫХЬЫМ И ГУМ СЫТ ЩЫЩІЭР?

11. Гугъуехь тшэчхэр Алыхьым щилъагъум деж, сыт абы и гум щыщІэр?

11 Мы дунейм къыщыхъу псор щилъагъум деж, Алыхьым и гум сыт щыщІэр? Уэ гугъуехь ущыпэщІэхуэм деж, сыт абы зыхищІэр? Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым «захуагъэр ифІэфІщ» (Псалом 37:28). Абы фІыр фІыуэ елъагъу, Іейр илъагъу хъукъым. Алыхьыр хуейкъым цІыхум гугъуехь ишэчыну. Библием зэрыжиІэмкІэ, дунейм Іейр тез зэрыхъуар Алыхьым щилъэгъуам щыгъуэ, «и гум щІыхьэжащ ар» (ЩІэдзапІэ 6:5, 6). Алыхьым зихъуэжакъым (Малахия 3:6). Тхыгъэ ЛъапІэм жеІэ Алыхьым и нэІэ къызэрыттригъэтыр. (Къеджэ 1 Петр 5:7.)

Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр: бгыхэр, гуэлыр, бдзэжьейхэр, бзухэр, жыгхэр

Библием зэрыжиІэмкІэ, уафэм щыІэри щІылъэм щыІэри Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу къигъэщІащ

12, 13. 1) Сыт дэ лъагъуныгъэ щІэдгъэлъэгъуэфыр икІи сыт зыхэтщІэр цІыхухэм яшэч гугъуехьхэр щытлъагъум деж? 2) Гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ Алыхьым кІэ зэрыритынум сыт шэч къыщІытедмыхьэр?

12 Абы нэмыщІ Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым езым ещхьу цІыхухэр къигъэщІащ (ЩІэдзапІэ 1:26). Сыт абы къикІыр? Алыхьым хэлъ хьэл-щэн дахэхэр дэри тхэлъу дыкъызэригъэщІаращ. Лажьэ зимыІэ цІыхухэм лей къазэрытехьэр щытлъагъум деж, ди гур абыхэм ящІоуз. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым и гур къызэрытщІэузыр! Къапщтэмэ, абы и гурыщІэхэр дыдейхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ гуащІэщ.

13 «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»,— жеІэ Библием (1 Иуан 4:8). Алыхьым сыт имыщІэми лъагъуныгъэм къыхэкІыу ещІэ. Абы лъагъуныгъэ зэригъэлъагъуэращ цІыхухэми а хьэл-щэн дахэр щІагъэлъэгъуэфыр. Егупсысыт: мы дунейм тет гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ Іупхыну зэфІэкІ уиІатэмэ, апхуэдэу пщІэнутэкъэ? ДауикІ, пщІэнут, цІыхухэр фІыуэ щыплъагъукІэ! Алыхьым-щэ? Абы цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъум нэмыщІ, гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ кІэ иритыну къарурэ зэфІэкІрэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ, мы тхылъым и щІэдзапІэм зи гугъу ищІ фІыгъуэхэр Алыхьым Іэмал имыІэу къызэрытхуищІэнум шэч лъэпкъ къытумыхьэ! Ауэ Алыхьыр фІыуэ къэпцІыхун хуейщ, абы дыкъызэригъэгугъа псори къызэрытхуищІэнур быдэу уи фІэщ хъун щхьэкІэ.

АЛЫХЬЫР ХУЕЙЩ АР НЭХЪЫФІУ КЪЭПЦІЫХУНУ

ЦІыхубзитІыр зэроцІыху

Зыгуэр ныбжьэгъу пщІыну ухуеймэ, абы уи цІэр жыбоІэ. Алыхьми и цІэр къыджиІащ икІи ар Тхыгъэ ЛъапІэм итщ

14. Сыт Алыхьым и цІэр икІи сыт абы и цІэмкІэ деджэн щІыхуейр?

14 Зыгуэр ныбжьэгъу пщІыну ухуеймэ, сыт япэу абы жепІэр? Уи цІэр. Алыхьми цІэ иІэу пІэрэ? Дин зыІыгъ цІыху куэдым «Алыхь» е «Тхьэ» жаІэ, ауэ ар цІэкъым. «Пащтыхь», «Іэтащхьэ» псалъэхэм зыгуэрым иІыгъ увыпІэр къызэрагъэлъагъуэм хуэдэу, а псалъэхэми увыпІэщ къагъэлъагъуэр. Алыхьым зэрыжиІэмкІэ, езым и цІэр «Иеговэщ». Библием а цІэм мин бжыгъэкІэ ущрохьэлІэ. Псалом 83:18 щыжыІащ: «ИрыращІэ цІыхухэм уэ, Иеговэ цІэ зезыхьэр, уэ зым фІэкІа ди щхьэщыгум зыри зэримытыр». Иеговэ хуейщ и цІэр зэрытщІэм нэмыщІ, а цІэмкІэ абы зыхуэдгъэзэну. Алыхьым и цІэр къыщІыпхузэІуихар абы ныбжьэгъу уищІыну хуейщи аращ.

15. «Иеговэ» цІэм сыт къикІыр?

15 «Иеговэ» цІэм гупсысэ куу хэлъщ. А цІэм къегъэлъагъуэ Алыхьым ита псалъэхэмрэ ищІа мурадхэмрэ зэригъэзэщІэфынур. Абы зыри зэран къыхуэхъуфынукъым. Иеговэ закъуэщ а цІэр зыхуэфащэрa.

16, 17. 1) «ЛъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ» жиІэмэ сыт къикІыр? 2) «Зэманым и Пащтыхь» жиІэмэ сыт къикІыр? 3) Хэт псори къэзыгъэщІар?

16 Апокалипсис 15:3 щыжыІащ: «ЛъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Іуэхухэр Іуэхушхуэщ икІи Іуэху гъэщІэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икІи гъуэгу пэжщ, уэ цІыху лъапІэхэм урапащтыхьщ [зэманым урипащтыхьщ, ДЩІ]». «ЛъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ» жиІэмэ сыт къикІыр? Иеговэ нэхърэ нэхъ лъэщ уафэми щІылъэми зыри зэрыщымыІэр а псалъэхэм къагъэлъагъуэу аращ. «Зэманым и Пащтыхь» жиІэмэ-щэ? Иеговэ и гъащІэм щІэдзапІи кІэухи зэримыІэр къигъэлъагъуэу аращ. Алыхьыр сыт щыгъуи щыІащ. Псалом 90:2 зэрыжиІэмкІэ, Алыхьыр «зы лъэхъэнэм щыщІэдзауэ адрейм нэсыху» щыІэщ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ игъащІэкІэ щыІащ икІи щыІэнущ. А гупсысэм дегъэпІейтей!

17 Иеговэ закъуэщ псори къэзыгъэщІар. Апокалипсис 4:11 дыкъыщоджэ: «Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори къэзыгъэщІар уэращ, уэ уфІэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащІэ яІэ хъуащ». МелыІычхэри, вагъуэхэри, планетэхэри, жыгхэри, удз гъэгъахэри, бдзэжьейхэри, къуалэбзухэри — псори Иеговэщ къэзыгъэщІар.

АЛЫХЬЫМ И НЫБЖЬЭГЪУ УХЪУФЫНУ ПІЭРЭ?

18. Алыхьым и ныбжьэгъу умыхъуфыну языныкъуэхэм щІалъытэр сыт? Абы теухуауэ Библием сыт щыжыІар?

18 Алыхьым и хьэл-щэнхэм щыщу языныкъуэхэр цІыхум къыщищІэм деж, ар мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Алыхьым къаруушхуэрэ лъэкІыныгъэшхуэрэ бгъэдэлъщ икІи ар спэжыжьэщ. Абы сыкъыфІэІуэхуу къыщІэкІынкъым». Апхуэдэ цІыхум и щхьэм къэкІыххэкъым ар Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфыну. Ауэ езы Алыхьыр хуейуэ пІэрэ ди ныбжьэгъу хъуну? ДауикІ, хуейщ! Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьыр «дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апостолхэм 17:27). Иеговэ хуейщ уэ абы гъунэгъу зыхуэпщІыну. «Езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ»,— жеІэ Алыхьым и Псалъэм (Екъуб 4:8).

19. 1) Алыхьым и ныбжьэгъу уэ дауэ узэрыхъуфынур? 2) Иеговэ и хьэл-щэнхэм щыщу сыт хуэдэра уэ нэхъ уигу ирихьыр?

19 Дауэ уэ Алыхьым и ныбжьэгъу узэрыхъуфынур? Хьисэ жиІат: «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3). Алыхьым и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ, езымрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Япэм зэрыжытІащи, «Тхьэр фІылъагъуныгъэщ» (1 Иуан 4:16). Алыхьым нэгъуэщІ хьэл-щэн дахэ куэдхэри хэлъщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ «гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, къэгубжьыгъуафІэкъым, фІылъагъуныгъэмрэ пэжагъымрэ и куэдщ» (Исход 34:6). Абы фІыуэ щыІэр хэлъщ икІи игъэгъуну хьэзырщ (Псалом 86:5). Алыхьым шыІэныгъэрэ пэжагърэ хэлъщ (2 Петр 3:9; Апокалипсис 15:4). Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ Библием нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

20—22. 1) Нэрымылъагъу Алыхьым дауэ ныбжьэгъу узэрыхуэхъуфынур? 2) Сыт пщІэ хъунур Библиер зэрыбджыр зыгуэрым игу иримыхьмэ?

20 Нэрымылъагъу Алыхьым дауэ ныбжьэгъу узэрыхуэхъуфынур? (Иуан 1:18; 4:24; 1 Тимофей 1:17). Библием уеджэмэ, Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхунущ (Псалом 27:4; Рим 1:20). Алыхьым теухуауэ уиІэ щІэныгъэр нэхъыбэ хъуху, абы ухуиІэ лъагъуныгъэри нэхъ куу хъунущ. Апхуэдэу Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъунущ.

Адэм и къуэр и пщэдыкъым дэсщ, тІури Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм гуфІэжу йоплъ

Шэч хэмылъу, адэхэм я сабийхэр фІыуэ ялъагъу, ауэ уафэм щыІэ ди Адэм къытхуиІэ лъагъуныгъэр куэдкІэ нэхъ инщ

21 Уэ къыбгурыІуэнущ Иеговэ уи Адэу щІэплъытэ хъунур (Маттэ 6:9). Абы гъащІэр къыдитащ икІи насыпыфІэу дыпсэуну хуейщ. Зи сабийхэр фІыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адэри аракъэ и бынхэм щхьэкІэ зыхуейр? (Псалом 36:9). Аращи, Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыхур Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфынущ (Екъуб 2:23). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт: уафэри щІылъэри къэзыгъэщІа Иеговэ уи ныбжьэгъу хъуну хуейщ!

22 Библиер зэрыбджыр языныкъуэхэм ягу иримыхьынкІэ хъунущ. Уи диныр къэбгъэнэнкІэ ахэр шынэу къыщІэкІынщ. Ауэ Иеговэ и ныбжьэгъу ухъуну ахэр зэран зыхуумыгъэхъу. Библиер джын щыбгъэтмэ, ныбжьэгъуу щыІэм я нэхъыфІыр пфІэкІуэдынущ.

23, 24. 1) УпщІэ ттыну дыщІэмыукІытэн хуейр сыт? 2) КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм сыт зи гугъу тщІынур?

23 Библиер щыбджкІэ къыбгурымыІуэ гуэри урихьэлІэнкІэ хъунущ. КъыбгурымыІуэр зэхэбгъэкІын щхьэкІэ, упщІэ птыну умыукІытэ. Хьисэ жиІат сабийхэм хуэдэу Іэдэбу дыщытын хуейуэ (Маттэ 18:2—4). УпщІэ ятыну сабийхэр укІытэкъым. Алыхьыр хуейщ уи упщІэхэм я жэуапхэр къэбгъуэтыну. Аращи, уегугъуу Алыхьым и Псалъэр джы. Абы и фІыгъэкІэ Библием итыр зэрыпэжыр къыбгурыІуэнущ. (Къеджэ Апостолхэм 17:11.)

24 Иеговэ къозыгъэцІыху Іэмалхэм щыщу Библие джыныр псом нэхърэ нэхъыфІщ. КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм къыщыпщІэнущ Библиер адрей тхылъхэм сыткІэ къащхьэщыкІми.

a Уи Библием «Иеговэ» цІэр имытмэ е а цІэм къикІымрэ ар къызэрыпсэлъын хуеймрэ теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, япэ Приложением еджэ.

МЫ ПСАЛЪАЩХЬЭМ ЗИ ГУГЪУ ИЩІЫР

1. ХЭТ ХЪУНУ АЛЫХЬЫР?

«Псори къэзыгъэщІар уэращ» (Апокалипсис 4:11).

Алыхьым теухуауэ Библием сыт щыжыІар?

  • Апокалипсис 15:3

    Алыхьым лъэкІыныгъэшхуэ иІэщ. Дуней псом апхуэдэ лъэкІыныгъэ зиІэ щыІэкъым.

  • Псалом 90:2

    Ар сыт щыгъуи щыІащ икІи игъащІэкІэ щыІэнущ.

  • Маттэ 6:9

    Алыхьыр ди Адэщ.

    Ар хуейщ дэ насыпыфІэу дыпсэуну.

  • Апостолхэм 17:27

    Алыхьыр ныбжьэгъу къытхуэхъуну хуейщ.

2. АЛЫХЬЫМ ЦІЭ ИІЭЩ

«Иеговэ... Аращ си цІэу игъащІэкІэ щытынур» (Исход 3:15).

Сыт Алыхьыр щІыхуейр абы и цІэр дэ тщІэну?

  • Псалом 83:18

    Алыхьым езым и цІэр къытхузэІуех. Абы и цІэр Иеговэщ. «Алыхь», «Тхьэ» псалъэхэр цІэкъым. Абыхэм «пащтыхь» е «Іэтащхьэ» псалъэхэм хуэдэу, зыгуэрым иІыгъ увыпІэр къагъэлъагъуэу аращ. Иеговэ хуейщ и цІэмкІэ абы зыхуэдгъэзэну.

  • Исход 3:14

    «Иеговэ» цІэм къикІыр «абы къегъэхъу» жиІэу аращ. Иеговэ псори къигъэщІащи, и псалъэ дэтхэнэри и мурадри игъэзэщІэфынущ.

3. ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЕЛЪАГЪУ

«Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Иуан 4:8).

Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур сытым къыхэщрэ?

  • Исход 34:6; Псалом 37:28

    Иеговэ гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ. Абы пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ ифІэфІщ.

  • Псалом 86:5

    Абы игъэгъуну хьэзырщ.

  • 2 Петр 3:9

    Алыхьым шыІэныгъэ хэлъщ.

  • Апокалипсис 15:4

    Абы пэжагъ хэлъщ.

4. АЛЫХЬЫМ И НЭІЭ КЪЫТТРИГЪЭТЩ

«Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7).

Алыхьым дыкъызэрыфІэІуэхур дэнэ дэ щытщІэр?

  • Псалом 37:9—11

    Іеймрэ абы къыпэкІуэ псомрэ кІэ иритыну Иеговэ дыкъегъэгугъэ.

  • Екъуб 4:8

    Иеговэ хуейщ уэ абы гъунэгъу зыхуэпщІыну.

  • Иуан 17:3

    Алыхьым теухуауэ уиІэ щІэныгъэр нэхъыбэ хъуху, абы ухуиІэ лъагъуныгъэри нэхъ куу хъунущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын