10-НЭ УРОК
Хьисэ сыт щыгъуи жыІэдаІуэу щытащ
Уи адэ-анэм сыт щыгъуи уедэІуэну тынш?~ Хьэуэ. Хьисэ Иегови и адэ-анэми сыт щыгъуи едаІуэу зэрыщытар пщІэрэ?~ Абы и щапхъэр къыбдэІэпыкъунущ уи адэ-анэм жаІэм уедэІуэну, ар бгъэзэщІэну гугъуми. ИІэ иджыпсту Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къэдгъащІэ.
Хьисэ, щІылъэм къэкІуэн ипэ, Иеговэ и гъусэу уафэм щыпсэуащ. Иеговэ Хьисэ къигъэщІащи, ар абы и Адэу жыпІэ хъунущ. ЩІылъэми Хьисэ адэ-анэ щиІащ. Абыхэм зэреджэр Ису́фрэ Мэрие́мрэщ. ПщІэрэ ахэр Хьисэ и адэ-анэ зэрыхъуар?~
Иеговэ телъыджэу Хьисэ и гъащІэр Мэрием и ныбэм ирилъхьащ. Апхуэдэу Хьисэ, адрей сабийхэм ещхьу, и анэм и ныбэм къыщыхъуащ. Мазибгъу хуэдиз дэкІри ар дунейм къытехьащ. Апхуэдэу Мэриемрэ и щхьэгъусэ Исуфрэ Хьисэ и адэ-анэ хъуащ.
Хьисэ илъэс 12 хъууэ къэхъуа Іуэхугъуэм къигъэлъэгъуащ абы и Адэ Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэм и куууагъыр. Ар къыщыхъуар Хьисэрэ и Іыхьлыхэмрэ Ерусали́м ІутІыж махуэшхуэр ягъэлъэпІэну щыкІуарат. Ар израил лъэпкъыр Мысырым къызэрикІыжар ягу къыщагъэкІыж махуэт. Унэм щагъэзэжым, Исуфрэ Мэриемрэ къалъэгъуащ Хьисэ зэрамыгъусэр. Ар зыщІыпІи щагъуэттэкъым. КъыпхуэщІэну пІэрэ дэнэ ар щыІами?~
Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм сытыт щищІэр?
Исуфрэ Мэриемрэ Ерусалим занщІэу къагъэзэжри Хьисэ дэнкІи къыщалъыхъуэу щІадзащ. Ахэр Іейуэ гузавэт ар зэрамыгъуэтым щхьэкІэ. Ауэ, махуищ дэкІауэ, ар Алыхьым и унэшхуэм къыщагъуэтыжащ! ПщІэрэ Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІыщыІар?~ И Адэ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ абы къыщищІэфынути арат. Хьисэ Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи абы ищІэну хуейт ар дауэ игъэгуфІэфынми. Ар Иеговэ сыт щыгъуи едаІуэт. Балигъ хъуа нэужьи, Хьисэ жыІэдаІуэу щытащ, ар къыщехьэлъэкІ къэхъуми. Алыхьым жиІэм едэІуэн щхьэкІэ, абы гугъуехь ишэчыну хьэзырт. Ауэ Хьисэ Исуфрэ Мэриемрэ едаІуэу щыта?~ Библием зэрыжиІэмкІэ, щытащ.
Хьисэ и щапхъэм сытым ухуригъасэрэ?~ Уи адэ-анэм жаІэм уедэІуэн хуейщ, ар гугъуу къыщыпщыхъум дежи. Уэри Хьисэ хуэдэу жыІэдаІуэу ущытыну?~