ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 11-нэ урокыр, н. 24—25
  • Абыхэм Хьисэ теухуауэ ятхыжащ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Абыхэм Хьисэ теухуауэ ятхыжащ
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • «Неучёные, простые люди»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Петр пэжу Алыхьым хуэлэжьащ, уэри ар пхузэфІэкІынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 11-нэ урокыр, н. 24—25
Хьисэ и гъащІэм теухуауэ зытхыжа цІыхухъухэр: Маттэ, Марк, Лука, Иуан, Пётр, Екъуб, Иудэ, Паул

11-НЭ УРОК

Абыхэм Хьисэ теухуауэ ятхыжащ

Сурэтым тет цІыхухэр плъагъурэ?~ Ахэр Маттэ́, Марк, Лука́, Иуа́н, Пётр, Екъу́б, Иу́дэ, Пау́л сымэщ. А цІыхухъухэр Хьисэ Мэссихь и зэманым псэуащ икІи абы и гъащІэм теухуауэ ятхыжащ. Абыхэм теухуауэ нэхъыбэ къэдгъащІэ.

Мы цІыхухэм теухуауэ сыт пщІэр?

А цІыхухъухэм щыщу щыр апостолу щытащ икІи Хьисэ и гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІуащ. Абыхэм я цІэхэр пщІэрэ?~ Маттэ, Иуан, Пётрщ. Апостолу щыта Маттэрэ Иуанрэ Хьисэ фІыуэ яцІыхуу щытащ икІи абы и гъащІэм теухуауэ тІуми тхылъ зэрыз ятхыжащ. Апостол Иуан иджыри Апокалипсис тхылъымрэ Япэ, ЕтІуанэ, Ещанэ Иуан тхылъхэмрэ итхащ. Апостол Пётри Библием хагъэува тхылъитІ итхыжащ: Япэ, ЕтІуанэ Пётр. Пётр и ЕтІуанэ тхылъым дэ къыщыдощІэ, Иеговэ Хьисэ теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыжиІар: «Мыр фІыуэ слъагъу си къуэщ. Сэ абы срогушхуэ!»

Сурэтым щыплъагъу адрей цІыхухэми Хьисэ теухуауэ тхылъ ятхащ. Абыхэм щыщ зым МарккІэ еджэт. Абы езым илъэгъуауэ къыщІэкІынущ Хьисэ къызэраубыдар. НэгъуэщІым и цІэр Лукащ. Ар дохутыру щытащ икІи Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ зы щыхъуар Хьисэ лІа иужьу къыщІэкІынщ.

Хьисэ теухуауэ иджыри зытхыжа цІыхухъуитІыр абы и къуэш нэхъыщІэу щытащ. ПщІэрэ абыхэм зэреджэу щытар?~ Екъубрэ Иудэрэщ. ЯпэщІыкІэ абыхэм Хьисэ я фІэщ хъутэкъым икІи абы и щхьэм зыгуэр илажьэу ягугъэт. Ауэ иужькІэ, ар я фІэщ хъуащ икІи и лъэужь иуващ.

Сурэтым иужьрейуэ щыплъагъур — Паулщ. Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщ зы хъун ипэкІэ абы Щау́лкІэ еджэт. Абы Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр илъагъу хъутэкъым икІи лей ярихт. Паул Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщ зы щІэхъуар пщІэрэ?~ Зэгуэрым Паул Дама́ск кІуэуэ уафэм къиІукІыу макъ зэхихащ. Ар Хьисэ и макъырат! Ар Паул еупщІащ: «Си лъэужь ирикІуэхэр гугъу щІебгъэхьыр сыт?» Хьисэ и псалъэхэм Паул зихъуэжыну хуагъэушащ, икІи ар абы и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ зы хъуащ. Паул Библием щыщ тхылъ 14 итхащ, Рим дэсхэм хуэгъэза тхылъым щыщІэдзауэ Евре́йхэм хуэгъэза тхылъым нэс.

Дэ Библием махуэ къэс доджэ, пэжкъэ?~ Библием дыщеджэм деж, Хьисэ теухуауэ куэд къыдощІэ. Хьисэ теухуауэ уэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуей?~

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • 2 Петр 1:16—18

  • Марк 3:21; 14:51

  • Иудэ 1

  • Апостолхэм 9:1—18

УПЩІЭХЭР:

  • Апостолхэм щыщу хэт Хьисэ теухуауэ зытхыжар?

  • Библиер зытха Хьисэ и къуэшитІым сытыт я цІэр?

  • Паул Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщ зы дауэ зэрыхъуар?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын