ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 9-нэ урокыр, н. 20—21
  • Иеремие Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щигъэтакъым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеремие Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щигъэтакъым
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ Иеремие цІыхухэм я деж егъакІуэ и псалъэр яжригъэІэну
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Шынэ зымыщІэ цІыху
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Иеремие хуэдэу лІыгъэ зыхэгъэлъ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 9-нэ урокыр, н. 20—21

9-НЭ УРОК

Иеремие Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щигъэтакъым

Иеремие цІыху губжьахэм къаухъуреихьащ?

ЦІыхухэр Иеремие сытыт щІыхуэгубжьыр?

Иеремие ятІэ куэд зэрыт мащэ куум кърахыж

Иеговэ Иеремие къригъэлащ

Иеговэ теухуауэ цІыхухэм щажетІэм деж, ахэр къыщытщыдыхьэшхи къыщытхуэгубжьи къохъу. Абы щхьэкІэ дэ дышынэу Алыхьым теухуауэ цІыхухэм жетІэну щыдгъэтынкІэри хъунущ. Уэ апхуэдэу къыпщыщІауэ пІэрэ зэгуэр?~ Библиер топсэлъыхь Иеговэ фІыуэ зылъагъуу щыта зы щІалэщІэ гуэрым. Зэгуэрым абы Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щигъэт пэтащ. А щІалэщІэм зэреджэр Иереми́ет. ИІэ, абы теухуауэ нэхъыбэ къэдгъащІэ.

Иеговэ Иеремие унафэ хуищІащ цІыхухэм ящІэ Іуэху Іейхэр къагъэнэну жриІэну. Абы а унафэр гугъу Іейуэ къыщыхъуащ икІи ар шынащ. Иеремие Иеговэ жриІащ: «Сэ сыпсэлъэфкъым. СыщІалэІуэщ». Ауэ Иеговэ абы жэуап къритыжащ: «Умышынэ. Сэ уэ сыбдэІэпыкъунущ».

Апхуэдэу, Иеремие цІыхухэм жриІэу щІидзащ я Іуэху Іейхэр къамыгъанэмэ, Иеговэ абыхэм тезыр зэрытрилъхьэнур. Дауэ уеплърэ, цІыхухэр Иеремие едэІуа?~ Хьэуэ. Ахэр абы щыдыхьэшхыу щІадзащ икІи Іейуэ хуэгубжьащ. Иныкъуэхэм ар яукІыну хуейт! Дауэ уеплърэ, Иеремие сыт апщыгъуэм зыхищІар?~ Ар шынэри жиІащ: «Иеговэ теухуауэ зыми афІэкІа жесІэнукъым». Иеремие пэжу къикІуэта икІи Иеговэ теухуауэ жиІэн щигъэта?~ ДауикІ, щигъэтакъым. Иеремие Иеговэ апхуэдизкІэ фІыуэ илъагъути, ар хуейт абы теухуауэ цІыхухэм жриІэну. ИкІи Иеремие къызэримыкІуэтым щхьэкІэ, Иеговэ ар ихъумэт.

Зэгуэрым цІыху бзаджэхэм Иеремие ятІэ куэд зэрыт мащэ куум ирадзащ. Абы псыи шхыни ираттэкъым. Ахэр хуейт Иеремие абы щылІэну. Ауэ Иеговэ Иеремие къригъэлащ.

Иеремие и щапхъэм сытым ухуригъасэрэ?~ Иеремие иныкъуэхэм деж шынэми, Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щигъэтакъым. Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм щажепІэм деж, ар зыгуэрым игу иримыхьынкІэри хъунущ. Къыщыпщыдыхьэшхыни къэхъунущ. УщыукІытэ икІи ущышынэ къэхъункІэри хъунущ. Ауэ Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жепІэну зэи къомыгъанэ! Алыхьыр уэри сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъунущ, Иеремие зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу.

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • Иеремия 1:4—8; 20:7—9; 26:8—19, 24; 38:6—13

УПЩІЭХЭР:

  • Иеговэ Иеремие сыт хуэдэ унафэ хуищІар?

  • Иеремие Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жриІэн щІыщигъэт пэтар сыт?

  • Иеговэ Иеремие дауэ дэІэпыкъуу зэрыщытар?

  • Иеремие и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын