Алыхьым цІыхухэм яхуигъэхьэзыра гъащІэр
НОБЭ газет къапщтэмэ, телевизор е радио щІэбгъанэмэ, и нэхъыбэм абыхэм къыщыпщІэр хъыбар Іейщ. ЩІэпхъаджагъэм, зауэм икІи терроризмым икъукІэ дунейм зыщиубгъуащ. А псом нэмыщІ дэ тщыщ дэтхэнэми езым и гугъуехьхэр иІэжщ: хэти узыфэ хьэлъэм йобэн, хэти фІыуэ илъагъум и лІэныгъэ илъэгъуащ.
ЗэупщІыж:
Си унагъуэмрэ сэрэ хьэзаб ттелъыну Алыхьыр хуейуэ пІэрэ?
Си гугъуехьхэм дауэ сыпэлъэща хъуну?
Зэгуэр дунейр мамыр хъужыну пІэрэ?
Мы упщІэхэм я жэуапхэр Тхыгъэ ЛъапІэм итщ.
ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЗЭРЫЖИІЭМКІЭ, АЛЫХЬЫМ ДУНЕЙМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭШХУЭХЭР ХИЛЪХЬЭНУЩ
ЦІыхухэр афІэкІа сымэджэнукъым, жьы хъунукъым икІи лІэнукъым (Апокалипсис 21:4)
«ЩІакъуэр щыхьым хуэдэу къыщылъэтынущ» (Исаия 35:6)
«Нэфхэм я нэр къэплъэжынущ» (Исаия 35:5)
ЛІахэр къэтэджыжынущ (Иуан 5:28, 29)
Зыри сымэджэнукъым (Исаия 33:24)
Псоми ерыскъыр пэрыхьэту яІэнущ (Псалом 72:16)
ЖЭУАПХЭР ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ КЪЫЩЫЛЪЫХЪУЭ
Иджыпсту зи гугъу тщІа гъащІэ дахэр таурыхъыу уимыгугъэ. А гъащІэ дахэмкІэ дыкъэзыгъэгугъэр езы Алыхьыращ икІи абы къыдит псалъэр зэригъэзэщІэжыну щІыкІэм Библиер топсэлъыхь.
Алыхьым и Псалъэм иджыпстуи уэ насыпыфІэ уищІыфынущ. Ахъшэ уимыІэмэ, уи унагъуэр гугъу ехьмэ, усымаджэмэ е уи Іыхьлы пфІэкІуэдамэ — а псом уи лъэр щІихыу къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гугъуехьхэм упэлъэщыну Библиер уэ къыбдэІэпыкъунущ. Алыхьым и Псалъэм гупсэхугъуэ къыуитынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр абы итщ. Псалъэм папщІэ:
Дунейм апхуэдиз гугъуехьрэ гузэвэгъуэрэ щІыщыІэр сыт?
Ди гугъуехьхэм дауэ дыпэлъэща хъуну?
Сыт унагъуэр насыпыфІэ зыщІынур?
ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?
Ди лІахэр къэтэджыжу, зэгуэр дэ абыхэм дахуэзэжыну пІэрэ?
Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псори зэригъэзэщІэжынур сыт ди фІэщ зыщІыр?
Мы тхылъым узэреджэм къегъэлъагъуэ Библием итыр уэ къэпщІэну узэрыхуейр. Пэж дыдэу, мы тхылъыр абыкІэ къыбдэІэпыкъунущ. Мы тхылъыр упщІэрэ жэуапкІэ зэпкърыпх хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ Библием ит пэжыр къыбгурыІуэну нэхъ тыншщ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зыджа цІыху куэдым ар зэрыІэмалыфІыр къагурыІуащ. Уэри апхуэдэ Іэмалыр уигу ирихьыну дыщогугъ. Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къэпщІэн щхьэкІэ къару епхьэлІэм и хъер Тхьэм уигъэлъагъу!